ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ дэрэ

2021-11-27

  • ЩIэныгъэлIхэр игъащIэ лъандэрэ топсэлъыхь цIыхумрэ ар къэзыухъуреихь дунеймрэ я псэкIэ, я IэпкълъэпкъкIэ зэрызэпыщIам, зым адрейм Iэмал имыIэу зыхъуэжыныгъэ гуэрхэр зэрыхилъхьэм. Пэжщ, а зэхъуэкIыныгъэхэм узыщыгуфIыкIыни уи жагъуэ хъуни къыщрикIуэхэр щыIэщ. Iуэхур нэхъыбэу зэлъытар дунеймрэ цIыхумрэ яку дэлъ зэхущытыкIэрщ, лъагъуныгъэрщ. А тIур зэгурыIуэу къызэдекIуэкIмэ, зыр адрейм емыкъуэншэкIмэ, кърикIуэнур лъэныкъуитIми къахуэщхьэпэн IуэхуфIщ, сыту жыпIэмэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр псэ зыIуту хъуами къэкIыгъэхэми я дохутырышхуэщ, я хъумакIуэ пэжщ. Абы и лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ, ди къуршхэми, мыIуэхуншэр щыгъэтауэ, дэ къытхуэлажьэурэ, къалэнышхуэ ягъэзащIэ: ди дунейм и хуабагъ-щIыIагъыр, псыIагъэ-гъущыгъэр зэщыщхъуу щытыныр бгыхэм куэдкIэ елъытащ.

  • Нэхъ жыжьэжу дыIэбэнщи, мыпхуэдэ щапхъэр къэтхьынщ: ныбжьышхуэ зиIэ Мысырыр къум нэщI абрагъуэхэмкIэ лъэныкъуищкIэ «къэхухьауэ» зэрыщытам сэбэпыныгъэ лъэпкъ ямыIауэ къыпфIэщIынкIэ мэхъу, зэ еплъыгъуэкIэ. Ауэ, укIэлъыплъыжыпэрэ уегупсысмэ, къыбгурыIуэнущ а къум гъунапкъэншэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIар. Сыт хуэдэ ахэр? А къум инхэмкIэ «къэхухьа», къэгъэтIылъыхьа къэрал гъунапкъэхэм зэрыпхъуакIуэ бийхэр тыншу къебгъэрыкIуэфынутэкъым, арати, абыхэм я фIыгъэкIэ, хэкур хъума хъурт.
  •  АдэкIэ-щэ? Бий гуэрхэр къатемыуэмэ, абыхэм зэрамыпхъуэ, зэхамыфыщIэ къэралым и псэукIэкIи, и тхыдэкIи, и щэнхабзэкIи зыужьыныгъэшхуэ игъуэту къекIуэкIырт. А Iуэху бгъэдыхьэкIэр дэри зыхуэдвгъэхьыжи девгъэплъыт: мысырхэр къумхэмкIэ къэхухьауэ зэрыщытам ещхьу, дэри лъэныкъуищкIэ ди къуршхэм бийхэм дыщахъумэгъамэ… Ар, дауи, нэгъуэщI Iуэхущ… МысырымкIэ дгъэзэжынщи, зэманым щIыгъуу гъащIэми зехъуэж. IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ заужь. ЙофIакIуэ. ЦIыхухэм къагупсыс къуршхэми къумхэми уазэрыпэлъэщын Iэмалхэр, хэкIыпIэхэр. Пэжщ, апхуэдэ зыузэщIыныгъэм мысырхэм япэ лъэхъэнэхэм фIы къахудэкIуауэ щытакъым.
  • Ди эрэм и пэкIэ, 1700 гъэхэм деж, гъащIэм и зыужьыныгъэм кърикIуахэм щыщу, цIыхухэм къагупсысащ пшахъуэщI къумышхуэхэми уазэрыпэлъэщын Iэмалхэмрэ къарухэмрэ: гиксосхэр (Iэпхъуэшапхъуэу губгъуэхэм щыпсэу Iэщыхъуэхэрат апхуэдэу зэджэхэр) къызэпрыкIыф хъуащ Мысыр къэралыгъуэр къызэрыхухьа пшахъуэщI абрагъуэхэм. Абыхэм яубыду щIадзащ ущыпсэуну нэхъ тынш щIыIэпсхэр: Нил псым и Iэшэлъашэхэр. Пэжщ, бийр къатеуэным илъэс зытхух иIэу езы мысырхэр хьэлэбэлыкъышхуэм хэхуат: къулейсызхэмрэ гъэрхэмрэ я зэщIэхъееныгъэ иным къэралыр зэщIищтат. Дауи, зэрыпхъуакIуэхэм а щытыкIэри къахуэщхьэпащ. КъимыдэкIэ, зэрыжытIащи, гиксосхэр Iэмалшыт: гъуэгуанэ хьэлъэ кIыхьыр абыхэм къызэрызэпачар махъшэ къудейхэмкIэтэкъым — я акъылыр хуэкIуэри, шыхэр къагъэсэбэп хъуати, дэнэкIи нэхъ псынщIэу икIи нэхъ тыншу нэсхэрт. КъыжыIэн хуейщ мыри: къызытеуахэм нэхърэ къатеуэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэу щытащ. Ауэ губгъуэрыс Iэщыхъуэхэр къэзыухъуреихь дунейм куэдым хуригъэджат: упсэун папщIэ щыIэ Iэмалу хъуари хэкIыпIэ псори къэгъэсэбэпыным хуигъэIущати, мысырхэр зыщымыгъуазэ зауэ хуэIухуэщIэхэмкIэ ахэр нэхъыбэу къызэгъэпэща хъуат.
  • Гиксосхэр зэрыпхъуакIуэ къудей мыхъуу, псэукIэм хуэIэзэхэуи къыщIэкIащ: мысырхэм я щэнхабзэр псынщIэу къапхъуэтащ, я бзэр зрагъэщIащ, къаубыда лъэпкъым щызэрахьэ цIэхэм хуэдэхэр езыхэм зыфIащ хъуащ. КъыфIэбгъэкIмэ, мысыр фирхьэунхэм я щIыхьыр зэрыхаIэтыкIыу зэрахьэ цIэхэм я фэгъухэр зыфIащурэ, адрейхэм зыкъыхагъэщу щIадзащ, псалъэм папщIэ, зиусхьэн, зи щIыхьыр ин, нэгъуэщI къинэмыщIхэм хуэдэхэмкIэ. Езы мысырхэри зыкъомкIэ ядэплъеящ зыубыда бийхэм: псом япэрауэ, махъшэхэм нэмыщI, абыхэм шыхэр ягъэхъуу, шэрхъ зыщIэт гухэр ящIу щIадзащ, Iэщэ-фащэхэмкIи мобыхэм щапхъэ къытрах хъуащ. Мыбдеж гъащIэм къигъэлъэгъуащ: уэ къофIэкI уи бийм деж ущеджэным, абы удэплъеиным зэраныгъэ пылъкъым.
  • Мысырхэр хуэм-хуэмурэ хуэIэзэ мэхъу илъэси 120-м щIигъукIэ зи бжьым щIэта, къыпахынур къызыпаха губгъуэрыс Iэщыхъуэхэм къаIэщIэкIыжа зэрыхъуну щIыкIэм. Бэнэныгъэм лъэщу зыхуэзыгъэхьэзыра мысырхэм зыкъаIэтри, гиксосхэр хагъащIэ. Куэд зэтраукIэ, зыкъоми гъэрыпIэм ирагъэувэ. Къэнахэр щIопхъуэж. Мыбдеж Iуэхур зыкъомкIэ ещхь хъуат е мыхъу фIы хъужыркъым жыхуаIэм. Дауэ?
  • Нэхъапэхэм мысырхэр къумхэмкIэ къэхухьати, езыхэм мыбзаджэу заужь пэтми, абыхэм дунейм и адрей къэралхэм пыщIэныгъэ хуаIатэкъым. Ахэр щыгъуазэтэкъым нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкI зыузэщIыныгъэхэм гъуэгу зэрагъуэт щIыкIэм, сатур, экономикэр егъэфIэкIуэным ехьэлIа Iуэхухэр нэхъыфIу икIи нэхъ псынщIэу зэрызэфIэпхыну Iэмалхэм я къэгъэсэбэпыкIэм… Иджы деплъынти, дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ цIыхумрэ я зэпыщIэныгъэм спортым зиужьынымкIэ сэбэпынагъыу къишэр зыхуэдэм. Абы щхьэкIэ жыжьэ дыкIуэнкъым – къэтщтэнщ ди къуршхэмрэ бгырысхэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм кърикIуэу тлъагъухэр. Къуршхэм, бгы лъапэхэм щыпсэу цIыхухэр а щIыпIэхэм йосэ, щIыIэхэми жьапщэхэми япсыхьри, бэшэч мэхъухэр. Ахэр хуэм-хуэмурэ тогушхуэ къыр задэхэм, къуршыщхьэхэм я лъэр нахусыным. Губгъуэрысхэр IэмалкIи къарукIи зыпэмылъэщыну гъуэгуанэ хьэлъэхэм зрапщыту щIадзэри, я мурадым я Iэр трагъэхуэф мэхъу.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщ 1829 гъэм и бадзэуэгъуэм ди деж щекIуэкIа Iуэхушхуэр, дуней псом цIэрыIуэ щыхъугъар. Абы ипэкIэ зэи къэхъуатэкъым апхуэдэ: Европэм щынэхъ къурш лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ цIыху дэкIащ а мазэм. А бгы щыгум удэкIыныр щыгъэтауэ, ар уигу къэкIын къудейр щхьэпсыншагъэу ябжырт. Абы гугъуехьу пыщIахэри къилъытащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием а Iуэхум зрипщытын мурад щищIам. Быдэуи зыхуагъэхьэзырат а гъуэгуанэ хьэлъэм. Гъуэгуанэм пыщIа Iуэхугъуэхэр зэхигъэкIыну, иубзыхуну, гупым хэту ежьэнухэр къызэригъэпэщыну и пщэ далъхьэ Кавказым щыIэ урыс зауэлIхэм я дзэпщ генерал Эмануэль.
  • ЗэрегупсысахэмкIэ, гъуэгуанэм техьэнухэм зыщрачыну нэхъыфIу къалъытар Къэрэшей лъэныкъуэмкIэ укъикIыущ. Ар къыщIыхахам щхьэусыгъуэ иIэт: Къэбэрдейр Урысейм гухьагъэжьт, адрей адыгэхэри лъэпощхьэпо къахуэмыхъуным тращIыхьри… КъимыдэкIэ, Кавказ Ищхъэрэм уикIыу Абхъазым узэрыкIуэ хъун лъагъуэ нэхъ кIэщIхэр зыхуэзэр а щIыпIэм и къурш щхьэдэхыпIэхэрат. А Iуэхум щыгъуазэ тыркухэм я зекIуапIэр, абыхэм я лIыкIуэхэр Кавказ Ищхъэрэм нэхъ тыншу къызэрысыр, Iэщэхэр къызэрашэр а къурш щхьэдэхыпIэмкIэ щыпхыша лъагъуэхэрат. Абыхэм я щытыкIэхэри убзыхун хуейти… Iуащхьэмахуэ щыгу дэкIыным пыщIа Iуэхухэм лъэныкъуэ куэдкIэ егупсысахэт: ахэр ехьэлIат экономикэми, щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэми, альпинизмэми; Iуащхьэмахуэ къедза щIыпIэхэм къыщыкIхэр, узыщрихьэлIэ псэущхьэхэр зыхуэдэр убзыхуным, Балъкъ, Псыжь я къыщIэжыпIэхэр, бгы лъапэхэм щIэлъынкIэ хъуну зыхуагъэфащэ хъугъуэфIыгъуэхэр къэхутэным, нэгъуэщI къинэмыщIхэми.
  • Арат а гупым щIыхагъэхьар щIэныгъэлI, IэщIагъэлI зэмылIэужьыгъуэхэр. ЗекIуэр къызэзыгъэпэщахэр щымыуауэ къыщIокI: абыхэм Къэбэрдейми Къэрэшейми къыщагъуэтащ мывэ фIамыщI, дыжьын, бдзапцIэ, нэгъуэщI хъугъуэфIыгъуэхэри зыщIэлъ щIыпIэ куэд. Ауэ ящIа псом ящхьэу къыщIэкIар игъащIэм цIыхум и лъэ зытемыува Iуащхьэмахуэ щыгур къызэращтаращ.
  • Ар къызэхъулIари хэт? АдыгэлI Хьэшыр Чыларщ. 1829 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м сыхьэти 10-м Хьэшырым и гъусэу гъуэгу техьат щIэныгъэлIхэу Купфер, Ленц, Майер, Къэрэшейм щыщ Дудов Магомет сымэ, къэзакъ лIы тIощIи ящIыгъуу. Метр 4270-рэ якIуа нэужь, гъуэгур къатохьэлъэри, цIыху 23-м кърагъэзыхыж. АдэкIэ кIуэфыр Хьэшыр Чылар, Дудов Магомет, Ленц, къэзакъ Лысенков сымэщ.
  • АрщхьэкIэ Iуащхьэмахуэ щыгум нэмысыфу иужьреищми къагъэзэж. А насыпыр къызэхъулIар апхуэдэ гугъуехьхэм япсыхьа, къэзылъхуа щIыналъэм и бын пэж, лIыгъэшхуэ къызыкъуэкIа ди лъэпкъэгъу, къэзылъхуахэм я пщIэр Iуащхьэмахуэ елъэгэкIыу дуней псом щызыIэтыфа адыгэлI нэс Хьэшыр Чыларщ. Ар 1829 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м сыхьэти 10-м Iуащхьэмахуэ и къуэкIыпIэ щыгум нэсыфауэ щытащ.
  • А гъуэгуанэ хьэлъэр зэрызэпачам теухуауэ Купфер итхыжащ: «Чылар, — арат и цIэр а адыгэлIым, — дэ псоми нэхърэ а Iуэхум нэхъ хуэIэзэу къыщIэкIащ: пщэдджыжь щIыIэтыIэр къигъэсэбэпри, зи дунейр уэсылъэу зыхь гъунапкъэр дэр нэхърэ куэдкIэ нэхъ пасэу къызэринэкIащ. Ленц и иужьрей дыдэ къэувыIэпIэм щынэсам, Чылар къригъэзыхыжауэ щыгум къехыжырт. Абдеж уэсым ткIун щIидзакIэт. Мор уэс щтам тету къурш щыгу дыдэм нэсат… Ар зы сыхьэт псокIэ нэхъ щIэхыуи къэсыжащ ди гупым и хэщIапIэм. ЛIыгъэшхуэ зыхэлъ щакIуэжьти, абы а щIыпIэхэр фIыуэ ицIыхурт, лъагапIэхэм и щыпэдэкIтэкъым…».
  • Чылар зэрихьа лIыгъэр езым игъэщIэгъуэжу къыщIэкIынтэкъым: зи гъащIэр Iэхъуэу бгылъэхэм щезыхьэкI адыгэлIым апхуэдэ лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэхэр Iэджэрэ игъэунэхуакIэт. Абыхэм уесауэ, укъэзыухъуреихь дунейм и хьэрискхъуэрисхэм фIыуэ ущыгъуазэу щымытмэ, минрэ ущIэныгъэлIми, зыбгъэспортсменышхуэми, Брамтэ къуажэм (Вольнэ Аул) къыщалъхуа Хьэшыр Чылар ищIэфар къызэромыхъулIэнур белджылы къэхъуат дунейпсо альпинизмэм и ехъулIэныгъэхэм я къежьапIэу къэплъытапхъэ Iуэхур къыщыхъуа 1829 гъэм бадзэуэгъуэм и 22 махуэм.
  • А махуэр дунейпсо тхыдэм дыщэпскIэ хэзытха адыгэлIыр, ар къызыхэкIа лъэпкъыр ягъэлъапIэурэ, фэеплъ мыкIуэдыжынхэри хуащIащ, усэхэр, уэрэдхэр хузэхалъхьащ. Ди щIэныгъэлI Iэзэ, тхакIуэшхуэ Шортэн Аскэрбий и «Бгырысхэр» роман цIэрыIуэми хигъэхьащ Хьэшыр Чылар теухуа IыхьэфI.
  • Чылар и ужькIэ а лIыгъэзэхэгъэкIыпIэ дыдэм текIуэныгъэ къыщызыхьауэ щытари ди хэкуэгъу Соттаев Ахъиящ. Ауэ балъкъэр щIалэм ар къыщехъулIар 1868 гъэращ. Пэжщ, абы етIуанэуи зрепщыт Iуащхьэмахуэ и къухьэпIэ щыгум икIи и мурадыр къохъулIэ 1874 гъэм. Ари, Чылар ещхьу, щакIуэшхуэт. Хьэжэбажащэу къуршхэм, бгы лъапэхэм ит зэпытт. Абы и дежкIэ зырикIт уи уэсукхъуэри, уи уэлбанэхэри, уи жьапщэхэри. Соттаевым и лъэр зытемыува къурш щхьэдэхыпIи, лъагъуи, гъуэгуи щыбгъуэтынтэкъым а щIыпIэхэм, ауэ щыхъукIэ, ари хуэIэзэт къэзыухъуреихь дунейм и хьэлхэм, абыхэм уазэрыфIэкIыфыну Iэмалхэм. Езыр гъащIэм быдэу ипсыхьат, лIыгъэшхуи хэлъти, сытми тегушхуэрт.
  • Хьэшыр Чыларрэ Соттаев Ахъиярэ ядэплъейуэрэ, абыхэм зэрахьа лIыгъэр щапхъэ яхуэхъуурэ, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм спортсменыфI Iэджэ къахэкIащ. Абыхэм яхэтщ дуней псом, Европэм бжьыпэр щызыубыдахэр. А цIыху хахуэхэм къагъэлъагъуэ лIыгъэри зыкъомкIэ елъытащ дыкъэзыухъуреихь дунейм къытхилъхьэ гъэсэныгъэхэм, лIыгъэ зехьэным дыкъызэрыхуриджэм, дызэрипсыхьым. Апхуэдэ хэкIыпIэхэр нэсу къэгъэсэбэпын зэрыхуейм шэч хэлъкъым. Дэнэ лъэныкъуэкIи къикIыурэ, гъэмахуэ, щIымахуэ ямыIэу, Iуащхьэмахуэ лъапэ къокIуэ спортсмен цIэрыIуэхэри, лыжэхэмкIэ бгыхэм къыщыжыхьыным дихьэххэри, а спорт лIэужьыгъуэм зыхуэзыгъасэхэри. Дэ а псомкIи Алыхьыр къыщытхуэупсакIэ, щхьэ къэдгъэсэбэпын хуэмейрэ дыкъэзыухъуреихь дунейм къыдихьэлIэ фIыгъуэхэр? А Iуэхум тэмэму дыбгъэдыхьэу щытмэ, шэч хэлъкъым, дяпэкIи дэ Хьэшыр Чыларрэ Соттаев Ахъиярэ хуэдэхэр куэду къызэрытхэкIынум.
  • Пэжщ, спортым ехъулIэныгъэхэр къыщыпхьын, абы удихьэхын папщIэ, укъэзыухъуреихь дунейм узыхуригъаджэ, къыпхуищIэ къудеймкIэ Iуэхур зэфIэкIынукъым — узыншагъэ, гукъыдэж, зэIузэпэщу узыхэпсэукIын уиIэн хуейщ. ИтIанэщ уи мурадым уи Iэр техуэным псэемыблэжу ущыхущIэкъунури зи цIэ къитIуа нэхъыжьыфIхэм я гъуэгум адэкIэ щыпыпщэфынури. Абы щыхьэт техъуэ щапхъэхэр щыгъунэжщ ди деж.
  • Псалъэм папщIэ, Чыларрэ Ахъиярэ зэрахьауэ щыта лIыгъэр гъуазэ яхуэмыхъуамэ, Iуащхьэмахуэ щыгум мызэ-мытIэу къихутэу, итIанэ дуней псом щынэхъ лъагэ дыдэ Джомолунгмэ (Эверест) къуршым зрапщытыфыну пIэрэт илъэс 55-рэ зи ныбжь балъкъэр спортсмен лъэщ Ольмезов Абдул-Хьэлимрэ илъэс 28-рэ фIэкIа мыхъуа адыгэ бзылъхугъэ хахуэ Мэз Каринэрэ? Ахэри зи быныр ди лъахэ дахэращ, лъагапIэхэм щыщIэхъуэпсхэм деж гъуазэу, плъапIэу яIэр ди усакIуэхэм, сурэтыщIхэм я творчествэм щагъафIэ ди Iуащхьэмахуэ дахэшхуэращи, Ольмезовымрэ Мэзымрэ абы и щыгум илъэтыкIхэу Эверест къызэрытехутар ди лъэпкъхэр игъащIэ псокIэ зэрыгушхуэн ехъулIэныгъэщ. ДяпэкIи къытщIэхъуэну щIэблэм къыпащэн ухъу апхуэдэ текIуэныгъэхэм. АбыкIэ къигъэхъуапIэ, хъуэпсапIэ хъарзынэщ дыкъэзыухъуреихь ди дуней телъыджэр.
  • Тхьэгъэпсэу Анатолэ,
  • философие щIэныгъэхэм я кандидат, доцент.