ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дыгъэбзийуэ зи макъамэр псынэм хэпсэ

2019-01-15

  • РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ, пшынауэ Iэзэ, макъамэтх, къэфакIуэ, адыгэ лъэпкъ гъуазджэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, лъэужь дахэ къэзыгъэна Къашыргъэ КIурацэ къызэралъхурэ щIышылэм и 3-м илъэси 120-рэ ирикъуащ.

  • Къашыргъэ КIурацэ 1899 гъэм Къуэшыркъуей (иджы Кэнжэ) къуажэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Тамбий Исмэхьил пхъащIэ IэщIагъэм ирилажьэу щытащ, и анэ Пэщхъан унагъуэ Iуэхухэри сабийхэр гъэсэнри и пщэ дэлът.
  • Пасэу пшынэм дихьэха хъыджэбзым ар IэщIагъэ хуэхъуащ. КIурацэ и адэ шыпхъу Хъанычэ пшынауэт. Ар пшынэ щеуэкIэ КIурацэ и тхьэкIумэхэр тегъэхуауэ щIэдэIурт, макъамэр и гум тыншу ириубыдэрт. Абы зэхихар игъащIэкIэ и гум къинащ икIи иужькIэ езым игъэзащIэу щыта макъамэхэм увыпIэ хэха щаIыгъащ. КIурацэ илъэсибгъу щрикъум и адэм абы IэпипщI зиIэ пшынэ къыхуищэхуащ. А дакъикъэм хъыджэбз цIыкIум гуфIэгъуэу иIар къэIуэтэжыгъуейщ. Пшынэр къищтэри, ар и адэ шыпхъум деж кIуащ. Адрейми егугъуу къыгуригъэIуащ абы зэрызригъэсэну щIыкIэр.
  • КIурацэ щыгъуазэ хъурт фIыуэ илъэгъуа макъамэ Iэмэпсымэм зэреуэм и щэхухэм. И Iэзагъэм нэхъ хигъэхъуэху пшынауэр джэгухэм ирагъэблагъэрт. КIурацэ езыри Iэзэу къафэрти, къэфэкIэм, утыкум къихьа цIыхум и зыIыгъыкIэм тыншу гу лъитэрт икIи и пшынауэкIэри абы триухуэрт. Пшынэм сыт хуэдэ макъамэри Iэзэу къызэрыригъэкIыфым, дахащэу къызэрыфэм Къашыргъэр цIэрыIуэ ирихъуащ. Абы игъэзащIэ макъамэхэм я бжыгъэм кIуэ пэтми хигъахъуэрт, зэхих псори и гум ириубыдэурэ.
  • И ныбжьыр илъэс 15-м щынэблагъэм КIурацэ къуажэм щыцIэрыIуэ пшынауэм къыщымынэу, псэлъыхъу куэд зыхузэблэкI пщащэ дахи хъуащ. Тамбийхэ я деж лъыхъухэр куэду къакIуэрт. ИлъэситI дэкIри, абы щхьэгъусэ хуэхъуащ цIыху зэпIэзэрыт Къашыргъэ Хьэнащхъуэ. Ар сатум хэтт. КIурацэ унагъуэр зэрихьэрт, фIыуэ илъэгъуа IуэхумкIэ и Iэзагъэм хигъахъуэрт. Ар арэзы къищIыжыртэкъым и япэрей IэпипщIым. КIурацэ зыIэригъэхьащ нэхъ пшынэшхуэ, и макъыр нэхъ жьгъырууэ икIи зэрихьащ и гъащIэр иухыху. Унагъуэ ихьа нэужь куэд дэмыкIыу Налшык ирагъэблэгъащ радиом щылэжьэну.
  • 1931 гъэм КIурацэ хэтащ бгырыс лъэпкъхэм гъуазджэмкIэ и япэ Къэбэрдей-Балъкъэр олимпиадэм. Къуажэ псоми къикIыу Налшык щызэхуэсат уэрэджыIакIуэ, музыкант, къэфакIуэ нэхъыфIхэр. Абыхэм яхэтащ балъкъэр пшынауэ цIэрыIуэ, Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъхэм я макъамэхэм фIыуэ хэзыщIыкI Казиев Билал, уэрэджыIакIуэ-пшынауэ, цIыхухэр дэзыхьэх уэрэдхэр зыус Къэжэр Индрис, нэгъуэщIхэри.
  • Еплъыныгъэм КIурацэ пшынэм къригъэкIыу щигъэIуащ къэбэрдей макъамэхэр. Абы щIыхь тхылъыр къыхуагъэфэщащ икIи Дон Iус Ростов къалэм щекIуэкIыну Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ олимпиадэм хэтыну ягъэкIуащ. А зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым и лIыкIуэхэм Бэракъ Плъыжьыр къыщыхуагъэфэщащ, Къашыргъэ КIурацэ щIыхь тхылъ къыщратащ.
  • 1934 гъэм КIурацэ хагъэхьащ уэрэдымрэ къафэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал ансамблым. Пшынауэм абы и Iэзагъэм нэхъри щызригъэузэщIащ. Къашыргъэм игъэзащIэ лъэпкъ макъамэхэр ансамблым и лэжьыгъэм дежьу хьэлэмэт хуэхъуащ. Пасэрей къафэхэм я макъамэхэр абы езым игъэзащIэхэмкIэ къигъэщIэрэщIащ, ахэр щIэуэ зэхилъхьащ. Пшынауэр утыкум къызэрихьэ и программэм хигъэхьащ урыс, украин, куржы, ермэлы, шэшэн, ингуш, молдовэ макъамэхэри.
  • — Си дежкIэ гугъущ макъамэ да-хэр си гъащIэм фIыщэу сэзыгъэлъэгъуа си анэ Къашыргъэ КIурацэ хуэфащэ фIыщIэ псалъэ къэзгъуэтыну. ГъащIэр макъамэ узыIэпызышэм хуэдэу схуиухуат си анэ дыщэм. Хэти жиIэфынущ и анэм хуэдэ дунейм темыту, ауэ си фIэщ хъуркъым сэ згъуэтам хуэдэ хуабагъэм, IэфIагъэм дэщIыгъуу дахагъэр зыхэзыщIэу къэтэджа куэд щыIэу. Псэм едэхащIэ, гур зыгъэпIейтей адыгэ пшыналъэщ сэ сызыщIапIыкIар, — игу къегъэкIыж КIурацэ и къуэ Билал. — КIурацэ и пшынэ гъэбзэрэбзэкIэм удимыхьэхыныр, екIуу укъимыгъэфэныр къызгурыIуэртэкъым. Абы илъэс зыбжанэкIэ сыдэлэжьати, си къарур, си зэфIэкIыр есхьэлIат. КIурацэ къыстемыукIытыхьу сыщытыныр си къалэн нэхъыщхьэт. Анэ… Сыт нэхъ лъапIэ щыIэ а псалъэм нэхърэ?! Си гум щызгъафIэ макъамэхэр дунейм къытезгъэхьэну зэфIэкI къызэзыта си анэ дыщэм фIыщIэ щхьэхуэ хуэфащэщ.
  • КIурацэ дэлэжьащ накъырапщэ Iэзэ Ашуров Танахум. А зэманым ар щытащ Кавказым и лъэпкъхэм я макъамэхэм куууэ хэзыщIыкI цIыхуу. Мыгувэу абыхэм гъусэ къахуэхъуащ бэрэбэнауэ Исаков Арон. Апхуэдэу зэфIэувауэ щытащ лъэпкъ макъамэхэр IэмэпсымищкIэ зыгъэзащIэ гупыр. Ансамблым и гъусэу ахэр щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ псоми икIи цIыхухэр сыт щыгъуи абыхэм IэгуауэшхуэкIэ къаIущIэрт.
  • 1935 гъэм ансамблым Москва зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи еплъахэм ар хуабжьу ягу ирихьауэ щытащ. АбыкIэ фIыщIэшхуэ бгъэдэлът Къашыргъэ КIураци.
  • Концерт нэужьым къыкIэлъыкIуэ махуэм урыс тхакIуэшхуэ Горький Максим ар езым и унагъуэм иригъэблэгъащ. Дэрэжэгъуэ къыхилъхьэу КIурацэ игу къигъэкIыжырт а зэIущIэр: «Пролетар тхакIуэ ин Горький Максим гуапэу дригъэблэгъащ, ди къафэхэм къащытхъуащ, къэфакIуэхэм я жанагъыр, Iэзагъыр къигъэлъэгъуащ. Абы дэ къыджиIащ цIыхубэ гъуазджэм зедгъэужьыну, тегушхуэныгъэ тхэлъу япэкIэ дыкIуэтэну…».
  • 1937 гъэм ансамблым япэ увыпIэхэм щыщ зы къыщихьащ Псыхуабэ, Дон Iус Ростов къалэм щекIуэкIа олимпиадэхэм.
  • Пшынауэм и Iэзагъым псом хуэмыдэу зиузэщIащ зауэ нэужь илъэсхэм. Абы макъамэхэр ящIилъхьэу щIидзащ къэбэрдей усакIуэхэм я усэхэм, езыми псалъэхэр итхырт и макъамэхэм папщIэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ дунейм къытехьауэ щытащ къэбэрдей литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий теухуа уэрэ-дыр. Лъэпкъ макъамэ дахэр къигъэнэжу композитор Шейблер Трувор а уэрэдым хорымрэ симфоническэ оркестрымрэ папщIэ елэжьыжри, пшынэри абы хигъэхьащ. А Iуэхугъуэм и макъамэр нэхъ дахэ ищIащ. Уэрэдыр радиокIэ къатащ, пшынэм ар зыуса Къашыргъэ КIурацэ еуэу. ИтIанэ дунейм къытехьащ: «ЩIалэгъуалэ», «Махуэшхуэ» маршхэр. Нэхъ иужькIэ итхащ Щхьэгъэпсо Мухьэмэд и усэхэр зыщIэлъ «Колхоз губгъуэ» уэрэ-дыр.
  • Къашыргъэр и щIэныгъэмкIэ, и IэзагъымкIэ ядэгуашэрт пшынауэ ныбжьыщIэхэм, нэхъ иужькIэ цIыхубэм я деж цIэрыIуэ щыхъуахэм. Абыхэм ящыщщ Урысей Федерацэми Къэбэрдей-Балъкъэрми щIыхь зиIэ я артист ПщыхьэщIэ Мухьэжыр, КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артистхэу ДыщэкI ФатIимэт, Къуэдз Михаил, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ БырмамытI Гуащэкъарэ, пшынауэ Борий Панэ, нэгъуэщIхэри. Украинэми, Белоруссиеми, Азие Курытми, Къэзахъстанми, Сыбырми, КъуэкIыпIэ Жыжьэми — ансамблым дэнэ зыкъыщигъэлъэгъуами — цIыхухэм гъэщIэгъуэн къащыхъурт Къашыргъэм и Iэзагъыр.
  • 1939 гъэм абы къыфIащауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист, 1953 гъэм — республикэм и цIыхубэ артист цIэ лъапIэхэр. Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъур щагъэлъапIэ махуэхэм КIурацэ къыфIащащ «Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр икIи къратащ «ЩIыхь Дамыгъэ» орденыр.
  • — Адыгэм пшынауэ диIами, нобэ диIэми Къашыргъэ КIурацэ къазэрыщхьэщыкIыр псом япэу и пшынэ гъэбзэрэбзэкIэращ! Адыгэ къафэхэм, уджхэм, лъапэрисэхэм («ислъэмей» щIыжыпIэн хуейр къызгурыIуэркъым) КIурацэ щеуэкIэ къру дамэкъуэу макъамэм зешэщI, щIэи гъуни имыIэ къыпфIощI! Мис абдежым наIуэ къыщохъу КIурацэ импровизатор щэджащэу зэрыщытар. Шэч хэмылъу, мис абыкIэ ар псоми къащхьэщокI! ИтIанэ, КIурацэ пшынэр щигъэбзэрабзэм деж зэреуэр IэпиплIми, Iэпэ тIощIрэ плIырэ фIэту еуэ хуэдэщ, абы и зы нотэ цIыкIу гущIэр къришу щыхишым деж и лъабжьэм псынэм хэпсэ дыгъэбзийуэ къыщIоджэгукI нэгъуэщI нотищэ. Ар КIурацэ и пшынауэкIэщ, и гупсысэкIэщ. Адыгэ пшынэм уи гупсысэр пхуехьэлIэмэ, лъэр зыгъэджэгу макъ мыхъуу псэр пкIатэ-лъатэ зыщI гупсысэ къует, — жеIэ композитор, усакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил.
  • ЦIыхубэ макъамэхэм къадэкIуэу, абы езым зэхилъхьэжахэри игъэзащIэрт. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ музыкант нэхъыжьхэм я нэхъыфIхэм ящыщ зы Къашыргъэ КIурацэ къытхуигъэна макъамэ дахэхэмрэ къафэхэмрэ цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуащ икIи нобэр къыздэсым ягъэзащIэ, и цIэр ящымыгъупщауэ.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.