|
Сентябрь, 2018
ЕхъулIэныгъэ зиIэхэр ягъэлъапIэ
2018-09-01
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий, хабзэ дахэ хъуауэ, республикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIхэр егъэлъапIэ.
-
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Налшык
2018-09-01
- Ди Налшык къалэу жэнэт щIыналъэ,
- Уэ удиIэхукIэ диIэнщ насып.
- Уи цIэр хуэдгъадэу гухэлъ пшыналъэм,
- ДоIэт уи щIыхьыр, хъуауэ ди нып.
-
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Къалэн нэхъыщхьэ
2018-09-01
- «Инал пщышхуэр дунейм ехыжа нэужь, абы и бынхэмрэ и бынхэм я щIэблэхэмрэ зэгурымыIуэж хъури, Къэбэрдейр пщыгъуэ-пщыгъуэурэ гуэша хъуащ. Зы пщыр адрейм едаIуэртэкъым, лIыфIыгъуэ зэригъахуэртэкъым, хэкум и унафэр зэпаубыдурэ, ар насыпыншагъэм хуашащ», — итхыгъащ Нэгумэ Шорэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий Кобзон Иосиф дунейм зэрехыжам теухуа и щыгъуэ псалъэ
2018-09-01
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий Кобзон Иосиф зэрылIам къыхэкIыу абы и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ яхуэгузэващ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
Мы махуэхэм
2018-09-01
- ФокIадэм и 1, щэбэт
- ЩIэныгъэхэм я махуэщ. Ар щагъэлъапIэ Армение, Белоруссие, Къэзахъстан, Къыргъыз, Латвие, Молдавие, Урысей, Тыркумэн, Украинэ къэралыгъуэ- хэм.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэщ. 1921 гъэм Къэбэрдей автономнэ областыр къызэрагъэпэщащ. 1936 гъэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-щ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Гукъеуэншэ гъащIэм и зэхэлъыкIэ
2018-09-01
- Москва и ВДНХ-м, хабзэ зэрыхъуам тету, фокIадэм и япэ махуэхэм щекIуэкIынущ Дунейпсо тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ. Iуэху пыухыкIахэм ехьэлIауэ абы къыщыпсэлъэнущ къэралым и цIыху цIэрыIуэхэу Лужков Юрий, Устиновэ Татьянэ, Бубновский Сергей, Дроздов Николай, Блёданс Эвелинэ, Дроботенкэ Сергей, Шендерович Виктор, Горбачёв Михаил сымэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ЩIэныгъэм и лэжьакIуэхэр
2018-09-01
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2018-09-01
- Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Урыху къуажэр цIыху цIэрыIуэ куэд къызыдэкIа адыгэ жылэжьщ. Абы и куэщI къитэджыкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм, политикэм, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ зи цIэр фIыкIэ щыIуа хэкупсэхэр. Апхуэдэхэм ящыщщ республикэм и мэкъумэш IэнатIэм зиужьыным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, зи гуащIэдэкI хьэлэлым пщIэ лъагэрэ щIыхьышхуэрэ къызыхудэкIуа Мэрзей Борис ХьэцIыкIу и къуэр. НэхъыжьыфIым и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 85-рэ ирокъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди нэхъыжьыфIхэр
«Зыщ сызыщIэхъуэпсыр»
2018-09-01
- Тамбий Пагуэ къызэралъхурэ илъэси 145-рэ ирокъу
- XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм — XX лIэщIыгъуэм и пэхэм псэуа жылагъуэ-политикэ лэжьакIуэшхуэхэм ящыщщ Тамбий Пагуэ. Лъэпкъыр щIэныгъэм япэ дыдэ къыхуезыджа адыгэлIым и гуащIэшхуэ хилъхьащ Октябрь революцэм и ужь лъэхъэнэм ди щIыпIэм щэнхабзэм зыщегъэужьыным.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Утыкур зыгъэдахэ Ташло Алий
2018-09-01
- Зи макъ дахэмкIэ ди республикэм и мызакъуэу нэгъуэщI щIыналъэ куэдми къыщацIыхуа оперэ уэрэджыIакIуэ лъэщщ Музыкэ театрым и солист, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист, Пуччини Джакомэ и цIэр зэрихьэу оперэ уэрэджыIакIуэхэм я зэхьэзэхуэ Италием щекIуэкIам и лауреат Ташло Алий. Абы хузэфIэкIамрэ лэжьыгъэу зыхэтамрэ я гугъу къэмынэIауэ сщIынщ жыпIэу уи пщэ дэплъхьэжыныр щхьэгъэпцIэжщ, уеблэмэ къеббжэкIын къудейри гугъущ, ахэр апхуэдизкIэ куэд мэхъури.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ
КъБР-р зэрыгушхуэхэр
2018-09-01
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
Къардэнхэ Къубатийрэ Къэбардрэ я лIыгъэ
2018-09-01
- Уэгум ихьамэ, бгъащхъуэм хуагъадэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь, кхъухьлъатэзехуэ Къардэн Къубатий Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм батэр игъэшу бийм зэрезэуам теухуа хъыбар куэдым ящIэ. Генерал-майорым къикIуа гъуэгуанэр лIыгъэрэ хахуагъэкIэ гъэнщIащ, абы и хахуагъэр щIэблэм я щапхъэщ. Кхъухьлъатэм итIысхьэрэ щIым зытриIэтыкIамэ, Къубатий бийр игъэпыхьэрт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Щапхъэ
Си еджапIэ — си къежьапIэ
2018-09-01
- Япэ уэзджынэм и махуэшхуэ
- Ди къэралым и дэнэ щIыпIи хуэдэу, республикэм и школхэм, гъэсапIэхэм щагъэлъапIэ ЩIэныгъэхэм я махуэр. Нобэ, фокIадэм и 1-м, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щокIуэкI ди щIыналъэм и курыт, пэщIэдзэ еджапIэ псоми.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2018-09-01
- Зы уэрэдым и хъыбар
- «Сытхэр уи псэукIэ?»
- «Си уэрэдхэм зэрымыщIэкIэ дунейм къытехьа яхэткъым. СССР-м и зэманым уэрэд зытххэр дызэрахуэу щытащ партым, комсомолым, колхоз-совхозхэр егъэфIэкIуэным нэхъыбэу дытетхыхьыну. Абыхэм къадэкIуэу, гухэлъ, лъагъуныгъэ уэрэдхэри яфIэттхыу щытащ. УщIалэмэ, уи насып къэкIуэгъуэмэ, пхузэфIэкIынутэкъым уи гум илъыр къыумыIуэтэныр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
|