ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ турист мин 63-м щIигъу
2019-01-15
- 2017 — 2018 гъэхэм я щIымахуэ зэманым елъытауэ мы гъэм туристхэм я бжыгъэр проценти 10-кIэ нэхъыбэ хъуащ.
- ЗыгъэпсэхуакIуэу нэхъыбэ зэкIуалIэхэм ящыщщ Iуащхьэмахуэ лъапэ. Абы щIышы-лэм и пэщIэдзэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм лыжэкIэ къэжыхьыным дихьэххэм ящыщу цIыху мин 54-м щIигъу щызэблэкIащ (нэгъабэ елъытауэ процент 11-кIэ нэхъыбэ) икIи абыхэм ящыщу цIыху мин 40-м щIигъум курортым и кIапсэ гъуэгухэр къагъэсэбэпащ.
- «Туристхэм я бжыгъэм къыщIыхэхъуам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ Чегет зыгъэпсэхупIэр къызэрагъэщIэрэщIэжар. А лэжьыгъэм иджыри пащэнущ икIи зэман гъунэгъум къриубыдэу Чегет бгым аргуэру щащIынущ лыжэкIэ къыщажыхь гъуэгуу тIу», — жиIащ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат. Апхуэдэу абы къыхигъэщхьэхукIащ Азау хуейм егъэлеяуэ куэдыIуэ зэрыщызэхуэсыр, абы къыхэкIыу щIыналъэщIэхэр цIыхухэм я зыгъэпсэхупIэ зэрыщIыпхъэр.
- Республикэм къыпэщыт къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ лыжэкIэ къыщажыхь лъэхъэнэм и мызакъуэу адрей заманхэми Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщызыгъэпсэхухэр нэхъыбэ щIыныр. Абы папщIэ мыбы щыхашынущ туристхэм зекIуапIэ яхуэхъуну лъагъуэщIэхэр.
- Хабзэ хъуауэ, сытым дежи хьэщIэ куэд щызэблокI республикэм и щIыпIэ нэхъ гъэщIэгъуэнхэм: Гуэл ЩхъуантIэхэм, Шэджэм псыкъелъэхэм, Аушыджэр псы хущхъуэхэм, Балъкъэр Ипщэм и тхыдэ-архитектурэ комплексым.
- Мы гъэм япэу щIымахуэ зэманым хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ: «Уллу-тау» альплагерым, «Уштулу» хьэщIэщым. ЦIыху куэд щыIащ «Джэдыкъуэ», «Янтарнэ» псы хущхъуэхэм.
- «Кавказым и пшэплъхэр» — 2019» урысейпсо джип-фестивалым къекIуэлIащ автоспортым дихьэххэм ящыщу цIыху 300-м щIигъу.