«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр зыхуагъэфэщахэр
2018-09-06
- КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм ирихьэлIэу иджыблагъэ ягъэпэжащ ди республикэм щыщ цIыху гупышхуэ. Абы хэм ящыщщ ди хэкум и дамы- гъэ нэхъ лъапIэу къалъытэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащ-хьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр зыхуа гъэ фэщахэу Мэлбахъуэ Борис Къасболэт и къуэр, Науянис Татьянэ Владимир и пхъур, Къущхьэ Амырхъан ТIутIэ и къуэр, Алътуд Юрий Къамболэт и къуэр. Абыхэм я лэ жьыгъэ гъуэгуанэм кIэщIу щыгъуазэ фы хуэтщIынщ.
- Мэлбахъуэ Борис Къасболэт и къуэр КъБАССР-м хыхьэ Тэрч къалэм 1945 гъэм щIышылэм и 21-м къыщалъхуащ.
- 1968 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиухащ. Тэрч къалэм щылэжьащ тхыдэмкIэ егъэджакIуэу, иужькIэ еджапIэм и унафэщIым и къуэдзэу. Налшык къалэм дэт 14-нэ курыт еджапIэм и унафэщIу илъэсихкIэ, курыт еджапIэ №20-м и унафэщIу илъэсищкIэ щытащ.
- 1988 гъэм къыщыщIэдзауэ Налшык къалэ округым хыхьэ, цIыхухэм курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт «Лицей №2» муници пальнэ кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIу лэжьащ, къэрал IуэхущIапIэм и унафэ щIынымкIэ категорие нэхъыщхьэ иIэщ.
- Егъэджэныгъэ IэнатIэм илъэс 50-м щIигъуауэ хэтщ, абы щыщу унафэщIу илъэс 40-кIэ лэжьащ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ. УФ-м и цIыхубэ егъэджакIуэщ, УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэщ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, СССР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ и лэжьакIуэ нэхъыфIщ, РСФСР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ и лэжьакIуэ нэхъыфIщ, УФ-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ и лэжьакIуэ нэхъыфIщ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр, КъБР-м и Парламентым, Правительствэм, Шэшэн Республикэм и Парламентым, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и департаментым я щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ.
- Науянис Татьянэ Владимир и пхъур КъБАССР-м хыхьэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щыщ Гундэлэн къуажэм 1946 гъэм шыщхьэуIум и 29-м къыщалъхуащ.
- 1970 гъэм КъБКъУ-м «прикладная математика» IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ, иужькIэ КъБКъУ-м и аспирантурэри къиухащ.
- Налшык телемеханикэ Iэмэпсымэхэр къыщIагъэкI и заводым и инженер-программистщ 1970 гъэм къыщыщIэдзауэ. 1985 гъэм къыщыщIэдзауэ 1997 гъэ пщIондэ — Пионерхэм я республикэ уардэунэм щIэныгъэ-техникэ творчествэмкIэ и къудамэм и унафэщIщ. 1997 — 1998 гъэхэм КъБКъУ-м и еджапIэ-лицейм и унафэщIым егъэджэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэщ, лэжьыгъэхэм я зэщIэгъэуIуакIуэщ. 1998 гъэм къыщыщIэдзауэ — КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм еджакIуэхэм я щIэныгъэ-техникэ творчествэмкIэ и республикэ центрым щIэныгъэ-техникэ творчествэмкIэ и къудамэм и унафэщIщ, щIэблэм щIэныгъэ гуэдзэ егъэгъуэтынымкIэ и егъэджакIуэщ. 2015 гъэм и дыгъэгъазэм къыщыщIэдзауэ мы зэманым къэсыху — КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм къегъэщIылIа «ДыгъафIэ къалэ» творчествэмкIэ са-бий академием сабийхэм курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и къэрал бюджет IуэхущIапIэм щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, конструкторскэ лэжьыгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIщ — щIэблэм щIэныгъэ гуэдзэ етынымкIэ и егъэджакIуэщ.
- УФ-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ и лэжьакIуэ нэхъыфIщ, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. ВЛКСМ-м и ЦК-м и дамыгъэ нэхъыщхьэр, ВЦСПС-м и щIыхь тхылъхэр, щылэжьа IэнатIэхэмрэ «Союз» урысейпсо щIалэгъуалэ аэрокосми ческэ зэгухьэныгъэмрэ я дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ.
- Къущхьэ Амырхъан ТIутIэ и къуэр КъБАССР-м хыхьэ Совет щIыналъэм щыщ Аушыджэр къуажэм 1945 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м къыщалъхуащ.
- Совет Армэм къулыкъу щищIащ, 1972 гъэм КъБКъУ-м и инженер-техникэ факультетыр къиухащ.
- «Эталон» заводым и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и конструктор бюро хэхам, Налшык къалэм и «Мэкъумэштехникэ» щIыналъэзэхуаку производственнэ зэгухьэныгъэм я инженер, унафэщI IэнатIэхэм пэрытащ. 1980 гъэхэм ар пхъэщхьэмыщхьэ жыг хадэхэр щагъэкI «Лэскэн» совхозым, «Аушыджэр» гъэунэхупIэ IуэхущIапIэм я унафэщIщ, КъБАССР-м и Къэрал мэкъумэш промышленнэ IэнатIэм и унафэщIым и къуэдзэщ, КъБАССР-м и Къэрал мэкъумэш промышленнэ IэнатIэм и унафэщIым и япэ къуэдзэщ — КъБАССР-м и министрщ. 1990 гъэхэм «Маис» акционер зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэу, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэм-рэ ерыскъыпхъэхэмкIэ и министру, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм и чэнджэщэгъуу щытащ. 1999 — 2000 гъэхэм «Къэббалъкъмэкъумэштехникэ» автоколоннэ» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и кIэлъыплъакIуэ советым и унафэщIщ. 2000 гъэм къыщыщIэдзауэ 2005 гъэ пщIондэ — Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и щIэныгъэ чэнджэщэгъу нэхъыщхьэщ.
- Экономикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. Урысей Федерацэм III класс зиIэ и къэрал чэнджэщэгъущ. КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутату хахауэ щытащ. КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр хуагъэфэщащ.
- Алътуд Юрий Къамболэт и къуэр КъБАССР-м щыщ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Сэрмакъ къуажэм 1954 гъэм фокIадэм и 11-м къыщалъхуащ.
- 1978 гъэм къиухащ Москва дэт инженер-физикэ институтыр, абы и ужькIэ — а еджапIэ нэхъыщхьэм и аспирантурэр. 1981 гъэм къыщыщIэдзауэ 1992 гъэ пщIондэ — СССР-м Электроннэ промышленностымкIэ и министерствэм и «Элькор» производственнэ зэгухьэныгъэм полупроводник Iэмэпсымэхэр къыщыщIагъэкIыу Налшык дэт и заводым и лабораторэм, и къудамэм я унафэщIщ, конструктор бюро хэхам и унафэщIым и къуэдзэщ, иужькIэ заводым и инженер нэхъыщхьэщ. 1992 — 2005 гъэхэм — КъБР-м Къэрал мылъкур зехьэнымкIэ и къэрал комитетым и унафэщIщ; КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэщ. 2004 — 2005 гъэхэм — УФ-м технологие щIэныгъэхэмкIэ и академием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и президентщ. 2005 — 2009 гъэхэм къулыкъу зэхуэмыдэхэр щиIыгъащ УФ-м и Къэзыбж палатэм. 2009 — 2013 гъэхэм КъБР-м и Парламентым и депутату щытащ. 2010 — 2011 гъэхэм КъБР-м и лIыкIуэу УФ-м и Президентым и деж щыIэм и япэ къуэдзэщ. 2012 — 2013 гъэхэм — Воронеж къалэм щыIэ «Концерн «Созвездие» ОАО-м и генеральнэ директорым и къуэ дзэщ. 2013 — 2015 гъэхэм — КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэщ. 2015 гъэм къыщыщIэдзауэ мы зэманым къэсыху Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ КъБКъУ-м и ректорщ.
- Техникэ щIэныгъэхэм я докторщ, экономикэ щIэныгъэхэм я докторщ, физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, финанс хабзэмрэ налог политикэ унэтIыныгъэмкIэ профессорщ. УФ-м III класс зиIэ и къэрал чэнджэщэгъущ. УФ-м и Къэрал саугъэтыр щIэныгъэмрэ техникэмкIэ къыхуагъэфэщащ.