ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЛъэужьыфIэ

2019-01-15

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и
  • цIыхубэ артист Жылокъуэ Мухьэмэдин
  • и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу
  • И гъащIэ Iыхьэри зрикIуэну гъуэгуанэри убзыхуауэ дэтхэнэ цIыхури дунейм къытохьэ. Ауэ къахуиуха пIалъэм къриубыдэу языныкъуэхэр щIылъэм щохьэщIэ, адрейхэр — щопсэу. ЕтIуанэ гупым хиубыдэ цIыхухэм ехьэлIауэ «Псэуну гъащIэ зыхуэфащэр мыувыIэу кIуэхэр аркъудейщ», — итхыгъащ КIыщокъуэ Алим. Апхуэдэ цIыху емызэшыжхэм ящыщщ Налшык дэт Музыкэ театрым и утыкур илъэс куэдкIэ зыгъэбжьыфIа, КъБАССР-м и цIыхубэ артист Жылокъуэ Мухьэмэдин.

  • Жылокъуэр 1938 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м Аушыджэр къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэм щыщIэсым абы щагъэуву щыта гъэлъэгъуэныгъэхэм жыджэру хэтащ. И ныбжьыр илъэс 14-м иту Фадеев Александр и «Молодая гвардия» романым къытращIыкIа теплъэгъуэм Юркин Радик и ролыр щигъэзэщIауэ щытащ. Пасэу утыку къихьами, гъащIэм езым и лъагъуэ щыхишу лъэужьыфIэ щыхъун папщIэ, къуажэм къыщыхъуа щIалэщIэм а лъэхъэнэм щапхъэ зытрихыни гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуни иIакъым.
  • «Си адэ-анэр макъамэми уэрэд жыIэнми пэIэщIэт… къызэрыгуэкI къуажэдэсхэт. ЗэрысщIэмкIэ, ди лъэпкъми гъуазджэр IэщIагъэ зыхуэхъуа къыхэкIакъым, — жеIэ Мухьэмэдин. — СыщыцIыкIум зэи сыщIэхъуэпсакъым артист сыхъуну. Хьэблэ щIалэ цIыкIуищ дызэныбжьэгъути, дэтхэнэ сабийми хуэдэу, дыджэгурт, мэз дыкIуэрт, Шэрэдж псыхъуэ дыдыхьэрти, ди макъыр утIыпщауэ уэрэд къыщитшырт… Дыкъыщыхъуа Аушыджэр жылэжьыр жэнэт щIыпIэщ жыхуаIэм хуэдэщ. Си сабиигъуэри си щIалэгъуэри абы щыкIуащ, ноби сыщопсэу, зэрысхъуэжыни щыIэкъым. Мэз Iувхэр, бгы уардэхэр, псы уэрхэр — къуажэм и теплъэ щIэращIэр арагъэнущ си гум дахагъэ къыщызыгъэушар».
  • 1955 гъэм Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъур (1957 гъэм) Мэзкуу зэрыщагъэлъэпIэнум зыщыхуагъэхьэзырым, ди республикэм и Правительствэм и жэрдэмкIэ щэнейрэ зэпеуэ ирагъэкIуэкIат зэфIэкI зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэр къахутэну. Абы къыхаха цIыху щэщIым Мухьэмэдини яхэхуати, ар ирагъэблэгъащ уэрэдым-рэ къафэмкIэ къэрал ансамблым. Ар 1955 гъэм щыщIэдзауэ 1965 гъэ пщIондэ ансамблым щылэжьащ.
  • 1956 гъэм, и ныбжьыр илъэс пщыкIуий нэхъ мыхъуауэ, Жылокъуэр ансамблым и солист ящI икIи хорыр зыдежьу уэрэдхэр игъэзэщIэну, теплъэгъуэ зэмылIэужьыгъуэ-хэм щыджэгуну дзыхь къыхуащI. Ансамблым щыхэта лъэхъэнэм къриубыдэу абы игу нэхъ къинэжахэм ящыщщ ди хорым игъэзащIэу «Гибель «Варяга» уэрэдым едэIуа нэужь, композитор цIэрыIуэ, дирижёр Мурадели Вано жиIа псалъэхэр: «Сэ Совет Союзым и хорхэм я нэхъыбэм седэIуащ, ауэ абы хэт макъ псори зэтехуэу зэщIэжьыуэрэ ягъэзащIэ уэрэдым и купщIэр макъкIэ ягъэIуфу япэу зэхэсхыу аращ». Апхуэдэ хор зэрыдимыIэжыр Мухьэмэдин игу зэрыгъу Iуэхугъуэщ.
  • «Цыджан барон» опереттэм щоджэгу, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Бесчокъуэ Майе и гъусэу.

    Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъум и щIыхькIэ Шейблер Трувор итха, оперэрэ балету зэхэт, зы акт хъу «Нартхэр» Мэзкуу дэт Театрышхуэм и утыкум 1957 гъэм щагъэлъэгъуауэ щытащ. Абы Мухьэмэдин щигъэзэщIащ Шабзауэм и ролыр.

  • А зэманым Налшык щаухуэу щIадзат Музыкэ театр. Еджэрэ къагъэзэжмэ, абы щылэжьэну, макъамэмрэ уэрэд жыIэнымкIэ зэфIэкI зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэ гуп зэпеуэкIэ къыхахри, Мэзкуу щеджэну ягъэкIуауэ щытащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министру щыта Ефэнды Джылахъстэн и жэрдэмкIэ, Мухьэмэдини а зэпеуэм ирагъэблэгъащ икIи къыхаха гупым хэту Гнесинхэ я цIэр зезыхьэу Мэзкуу дэт институтым музыкэ комедиемкIэ и факультетым щIэтIысхьащ. Абы щыщIэса илъэсхэм Жылокъуэр еплъащ къалащхьэм дэт театр зэмылIэужьыгъуэхэм щагъэлъагъуэ оперэ, опереттэ, спектакль куэд, цIыху цIэрыIуэ Iэджэми яхуэзащ икIи ядэлэжьащ. Еджэныр къиухыу хэкум къигъэзэжа нэужь, и IэщIагъэм нэсу хэгъуэзэнымкIэ а псори сэбэп къыхуэхъужащ.
  • Мухьэмэдин и творческэ гъуэгуанэм илъэс 30-м щIигъу и кIыхьагът. Абы щыщу Музыкэ театрым зэрыщылэжьа илъэс тIощIым къриубыдэу Жылокъуэм роль нэхъыщ-хьэу куэд игъэзэщIащ, ар зыхэмыта спектакль щIагъуи а театрым щагъэувакъым.
  • Еджэныр къиухыу и хэкум къигъэзэжа нэужь, Мухьэмэдин япэу щыджэгуащ Листов Константин и «Севастопольский вальс» опереттэм, режиссёр ШэрыIужь Анатолэ игъэувам. Ар и япэ гъэлъэгъуэныгъэу Къэбэрдей-Балкъэрым Музыкэ къэрал театрыр къыщызэIуахауэ щытащ.
  • Мухьэмэдин щыджэгуа оперэхэмрэ спектаклхэмрэ я бжыгъэкIэ щэм ноблагъэ. Абыхэм ящыщщ: Модуньо Д. и «Чёрный дракон» (Ринальдо — Чёрный дракон), Штраус И. и «Цыганский барон» (Баринкай Сандор), Легар Ф. и «Весёлая вдова» (барон Зетэ), Александров Б. и «Свадьба в Малиновке» (Нечипор дадэ, Назар Дума сымэ я ролхэр) опереттэхэр, Штраус И. и «Летучая мышь» (Айзенштейн Генрих), Бизе Ж. и «Кармен» (Хозе и ариер), Леонкаваллэ Р. и «Паяцы» (Канио)оперэхэр, Гаджиев Р. и «Кавказская пленница» (Ариф), Фельцман О. и «Донна Люция» (Френсис Чесней) спектаклхэр, Канчели Г. и «Проделки Ханумы» (Катрянц), IутIыж Б. и «Шэмхьун и фызышэ» (Анзор) комедиехэр.
  • Жылокъуэр зыхэт оперэхэр, опереттэхэр, спектаклхэр щIыпIэ куэдым щагъэлъагъуэрт, артистхэм мазиплI-тхукIэ я унэ щемыкIуэлIэж къахуихуэу: Прибалтикэм, Украинэм, Белоруссием, Сыбырым; къалэхэу Ереван, Астрахань, Шевченкэ, Дон Iус Ростов, Новочеркасск, Винницэ, Харьков, нэгъуэщIхэми. Мухьэмэдин игу нэхъ къинэжар 1962 гъэм Барнаул зэрыщыIарщ. А лъэхъэнэм Титов Герман космосым лъэтагъащIэт. Абы и адэ-анэр а къалэм щыпсэур-ти, концертым кърихьэлIэри зэщхьэгъусэхэм я лъэIукIэ Мухьэмэдин и зы уэрэд зыбжанэрэ жрагъэIэжат, зэгъусэу фэеплъ сурэти зытрагъэхат.
  • Апхуэдэуи, Жылокъуэм гукъинэ щыхъуащ композитор цIэрыIуэхэу Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ (ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр либреттэ хуитхауэ) ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ» поэмэм къытращIыкIа япэ адыгэ оперэм Заур и ролыр зэрыщигъэзэщIар. Ар Лениныр къызэралъхурэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу Музыкэ театрхэм я урысейпсо зэпеуэу 1970 гъэм екIуэкIам щагъэлъагъуэри, япэ увыпIэр къыхуагъэфэщауэ щытащ.
  • Театрым хуищIа хэлъхьэныгъэр къалъытэри, 1974 гъэм Жылокъуэ Мухьэмэдин «КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр къыфIащащ. Илъэс зыбжанэ нэхъ дэмы-кIыу, 1981 гъэм абы къыкIэлъыкIуащ «КъБАССР-м и цIыхубэ артист» щIыхьыцIэри.
  • Жылокъуэм и макъ лъэщри, абы игъэзэщIа ролхэри ди республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я тхыдэм къыхэнащ, нэхъыщхьэращи, ахэр цIыхубэм ягу къинэжащ. Псом хуэмыдэу ар фIыкIэ ягу къагъэкIыж илъэс пщIы бжыгъэкIэ къыдэлэжьа артистхэмрэ режиссёрхэмрэ. Абы и гъусэу роль куэд зыгъэзэщIа Таукеновэ Галинэ жеIэ: «Япэу Мухьэмэдин щыслъэгъуари и макъ щызэхэсхари Гнесинхэ я цIэр зезыхьэ еджапIэрщ. Ар макъ гуакIуэ зиIэ щIалэщIэт… Куэд дэмыкIыу, дэ «Севастопольский вальс» опереттэм дыщызэдэлэжьэн щIэддзащ. Абы и япэ гъэлъэгъуэныгъэр ехъулIэныгъэшхуэ иIэу Налшык щекIуэкIащ. Сыт хуэдэ ролри хъарзынэу къехъулIэрт Жылокъуэм. Ар щхьэх зымыщIэ цIыхут, удэлэжьэну тыншт икIи гъэщIэгъуэнт».
  • «Ар икIи актёрщ икIи уэрэджыIакIуэщ — тIури зэхуэдэу фIыуэ къохъулIэ, — жиIэгъащ Жылокъуэр щыджэгуа гъэлъэгъуэныгъэ куэдым я режиссёру щыта ШэрыIужь Анатолэ. — Абы сыт хуэдэ ролри хуэгъэзэщIэнущ, зи лъы къэплъыгъуэ, зи гур пхъэр щIалэщIэм деж къыщыщIэдзауэ Александров Борис и «Свадьба в Малиновке» опереттэм хэт, куэд зи нэгу щIэкIа, зи акъыл зэрыубыда Нечипор дадэ и деж щиухыжу. УщыдэлажьэкIэ дэрэжэгъуэ уогъуэт. Ди Iуэхум зэгурымыIуэ гуэр къыщыхэкIаи къэхъуакъым. Мухьэмэдин цIыху пэжщ, псэ хьэлэлщ, гукъэкI, гулъытэ зыхэлъщ. Ди театрым щылажьэхэм ящыщу япэу «цIыхубэ артист» цIэр зыхуагъэфэщар Жылокъуэрщ, ауэ абы зэи щхьэщытхъугъэ, пагагъэ дэтлъэгъуакъым.
  • Куэд зэдэдлэжьащ абырэ сэрэ… СощIэж, «Чёрный дракон»-м Ринальдо и ролыр зэрыщигъэзэщIам теухуа псалъэмакъ екIуэкIыу, зыгуэрым жиIат: «Абы и джэгукIэр апхуэдизкIэ пэжщ икIи гум хохьэри, а ролыр ар зытхам и гуращэ дыдэм зэрытехуэм шэч къытепхьэркъым». А псалъэ дыдэхэр яхужыпIэфынущ Жылокъуэм утыку кърихьа образ псоми».
  • 1988 гъэм Мухьэмэдин иужьрейуэ щыджэгуащ Штраус И. и «Летучая мышь» опереттэм, Айзенштейн Генрих и ролыр игъэзащIэу, абыкIи и творческэ гъуэгуанэр зэхуищIыжауэ щытащ.
  • ИлъэсипщI дэкIауэ (1998 гъэм) режиссёр Теувэж СулътIан Жылокъуэр иригъэблэгъат «Чёрный дракон» опереттэм Ринальдо и партиер щигъэзэщIэну. Ауэ зэгуэр сэламехыж пшыхькIэ утыкум икIыжам ар идакъым. ИтIани, «зэ сыджэгужащэрэт жыпIэркъэ?» упщIэмкIэ зыщыхуэзгъазэм: «ЖызоIэ… Утыкур зэи псэкIэ схуэбгынэркъым, сымыбэуэну зэрыслъэмыкIым хуэдэу! Ноби си макъыр утIыпщауэ уэрэд къыщисш къысхуохуэ», — жиIащ Мухьэмэдин.
  • Театрым щигъэзэщIахэм нэмыщI, нэгъуэщI уэрэд зыбжани радиом щригъэтхащ Жылокъуэм: «ПщылIхэм я уэрэд», «Кармен» оперэм щыщу Хозе и ариер, «Нартыжь уэрэд», «Щэуей Нэкурэ и уэрэд», «Къербэч и уэрэд», «Iуащхьэмахуэ», «Къызолъыхъуэ сэ псалъэ дахэ», нэгъуэщIхэри. Ахэр ноби Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и фондым щахъумэ, нэтынхэм щIэх-щIэхыурэ къыщоIу.
  • «Гум къыбгъэдэкIырщ гум нэсыр» жиIэгъащ цIыхушхуэ гуэрым. Псэм къигъэщIырщ псэм ехуэбылIэри… Арауэ къыщIэкIынщ къабзагъэр я гъуазэрэ дахагъэм и лIыкIуэу къигъэщI цIыхухэр лъэужьыншэ щIэмыхъури, абыхэм я псэрыкIхэр (усэхэр, уэрэдхэр, макъамэхэр, сурэтхэр…) мыкIуэдыжын зыщIри.
  • Жылокъуэ Мухьэмэдин утыку къызэримыхьэжрэ лIэщIыгъуэ плIанэ дэкIами, абы и уэрэдхэмрэ игъэзэщIа ролхэмрэ зэманми хуэмысеижын фIыгъуэшхуэу ди лъэпкъ щэнхабзэм къыхэнащ.
  •  
  • ХЬЭВЖОКЪУЭ Людмилэ,
  • филологие щIэныгъэхэм
  • я кандидат.