ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Терроризмэм пэщIэтынымкIэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм екIуэкIа республикэпсо пэкIум къыщащта резолюцэр

2018-09-06

  • Дэ, Терроризмэм пэщIэтынымкIэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм екIуэкIа республикэпсо пэкIум хэтахэр, дыщIызэхуэсар щIэпхъаджагъэ ямылэжьыным щIэбэн къарухэм я телъхьэу дызэрыщытыр, дунейм къыщыхъу гузэвэгъуэхэм дызэригъэгузавэр жытIэну аращ.

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я щхьэкIэ ягъэунэ хуащ терроризмэм и гущIэгъуншагъэр. ЦIыху щэ бжыгъэхэр (абыхэм цIыху мамырхэри яхэту), хабзэхъумэ IэнатIэхэм, къэрал, дин IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэ куэд террорым хэкIуэдащ.
  • ЩIыналъэр мамыру щытыным зи гъащIэ щIэзытахэр зэи тщыгъупщэ хъунукъым. ФIыщIэ ин яхудощI лIыгъэ зыхэлъ апхуэдэ бынхэр зыпIа, зыгъэса адэ-анэхэм.
  • Дуней псор егъэгулэз терроризмэм. Ди къэралым зэ къуигъэуващ дунейпсо терроризмэм пэщIэтхэр. Абы и лъэныкъуэкIэ УФ-м и Президент Путин Владимир иубзыхуа Iуэху бгъэдыхьэкIэм дрителъхьэщ. Апхуэдэуи КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий дыдоIыгъ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм терроррэ залымыгъэрэ щымыIэным теухуауэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэр.
  • Нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр мамыру мэпсэу. ЦIыхухэр шынэжыркъым, къэралым ахэр зэрихъумэр зыхащIэри.
  • Абы къыхэкIкIэ дэ, республикэпсо пэкIум хэтхэм, мыпхуэдэ резолюцэ къыдощтэ:
  1. Терроризмэрэ цIыхум залымыгъэ езых нэгъуэщI къарурэ щымыIэну дыхуейщ!
  2. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэкIуэнур мамыру щытын папщIэ, дэтхэнэри къыхудоджэ терроризмэм пэщIэтынымкIэ зы къарууэ дызэкъуэувэну.
  3. Республикэм шынагъуэншагъэр къыщызэзыгъэпэщ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхудощI. ДяпэкIи щIэпхъаджащIэхэмрэ ахэр зыгъэхьэзырхэмрэ быдэу япэщIэтыну дыщогугъ.
  • Зыри хуиткъым ди Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэм и мамырыгъэм зэран хуэхъуну!
  • Шыбзыхъуэ Суфэдин,
  • «Мир дому твоему!» Къэбэрдей-Балъкъэр
  • жылагъуэзэгухьэныгъэм и унафэщI.