ПроектыщIэхэр къыхалъхьэ
2019-04-18
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щаутIыпщащ «Лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм и лъабжьэр ди тхыдэм къыщожьэ» дунейпсо проектыр. Ар ди щIыналъэм щыгъэлэжьэным я нэIэ трагъэтынущ Кавказ Ищхъэрэм и студентхэм я зэгухьэныгъэмрэ КъБКъУ-м урысыбзэмкIэ и кафедрэмрэ. ПроектыщIэр даIыгъ Президентым къыбгъэдэкI грантхэм я фондымрэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ.
- Университетым и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, проектыщIэр ехъулIэныгъэ иIэу зэфIэха хъунымкIэ ехъуэхъуну абы хуэгъэпсауэ къызэрагъэпэ- ща зэхуэсым зыкърагъэхьэлIащ КъБКъУ-м и проректор Къэжэр Артур, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Емуз Нинэ, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ ШэнтIыкъу Иринэ, Кавказ Ищхъэрэм и студентхэм я зэгухьэныгъэм и пашэ Лу Азэмэт сымэ. Апхуэдэу зэIущIэм хэтащ ди республикэм щылажьэ «Сябры», «Риони» лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм, «Урысыбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэм я ассоциацэ» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэр, Налшык, Бахъсэн къалэхэм, Шэджэм, Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ, Бахъсэн щIыналъэхэм я курыт школхэм я еджакIуэ зэгухьэныгъэхэм я пашэхэр.
- Зэхуэсыр къызэIуихащ КъБКъУ-м урысыбзэмкIэ и кафедрэм и унафэщI Башиевэ Светланэ. Ар къызэхуэсахэм зэпкърыхауэ яхутепсэлъыхьащ IуэхугъуэщIэм и къалэнхэмрэ абы къызэщIиубыдэну унэтIыныгъэхэмрэ. Абы зэрыжиIамкIэ, проектым къриубыдэу зэхашэнущ семинархэр, лекцэхэр, тренингхэр, нэгузыужь экскурсхэр, Пушкин Александр и къалэмыпэм къыпыкIа усэхэм къеджэнымкIэ зэпеуэхэр. Проектым и кIэух лэжьыгъэу щытынущ гъэмахуэ лагерыр къызэIухыныр. Iуэху дахэм жыджэру хэтынущ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щылажьэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм, Белоруссием, Куржым, Къэзахъ- станым, хамэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм къикIауэ КъБКъУ-м щеджэ студентхэр, школакIуэ нэхъыжьхэр — абы хэтынущ цIыху миным нэс.
- Башиевэр зи пашэ гупым кърахьэжьа жэрдэмыр жылагъуэр зыхуей, зыхуэныкъуэ Iуэхугъуэхэм зэращыщыр къыхагъэщу зэхуэсым къыщыпсэлъащ Емуз Нинэ, Лу Азэмэт сымэ. Лум зэрыжиIамкIэ, республикэм и курыт школхэм я нэхъыбапIэм къыщызэрагъэпэщынущ «Псори тхылъ доджэ» литературэ клубхэр. ИужькIэ абыхэм я зэхыхьэ ин щрагъэкIуэкIынущ КъБКъУ-м.
- Проектым и программэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, абы къриубыдэ япэ семинархэр мы мазэм щекIуэкIынущ Шэрэдж щIыналъэмрэ Прохладнэ къалэмрэ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.