Къуажэдэсхэр щогуфIыкI
2019-01-15
- Каменномост къуажэм къыщызэIуахыжащ иужьрей зэманым лэжьыгъэшхуэ зращIэкIа, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжа щэнхабзэ унэр.
- Абы теухуа гуфIэгъуэм хэтын папщIэ Дзэлыкъуэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Джатэ Руслан щIыгъуу жылэм къэкIуащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Къалэ Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, къэрал властым и щIыналъэ органхэм я унафэщIхэр, Дзэлыкъуэ районым и къуажэхэм я Iэтащхьэхэр. Апхуэдэу къызэхуэсат жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, IуэхущIапIэр зэгъэпэщыжыным елэжьа ухуакIуэхэр, Каменномост щыпсэухэр, къуажэ школым щеджэхэр.
- ГуфIэгъуэ зэIущIэм къыщыпсэлъа хьэщIэхэм къыхагъэщхьэхукIащ щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр, зыгъэпсэхупIэ центрхэр егъэфIэкIуэным, абыхэм зегъэужьыным республикэм гулъытэшхуэ зэрыщыхуащIыр. Къапщтэмэ, блэкIа илъэсым къриубыдэу КъБР-м щэнхабзэмкIэ унэу 11, абыхэм ящыщу тIур Дзэлыкъуэ районым, къыщызэIуахащ.
- Къуажэдэсхэм республикэм и унафэщIхэм псалъэ гуапэхэр хужаIащ жылэм зэпымыууэ гулъытэ хэха къызэрыхуащIым папщIэ. ЩэнхабзэмкIэ унэм къыдэкIуэу, нэгъабэ зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжащ «Балъкъ-Ингушлы» автомобиль гъуэгур. Ари мы къуажэм папщIэ сэбэпышхуэщ.
- IуэхущIапIэр зэгъэпэщыжыным нэхъ жыджэру хэтахэу подряд IуэхущIапIэм и унафэщI КIэщт А., къуажэдэсхэу Къалэжьокъуэ А., Шэру З. сымэ щIыхь тхылъхэр иратащ. Апхуэдэу щIэуэ къызэIуахыжа IуэхущIапIэм район администрацэм и Iэтащхьэм и цIэкIэ шахмат стIол, Котляровхэ Мариерэ Викторрэ къабгъэдэкIыу къуажэм дэт еджапIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа тхылъхэр, Къарэмырзэ Барэсбий жылэм и библиотекэхэм МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъу 5 иратащ.
- ЩОКЪУИЙ Iэминэ.