ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

 ШэкIыхьэщIэ Аслъэн: «Дохутырхэр гу быдэ мэхъу», жыхуаIэр пэжкъым

2019-01-15

  • «ШэкIыхьэщIэ Аслъэн Iэзагъышхуэ зыхэлъ дохутырщ. А щIалэм си сабийр тIэунейрэ щытыкIэ хьэлъэм къришащ. И IэщIагъэм къыхуигъэщIащ» зыхужаIэр абы хуэдэхэращ. Дэтхэнэ зыми гукIи псэкIи хуэгумащIэу, и узыншагъэр зэрефIэкIуэжым щыгуфIыкIыу щытщ. ЖыпIэнурамэ, дохутыр нэсым хэлъын хуей хьэл псори дыболъагъу ШэкIыхьэщIэм. И цIыхугъэр здынэсыр, и зэфIэкIыр зыхуэдэр ди унагъуэм дгъэуэнэхуащи, пщIэ худощI. И лэжьыгъэм и хъер илъагъуу Тхьэм куэдрэ и IэнатIэм пэригъэт», — дыкъыщоджэ нобэрей ди псэлъэгъу дохутыр щIалэм теухуауэ Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым Инстаграмым щиIэ и напэкIуэцIым ит фIыщIэ тхыгъэхэм ящыщ зым.

  • ШэкIыхьэщIэ Аслъэн Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм дэт курыт школыр къиухри, зэрыцIыкIурэ зыщIэхъуэпс дохутыр IэщIагъэм щыхуеджащ КъБКъУ-м и медицинэ къудамэм. ИужькIэ Санкт-Петербург дэт педиатриемкIэ къэрал медицинэ академием анестезиолог-реаниматолог унэтIыныгъэмкIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуэжащ. 2010 гъэм Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым Сабий нэхъыжьхэм щакIэлъыплъ, реаниацэмрэ анестезиологиемкIэ и къудамэм лэжьэн щыщIидзащ. Зыпэрыт Iуэхум зэрыхуэIэижьым, IэнатIэм зэфIэкI лъагэхэр къызэрыщигъэлъагъуэм гу лъатэри, 2015 гъэм ар къудамэм и унафэщIу ягъэуващ.
  • — Аслъэн, анестезиолог-реаниматолог дохутырым и къалэн нэхъыщхьэр сыт?
  • — Анестезиологыр операцэ ящIыну сымаджэм наркозыр хэзылъхьэ, Iуэхур екIуэкIыхукIэ абы и щытыкIэр зи нэIэ щIэт, хущхъуэр зэрыпкърыкIыжым кIэлъыплъ дохутырщ. Реаниматологыр цIыхум и гъащIэм дежкIэ шынагъуэ щытыкIэ хьэлъэ ихуар зэман кIэщIым абы къизыш IэщIагъэлIщ. Медицинэм а и унэтIыныгъитIыр зэпыщIауэ щытщ.
  • ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ди къудамэм щIэлъхэр сымаджэ хьэлъэхэрщ, абыхэм сэбэп уахуэхъуу уакIэлъыплъыфын папщIэ медицинэм и адрей унэтIыныгъэхэми хэпщIыкIыу щытын хуейщ, ар терапие, хирургие, неврологие ирехъу. А лъэныкъуэ псори къызэрызэщIиубыдэрщ анестезиолог-реаниматолог IэщIагъэм сыщIыдихьэхар.
  • — Операцэ ящIыну сымаджэм теухуауэ анестезиологым сыт нэхъыщхьэу ищIэн хуейр?
  • — Сымаджэм и узыншагъэм, абы и щытыкIэм теухуауэ псори ищIэн хуейщ. Псалъэм папщIэ, хущхъуэу езэгъ-емызэгъыр, аллергие къезытыр, нэхъапэкIэ операцэ ящIауэ щы-та, апхуэдэ хэтамэ, наркозым къызэрикIыжар, нэгъуэщI куэди. Операцэ ящIыну сабийм зыгъэжей хущхъуэу иратынур зыхуэдизыр елъытащ абы и ныбжьым, и хьэлъагъым. Операцэ псори зэхуэдэкъым: хэт нэхъ тыншщ, нэхъ хэт гугъущ. Ахэри Iэмал имыIэу Iуэхум къыхэлъытэн хуейщ.
  • — Уи япэ лэжьэгъуэ махуэхэр дауэ къыпщыхъуат? Уи IэщIагъэр уи нэгу къызэрыщIэбгъэхьамрэ нэры- лъагъу пщыхъуамрэ зыщхьэщыкIыныгъэшхуэ яIэт?
  • — КъБКъУ-м и медицинэ къудамэм и 4-нэ курсым сыщIэсу Налшык къалэ и «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» санитару лэжьэн щыщIэздзауэ щытащ. Гу узыфэхэр зиIэхэм я деж ягъакIуэ гупым сахэту абы илъэситIрэ ныкъуэкIэ сыщыIащ. Санкт-Петербург сыкIуа нэужь, медбрату сылэжьащ.
  • Абы къыхэкIыу си IэнатIэ нэхъыщхьэм сыщыпэрыувам ифIми и Iейми фIыуэ сыщыгъуазэт, си пщэ къыдэхуэ жэуаплыныгъэр зыхуэдэри къызгурыIуэт. Пэжщ, тыншакъым япэ махуэхэр, ауэ иджыпстуи гугъуехьыншэу схужыIэнукъым. ЦIыхум нэхъ лъапIэ дыдэу иIэ узыншагъэм и хъумакIуэм, ар сыт хуэдэ унэтIыныгъэуи щрет, и лэжьыгъэм тынш хэлъкъым.
  • — Фи къудамэм Iуэхур къызэрыщызэгъэпэщам и гугъу уэзгъэщIынут.
  • — Дохутырхэр 11 дохъу, медсестрауэ 30 диIэщ. Дэтхэнэми и къалэныр зыхуэдэр ищIэу, зыпэрыт Iуэхур нэгъэсауэ зэрызэфIахынум хущIэкъуу апхуэдэхэщ. Медицинэ IэмэпсымэхэмкIэ, хущхъуэкIэ дыкъызэрызэгъэпэщам и гугъу пщIымэ, Iэмалыншэу дызыхуейр диIэщ. Пэжщ, адэ-анэхэм хущхъуэ къыщедгъэщэхуи къытхуохуэ. Псалъэм папщIэ, ди сымаджэщым иIэкъым узыфэ зэрыцIалэхэм, жьэн узыфэм щеIэзэ къудамэхэр. Апхуэдэ сымаджэхэр ди реанимацэм къашамэ, абыхэм я хущхъуэ къызэрытIэрымыхьэм къы-хэкIыу, нэгъуэщI щIыпIэ къыщытлъыхъуэн хуей мэхъу. Дыхуейт щIэуэ медицинэм къыхыхьэ псори къытIэрыхьэну, адэкIи зыдужьу ди лэжьыгъэр етхьэкIыну.
  • — Аслъэн, уэ узэреплъымкIэ, уи лэжьыгъэм сыт нэхъ гугъуу хэлъыр?
  • — Сымаджэ нэхъ хьэлъэ дыдэхэр зыщIэлъ къудамэм лэжьыгъэ тынш щыIэнкIэ хъуну?! Сабийм узэреIэзэну щIыкIэр зэрыбубзыхуным щыщIэдзауэ адэ-анэм бгъэдыхьэкIэ къазэрыхуэбгъуэтынум деж щиухыжу узэлIэлIэн Iуэхущ. Нэхъ гугъу дыдехьу къыщIэкIынщ сымаджэм и Iыхьлыхэм. Языныкъуэ адэ-анэхэм яжепIэр зэхахыркъым, дакъыгурыIуэркъым. ЩыIэщ сабийм тэмэму дыкIэлъымыплъу, зыхуей Iэзэгъуэр ди деж щимыгъуэтауэ къалъытэу дызыгъэкъуаншэхэри. ПсэзэпылъхьэпIэм зи сабийр къихута адэ-анэм и щытыкIэ-ри къыдгуроIуэ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, псори дэ дэлъытакъым. ЗэрыхъукIэ, сыт хуэдэ сыхьэт бжыгъэм къыщIэупщIами, сымаджэм и щытыкIэм щыдгъэгъуазэу, я гур фIы зэрахуэтщIынум дыхущIэкъуу апхуэдэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ къалэшхуэхэм, сэ сыздэщыIахэу Санкт-Петербург, Москва, щытыкIэр щынэгъуэщIщ. Сымаджэм и Iуэхум узэрыщагъэгъуэзэнум теухуауэ пIалъэ хэха, хабзэ щхьэхуэ щыIэщи, абы тету къопсэлъэнущ. НэгъуэщIу абыхэм я дохутырхэм бгъэдыхьэпIэ яхуэбгъуэтынукъым.
  • КъыпхуэмыIуэтэнщ сабийр зэрымыхъужыныр къызыгурыIуа дохутырым и гум щигъэвыр. Апхуэдэ хъыбар гуауэр адэ-анэм яжепIэнри икъукIэ хьэлъэщ. «Дохутырхэр гу быдэ мэхъу», жыхуаIэр пэжкъым. ЛIэныгъэм зэи уесэфынукъым, псом хуэмыдэу ар зи псэугъуэ дахэ сабиймэ…
  • — Къыхэпха IэщIагъэм ущыхущIегъуэжа къэхъуа?
  • — Пэжыр жысIэнщи, сызыхуеджэну IэщIагъэр къыщыхэсхыну зэманым сыкъихутэжами, дохутыр лэжьыгъэрат си гъащIэр зэспхынур. Ар фIыуэ сегупсысауэ къыхэсха гъуэгущ.
  • — Уи IэнатIэмкIэ щапхъэ пхуэхъу щыIэ?
  • — КъБКъУ-м и медицинэ къудамэм сызэрыщIэс лъандэрэ сигу къинэжащ медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат КIэнцIэлий Анатолэ. ЩIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъу цIыху губзыгъэщ, ди зэфIэкIыр зыхуэдэм гу лъыдигъэтэжрэ ар къызэрызэкъуэтхыным дыхуигъасэу, нэхъыбэ къызэрыпщIэным дыкъыхуриджэу къытхэтащ. Апхуэдэу къыхэзгъэщыну сыхуейт Санкт-Петербург дэт педиатриемкIэ медицинэ академием сыщезыгъэ-джа профессор Александрович Юрий Станиславович. Си IэнатIэм и щэху куэд абы и деж къыщысщIащ. Иджыпстуи зэпыщIэныгъэ зэхудиIэщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къытхуеблагъэмэ, дызэхуозэ, Санкт-Петербург сыкIуэми, дызэролъагъу.
  • — Илъэс блэкIам уриплъэжмэ, сыт хуэдэу щыта ар уи дежкIэ?
  • — 2018 гъэр тхуэIеякъым. Къалэн зыбжанэ зыгъэзащIэ аппарат къэтщэхуащ. Ар зэрыдгъэлэжьэнум дыхуеджащ, мыгувэу ар едгъэжьэнущ. Медицинэм щIэуэ къыхыхьа хущхъуэщIэхэр къытIэрыхьащ, ахэри дяпэкIэ ди IэнатIэм къыщыдгъэсэбэпу щIэддзэнущ. Ди ехъулIэныгъэ нэхъ инхэм ящыщщ 2017 гъэм ди лэжьыгъэхэм къыхыхьа IэмалыщIэхэм я фIыгъэкIэ а илъэсым, сымаджэщыр къызэрызэIуахрэ къэмыхъуауэ, сабий лIэхэм я бжыгъэм фIыуэ хэщIащ. 2018 гъэми а бжыгъэр нэхъ мащIэ тщIащ.
  • — Дызытехьа илъэсым сыт хуэдэ мурадхэр хувиIэ?
  • — Ди лэжьыгъэр адэкIи зэредгъэфIэкIуэнум дыхущIэкъунущ. Къудамэм и зыужьыныгъэм, ди зэфIэкIым, Iэзагъым зэрыхэдгъэхъуэнум и ужь дитынущ.
  • — Упсэу, Аслъэн. ИлъэсыщIэр фызэрыщыгугъауэ къыфхущIэкIыну сынывохъуэхъу.
  •  Епсэлъар  ЩхьэщэмыщI Изэщ.