ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Кавказым щытраха фильмыр Канадэм щагъэлъагъуэ

2018-09-06

  • ШыщхьэуIум и 23-м щегъэжьауэ фокIадэм и 3 пщIондэ Канадэм щекIуэкIащ 42-нэ Монреаль дунейпсо кинофестивалыр. Урысейм и лIыкIуэу абы зи лэжьыгъэ щызыгъэлъэгъуахэм ящыщщ театрымрэ киномрэ я режиссёр, Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор.

  • Монреаль кинофестивалым «Япэу зи лэжьыгъэр утыку къизыхьэхэр» жыхуиIэ и программэм хэхуащ бгырыс лъэпкъхэм я щыIэкIэ-псэукIэм, адыгагъэм, ныбжьэ гъугъэм теухуа хабзэу зэрахьэр къызыхэщ, сыт хуэдэ лъэпкъ укъыхэкIами, цIыхугъэм зэпэгъунэгъу уищIын зэрыхуейм укъыхуезыджэ зэхущытыкIэхэр къыщыгъэлъэгъуа «Невиновен» полнометражнэ художественнэ фильмыр.
  • Ар щытрахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэм хиубыдэ хэгъэгухэм, Москва, Санкт-Петербург, Ростов, Краснодар къалэхэм. Фильмым и лIы хъужь нэхъыщхьэр КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хьэмырзэ Ахьмэдщ, апхуэдэуи хэтщ КъБР-м, АР-м, Шэшэным, Армением, Москва щыщ актёрхэр.
  • 1977 гъэ лъандэрэ Монреаль къыщызэрагъэпэщ фестивалыр дунейпсо кинематографием къыщыхъу Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм хабжэ. Абы илъэс къэс лэ жьыгъэ 300-м щIигъу ирагъэхь, къэрал 70-м нэблагъэм щыщхэр хэтщ. Ар къызэрежьэрэ блэкIа илъэс 42-м къриубыдэу иджы япэу Кавказым, адыгэхэм ятеухуа фильм утыку къыщрахьэу аращ. ЕмкIуж Ан-дзор къызэрыджиIамкIэ, фестивалыр сыт и лъэны къуэкIи зыхуей хуэзэу къызэрагъэпэщащ. «Фестивалым и президент Лозик Серж деж щегъэжьауэ, абы сызыщрихьэлIа псоми я нэгур зэIухарэ гуапэу къыппежьэу апхуэдэщ. Къапщтэмэ, Канадэм щыпсэу псори цIыху къызэрыгуэкIхэщ, зыр зым щыгуфIыкIыжу, пщIэ зэхуащIу къызэдокIуэкI, ар ауэ уэрамым ущ рикIуэ къудейкIи зыхыбощIэ», — жеIэ Андзор.
  • — Фестивалым ди фильмыр зэрыхэтар си мызакъуэу, къыздэлэжьа гупми, Кавказ Ищхъэрэми я ехъулIэ ныгъэу къызолъытэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди лъэпкъ хэм я шыфIэлIыфэмрэ я псэукIэмрэ америкэ цIыху-хэм, дуней псом я пащхьэ итхьащ. А фестивалым Урысейм щытраха кино зыбжанэ щагъэлъэгъуащ, ауэ ди къэралым лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд зэрисри, абыхэм езыхэм я хабзэрэ я дуней тетыкIэрэ яIэжу зэрыщытри псоми ящIэкъым. Фильм нэужьым, хамэ къэрал зэмыщхьхэм ящыщ куэд къызбгъэдыхьэурэ я гуп сы сэхэмкIэ къыздэгуэшащ, яфIэгъэщIэгъуэну куэдым щIэупщIащ. Гъэлъэгъуэныгъэ нэхъыщхьэм нэмыщI, езы Монреаль къалэдэсхэм папщIэ иджыри зы пщы хьэщхьэ ягъэлъэгъуэжащ ди лэжьыгъэр. Ар щыхьэт тохъуэ фильмым и япэ «лъэтеувэр» къызэры дэхъулIам. ДяпэкIэ ар Урысейм щыдгъэлъэгъуэну ди мурадщ, — жеIэ режиссерым. — Фестивалым щызиIа къалэн нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, куэд щыслъэгъуащ, къыщысщIащ, ди лэжьыгъэм и пIалъэкIэ, убзыхукIэкIэ, щэхукIэ къыздэгуэшахэм сарихьэлIащ. Адрей къэралхэм къраша фильмыфI куэд (ахэр 50-м нэб лагъэрт) сеплъащ, и техыкIэкIи, купщIэкIи, укъызыхуриджэ гупсысэкIи зэмыщхьу, ауэ а псори лъагъуныгъэм, цIыхухэм я зэхуаку дэлъын хуей гуапагъэм зэрипхыжу къысщыхъуащ, — къыддогуашэ Андзор.
  • Кавказым щытрахыу дунейпсо мыхьэнэ зиIэ япэ лъэбакъуэ зыча «Невиновен» фильмым ехъулIэныгъэ зэриIэнум шэч къытетхьэркъым, ар щалъагъуным поплъэ ди къэралым, псом хуэмыдэу ди республикэм ис цIыхухэр.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.