ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЗЭТIОЛЪХУЭНЫКЪУЭХЭР

2018-09-06

  • Таурыхъхэмрэ хъыбархэмрэ
  • ХЬЭТУ Пётр
  • 1
  • Мэрэмэжьей фалъэр зэIэпахыу Iэнэм пэрыс лIыжьхэр, уэрэдыжьхэм тезашэри, хъыбарыжьхэм нэсыжащ.
  • Мы хъыбарыр къыщыхъуар зэманыжьырщ, къыхидзащ зым, ар щыIаи-щымыIаи, ауэ, зэраIуэтэжымкIэ, мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыхэкIауэ, зэтIолъхуэныкъуэу зэкъуэшитI псэуащ — Абдулрэ Чэримрэ. Я адэ-анэр пщы гуэрым деж щылIыщIэрти, ахэри пщым и унагъуэм къыщыхъуат. ЗэкъуэшитIыр апхуэдизкIэ зэщхьт, езыхэми зэщхьыркъэпсу захуапэрти, уеблэмэ я адэ-анэми дахэ-дахэу зэхацIыхукIыфыртэкъым: хэт Абдулми, хэт Чэримми зыщIэжыр езы тIурат. Езыхэри зэи зэкIэрыкIыртэкъым, зыгуэрым тIум я зым и цIэр къриIуамэ, къеджар ягъэбэмпIэн щхьэкIэ, тIури бгъэдыхьэрт. Иужьым, псори абы есэжати, щхьэхуэ-щхьэхуэу я цIэ кърамыIуэж хъуащ, зым уеджэу, тIури къыщыкIуэнукIэ, жари, я цIэр Абдул-Чэримым хуагъэкIуащ. Пщым, зыпхъу закъуэ иIэу арати, щIалэ цIыкIуитIыр абы щIыгъуу езым и быным хуэдэу фIыуэ илъагъуу, къигъэтэджащ, шыгъэ-лIыгъэм, хэтIэ-хэсэм, шабзэрыуэм хуигъэсащ, езыр зекIуэлI цIэрыIуэти, щежьэкIэ зыдишэурэ, зауэлI хахуи къыхищIыкIащ.

  • ЗэкъуэшитIым я къэшэгъуэ дахэт, ауэ къэшэн Iуэху лъэпкъ зэрахуэртэкъым, а тIуми, щхьэж езым и гухэлъ щэхуу, пщым и пхъур — Данэху — куэд щIауэ фIыуэ ялъагъурт, ауэ тIури тегушхуэртэкъым пщым ар жраIэну, къримытынкIэ, къэгубжьынкIэ шынэхэрти. Абдулрэ Чэримрэ зэжрамыIэу, ябзыщIу я кум дэлъыр а зы гухэлъ щэху закъуэрат. Данэху тхьэIухудми, къыхихынур имыщIэу, тIури фIыуэ илъагъурт; абы псэкIэ зыхищIэрт зэкъуэшитIри къызэрытелIэр, ауэ ар тIум язым, ириIуэкIын дэнэ къэна, сытым щыгъуи къэзыхъумэ и дэлъху нэхъыжьхэу фIэкIа нэгъуэщIу закъригъащIэртэкъым. Ари и адэ бзаджэм фIэлIыкIырт.
  • Апхуэдэу екIуэкIыурэ, пщым и зекIуэныр къыщохьэри, Абдулрэ Чэримрэ загъэхьэзырыну яжреIэ. Арати, щежьэну зэманыр гъунэгъу къыщыхъум, тIуми зэуэ ягу къокI: сыкъызэрытынур, сызэрыхуэну псэзэпылъхьэпIэр, сыкъэкIуэжын-сыкъэмыкIуэжыныр хэт ищIэн, сеуэнщи, Данэху си гухэлъыр хуэсIуэтэнщ, адэкIэ зэрыхъу ирехъу, жари, зым адрейм зыкъримыгъащIэу, я псэм и щIасэм зэрыхуэзэну Iэмалыр къалъыхъуэу зэбгрыкIахэщ. Пшапэр зэхэуауэ, Данэху IущIэну Чэрим япэу къохъулIэ: пщащэр щIыбым къыщIэкIауэ ирохьэлIэри, абы щэхуу йогуори, шыгъуэгу хадэмкIэ ихьэну къыгурегъаIуэ. Пщым и хьэщIэщым зекIуэлIхэр щызэхуэса къудейт, и адэр абы щIэх къызэрыщIэмыкIынур ищIэрти, ар тегушхуэри хадэм пIейтейуэ ихьащ. У-Абдул хьэмэрэ у-Чэрим, жиIэу Данэху щыщIэупщIэм, зэры-Чэримыр жриIэри, и гурыщIэр фIыуэ илъагъу хъыджэбзым къыхуитIэщIащ. Данэху и гурылъри ибзыщIакъым, фIыуэ зэрилъагъум и щыхьэту, хэдыкIауэ и дамыгъэр зытет и данэ бэлътокур иритащ, икIи зэрышэну псалъэ зэIэпахащ, зекIуэ къызэрикIыжу, я кIуэдыр къикIынуми, я мурадыр пщым хуаIуэтэну зэгурыIуэхэри. ЗынапIэзыпIэкIэ и къуэшыр япэ къищу Данэху IумыщIэфа Абдул, мохэр щэхуу псэлъами, я Iущащэ макъыр зэрыщыту зэхихащ, икIи ар и жагъуэ бзаджэ хъуарэ и щхьэм ихьауэ, и гур апхуэдизкIэ ину къеуэрти, мы дунейм нэхъыфI дыдэу щилъагъу цIыхуитIым гу къылъамытэу хадэм зэ икIыжарэт, жиIэу мыбэуэжу жыг къуагъым къуэтащ.
  • Арати, зекIуэхэр ежьащ. Куэдрэ къэта, мащIэрэ къэта, сытми, зы зэман зэ, я Iуэху къикIауэ, шыбэ къахуу, зыхэта шынагъуэхэри ящхьэщыкIауэ къэкIуэжрэ пэт, тIэкIу загъэпсэхуну, шыхэри ягъэхъуэкIуэну, псы Iуфэ гуэр деж къыщыувыIахэщ. ЗэкъуэшитIыр нэхъыщIэти, хабзэкIэ я къалэн ягъэзащIэу, къыздикIа лъэныкъуэмкIэ ягъэзэжри, чыцэ гуэрэным къэрэгъулу хэуващ. Абы хэту, Абдул, си лъакъуэм зезгъэукъуэдиинщ, жиIэу къепсыха къудейуэ, Чэрим, «пхъэр!» жери, къокIийри, псым зэпрыкIыу зызыгъэпсэхуну къепсыха зекIуэлIхэм шынагъуэ зэрыщыIэр къаригъащIэу, и фочыр дрегъэуей. Абдул, куэдрэ мыгупсысэу, уащхъуэдэмыщхъуэу и фочыр трегъапсэри и къуэшыр кърегъэпсых, бгъэдолъадэри и гуфIакIэм дэлъ данэ бэлътокур къыдехри езым и гуфIакIэм делъхьэ, абдеж и къуэшыр укIыгъэу къыщенэ, езыр, и шым зредзри, чыцэм къыхожыж. КъакIэлъыпхъэрахэр шу зытхух хъууэ арати, Абдул, псы Iуфэм къэмысу, и шыр иреIуэнтIэкIыжри, жэрыжэм здытетым, мо тафэм къытелъэдахэм яхэуэу щIедзэ, зытIущ кърегъэпсых, къэнам сэшхуэ къихакIэ уахъуэщIыхъуэр зэрихьэу яхолъадэри, Iэлъхьэм щтэгъуэ яримыту, я дунейр ятрегъэункIыфIэ. Шым къопсых, ныбафэкIэ щIым зытредзэри, къаплъэу псым адэкIэ щыт зекIуэлIхэм зэхахыу, гъуахъуэу щIедзэ: «Уэ сыт мыгъуэр си махуэ, уэ сыт мыгъуэ си дуней! Си къуэш закъуэ Абдул яукIащ! АдэкIэ дауэ сызэрыпсэунур?» — жери. ЗекIуэлIхэр, псым къызэпрыжри, ягъэудэIуну хэтащ, арщхьэкIэ, «Уэ си Абдул мыгъуэ! Уэ си Абдул мыгъуэ!», — фIэкIа зыри къыжьэдэкIыжыртэкъым.
  • Жэщищ-махуищкIэ гъуэгу тетыжауэ, Чэрим тхьэмыщкIэр щIакIуэм кIуэцIылъу зекIуэлIхэм жэщыбгым къуажэм къыщыдашэжами, цIыхубз щхьэкIэ зи къуэш зыукIыжар иджыри гызырт.
  •  Данэху зыхуимыгъазэу зы илъэскIэ щыгъуащ Абдул, итIанэ, мо цIэрыIуэ хъуа зауэлI хахуэм пщым и пхъур къызэрыритынур шэч къытримыхьэ щыхъум, и къуэш Чэримрэ Данэхурэ зэрышэну зэрызэгурыIуам тету, Iуэхум еувалIэри, езыр зыщIэхъуэпсыр зригъэхъулIащ. Куэдрэ зэнэзэпсэу зэдэпсэуауи жаIэ Данэхурэ Абдулрэ, икIи цIыхубзым зэи игу къэкIакъым зыдэпсэур мы-Чэриму. Абдул дунейм тетыху, Чэрим и цIэр зэрызэрихьэм ещхьыркъабзэу, абы и къуэшым Данэху хуищIауэ щыта тыгъэр — данэ бэлътокур — хуэсакъыу, езы Данэху къыдилъагъуу, зэрихьащ.
  • 2
  • Зы лIыжь къэпсалъэри, хъыбар хьэлэмэтщ къэпIуэтэжар, жиIащ, ауэ сэ Абдулрэ Чэримрэ зэтIолъхуэныкъуэхэм ятеухуауэ зэхэсха хъыба-рыр нэхъыфIщ. ЩIэнэхъыфIри мыращ: япэрауэ, щIалэм цIыхубз щхьэкIэ и къуэшыр иукIыжынукъым, ари и тIолъхуэныкъуэу; етIуанэрауэ, адыгэм апхуэдэ щэху, и гур зэгуэмыуду, хузехьэнукъым е нэгъуэщIхэм абы гу лъамытэу къэнэнукъым. Иджы си хъыбар нэхъ пэжым фыкъедаIуэ.
  • НтIэ, арати, зекIуэлIхэм, я Iуэху къикIауэ, къагъэзэжу, псы Iуфэм загъэпсэхуну къыщыщыувыIэм, а зэрыжыпIэжам хуэдэу, зэкъуэшитIыр къэрэгъулыну яхэкIащ. Лъагъуэ закъуэ зиIэ чыцэм пхыкIхэри, бгыпэ гуэрым деж къыщыувыIахэщ. Арыххэуи, зыIэщIэкIауэ къафIэщIа пхъэрхэр къахуэкIуэу щалъагъум, зауэлI бзаджагъэу кIапсэлъэрышэр занщIэу ягу къэкIри, зэгурымыIуэуи ящIэнур ящIэжырти, Абдул бгым адэкIэ къуэлъэдащ, Чэрим къалъагъун хуэдэу бгым къыкъуэжри чыцэм хэлъэдащ, къакIэлъыпхъэрахэр къэсри абы и ужьым иуващ. Абдул, зимыIэжьэу, абыхэм я ужьым иувэжри, зырызурэ псори къригъэпсыхащ. Япэ ита Чэрим и щхьэм фочышэ къытехуэри уIэгъэ хъуащ, шым къехуэхри чыцэ банэм хэхуащ. Абдул къэсри и къуэшыр банэм къыхихыжащ, и щIакIуэр зэкIуэцIихри абы тригъэгъуэлъхьащ. УIэгъэр хьэлъэтэкъым, угужьеин хуэдэуи шынагъуэтэкъым, ауэ зыфIэхуа къудамэ гъурым и нэр кърихуат. Арати, Абдул уIэгъэхэр игъэкъабзэу ипхэху, Чэрим и щэхур, ар Абдул имыщIэ и гугъэу, хуиIуэтэжащ. ИкIи быдэу елъэIуащ, зэрата я псалъэм тету, Данэху къишэну. «Сэ ар, — жиIащ Чэрим, — уэ фIыуэ узэрыслъагъум хуэдэу, фIыщэу слъагъуми, си нэ лъэныкъуэр имысыжу, къыздэкIуэ жысIэу, абы и пащхьэ сиувэжыфынукъым. Уэрэ дэрэ зыми дызэхицIыхукIыркъым, уэ у-Чэриму жыпIэмэ, Данэхуи укъищIэнукъым. Ар ди щэхуу, сэ уи цIэр зесхьэнщ», — жиIэри Чэрим и къуэшым Данэху кърита данэ бэлътокур хуишиящ. Iуэхум хэлъари аращ. Абдул къыщылъэтри: «Сэ уи насыпыр къыптесхыфынукъым!.. Данэху фIыуэ зэрыплъагъур сщIэуэ абы сыдэпсэу нэхърэ, сылIэрэ сызэгъэжмэ нэхъыфIщ! Уэ къэпшэну псалъэ щыптакIэ, уи псалъэ тетыж!» — жиIэщ, и къамэ жаныр кърипхъуэтри зыхиIужащ. «Е уанэмахуэрэ! — къыхэкIиикIащ Чэрим. — Си щхьэ ирикIуар згъейуэрэ, и псэм нэхърэ нэхъыфIу сыкъэзылъагъу си къуэ-   шыр сукIащ! Сыт сэ абы и ужькIэ дунейм сыщIытетыжынур?» — жери, Чэрим гуэрым и къамэр кърехри     зеукIыж.
  • Хьэдэхэр къуажэм къыщашэжым зыми яхузэхэгъэкIакъым хэт Абдулми, хэт Чэримми, апхуэдэу щыхъум, зы мащэм тIури иралъхьэри, «Абдул-Чэрим» жиIэу тету, зы сыни хуагъэувыжащ.
  • 3
  • НэгъуэщI зы лIыжь къэпсалъэри, уэри хъыбар хъарзынэ къэпIуэтэжащ, жиIащ, ауэ ари пэжу къэхъуауэ жыIэгъуейщ. Сыт щыгъуэ къыщежьар, лIэун, зекIуэлI хахуэм и псэм зыдригъэхьэхрэ цIыхубз щхьэкIэ зиукIыжу? Шыпсэм нэхъ ещхьщ ар. Абдулрэ Чэримрэ зэтIолъхуэныкъуэхэм я хъыбар пэж фыхуеймэ, сэ вжесIэжынущи, фыкъэдаIуэ.
  • ЯIуэтэжу зэрызэхэсхамкIэ, пэж дыдэу, а фэ къызэрыфIуэтэжам хуэдэу, зыми яхузэхэмыгъэкIыу псэуащ Абдулрэ Чэримрэ. Ауэ ахэр унагъуэ тхьэмыщкIи къыхэкIатэкъым, пщыр я атэлыкъыу, уэркъыу щытахэщ. Къанхэм я кIуэжыгъуэр, я унэ ихьэжыгъуэр къэмысу, я адэ-анэр дунейм щехыжым, пщым езым и деж къигъэнэжащ, я ныбжь щрикъум, фи хъыбархэм зэрыхэтым хуэдэуи, зекIуэ здишэурэ, зауэлI хахуэ къыхищIыкIащ. Пщыми зыпхъукъым иIар, абыи зэтIолъхуэныкъуэу пхъуитI иIащ — Данэхурэ Гуащэкъарэрэ. Ауэ, пэжщ, Гуащэкъарэ щыцIыкIум, и анэшым   щыIэу, теуэм яхьауэ щытащ. Пщыр абы сыт хуэдизрэ мылъыхъуа-        ми, къыхуэгъуэтыжакъым.
  • А фэ зэрыжыфIэжам хуэдэуи, щIалэхэм щэхуу Данэху фIыуэ ялъагъурт. Пщым и зекIуэныр къыщыхьэу, щIалэхэри ежьэн хуей щыхъум, Чэрим, япэ ищри, и гухэлъыр Данэху тхьэIухудым хуиIуэтащ, арыххэуи, зекIуэ къызэрикIыжу, зэрышэну зэгурыIуахэщ.
  • Арати, зекIуэхэр, шыбэр къахуу къыщагъэзэжым, псышхуэ Iуфэ гуэрым къыщыувыIахэщ. Псыежэхыр, езыр зэрыуэрым нэмыщIыжкIэ, къиуат. Псым гуилъэсыкIыурэ адрей Iуфэ нэпкъыр лъагэ хъуати, шыр хэпхуэу абы епхулIэну дзыхьщIыгъуэджэт, нэпкъым дэлъейуэ къыхэкIыжыфын-къыхэмыкIыжыфынт. Пщым Абдулрэ Чэримрэ яжриIащ ехыу псытепхъэ къалъыхъуэну. ЩIалэхэм, жьанэм нэсыху ехри, псытепхъэ ямыгъуэту къагъэзэжащ, мыбдеж нэхърэ нэхъыфI щыIэкъым, жаIэри. НтIэ, фыхыхьи, мыбдеж феплъ, жиIащ пщым. ПсынщIэу дызэпрымыкIыу хъунукъым, къыткIэлъыпхъэра япэ гупым даIэщIэкIа щхьэкIэ, нэгъуэщI гуп кърагъэжьэнми хуэIа щыIэкъым, жери. Чэрим, и шым елъэдэкъауэри, псы уэрым хыхьащ. Ауэ, псыкуми нэмысу, ирихьэхыу хуежьащ. Чэрим шыжьэр иутIыпщащ, езы шыр къыхэкIыжынщ, жери. АрщхьэкIэ, псыр уэрыщэт икIи куути, Iуфэ языхэзымкIи мыкIуэфу, ирихьэхырт. Шыр утIыпщи къыхэсыкI, жаIэу псы Iуфэм Iуту къежэха зекIуэлIхэр зыбжанэрэ екIиями, аркъэн ядзами, хъуакъым, IумпIэр имыутIыпщу, мэлхьэпIатIэу шым зыкIэриукIэри — къыжраIэхэр зэхимыхым, аркъэнхэр имылъагъум хуэдэт. Апхуэдэу, псым къыхэмысыкIыжыфурэ, жьанэм нэсащ. Жьанэм деж, бгъуэнщIагъым кIэщIыхьэжу, архъуанэшхуэ шынагъуэ щыкIэрахъуэрт. Абдеж урихьэу бгъуэнщIагъым ужьэдилъафэмэ, укъезыгъэлын мы дунейм теттэкъым. Арати, мис иджы бгъуэнщIагъым ирехьэ жыпIэу, Абдул иужьу идзыжа аркъэным и кIапэр къызыIэрыхьа Чэрим къыхилъэфу щIидза къудейуэ, зэрыгъэфий-фочауэ макъыр щIэту, пхъэрыр къэсащ. Ахэр абдеж зекIуэлIхэм я зэрыгъэкIий макъым къишауэ арати, мо бэлэрыгъахэм яхэуэурэ яхэлъадэри зытIущ кърагъэпсыхащ. Iуэхур сэшхуэ Iэпщэм хуэкIуэри, Абдул къыбгъэдэлъэдам Чэрим зыкIэрыщIа аркъэныр зэпиупщIащ. Абдул, къыкIэлъыкIуа уэгъуэм зыщIигъэцIэфтри, къытеуар етIуанэ зэхыхьэгъуэм хигъэщIащ, езыр и шым къепкIэри, аркъэн кIапсэр къиубыдыжыну псым хэлъащ, арщхьэкIэ хунэсакъым — еплъурэ Чэрим бгъуэнщIагъым щIилъэфащ. Абы хэту, адэкIэ къыщына пщым и гупыр, фочауэ макъыр щызэхахым, къэсри, зытхух фIэкIа мыхъу пхъэр гуп цIыкIур хагъэщIащ. Чэрим бгъуэнщIагъым зэрыщIилъэфар Абдул пщым жриIэри, щIалэ зытIущ и гъусэу бгым щхьэдэхыу, Чэрим, псэу-мыпсэуми, псым къыхихыжыну хуит зыкъригъэщIащ.
  • Бгыр мылъагэ дыдэ щхьэкIэ, абы псынщIэу ущхьэдэхыфынутэкъым, иIэ лъэс лъагъуэ закъуэмкIэ шууэ урикIуэну гугъут, Iуву зэхэт жыгхэм, къелэлэх къудамэхэм уагъакIуэртэкъым. ЩIалэхэр къепсыхри, шыр IумпIэкIэ яIыгъыу, сытми, зы зэман щхьэдэхащ. МыдрыщI псы Iуфэм къыIухьэхэри, Чэрим е абы и шыр ялъагъун я гугъэу, зыкъомрэ ежьахэщ. ИтIанэ, бгитI зэхуакум зыщIыпIэ деж фIэмынахэмэ, кърихьэхыу езыхэр здэщытым деж зэман дэкIамкIэ къэсын зэрыхуеяр къащыгурыIуэм, псы Iуфэм Iуту ущу ираукъуэдиехащ. Ягъуэтакъым. Мыбы нэс Чэрими шыри кърихьэхын хуеякъым, жаIэри, псыежэхыр нэкIэ къащу, драгъэзеижри, къыщежьам нэсыжащ. Ягъуэтакъым. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI щыхъум, сыт ящIэжынт, пшапэр зэхэмыуэ щIыкIэ дыщхьэдэхыжынщ, жаIэри къежьэжахэщ.
  • ЗекIуэхэр жэщитI-махуитIкIэ а псы Iуфэм Iусыжахэщ, зэпрыкIыну темыгушхуэу. Абдул махуитIми и къуэшым лъыхъуащ, игъуэтакъым. Къигъуэтар и цейрщ, псым къыхидза жыг дакъэжь гуэрым фIэлъу. Псым итхьэлар хэтми зекIуэлIхэм ящIэртэкъым, щIэупщIэнуи зыми игу къэкIатэкъыми, Чэрим и цейр къыщагъуэтыжым, Абдул, цей гуфIакIэм дэлъа данэ бэлътокур кърихри, и гъусэ щIалэхэм зэхахыу, жиIащ «еууей, Абдул тхьэмыщкIэ», жери. Арати, укIыгъитI зэрыщыIэмрэ Абдул зэритхьэламрэ хъыбар гуауэр япэм иту, зекIуэр къуажэм жэщу къыдыхьэжащ.
  • Абдул илъэскIэ щыгъуащ, Чэрим къелами хэт ищIэрэ, жери, къыкъуэкIыжыну щыгугъыу, абы иригузавэу илъэс ныкъуи ирихьэкIыжащ. КъыщыкъуэмыкIым, и хъыбари щыщымыIэм, апхуэдиз зэманкIэ зыгъэпIейтея Iуэхум тогушхуэ. Пщыхьэщхьэ гуэрым Данэху зыхуегъазэри, Чэрим и данэ бэлътокур, Данэху иритауэ щытар, кърехри жреIэ: «Уи псалъэм утетыжмэ, уарэзымэ, дызэрызэгурыIуам тету, ди хьэгъуэлIыгъуэр къыдэсхыну и ужь сохьэ». Данэху, куэд щIауэ зэжьар арати, зэрыарэзыр къыжриIащ, и щауэр зэрымы-Чэримыр и гущхьи къэкIакъым.
  • Пщыр арэзы хъуащ фIыуэ илъагъу и къаным и пхъур иритыну. Арати, хьэгъуэлIыгъуэр къыщрахьэжьэну махуэр яубзыхури, абы зыхуагъэхьэзыру щIадзащ.
  • Иджы Чэрим и Iуэхур зэрыхъуари вжесIэнщ.
  • НтIэ, арати, пхъэрыр къэсу Абдул абы хуидза аркъэн кIапсэр сэшхуэкIэ щызэпиупщIым, ар IэщIэлъу, имыутIыпщу, архъуанэм ирихьэри, зэ иIуантIэри, бгъуэнщIагъым жьэдилъэфащ. БгъуэнщIагъым щIэкIыху адкIэ-мыдкIэ ириудэкIыурэ къэмэхыным нэсауэ, псыи фIыуэ жьэдэуауэ, зы зэман зэ псы гущIыIум къыдридзеижащ. Псы Iуфэм есылIэну хуежьэри — зыгуэрым игъакIуэртэкъым. КъызэплъэкIмэ, жыг дакъэжь гуэрым иIыгът. ИмыутIыпщу къыIэщIэна аркъэныр псым иIуантIэурэ дакъэжьымрэ езымрэ зэрылъэхъа хъуат. Чэрим дакъэжьым куэдрэ еныкъуэкъуащ, IэщIэкIын и гугъэу. АрщхьэкIэ, дэнэт. ИкIэм-икIэжым, ешри, увыIащ…ЗимыщIэжуи темэхыкIащ. Чэрим и къарур нэхъри щIэзыгъэкIар езым гу зылъимытэж лъы къежэхырат. И щхьэри, и Iэхэри, и лъэгуажьэхэри бгъуэнщIагъ дзакIэхэм фIыуэ траудат… БгъуэнщIагъ жьабгъуэжьым, щхьэлым хуэдэу и Iэпкълъэпкъыр зэхиущабэщ, зэхигъэныщкIуэри, и псэр пыт къудейуэ къызыжьэдидзыжауэ арат.
  • Чэрим жыг дакъэжьым епхарэ темэхауэ псым куэдрэ кърихьэха, мащIэрэ кърихьэха, сытми, зы зэман зэ къызэщоу. Зыкъиплъыхьмэ, пэш мыцIыху гуэрым щIэлъщ, и щхьэри, и бгъэри, и Iэхэри лъыр къызыпхива щэкI хужь щабэкIэ пхащ, къэтэджыну къоIэ, арщхьэкIэ уз хьэлъэ зыхещIэри гызу мэукIурииж; и Iэпкълъэпкъыр къедэIуэжыркъым. Абы хэту, хъыджэбз гуэр къыщIохьэ, еплъыпэмэ — Данэхущ. Чэрим и Iэпкълъэпкъыр зэщIэнащ, и бзэр иубыдащ — жиIэнури ищIэнури къыхуэмыщIэу, мыбэуэжу, и нэр игъэупIэрапIэу щылъщ. «ЗыкъэпщIэжамэ, Алыхьым и шыкурщ, дыбгъэгузэващ… МахуитI хъуауэ уи джийм ху е псы ехакъым, къарууншэ дыдэ ухъуащ», — жиIэри хъыджэбзыр щIэкIри къыщIыхьэжащ, зэфэнрэ зэдзэкъэн тIэкIурэ иIыгъыу. Iэнэ хъурей цIыкIур къыбгъэдигъэувэри, зыри жимыIэу, щIэкIыжащ.
  • Чэрим иджыри зыкъищIэжатэкъым, и щхьэр хьэлъэт, и уIэгъэхэр бжьыбжьырт икIи къыгурыIуэртэкъым здэщыIэри, зыщIэлъ унэр хэт ейми. И атэлыкъым апхуэдэ пэш  иIэу къыхуэгубзыгъыжыртэкъым. Данэхуи апхуэдэу щхьэ къысхуэгущIыIэ, жери, къыхуихьа шхынми, псы тIэкIу еIуба мыхъумэ, хэмыIэбэу здэщылъым, зылI къыщIохьэ. Абы къыжриIащ зимыщIэжу псы Iуфэм Iулъу ЩхьэцфIыцIэ, псыхьэ кIуауэ, къызэригъуэтар. Ар мыхъуамэ, жиIащ, зы лъы ткIуэпс къыпщIэнэжынтэкъым, жери. Хэт ЩхьэцфIыцIэр, жиIэу Чэрим щыщIэупщIэм, махуитI хъуауэ къыпкIэлъыплъа, къоIэза си унэIут хъыджэбзырщ, къыжриIащ. Чэрим игъэщIэгъуащ, Данэху мыбы унэIуту щхьэ щыIэн хуей, мы пхъашафэ зытет лIыри абы ЩхьэцфIыцIэкIэ щхьэ еджэрэ, жери. Уэ езыр ухэт, жиIэу Чэрим щыщIэупщIэм, лIым пхъашэу къыжриIащ зэрыкъуажэпщыр, езы Чэрими гъэрыпIэм зэрихуар…
  • Чэрим, зэуэ псори игу къэкIыжу икIи къыщыщIар и жагъуащэ хъуауэ, и нэр щызэтрипIэм, фызым хуэдэу куэдрэ ухэмылъ, жери пщы мэхъашэр щIэкIыжащ. ТIэкIу дэкIри хъыджэбзыр къыщIыхьащ. Чэрим абы занщIэу еупщIащ, «Данэху, мы къуажэ пхыдзам дауэ укъыщыхута?», — жери. «Сэ сы-Данэхукъым, сы-Гуащэкъарэщ, мыхэр, си щхьэцыр зэрыфIыцIэм щхьэкIэ, ЩхьэцфIыцIэкIэ къызоджэ», — жери. Чэрим хъыджэбзым и щхьэцым еплъыпэмэ, вындыржьычт. Данэху зэрыщхьэцыгъуэр, уеблэмэ, дыщэпс тегъэлъэда фIэкI умыщIэу, данагъуэу щхьэц дахэшхуэ зэрытетар игу къокIыжри, щхьэцхьэху щIызытеплъхьар сыт-тIэ, жери зэхэзещхъуэну йоупщI. Чэрим иджыри игу къэкIыртэкъым илъагъу хъыджэбзыр мы-Данэхуу, ар щыцIыкIум теуэм яхьауэ щыта Данэху и тIолъхуэныкъуэ Гуащэкъарэу зэрыщытыр. Гуащэкъарэ къэуIэбжьащ. Абы япэщIыкIэ къыщыхъуащ, зэрыхьэлъам къыхэкIыу, щIалэр Iуэщхъуу, итIанэ, зэи и гум имыхуа и шыпхъу Данэху и цIэр щхьэ къриIуэрэ, жери, и гур къилъэтыным хуэдэу къэпIейтеящ. Абдеж, зэщIэупщIэу щIадзэри, щхьэж и къекIуэкIыкIар зэхуаIуэтащ.
  • ИужькIэ абыхэм я Iуэху зэрыхъужар, лъагъуныгъэшхуэ яку къызэрыдэхъуар, илъэсрэ ныкъуэкIэ гузэвэгъуэ, псэзэпылъхьэпIэ зыхэтахэр, пщы зекIуэлI мэхъашэм IэщIэкIыу, гъэрыпIэм зэрикIар уэрэд зыхуэфащэ нэгъуэщI хъыбар кIыхьщ. Нэхъыщхьэр аращи, я псэр пыту я лъахэ къихьэжащ.
  • ПщыхьэщхьэхуегъэзэкIт. Чэримрэ Гуащэкъарэрэ, пшапэр зэхэмыуауэ къуажэм дыдыхьэжынкъым, тIэкIу дызэсэбэуэжынщ, зыкъэдгъэщIыIэтыIэнщ, шыхэри псы едгъэфэнщ, дгъэхъуэкIуэнщ, жаIэри псыхъуэм дыхьахэщ.
  • Арати… Ари мыгъэщIэгъуэну жыIэ! Абдулрэ Данэхурэ я хьэгъуэлIыгъуэр етIуанэ махуэм екIуэкIын хуейуэ, Абдули, зыщIыпIэ къикIыжу, а псыхъуэ дыдэм дыхьэри, «шокъущ» жиIэу, мо тIум ирихьэлIащ. Абдул абдеж къэуIэбжьащ, и псэм и щIасэ Данэху къимыгъэпэжу гурыщхъуэ бзаджэ ищIри, и щхьэм лъыр дэуеящ, шым къепкIэри, къамэр фIэмащIэу, и сэшхуэр зэригъэжащ… СлIот-тIэ абы ибгъэгугъэнури, ебгъэщIэнури, жьакIэ бацэ мыцIыхум гъунэгъуу бгъэдэсрэ гуапэу дэуэршэр и къэшэныр, ари пшапэ зэхэуэгъуэм я закъуэу щилъагъукIэ? Чэрим, сэшхуэ къихакIэ къахуэжэр щилъагъум, къыщылъэтащ, къажэр нэхъ гъунэгъу къыщыхъум, и къуэшыр къицIыхужри, Абдул, жери кIиящ. Абдул, сэращ ар, Чэримщ! Абдул къызэщIэувыIыкIащ. ИтIанэ, лъэбакъуэ хуэмкIэ зэхуэкIуэхэри, зызэрадзащ, я нэпс къекIуауэ, IэплIэ зэхуащIу щIадзащ. Гуащэкъарэ къащыбгъэдыхьэм, Чэрим, мыр Данэхукъым, и шыпхъу Гуащэкъарэщ, щыжиIэм, Абдул, и фIэщ мыхъуу, хъыджэбзыр зыкъомрэ зэпиплъыхьащ: и нэкIукIэ, и IэпкълъэпкъкIэ Данэху ещхьыркъабзэт, емыщхьу хилъэгъуар и щхьэцымрэ зэрыхуэпамрэт. Данэху унэIут щыгъын игъащIэм зыщитIэгъауэ илъэгъуатэкъым. Чэрим абдеж и къуэшым хуиIуэтэжащ езым и Iуэхур зэрыхъуари, Гуащэкъарэ и Iуэхур къызэрекIуэкIари, ар къишэну зэримурадри. А псор жиIэжыху Абдул гузавэу щытащ, итIанэ, Гуащэкъарэ къишэну Чэрим щыжиIэм, «уэху» жиIэжащ икIи и къуэшым щхьэтечу ириIуэтылIащ Данэхурэ абырэ я Iуэхур здынэсар. Данэху деж напэтех щымыхъун щхьэкIи, я зэхуэдэ щэхуу, я цIэхэр зэрамыхъуэжу зэрымыхъунури щыжриIэм, Чэрим, имыдэн дэнэ къэна, щыгуфIыкIащ апхуэдэу зэрыхъуар. Чэрим езыри гузавэрт къишэну зыгурыIуа Данэху жриIэнур къыхуэмыгупсысуи, Iуэхур апхуэдэу дахэу щызэхэкIым, и къуэшым IэплIэ хуищIри жриIащ: «Дэ игъащIэм, зэрыжаIэу, ди псэр зы чысэм илъу, псэкIэ дызэрыщIэу дыкъызэдекIуэкIащ, псори къызэрыдэджэр Абдул-Чэримщ, абы десэжащи, иджы дэ, гъащIэм дызэригъэунэхуам и ужькIэ, хэт дапхуэдэу къыдэджэми, ар уэим дымыщIу, дыщыгуфIыкIын хуейуэ аращ». ЗэкъуэшитIым я щэхур и шыпхъум хуимыIуэтэжыну Гуащэкъарэ псалъэ къыIахри, жэщыбг хъуауэ шууищыр къуажэм къыдыхьэжахэщ.
  • ЕтIуанэ махуэм жылэм щызэщIэлъыса хъыбар гъэщIэгъуэным хуэдэ зыкъом щIауэ зэхахыжатэкъым: псым итхьэлауэ ягъеижа Абдулрэ щыцIыкIум теуэм яхьауэ щыта Гуащэкъарэрэ къыкъуэкIыжащ; зэтIолъхуэныкъуэ зэкъуэшитIым — Абдулрэ Чэримрэ — зэтIолъхуэныкъуэ зэшыпхъуитIыр — Данэхурэ Гуащэкъарэрэ — къашауэ нобэ я гуфIэгъуэ тIуащIэщ…
  • ХьэгъуэлIыгъуэ тIуащIэр жэщибл-махуиблкIэ зэхэтащ.
  • Зэщхьэгъусэхэм я щэхур уэ жыпIа, сэ жысIа, сытми, зы зэман зэ, я ныбжьри тIэкIу хэкIуэтауэ, сэтей хъуащ, ауэ абы щхьэкIэ я кум псалъэмакъи гукъани къыдэхъуакъым, абы иригушыIэжахэ мыхъумэ.