ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къуныжьхэ тхыдэм къызэрыхэщыр

2019-01-15

  • Иужьрей зэманым нэхъ дызыщыгуфIыкIыу къыдагъэкI тхылъ лIэужьыгъуэхэм я щапхъэщ лъэпкъ щхьэхуэхэм ятеухуахэр. «Къуныжьхэ я лъэпкъыр тхыдэм къызэрыхэщыр» («Кунижевы: фамилия в истории») — аращ зэреджэр нобэ щыгъуазэ фыхуэтщIыну дызыхуэпIащIэ тхылъыщIэм.

  • ФIыщIэр зи лъабжьэ гулъытэ лей хуэтщIыну тфIэигъуэщ уасэшхуэ зиIэ лэжьыгъэкIэ аргуэру тхылъеджэхэм ди пащхьэ къихьа тхыдэдж Бейтыгъуэн Сэфарбий. IэщIагъэ къэс Iэмал щхьэхуэхэр иIэжщ. Есэпым бжыгъэр и тегъэщIапIэу зэрыщытым хуэдэ дыдэу, тхыдэм и щыхьэт пэжыр дэфтэрхэрщ. Тхылъым и пщIэр щехуэха, тхыдэ дыдэри щхьэж и фейдэ зэрыхэлъым хуэдэу утыку къыщрахьэ лъэхъэнэм тхылъымпIэ напэм и цIыху напэр дэзыгъэлэжьэф щIэныгъэлIхэм я пщIэр щыхохъуэ. Апхуэдэ щIыкIэу лэжьыгъэ къэс бгъэдыхьапхъэу щытми, зыхуей хуэзауэ зэфIэгъэувэжа мыхъуа адыгэм и блэкIам ехьэлIа Iуэхугъуэм ар щыIэмалыншэщ. Мы тхылъми Сэфарбий а гъуэгум зэрыщытемыкIар нэрылъагъущ.
  • Пэублэм щыгъуазэ дызэрищIымкIэ, Къуныжьхэ пасэ зэманым «абазэ-тапантэ» жыхуаIэ лъэпкъым къыхэкIри, адыгэ-шэрджэсхэм яхэшыпсыхьахэщ. 2017 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу къызэрабжамкIэ, Къуныжьхэ унагъуэ 412-рэ мэхъу: КъБР-м — 301-рэ; КъШР-м — 93-рэ, Адыгейм — 18.
  • «ЦIыхубэ гъащIэм Къуныжьхэ фIыкIэ зыкъыщыщамыгъэлъэгъуа лъэныкъуэ къыщыбгъуэтыну гугъущ, — дыкъоджэ адэкIэ. — ПщIэ зиIэ уэркъ лIакъуэм къыхэкIа Къуныжьхэ ящыщхэм Революцэм и пэкIэ къуажэ хасэхэм къулыкъу лъагэхэр къыщыхуагъэфащэрт. Къэбэрдейми, Джылахъстэнейми, Бгырыс лъэпкъитхуми (Балъкъэр щIыналъэм) ахэр унафэщIу, хеящIэу ягъэлэжьэн хуэдизкIэ дзыхь зыхуащI, мылъку зыIэщIалъхьэ, диным, хабзэм къыхуезыджэ цIыхухэу щыдолъагъу. Къуныжьхэр сыт щыгъуи жыджэру хэтащ мэкъумэш лэжьыгъэхэм епха лъэпкъ Iуэхухэм. Езыхэр игъащIэ лъандэрэ адыгэ хабзэр нэгъэсауэ зезыхьэхэм ящыщщ».
  • Iуэхур унэцIэм щехьэлIам и деж, хэти япэу зыщIэупщIэ хабзэр абы къикIынкIи хъуну мыхьэнэращ, сыту жыпIэмэ, унэцIэр лъэпкъ хьэлми йокIуэлIэж, ар зезыхьэ цIыхухэм ядэплъагъупхъэ гуэр уигу къигъэкIыу. Къуныжь псалъэм къикIым теухуауэ тхыдэджым бгъэдыхьэкIэ зыбжанэ зэпелъыт, щхьэж нэхъ фIэкъабылыр и фIэщ ищIы- ну хуит ищIу, нэхъ укъуэдияуэ зы- ми тримыгъэчыныхьу. Лъэпкъыр къыщежьа абхъаз-абазэбзэм «къуныжь» псалъэр лъабжьитIу щызэхэтщ: «къун» псалъэм «къуэнтхъурей, нащэгъэфIэIу» жиIэу къокI; «жьым», адыгэбзэми ещхьу, и мыхьэнэр: «пасэрей, лъапIэ». Абы пэгъунэгъущ «тхьэ щелъэIу Iуащхьэ, бгы лъапIэ» мыхьэнэхэри. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм «къуэныжь» псалъэр «къуэныжьудз» жыхуаIэ къэкIыгъэм ирепх. Хуэгъэфэщэныгъэхэм язщ урысыбзэ тхыкIэм нэхъ пэгъунэгъу, Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм бейхэм ирагъэту щыта «куныж» ахъшапщIэр.
  • Къуныжь унэцIэр урысыбзэкIэ тха дэфтэрхэм япэу 1822 гъэм къыхохуэ. Къуныжьхэ ящыщ уэркъ зыбжанэ «пщы Жанхъуэт Кушыку ищIхэм яхыхьэу Щхьэлыкъуэпсым Iус Къундет Беслъэн уэркъым и къуажэм» щыпсэуащ.
  • Тхыдэм къыхэнащ Къуныжьхэ я унэцIэ зезыхьа къуажи. Ар зыхуэзэр 1847 гъэрщ. Къуажэр Щхьэлыкъуэ и сэмэгурабгъумкIэ къыщылът, зейр уэркъ Къуныжь Абдурэхь-мэнт.
  • «Профессор КIуэкIуэ Джэмалдин зэрыжиIэмкIэ, Къуныжьхэ абазэ-хэм къахэкIащ, — етх Бейтыгъуэн Сэфарбий, — нэхъыбэу лъэпкъыр зыдэса — Бахъсэн, Къулъкъужын Ипщэ, Зеикъуэ, Къызбрун Езанэ (ХьэтIохъущыкъуей), Къызбрун ЕтIуанэ (Ислъэмей), Малкэ, Сэрмакъ, Шордакъ, Аушыджэр, Лэскэн Ипщэ, Джэрмэншык, Нарткъалэ, Псыгуэнсу, Хьэтуей, Шэрэдж Ищхъэрэ, Аруан, Чёрнэ Речкэ, Нартан, Щхьэлыкъуэ, Кэнжэ, Жанхъуэтекъуэ, ВакIуэ Жылэ, Хьэбэз».
  • Тхылъыр Iыхьибгъуу гуэшащ. Зы лъэпкъым нэхъ хэгъэщхьэхукIауэ теухуа щхьэкIэ, япэ Iыхьэм адыгэ псори зыхэта зэхъуэкIыныгъэхэр Къуныжьхэ я щапхъэмкIэ ди нэгу къыщIегъэувэ. Лъэпкъ щыхъукIэ, гурыIуэгъуэщ абы и тхыдэми хужь-фIыцIэ зэхэдзыкIэкIэ убгъэдыхьэ зэрымыхъунур. Урыс-Кавказ зауэм и гугъу пщIымэ, «Щамил Iимамым фIы дыдэу илъэгъуа» Къуныжь Алий къызыхэкIа лъэпкъ дыдэращ пащтыхьыдзэм и лъэныкъуэкIэ Мухьэмэд-Iэмин нэIибым пэщIэта Къуныжь Абдурэхьмэни къызыхэкIар. КъыкIэлъыкIуэ лъэхъэнэм укъэIэбэмэ, Къуныжь лъэпкъым Революцэр ядэзыIыгъаи, абы еныкъуэкъуа контрреволюционер къызыхэкIа лIакъуэхэри яIэщ.
  • Захуэмрэ къуаншэмрэ щызэхэгъэкIыгъуейщ лъэпкъ Iуэхум. УпщIэр Iыхьлым, благъэм, унэкъуэщым щытеухуам и деж, жэуап къэлъыхъуэкIэми зехъуэж. Уэ уи Iуэху еплъыкIэм, уи псэукIэм, уи дуней тетыкIэм темыхуэ щхьэкIэ, Iыхьлыр хамэ зэрымыхъум хуэдэ дыдэу, зэман гугъум къызэрымыкIуэ IэмалкIэ зи псэр зыхъума зэрыщыIэм лъым и макъыр игъэужьыхыркъым.
  • Архив дэфтэрхэр, тхыдэ тхылъхэр, газетхэм къытехуа тхыгъэхэр щызэпеуэу гъэщIэгъуэну зэхэгъэува хъуащ тхылъыр. Зытепсэлъыхь лъэпкъым къыхэкIа зы цIыхуи гулъытэншэу къимыгъэнэн мурадкIэ зэрыбгъэдыхьар наIуэу, мыбы щызэбгъэцIыхуфынущ нэхъыжь ды-дэу Къуныжьхэ къахэкIам щегъэжьауэ нэхъыщIэ дыдэм нэс.
  • Тхылъым и етIуанэ Iыхьэм Революцэмрэ граждан зауэмрэ я лъэхъэнэр къеубыд. Мыбдежми щызэдгъэцIыхур а зэманым советхэм я лъэныкъуэу къэралым хуэлэжьахэм я закъуэкъым, абыхэм япэщIэ-ту зыкъэзыIэтахэми Къуныжьхэ ящыщ яхэтащ. Ещанэ Iыхьэр зытеухуар Хэку зауэшхуэрщ. ЕплIанэ Iыхьэм зауэ нэужь лъэхъэнэр къеубыд. Мыбдежым гу щылъыдотэ Къуныжь унэцIэр зезыхьэхэр цIэрыIуэ щыхъуа IэщIагъэхэм. Ар тхыгъэхэм я фIэщыгъэми къегъэлъагъуэ: «ПхъащIэ. Борис», «УхуакIуэ. Тэукъан», «Экономист. Мурат», «ФащIэ», «Колхозхэт», «Гузехуэ», «Iэщ дохутыр», къинэмыщIхэр. ЕплIанэ Iыхьэр къалэм щызекIуэ IэщIагъэхэм теухуамэ, етхуанэр мэкъумэш лэжьыгъэм къыхэжаныкIа Къуныжьхэм ятопсэлъыхь. Ди нэгу къыщIоувэ колхоз унафэщIхэр, бригадирхэр, Iэщымрэ къэкIыгъэмрэ цIыхум и фейдэ хэлъу зыхуей хуэзыгъэзэфа лэжьакIуэжьхэр. Еханэ Iыхьэр зытепсэлъыхьыр Къуныжьхэ къахэкIа къулыкъущIэхэмрэ парт лэжьакIуэхэмрэщ. Ебланэм ихуащ къэ-рал хабзэмрэ дин щIэныгъэмрэ хуэлэжьахэр. Еянэ Iыхьэм Къуныжьхэ щIэныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэм щыгъуазэ дещI. Мэкъумэшым, егъэджэныгъэм, гъуазджэм, диным, дохутыр IэщIагъэм, кIэщIу жыпIэмэ, цIыхур зыхэпсэукI сыт хуэдэ лъэныкъуэми пэрыт щыхъуа, цIыхубэм игу къинэжа лъэпкъым и бынхэр мы Iыхьэм ди нэгу къыщIегъэувэ.
  • Ебгъуанэ Iыхьэр зэрыщыту дэфтэрщ. Тхылъыр зэрызэхэгъэува щIыкIэм гъэщIэгъуэну дэплъагъухэм ящыщщ абы тхыдэ лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, уси узэрыщрихьэлIэр. Псалъэм папщIэ, зи гугъу тщIы ебгъуанэ Iыхьэр къызэIуех «Агънокъуэ Лашэ Къуныжьхэ я хьэгъуэлIыгъуэм зэрыкIуар» тхыгъэм. ДжэгуакIуэ Iэзэм и хъуэрыбзэмрэ гъэфIэбзэмрэ щызэхэухуэна пычыгъуэм тхылъыр езыр-езыру адыгэбзэм хуигъэкIуащ. ХамэбзэкIэ тха дэфтэрхэр адыгэбзэм къибгъэзэгъэнри хуэм-хуэмурэ ди тхыдэджхэр зытегушхуэ хъун Iуэхуу зэрыщытым урагъэгупсыс анэдэлъхубзэкIэ тхылъым ихуа напэкIуэцI зыбжанэм.
  • Лъэпкъ IущыгъэкIи, дин хабзэкIи, къэрал IуэхузехьэкIэкIи убгъэдыхьэмэ, цIыхухэр зэрызэдекIуэкI щэнхабзэ къудамэ бгъуэтынкъым благъагъэм и уасэр имылъытэу, абы уебэкъуэныр игъэдахэу. ЦIыхур къыщежьэри щыкIуэдыжри унагъуэрщ. Аркъудейм къегъэлъагъуэ мыпхуэдэ тхылъхэр дунейм къытехьэным щIэныгъэкIи, мылъкукIи, чэнджэщ къудейкIи хэлэжьыхьа дэтхэнэми и псапэр зэрыиныр.
  •  ЧЭРИМ Марианнэ.