Зэманым декIуу псэу ДзыхьмыщI Мутрал
2019-01-15
- Старэ Урыху (нобэ Хьэтуей) къуажэм щыпсэу ДзыхьмыщIхэ Хьэжсуфрэ Дыгъэнэхурэ я унагъуэм 1934 гъэм шIышылэм и 10-м гуфIэгъуэшхуэ къыщыхъуащ: дунейм къытехьащ зэщхьэгъусэхэм я бын ещанэр. Мутрал цIэр зыфIаща щIалэ цIыкIур угъурлыуэ къахущIэкIащ ДзыхьмыщIхэ. Илъэс бжыгъэ куэд ямызэхуакуу Хьэжсуфрэ Дыгъэнэхурэ иджыри зэдагъуэтащ щIалищрэ зы хъыджэбзрэ. «БыныфIэр насыпыфIэщ», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. А лъэпкъ Iущыгъэм хэлъ пэжагъыр щынэрылъагъут ДзыхьмыщIхэ я унагъуэшхуэм. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ зэрылъ, нэхъыжьым — пщIэ, нэхъыщIэм — гъуэгу щрат, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ щытепщэ унагъуэ дахэт ар. Зи адэ акъылыфIэр, диныр къабзэу зезыхьэр, лэжьыгъэм зэи зыщызымыдзей нэхъыжьыфIыр я щапхъэу къэхъуащ щIалэхэр. Хъыджэбз закъуэми анэм бгъэдэлъ IэкIуэлъакIуагъэр, гуапагъэмрэ нэмысымрэ и плъапIэт. Адэ-анэми ялъэкI къагъанэртэкъым я быныр зыхуей хуэзэу, лъэпкъ гъэсэныгъэ яхэлъу, щIэныгъэм хуэпабгъэу къэгъэтэджынымкIэ.
- Бын курытхэм ящыщ Мутрал сабий гурыхуэу, къэзыухъуреихь дунейм и зэхэлъыкIэр фIэхьэлэмэту, куэдым гу лъитэу къэхъуащ. И адэм сыт щыгъуи щIыгъу щIалэ цIыкIур упщIэрейт, илъагъу псори и щIэщыгъуэрэ абыхэм я жэуап къилъыхъуэу. Набдзэгубдзаплъэу Тхьэм къигъэщIа сабийм фIэтелъыджэт мэзым щIэт жыг абрагъуэхэм я теплъэ уардэхэр, губгъуэм ит удз гъагъэхэм зэрахьэ щхъуэкIэплъыкIагъэхэр, уафэгум ит бзур зыIыгъ къару лъэщыр, аддэ жыжьэу ис вагъуэ цIу цIыкIухэм ящыщ гуэрхэр зэщIэблэу щIылъэм къызэрехыр, лъэужь нэху къагъанэу… А упщIэхэм я жэуапу нэхъыбэу абы игъуэтыр зыт: «Алы-хьым и къарур инщ, си щIалэ цIыкIу. Абы къигъэщIащ уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуаку дэлъ псори».
- ЩIалэ акъылыфIэ цIыкIур еджэнми хуэщхьэхынэтэкъым. Школым щадж тхылъхэм кърат щIэныгъэм къапищэрт къуажэ библиотекэм щIэлъхэм ярытхэри. Псом хуэмыдэу ар дихьэхырт щIыуэпсым, дунейм я зэхэлъыкIэхэм ятеухуа щIэныгъэ тхылъхэм. ЩIалэщIэм абыхэм къыхихырт и гупсысэхэм щызекIуэ упщIэ куэдым я жэуапхэр. Ахэр къыщигъэнаIуэкIэ, и ныбжьэгъухэми нэхъыжьыIуэхэми ямыгъэщIагъуэу къанэртэкъым Мутрал бгъэдэлъ философие гупсысэхэм я кууа-гъыр, абы жиIэхэр яфIэхьэлэмэту едаIуэу.
- Курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Мутрал дзэм къулыкъу щищIэну ираджащ. Армэм щыдашым абы жиIэрт, хухаха илъэсхэр къиухмэ, дзэ къулыкъум адэкIи пищэну зэримурадыр. Адыгэ щIалэщIэр хэхуащ Украинэм щыIэ ди дзэ гупхэм, абыи щызригъэгъуэтащ радист IэщIагъэр. Еджэныр ехъулIэныгъэ иIэу къиуха нэужь, абы къулыкъум щыпищащ Венгрием и къалащхьэ Будапешт и Iэшэлъашэм щыIэ советыдзэ гупым. ЩIыхьрэ щытхъурэ пылъу ДзыхьмыщIым ирихьэкIащ къулыкъур.
- 1953 гъэм дзэм ираджа гупым къулыкъур зэфIахауэ Хэкум къагъэзэжыну загъэхьэзырырт 1956 гъэм и бжьыхьэм. АрщхьэкIэ а илъэсым Венгрием зэрыхьзэрий къыщыхъури, СССР-м и Маршал Жуков Георгий и унафэкIэ а щIыпIэм щыIэ ди сэлэтхэр лIыгъэ яIэу хэтауэ щытащ а къэралым щекIуэкIа зауэм. Мутрал игу къызэригъэкIыжымкIэ, абы щыгъуэ япэу зыхищIащ зауэм цIыхухэм къахуихь гуауэмрэ бэлыхьымрэ. Зэзауэхэм ящыщ зым хэкIуэдат абы и ныбжьэгъу пэж, Украинэм щыщ щIалэ Костылёв Василий. Мутралт ар уIэгъэщым нэзыхьэсари… И ныбжьэгъуфIым куэдрэ хуэщыгъуащ адыгэ щIалэр, абы илъ ищIэжу, ар лIыгъэ хэлъу адэкIи хэтащ а зауэм.
- Дзэ къулыкъур иухыу щалъхуа и къуажэм ДзыхьмыщIым къыщигъэзэжыфар 1957 гъэм и мазаеращ. Уи унэ уисыжыныр, уи адэ-анэм, къыбдалъхуахэм урагъусэу упсэуныр зэрыфIыгъуэшхуэр къыгурыIуэрт Мутрал, арщхьэкIэ абы и псэм нэгъуэщIт къилъыхъуэр. И къуэм и гупсысэхэр щалъхуа щIыналъэм къыщымынэу, нэгъуэщI щIыпIэхэм зэрыщыIэр, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зэгъэгъуэтыным зэрыхуэгъэпсар къыгурыIуащ адэ набдзэгубдзаплъэм. Мутрал и мурадхэр даIыгъащ Хьэжсуфрэ Дыгъэнэхурэ икIи хуит ящIащ и псэм къыхиха лъагъуэм ирикIуэну. 1957 гъэм ДзыхьмыщIыр щIэтIысхьащ Саратов дэт, гъунапкъэхъумэхэр щрагъаджэ училищэм къэрал къуэцIыдзэм и офицерхэр щагъэхьэзыр и къудамэм. Еджэныр къиуха нэужь, 1967 гъэм нэсыху къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр игъэзащIэу Мутрал Белгород областым щыпсэуащ. ИужькIэ, Белгород областым хыхьэ Алексеевкэ къалэм и къалэ комитетым и унафэкIэ, абы дэт гъуэгу ухуакIуэ управленэ №2-м ягъэкIуащ. Мутрал абы щылэжьащ инженеру, мастеру, прорабу, унафэщIым и къуэдзэу. 1970 гъэм, лэжьыгъэр зэпимыгъэууэрэ, Щебекинэ дэт техникумыр, 1974 гъэм Харьков дэт юридическэ институтыр къиухащ. 1974 гъэм къыщыщIэдзауэ 2016 гъэм нэсыху Мутрал Алексеевкэ дэт гъуэгу ухуакIуэ управленэ №2-м и унафэщIу лэжьащ.
- Абдежми адыгэлIым къыщызыкъуихащ хэлъ хьэлыфIхэм ящыщ куэд. УнафэщI щыпкъэм и нэIэм щIэту, IэнатIэм и лэжьакIуэ гупым ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьащ, Белгород областым пашэ щыхъуащ. Абы щыхьэт тохъуэ унафэщIми гупми къыхуагъэфэща щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр. Псори зэхэту къапщтэмэ, абыхэм я бжыгъэр 70-м щIегъу. Мутрал и фIыгъэ куэд хэлъщ а илъэсхэм щIыпIэм щызэфIаха IуэхугъуэфIхэм. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, асфальт зы-телъ машинэ гъуэгухэр зэраукъуэдияр, мэкъумэш предприятэхэр апхуэдэ гъуэгухэмкIэ зэрызэпащIар, асфальт щагъэхьэзыр заводитI яухуащ, зэманым екIу техникэ, производственнэ базэ лъэщхэр зиIэ, Iэщ, джэдкъаз щаIыгъ фермэхэр зэрызэрагъэпэщар, управленэм и лэжьакIуэхэр пщIэншэу щагъашхэ шхапIэ, щIакхъуэ щагъажьэ унэ, фэтэр щитIым щIигъу, лэжьакIуэщIэхэм папщIэ общежитхэр зэраухуар. Управленэм и тыкуэным щIэлъ шхыныгъуэхэр и лэжьакIуэхэм нэхъ пуду ярищэрт.
- 2008 гъэм Мутрал текIуэныгъэ къыщихьащ «Урысейм и гъуэгухэр» къэралпсо зэпеуэм. А илъэс дыдэм къыфIащащ «Илъэсым и унафэщI нэхъыфI» цIэ лъапIэр. 2011 гъэм Мутрал къыхуагъэфэщащ «УФ-м и унафэщI нэхъыфI» цIэ лъапIэр.
- Апхуэдэу гурэ псэкIэ лэжьыгъэм зэрыбгъэдэтам папщIэ ДзыхьмыщI Мутрал къыфIащащ цIэ лъапIэхэр, къратащ къэрал дамыгъэхэр. Апхуэдэхэщ «УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ», «Алексеевкэ къалэм щIыхь зиIэ и цIыху». Ар Реальнэ экономикэмкIэ дунейпсо академием, Меценатхэм я дунейпсо академием я академикщ, «ЛIэщIыгъуэм и псапащIэхэр» дунейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и советым хэтщ. Мутрал къыхуагъэфэщащ орденрэ медалу куэд. Абыхэм ящыщщ «За отвагу», «За доблестный труд», «За заслуги перед землёй Белго-родской» I и II нагъыщэхэр», «Во славу Отечества», «Слава нации», «Признание» орденхэр, нэгъуэщI куэди. Мутрал къыхуагъэфэща щытхъу тхылъхэм яхэлъщ Белгород областым и губернаторым, Белгород областым автомашинэ гъуэгухэмрэ транспортымрэ и управленэм и унафэщIым, Белгород областым и муниципальнэ щIыналъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэм къабгъэдэкIхэр. АдыгэлI щыпкъэм пщIэшхуэ щиIэщ къыщалъхуа жылэми. Ар «Хьэтуей къуажэм щIыхь зиIэ и цIыхущ», Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Лэскэн щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъи къратащ.
- И ныбжьыр нэсу тIысыжами, Мутрал ноби я чэнджэщакIуэщ гъуэгу ухуэныгъэм и IэщIагъэлIхэм. А IэнатIэм хуищIа хэлъхьэныгъэм, лэжьыгъэм хэлъа гугъуехьхэмрэ щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ ятеухуащ абы и къалэмыпэм иджыблагъэ къыпыкIа «Дороги — судьба моя» тхылъыр.
- Унагъуэ дахи и щIыбагъ къыдэтщ Мутрал. Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа ДзыхьмыщI Мутралрэ и щхьэгъусэ урыс цIыхубз Зоерэ унагъуэ насыпыфIэ хъуащ: япхъу Иринэрэ я къуэ Дмитрийрэ хабзэ, нэмыс яхэлъу ягъэсащ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ ирагъэгъуэтащ, зэфIэкI зиIэ хьэрычэтыщIэ хъуащ ахэр. Мутралрэ Зоерэ я гъащIэр хуагъэдахэ, хуагъэIэфI я къуэрылъху-пхъурылъхухэм, абыхэм я быныжхэм.
- Ди щIыналъэм щымыпсэуми, Мутрал къыщалъхуа щIыпIэр игу имыхуу, жылэм я псэукIэм и нэIэ тригъэту йокIуэкI. Хьэтуей къуажэм и унафэщIхэми жылэдэсхэми пщIэшхуэ хуащI я къуажэгъу цIэрыIуэм, абы и ехъулIэныгъэхэм ирогушхуэ икIи иропагэ.
- ДзыхьмыщI Мутрал, нэхъыщIэхэми нэхъыжьхэми ядекIуэкIыф цIыху Iущым, псэ къабзэм, акъылыфIэм, дохъуэхъу къыщалъхуа махуэмкIэ. И илъэс 85-м зэрытехьэм хуэдэу узыншэу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ иIэу, и Iыхьлыхэр, благъэ-хэр, ныбжьэгъухэр къыкъуэту куэдрэ псэуну ди гуапэщ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.