КIэ иIэну нэпсеягъэм?
2018-09-06
- Пенсэ ныбжьыр къаIэтыну зэрамурадым цIыхухэр куэдым иригъэгупсысащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар псом япэу зыжьэхэуэнур нэхъ хуэмы щIауэ псэухэрщ.
- ХЭТ джэдыгуибгъуу, хэти джэдыгуншэу куэдрэ дыпсэуну? Хэт зи ягъэр апхуэдэ мызахуагъэр, дапщэщ абыкIэ щигъуэтынури? Гува-щIэхами, власт- хэм а упщIэм жэуап иратын хуей хъунущ. ЗэкIэ зыпы-Iуадзмэ, нэхъ къащтэ. Щапхъэу къэпхь хъунущ ме таллургие, химие, щIыдагъэ-химие компание 14-м хэ хъуэхэм я лейуэ яIэрыхьа сом мелард 500-р бюджетым гъэкIуэным хуэунэтIауэ УФ-м и Президентым и дэIэ пыкъуэгъу Белоусов Андрей къыхилъхьа жэрдэмыр Правительствэми мылъкушхуэ зезыхьэхэми я гуапэ зэрымыхъуар. Абы щыгъуэми, тхакIуэ икIи публицист Слуцкий Анатолий «Аргументы и факты» га зетым зэрыщыжиIэмкIэ, мыбы къемызэгъ гуэри хэлъкъым: компаниехэм а ахъшэр гугъу ехьу къалэжьакъым — ар и Iэужьщ долларым и уасэр зэрыдэ кIуеям. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар зы илъэсым тумэнкIэ нэхъ лъапIэ хъуащ. Абы щыгъуэми, мылъкур къытрахыну зыри яужь иткъым. Мурадыр зы хуэгъэзар ахэр экономикэм и IэнатIэ зэмылIэу жьы гъуэхэм нэхъ тэмэму икIи егупсысауэ трагуэшэнырщ. АрщхьэкIэ псалъэмакъышхуэ къикIащ: еIмэ-еI, фэ ди ахъшэм и унафэ фщIыуэ! Къулейхэр хуейкъым щIыдагъэмрэ газымрэ я уасэм экономикэр зэрелъытам къыпыкIыу, къэралыр технологиещIэхэр къэ гъ э сэ бэ пыным хуэкIуэну: абыхэм арыншами хэ хъуэшхуэ дыдэ яIэрохьэ.
- Урысейм куэд щIауэ къыщаIэтащ прогрессивнэ налог лIэужьыгъуэм хуэкIуэныр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, щхьэж ит налогыр къыIэрыхьэ хэхъуэр зыхуэдизым елъытауэ щытыныр. Псалъэм и хьэтыркIэ, заводыр зейм къилэжьым и процент 13-р мыхъуу, я нэхъ мащIэрамэ, процент 30-35-рэ хитыкIыу щытамэ, улахуэ нэхъ мащIэ дыдэ зратхэм налогхэр щхьэщах хъунут.
- Ауэ властхэр хуеиххэкъым дунейм и нэхъ къэрал зызыужьа псоми щызекIуэ а хабзэм (иджыблагъэ Китайми жиIащ абы зэрыхуэкIуэнур) техьэну.
- Китайр дигу къыщыкIакIэ, къэдгъэлъэгъуэнщ Цзиньпинь Си КНР-м и унафэщI хъуа иужь а къэралыр зытеува нэгъуэщI хабзэри: хьэрэмыгъэкIэ мылъку зэзылъэфэлIахэм ар къызэрытрахыр. Мыбдеж мы хьэнэ гуэри щиIэкъым, къадыгъуар куэдми мащIэ- ми — псори ягъэтIыс. Ди деж-щэ? Языныкъуэхэм я гугъу ящIыххэркъым, адрейхэр ягъэтIысми, лъэ хъуэ щым къикIыжа иужь хуиту хотIысхьэж нэхъапэм къаугъуея мылъкум. Ар къытрах хъунукъым. Езы тутнакъэщри библиотекэм щIэсым хуэдэу ягъакIуэ. Арщ хьэкIэ джэд къэзыдыгъуа щIалэр жэуап ткIийм ирашэлIэнущ — хабзэхъумэхэм къагъэлъэгъуэн хуейкъэ зэрылажьэр?!
- ДыгъуакIуэшхуэхэм къытрахыну мылъкур Пенсэ фондым хуаутIыпщын хуейуэ къыхалъхьэ. Ауэ ар зэ хахыркъым.
- НэгъуэщIми узэгуегъэп: Урысейм щыщIауфэр-къым къадыгъуа мылъкушхуэр: сом мелуан 20-м нэс и уасэ автомобилхэмкIэ къажыхь, сом минитху зи лъапIагъ «Шампанскэхэр» ираф, унэIутхэмрэ щхьэ хъумэхэмкIэ къэухъуреихьащ. Абы щыгъуэми, езыхэр нэпсейщи, сымаджэ хъуам еIэзэным текIуэдэну ахъшэ гуэр ятын ягу пыкIыркъым — ахэр зэхуэ зы хьэсыр цIыху къызэрыгуэкIхэрщ.
- А псори къыщыхъур цIыху мелуан 20-р щыкъу лейсыз (статистикэм къитхэм ятепщIыхьмэ), куэд дыдэм я сомитIыр ерагъкIэ щызэпагъэувэф къэралырщ — Урысейрщ.
- АрщхьэкIэ 2018 гъэм екIуэкIа президент хэхыныгъэхэм я ужькIэ белджылы хъуащ Урысейр иджыри къэс къызэрекIуэкIам хуэдэу дяпэкIэ зэрымып сэужыфынур. Псом япэу ар къагурыIуэн хуейт илъэс къэс зи бжыгъэм хэхъуэ къулеижьхэм къащхьэ- щыж, ахэр зыхъумэ къэрал къулыкъущIэхэм.