Сабиймтхьэ махуэм зы сыхьэткIэ е тIукIэ удэлажьэкIэ зэфIэкIыркъым
2018-09-06
- Зи ныбжьыр школ кIуэгъуэм нэмыса сабийхэм я къэухьым щыхэбгъэхъуэн, абы хуэхьэзыру курыт еджапIэм щIэтIысхьэн папщIэ зыщебгъэужьын, «Сэ езым» фIэщыгъэр зиIэ центр иджыблагъэ Налшык къалэ къыщызэIуахащ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ мыр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым япэу къыщызэ Iуахыу зэрыщытыр, IуэхущIапIэм зэрыщрагъэджэну методикэр зэхэзылъхьа егъэджа -кIуэ цIэрыIуэ, «Сэ езым» центрым и унафэщI Алексеевэ Юлие и нэIэ тету Iуэхур ешэжьа зэрыхъуар.
- IуэхущIапIэм Кавказ Ищхъэрэм щиIэ къу дамэм и унафэщI Сэрахъэ Алан зэрыжиIэмкIэ, ар зэрылэжьэну программэр убзы хуауэ щытщ, егъэджакIуэхэри абы хуагъэхьэ зыращ, ныбжькIэ зэхуэмыдэ сабийхэм зэра дэлэжьэну дидактическэ лэжьыгъэхэри яIэщ.
- Мыбы къекIуалIэ хъунущ зи ныбжьыр мазибгъум ит сабийхэм я деж къыщыщIэдзауэ илъэсиблым итхэм нэс. ЦIыкIухэр зэреджэну программэр илъэсым тещIыхьауэ щытщи, зэIущIэхэр адэ-анэм къызэрыхахым хуэдэу, тхьэмахуэм зэ, е нэхъыбэрэ драгъэкIуэкIынущ.
- Зи ныбжьыр илъэс иримыкъуа сабийм сыт ебгъэщIэфынур жыпIэу уфIэгъэщIэгъуэнынкIэ хъунущ, ауэ а ныбжьым щитым деж сабийм и зэхэщIыкIым зиужьын щIедзэри, плъыфэхэр, щытыкIэхэр зэхигъэкIыфу ирагъэсэнущ. АдэкIэ, я ныбжьым теухуауэ сабийхэм псэлъэкIэ, гупсысэкIэ, бжэкIэ, тхэкIэ ирагъэщIэнущ. Дэтхэнэ лэжьыгъэми зэрыбгъэдыхьэну щIыкIэр джэгукIэ зэмылIэужьы гъуэхэмкIэщ.
- IуэхущIапIэм къекIуалIэ сабийхэр зэрытхэну, зэреджэну, зэрылэжьэну Iэмэпсымэхэр псори езым къыщыбгъуэтынущ.
- Сабийхэм я закъуэкъым егъэджакIуэхэр зыдэлэжьэнур, атIэ адэ-анэхэри Iуэхум къыхэшауэ щытынущ, сыту жыпIэмэ сабийм тхьэ махуэм зы сыхьэткIэ е тIукIэ удэлажьэкIэ зэфIэкIыркъыми, унэми зэрызыщрагъэужьыну Iэмалхэм теухуа чэнджэщхэр иратынущ.
- Сэрахъэм зэрыжиIэмкIэ, адыгэбзэм, адыгэ хабзэм ехьэлIа дерсхэр щекIуэкIын хуэдэу, адыгэбзэмкIи къудамэ къызэIуихыну и мурадщ.
- ЩIэныгъэм и махуэм зи бжэр зэIузыха, лъэбакъуэщIэ зыча IуэхущIапIэм ехъулIэныгъэхэр иIэу куэдрэ лэжьэну ди гуапэщ.
- ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.