ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIэблэр фIым хуагъасэ

2019-01-15

  • Джэрмэншык дэт спорт IуэхущIапIэм щылажьэ гъэсакIуэхэм я зэфIэкI псори ирахьэлIэ щIэблэ узыншэ диIэным.

  • Мы IэнатIэм и унафэщI Апажэ Рашид зэрыжиIэмкIэ, къуажэм дэсщ ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр къэзыгъэлъагъуэ спортсмен ныбжьыщIэхэр. ЩIыпIэ зэпеуэхэм я мызакъуэу, ахэр хэтщ икIи нэхъыфIхэм ящыщу зыкъыщагъэлъагъуэ район, республикэ зэхьэзэхуэхэми. — БэнэкIэ хуитым, боксым, топ джэгукIэхэм, атлетикэ псынщIэм ди сабийхэр дебгъэхьэхыфынущ, я узыншагъэри иригъэфIэкIуэнущ, ауэ дэ зэи зыщыдгъэгъупщэркъым гъэсэныгъэ тэмэм ябгъэдэлъхьэн зэрыхуейри. Сэ шэч къытесхьэркъым, спортым дихьэха цIыхур сыт хуэдэ IэщIагъэми фIыуэ зэрыхэзэгъэнум, — жиIащ унафэщIым.
  •  
  • Шэрэдж Дисэ.