ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Iэгуауэншэ  пшыхь»

2019-04-18

  • Ар и фIэщыгъэу УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, композитор цIэрыIуэ, усакIуэ, Шостакович Дмитрий и цIэр зезыхьэ, Урысейм и Композиторхэм я союзымрэ КъБР-м и Къэрал саугъэтхэмрэ я лауреат ХьэIупэ ДжэбрэIил и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъым и лъэтеувэ пшыхьыр Сэралъп Мадинэ и арт-центрым щызэхэтащ.

  • Пшыхь гуапэр иригъэкIуэкIащ егъэджакIуэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм хэт ХьэцIыкIу Рае.
  • КъБР-м и цIыхубэ артист, балетмейстер Думэныщ Iэулэдинрэ ХьэцIыкIу Раерэ я псалъэм къыхагъэщащ ХьэIупэ ДжэбрэIил зыми емыщхь зэчий зэрыбгъэдэлъыр, гупсысэ куу зыщIэлъ, дахагъэрэ гурыщIэ къабзэкIэ гъэнщIа усэхэр къызэрехъулIэр, адыгэ усэ гъэпсыкIэм зы щытыкIэ, увыпIэ лъагэ иритауэ къызэралъытэр.
  • Пшыхьым кърихьэлIахэм ХьэIупэ ДжэбрэIил и усэ зыбжанэ гъэхуауэ къахуеджащ КъБКъУ-м и студентхэр. Къызэхуэсахэм я лъэIукIэ, ДжэбрэIили и тхылъым хигъэхьа усэхэм ящыщхэм удихьэхыу къеджэжащ, адыгэбзэм и курыхыр зыхыуигъащIэу. КърихьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ Еуаз Зубер зи художественнэ унафэщI «Бзабзэ» ансамблым хэт щIалэгъуалэм.
  • ХьэIупэ ДжэбрэIил фIыщIэ яхуищIащ икIи псалъэ гуапэ куэд яжриIащ тхылъыр къыдэгъэкIыныр зи жэрдэм ХьэцIыкIу Рае, абы хэлэжьыхьа, радиом и унафэщI Теувэжыкъуэ Марьянэ, тхылъыр зи мылъкукIэ къыдагъэкIа, «Адыгэ унэ» тыкуэныр зыгъэлажьэ IутIыж Мэжид сымэ.
  • — ХьэIупэ ДжэбрэIил хуэдэ нэхъыжь зиIэ лъэпкъыр дынасыпыфIэщ. Тщыгъупщэжауэ нобэ къэдмыгъэсэбэпыж псалъэ купщIафIэ куэдым ущрохьэлIэ абы и усэхэм. Абы адыгэ усыгъэм и пщIэм хегъахъуэ. Тхьэм гъащIэ кърит! — жиIащ IутIыж Мэжид.
  • Зэхыхьэ купщIафIэм зыкърагъэхьэлIащ ХьэIупэ ДжэбрэIил и усэхэр фIыуэ зылъагъухэм, абы и лэжьэгъухэм, ныбжьэгъухэм, благъэхэм, Iыхьлыхэм.
  • Республикэм и щэнхабзэм, макъамэм, литературэм илъэс щэ ныкъуэм щIигъуауэ хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщI, лъэпкъыр зэрыгушхуэ, пасэрей адыгэ джэгуакIуэхэм я гупсысэкIэ-усэкIэмрэ нобэрей усыгъэм и хабзэхэмрэ зэзышэлIэфа ХьэIупэ ДжэбрэIил и тхылъым щIэупщIэ зэриIэнум шэч хэлъкъым, сы-ту жыпIэмэ, и усэхэр узыгъэгупсысэщ, гукъыдэж къозытщи. Тхылъыр зыIэрызыгъэхьэну хуейхэм ар къыщагъуэтынущ «Адыгэ унэ» тыкуэным.
  •  
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.