|
Сентябрь, 2018
2018-09-06
- Дэ, Терроризмэм пэщIэтынымкIэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм екIуэкIа республикэпсо пэкIум хэтахэр, дыщIызэхуэсар щIэпхъаджагъэ ямылэжьыным щIэбэн къарухэм я телъхьэу дызэрыщытыр, дунейм къыщыхъу гузэвэгъуэхэм дызэригъэгузавэр жытIэну аращ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ПэкIухэр
2018-09-06
- ФокIадэм и 3-м Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и ректорымрэ еджапIэм и унафэщIхэмрэ яхуэзащ мы гъэм япэ курсым щIэтIысхьахэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ
2018-09-06
- ФокIадэм и 6, махуэку
- Болгариер щызэгухьэжа махуэщ. 1885 гъэм Болгарие пащтыхьыгъуэм гухьэжащ КъуэкIыпIэ Румелие щIыналъэр.
- 1872 гъэм Берлин щызэIущIащ императорищ: Вильгельм Езанэр (Германие), Франц Иосиф Езанэр (Австро-Венгрие), Александр ЕтIуанэр (Урысей). Ахэр тепсэлъыхьащ я къэралхэм я зэхущытыкIэхэр егъэ фIэкIуэным, я зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным. Инджылыз-урысей зэхущы тыкIэхэр зэрызэIыхьам къы хэкIыу, Урысейм дарэгъухэр къыщилъыхъуэн хуей хъуащ Германиемрэ Австро-Венриемрэ я деж. Адрей къэралхэми я сэбэп зыхэлъхэр пхагъэкIын щхьэу сыгъуэт абы къы къуэувэныр къызыхэкIар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2018-09-06
- 2018 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм къыфIэ рыхьэну газетхэм, журналхэм я Iэ тедзэ гъуэр иухащ, ауэ ды зы хуэкIуэ жэпуэгъуэ мазэм къыщы щIэдзауэ «Адыгэ псалъэм» къы техуэ тхыгъэ хэм фыкъеджэну фы хуеймэ, апхуэдэ Iэмал фиIэщ. Мы мазэм и 29 пщIондэ пощтхэм Iэ щы тевдзэмэ, ди газетыр ныф хуа хьынущ жэпуэгъуэм къыщыщIэдзауэ.
- Мазищымгазетым и уасэр сом 282-рэ кIэпIейкIэ 24-рэщ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
2018-09-06
- Зи ныбжьыр школ кIуэгъуэм нэмыса сабийхэм я къэухьым щыхэбгъэхъуэн, абы хуэхьэзыру курыт еджапIэм щIэтIысхьэн папщIэ зыщебгъэужьын, «Сэ езым» фIэщыгъэр зиIэ центр иджыблагъэ Налшык къалэ къыщызэIуахащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2018-09-06
- ШыщхьэуIум и 23-м щегъэжьауэ фокIадэм и 3 пщIондэ Канадэм щекIуэкIащ 42-нэ Монреаль дунейпсо кинофестивалыр. Урысейм и лIыкIуэу абы зи лэжьыгъэ щызыгъэлъэгъуахэм ящыщщ театрымрэ киномрэ я режиссёр, Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ
2018-09-06
- КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм ирихьэлIэу иджыблагъэ ягъэпэжащ ди республикэм щыщ цIыху гупышхуэ. Абы хэм ящыщщ ди хэкум и дамы- гъэ нэхъ лъапIэу къалъытэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащ-хьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр зыхуа гъэ фэщахэу Мэлбахъуэ Борис Къасболэт и къуэр, Науянис Татьянэ Владимир и пхъур, Къущхьэ Амырхъан ТIутIэ и къуэр, Алътуд Юрий Къамболэт и къуэр. Абыхэм я лэ жьыгъэ гъуэгуанэм кIэщIу щыгъуазэ фы хуэтщIынщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2018-09-06
Фырэ Руслан, Темыркъанхэ Борисрэ Юрийрэ сурэт гъэлъэгъуэныгъэм щыIэщ. 2014 гъэ
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2018-09-06
- Пенсэ ныбжьыр къаIэтыну зэрамурадым цIыхухэр куэдым иригъэгупсысащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар псом япэу зыжьэхэуэнур нэхъ хуэмы щIауэ псэухэрщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Махуэку
2018-09-06
- Бахъсэн къалэ администрацэм и спорткомитетым и лэжьыгъэр зыхуэдар къыщапщыта зэIущIэ иджыблагъэ екIуэкIащ. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ администрацэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ Балъ къыз Iэминэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Абы дегъэпIейтей
2018-09-06
Санторини хытIыгур Алыджым (Грецием) и фэеплъ дахащэхэм ящыщщ. Ар пасэрей цивилизацэм и гущэуи къалъытэ. Езыр хохьэ хъыбарыжь куэд къызыдекIуэкI Эгей тенджызым и Киклад хытIыгу гупым. Ахэр я Iэужьщ илъэс мин бжыгъэ я пэкIэ къиубгъурыкIауэ щыта вулканым. Сыт хуэдэу щымытами, Санторини лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ къэралым и курорт нэхъ зыкъизых дыдэхэм ящыщщ икIи цIыху куэд щопэкIу.
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2018-09-06
- Урысей Федерацэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ къыщхьэщыжыныгъэмкIэ и министерствэм цIыхухэм пенсэхэр яхуэгъэувыным, и етыным хуэгъэза Iуэху-хэм теухуауэ къыдигъэкIа унафэхэм 2018 гъэм ма- заем и 13-м зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. УФ-м и Пенсэ фондым и IуэхущIапIэхэм кIуэн папщIэ цIыхухэм зэрызрагъэтх хабзэхэр ягъэтэмэмащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2018-09-06
- 1 КъБР «Мир» канал
- Блыщхьэ, фокIадэм и 10
- 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 6.30 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
- 6.40 «ЦIыхухэм сахуолажьэ». КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Мыкъуэ Мурат (12+)
- 7.05 «Бгыхэмрэ мывэхэмрэ я лъахэ». Джылы-Су (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
- 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
- 8.10 «Пэгъупэнтыхь». Натхъуэ Къадир. Япэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
- 8.40 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр
2018-09-06
- Таурыхъхэмрэ хъыбархэмрэ
- ХЬЭТУ Пётр
- 1
- Мэрэмэжьей фалъэр зэIэпахыу Iэнэм пэрыс лIыжьхэр, уэрэдыжьхэм тезашэри, хъыбарыжьхэм нэсыжащ.
- Мы хъыбарыр къыщыхъуар зэманыжьырщ, къыхидзащ зым, ар щыIаи-щымыIаи, ауэ, зэраIуэтэжымкIэ, мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыхэкIауэ, зэтIолъхуэныкъуэу зэкъуэшитI псэуащ — Абдулрэ Чэримрэ. Я адэ-анэр пщы гуэрым деж щылIыщIэрти, ахэри пщым и унагъуэм къыщыхъуат. ЗэкъуэшитIыр апхуэдизкIэ зэщхьт, езыхэми зэщхьыркъэпсу захуапэрти, уеблэмэ я адэ-анэми дахэ-дахэу зэхацIыхукIыфыртэкъым: хэт Абдулми, хэт Чэримми зыщIэжыр езы тIурат. Езыхэри зэи зэкIэрыкIыртэкъым, зыгуэрым тIум я зым и цIэр къриIуамэ, къеджар ягъэбэмпIэн щхьэкIэ, тIури бгъэдыхьэрт. Иужьым, псори абы есэжати, щхьэхуэ-щхьэхуэу я цIэ кърамыIуэж хъуащ, зым уеджэу, тIури къыщыкIуэнукIэ, жари, я цIэр Абдул-Чэримым хуагъэкIуащ. Пщым, зыпхъу закъуэ иIэу арати, щIалэ цIыкIуитIыр абы щIыгъуу езым и быным хуэдэу фIыуэ илъагъуу, къигъэтэджащ, шыгъэ-лIыгъэм, хэтIэ-хэсэм, шабзэрыуэм хуигъэсащ, езыр зекIуэлI цIэрыIуэти, щежьэкIэ зыдишэурэ, зауэлI хахуи къыхищIыкIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|