Зэрырагъэблагъэ хабзэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэр
2018-09-06
- Урысей Федерацэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ къыщхьэщыжыныгъэмкIэ и министерствэм цIыхухэм пенсэхэр яхуэгъэувыным, и етыным хуэгъэза Iуэху-хэм теухуауэ къыдигъэкIа унафэхэм 2018 гъэм ма- заем и 13-м зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. УФ-м и Пенсэ фондым и IуэхущIапIэхэм кIуэн папщIэ цIыхухэм зэрызрагъэтх хабзэхэр ягъэтэмэмащ.
- Ягъэбелджылащ япэщыкIэ зезыгъэтха цIыхур ягъэува графикым тету лэжьэгъуэ махуэм хиубыдэу зэрырагъэблагъэр. Хэку зауэшхуэм хэтахэмрэ ныкъуэ дыкъуэ хэхъухьахэмрэ къэрал Iуэхутхьэбзэхэр къы хуащIэн папщIэ лъэIу тхылъхэмрэ абыхэм я гъусэхэмрэ Iах пасэу зрамыгъэтхыу икIи чэзум хэмыту.
- Езым и щхьэкIэ зезыгъэтхыну кIуа цIыхум ар щыкIуа зэманыр къыщыгъэлъэгъуа талоныр ират. ТелефонкIэ зезыгъэтх цIыхум жраIэ тхылъхэр щыIахыну зэманыр. И электрон хэщIапIэм хигъэгъуазэмэ, абы талоныр ягъакIуэ мэхъу. ПФР-м и сайтым зыщыщрагъэтхкIи, апхуэдэ хабзэ щыIэщ.
- ЩекIуэлIэну махуэр къыщыгъэлъэгъуауэ цIыхухэр япэщIыкIэ ятхыныр ягъэувыIэ, ар къэсыным зы жэщ- махуэ иIэу. Абы хъыбар ирагъащIэ щекIуэлIэн хуейуэ ягъэува зэманым дакъикъэ 15-кIэ къыкIэрыхуамэ, зэрызригъэтхам къару зэримыIэжыр. ЦIыхур хуитщ зэрызригъэтхам сыт хуэдэ зэманми къыпыкIыну.
- ЗыщрагъэтхкIэ, пэжу щымыт хъыбархэр яжриIауэ сэтей къэхъумэ, зэрызрагъэтхам къару иIэжкъым.
- КъищынэмыщIауэ, ягъэбелджылащ суд зытращIыхьу ягъэтIыса цIыхухэм пенсэ хуагъэувыным теухуа тхылъ-хэр щыIахкIэ, тезыр щрахьэкI IуэхущIапIэм и уна фэщI-хэм махуищым къриубыдэу а Iуэхум ехьэлIа хъыбархэр ПФР-м и къудамэхэм Iэрагъэхьэн хуейуэ.