ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сентябрь, 2018

Дэрэжэгъуэм и махуэ

2018-09-04

  • ФокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэлъэпIащ ЩIэныгъэм и махуэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэмрэ. А гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм хэтыну ди лъахэм къеблэгъащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ, Урысейм и ЛIыхъужь Матовников Александр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Телевиденэм и IэмалыщIэхэр

2018-09-04

  • Махуэшхуэм ирихьэлIэу къызэIуаха IуэхущIапIэхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым бжыгъэм тещIыхьауэ лэжьэну и телевиденэм и IуэхущIапIэщIэр. Журналистхэм я гуфIэгъуэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрийрэ Уры-сей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэ-рэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Матовников Александррэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2018-09-04

  • «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр етыным и IуэхукIэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
  • КъытщIэхъуэ щIэблэр егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIам къыхэкIыу «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр етын
  • Мэлбахъуэ Борис Къазболэт и къуэм — Налшык къалэ округым курыт щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и «Лицей №2» кIэзонэ муниципальнэ IуэхущIапIэм и унафэщIым
  • Науянис Татьянэ Владимир и пхъум — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и «Дыгъэпс къалэ» творчествэмкIэ сабий академие» курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт къэрал бюджет IуэхущIапIэм щIэныгъэ гуэдзэнымкIэ и егъэджакIуэм.
  •  
  •       Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
  •       и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий
  • Налшык къалэ
  • 2018 гъэм шыщхьэуIум и 13-м
  • №120-УГ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Указ

Япэ уэзджынэр кърагъауэ

2018-09-04

  • Налшык къалэм дэт курыт школ №5-м япэ классым сабий 200-м щIигъу фокIадэм и 1-м кIуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

Шар хужь 334-рэ я фэеплъу

2018-09-04

  • ФокIадэм и 3-р Урысейм щагъэуващ Терроризмэм пэщIэтынымкIэ щызэкъуэувэ махуэу. Фэеплъ махуэр епхащ 2004 гъэм и фокIадэм Осетие Ищхъэрэ — Аланием хыхьэ Беслъэн къалэм дэт курыт еджапIэ №1-м къыщыхъуауэ щыта гузэвэгъуэм. Абы хэкIуэдат цIыху 334-рэ, 186-р — сабийт. Ахэр ягу къагъэкIыжу Налшык къалэм дэт Киноконцерт гъэлъэгъуапIэм и гупэм деж пэкIу щрагъэкIуэкIащ, апхуэдэ щIэпхъаджагъэм земыгъэубгъуныр и лъабжьэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ПэкIухэр

Спортсмен цIэрыIуэхэм Бахъсэн щаIуощIэ

2018-09-04

  • Бахъсэн къалэ администрацэм и конференц-залым щаIущIащ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа спортсмен гъуэзэджэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2018-09-04

  • ФокIадэм и 4, гъубж
  • Тхэквондом и дунейпсо махуэщ
  • Урысейм и ядернэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ IэщIагъэлIым и махуэщ
  • Армением щагъэлъапIэ къегъэлакIуэм и махуэр
  • Молдовэ Республикэм и таможеннэ къулыкъум и лэжьакIуэм и махуэщ
  • 1781 гъэм Лос-Анджелес къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
  • 1888 гъэм Истман Джордж «Кодак» дамыгъэмрэ плёнкэ зэрыплъхьэ хъу сурэттехымрэ я патент къратащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъэпкъ макъамэр зыгъэбейхэр

2018-09-04

  • Ди хэкуэгъу, СССР-м, РСФСР-м, КъБР-м я цIыхубэ артист, УФ-м и Къэрал саугъэтымрэ Глинкэм и цIэр зезыхьэ саугъэтымрэ я лауреат, Санкт-Петербург щIыхь зиIэ и цIыху, а къалэм и къэрал филармонием и Академическэ симфоние оркестрым и художественнэ унафэщI къулыкъум илъэс 30 хъуауэ пэрыт, дирижёр цIэрыIуэ, къэрал куэдым хэIущIыIу щыхъуа оркестрхэм я тхьэмадэ Темыркъан Юрий лъэпкъыр дызэрыгушхуэ цIыху щэджащэхэм ящыщщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Балэ Жансурэт и илъэс 90-р

2018-09-04

  • Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнкэ жылэм щыпсэу, егъэджэныгъэ лэжьыгъэм и ветеран Балэ Жансурэт Джатэгъэжь и пхъум мы махуэхэм хуагъэлъэпIащ илъэс 90 щрикъу махуэшхуэр. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ Бахъсэн район администрацэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ Дыгулыбгъу Маринэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гулъытэ

2018-09-04

  • КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм, КъБР-м и ТхакIуэхэм, и Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм, «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Заман», «Советская молодежь», «Горянка» газетхэм, «Iуащхьэмахуэ», «Минги Тау», «Литературная Кабардино-Балкария», «Нур», «Нюр», «Солнышко» журналхэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м, «Налшык-НОТР» ОРТК-м, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм, «Тетраграф» ООО-м я лэжьакIуэхэм гущIыхьэ ящыхъуащ КъБР-м и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэта, «Iуащхьэмахуэ» журналым жэуап зыхь и секретарь ХьэIупщы МуIэед ТIалэ и къуэр дунейм зэрехыжар икIи абы и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ яхуогузавэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

CызэплъэкIыху къэсащ щIымахуэр

2018-09-04

  • Ацкъан Руслан и тхыгъэщIэхэр
  • * * *
  •  Слъагъу хуэдэщ, хъуащ щытепщэ гъатхэр
  • сызыхуэзэш адэжь щIыналъэм.
  • Дяку къыдыхьауэ щытми гъэхэр,
  • сигу езэшар абыкIэ маплъэ.
  •  

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

IэмалыщIэ къыхалъхьэ

2018-09-04

  • Урысей Федерацэм и ХъумапIэ банкым къэралым и ипщэ лъэныкъуэм къыщыхилъхьащ «Личный юрист» IэмалыщIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Банк Iуэхухэр

ГъущIапщэр утыку къохьэ

2018-09-04

  • Урысейм ХудожествэхэмкIэ и академием къыщызэIуахащ ди лъахэгъу ГъущIапщэ Арсен и скульптурэ лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъэлъэгъуэныгъэхэр

Псэущхьэхэм къахохъуэ

2018-09-04

  • Налшык и зоопаркым ис псэущхьэхэм къахохъуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Хуэфэщэн зыус

2018-09-04

  • Республикэм и гъуазджэм, щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ хуащIу илъэс куэд щIауэ хуэлажьэхэм ящыщщ ЦIыхубэ творчествэмкIэ щэнхабзэ методикэ центрым и унафэщI, сурэтыщI Iэзэ Жылэ Анатолэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

« Раньше