ЩымыIэ къэгупсысын хуейкъым
2018-09-06
- Бахъсэн къалэ администрацэм и спорткомитетым и лэжьыгъэр зыхуэдар къыщапщыта зэIущIэ иджыблагъэ екIуэкIащ. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ администрацэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ Балъ къыз Iэминэ.
- ЩIыпIэ администрацэм и конференц-пэшым щекIуэкIа зэхуэсым щIэсащ Бахъсэн къалэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим, абы и япэ къуэдзэ Къардэн ФатIимэ, спорткомитетым и унафэщI Къаскъул Аслъэн, щIыпIэ спорт школхэм я директорхэр, къудамэм и Iэ щIагъэлI нэхъыщхьэ Гугу Азэмэт.
- Къаскъулым и докладым къыщызэщIи къуэжащ иужьрей илъэси 3-м къриубыдэу комитетым зэфIигъэкIа лэжьыгъэхэр. «Иджыпсту къалэм щолажьэ зи ныбжьыр илъэси 6-м къыщыщIэдзауэ 23-м нэб лагъэ ныбжьыщIэ 896-рэ зэкIуалIэ спорт школи 3. Спорт лIэужьыгъуэ 17-м щыхуа гъасэ топ джэгупIэ 19-м, спорт пэш 26-м, 1 бассейным. ЩIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэри спорт школхэри къызэгъэпэщащ физи ческэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зэ рызыхуагъэсэнхэмкIэ. IуэхущIапIэ псоми яIэщ зи узыншагъэм щыщIэныгъэ иIэ- хэм папщIэ пандусхэр. Илъэс къэскIэ ны къуэдыкъуэхэм папщIэ ирагъэкIуэкI шах матхэмкIэ, псы есынымкIэ, армрестлингымкIэ зэхьэзэхуэхэр», — жиIащ спорт ко митетым и унафэщIым.
- Отчётым едэIуа нэужь щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ лэ жьыгъэр щIэгъэхуэбжьэн, къэрал грант-хэм хэтын, спортсменхэр нэхъ лъагапIэш хуэхэм хуэгъэхьэзырын зэрыхуейр. Апхуэ-дэу Мамхэгъым жиIащ балигъхэр спортым къыхашэкIэрэ цIыхубэ спортым зрагъэужьын папщIэ лэжьыгъэхэр зэрегъэкIуэкIыпхъэр. КъищынэмыщIауэ, Iэтащхьэм къыхилъхьащ курыт еджапIэхэм Iэмал курыт имыIэу зы сыхьэт шахмат джэгу- ным хухахыну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы акъылым зрегъэужь.
- «ЩымыIэ къэгупсысын хуейкъым! Бахъсэн къалэм спортым зыужьыныгъэ щигъуэтащ. Спортсменхэм зэфIэкI лъагэ хэр къагъэлъагъуэ, ауэ ар мащIэщ. Тре — нер Iэзэхэр къешэлIауэ, спорт лIэужьы гъуэщIэхэр къыхэгъэхьэпхъэщ. Сэ дэIэ пыкъуэгъу сыхъунущ си псалъэкIэ зэфIэ кIыну дэтхэнэ зы унэтIыныгъэмкIи. Спорт комитетым и лэжьыгъэр щIэф къу зэ!», — къыхигъэщащ Мамхэгъ Хьэчим.
- ЗэIущIэм къыщаIэтащ «Лъэпкъ кросс-2018»-м теухуа псалъэмакъри. Бахъ сэн къалэм ар къыщызэгъэпэщынымрэ щегъэ кIуэ кIынымрэ пщэрылъ хуащIащ Къардэн ФатIимэ.
- ЖЫЛАСЭ Замир.