ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ГъащIэр фIыуэ елъагъу

2019-01-15

  • Ди лэжьэгъуфI, ныбжьэгъу пэж, бзылъхугъэ гуакIуэ Уэрдокъуэ Женя Мырзэкъан и пхъум егъэлъапIэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъур. И унэцIэм ещхьщ Женя и теплъэри, и Iуэху зехьэкIэри. Ар цIыху уардэщ, Iэдэбщ, зэпIэзэрытщ. А хьэлыфI псоми я къежьапIэщ ар къыщалъхуа, къыщыхъуа адыгэ унагъуэр.

  • Женя и адэ-анэу Мырзэкъанрэ СэIимэтрэ пщIэрэ нэмысрэ зыхуащI нэхъыжьыфIхэу дэсащ Дыгулыбгъуей къуажэшхуэм. Зэрыбынитхум я нэхъыжь Женящ адэ-анэм нэхъыбэрэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуари, нэхъыщIэхэм щапхъэу яIари. Школми щыапхуэдэт ар: еджэнми хуэIэижьт, абы щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэми хуэжыджэрт. Женя зэхуэдэу къехъулIэрт есэпри тхыдэри, бзэхэри литературэхэри, химиери физикэри, ауэ псом хуэмыдэу и псэр дихьэхырт анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ. Абыхэм ар нэхъ куууэ щыхуеджащ КъБКъУ-м и филологие къудамэм.
  •  Адыгэбзэм и дахагъыр, IэфIагъыр, бзэм и зэфIэкIыр пасэу псэкIэ зыхэзыщIа Женя а гурыщIэр ихъумащ нобэр къыздэсым. Бзэм хуиIэ а лъагъуныгъэ лъэщращ Уэрдокъуэр зэман куэд лъандэрэ зыпэрыт IэнатIэм хуэзышари. «Адыгэ псалъэм» зэрыщылэжьа илъэсхэм Уэрдокъуэм редакцэм щигъэзэщIащ къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр. Иджыпсту Женя и унафэщIщ «Адыгэ псалъэ» газетым хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм. Ар жыджэру япыщIащ МВД-м КъБР-м щиIэ IуэхущIапIэхэм, прокуратурэм, адвокатурэм, судыщIэхэм. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэ IэнатIэхэм уадэлэжьэныр жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэхущ. Ар ныкъусаныгъэншэу зэфIех ди лэжьэгъум. Абы и щыхьэтщ а IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм я Iэ щIэлъу Уэрдокъуэм мызэ-мытIэу къыхуагъэфэща щIыхь, щытхъу тхылъхэр, саугъэт лъапIэхэр.
  • Уэрдокъуэм и пщIэр щыинщ зыхэт гупми. Аращ ар лэжьакIуэбэм я уэчылу къалъытэ профсоюзым редакцэм щиIэ зэгухьэныгъэм и пашэу щIыхахар. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, пщIэрэ нэмысрэ зэрылъ унагъуэшхуэу щыт «Адыгэ псалъэ» газетым лэжьыгъэм къыдэкIуэу гъащIэм пыщIа Iуэхугъуэ, къэхъукъащIэ (гуфIэгъуэ е гузэвэгъуэ) куэд къохъуэ. Ахэр екIуу зэфIэха зэрыхъуным сыт щы- гъуи яужь итщ Женя. И пщэрылъ журналист лэжьыгъэхэм ящIыгъуу, ар апхуэдэуи и къызэгъэпэщакIуэщ икIи жэрдэмщIакIуэщ редакцэм и дежкIэ мыхьэнэ зиIэ махуэшхуэхэу махуэгъэпсым къыщыгъэлъэгъуахэм. Абы зэфIегъэкI зыпэрыхьэ дэтхэнэ лэжьыгъэри. ЦIыхур, гъащIэр фIыуэ зылъагъурщ апхуэдэу гу пцIанэу щытыфынур.
  • ЛэжьакIуэ IэкIуэлъакIуэм, ныбжьэгъу пэжым дохъуэхъу насыпрэ гуфIэгъуэкIэ гъэнщIа гъащIэ кIыхь иIэну. И анэкъилъхухэу Iэлиуас, Хьэсэн, Сэлим, Сусаннэ, и нысэхэу Маринэрэ Мадинэрэ, абыхэм я бынхэр къыкъуэту, фIыуэ къэзылъагъу, пщIэ къыхуэзыщI цIыхухэм я гулъытэ хуэмыныкъуэу куэдрэ псэуну Тхьэм жиIэ.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.