ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Iуэху еплъыкIэ'

Чэрим Марианнэ: Зым хуэмыфI хьэдрыхэ кIуэркъым

2017-02-02

  • (КIэухыр. ПэщIэдзэр №№15 — 16-хэм  итщ).
  •  Удз гъэгъам жьы зэремызэгъым хуэдэу, зыIуплъэм и гуапэ ищIын хьэлыр зи лъым хэту къагъэщIа бзылъхугъэмрэ сабиймрэ зызыдрагъэкIун хуэмейм зытраухуэн хуей хъуху, ягухэр зэхэзехуэн мэхъу. Дин щэнхабзэм нэхъ щызекIуэр цIыхубзым и пщIэр хъума хъун папщIэ, езым и дахагъэр нэIурыт имыщIыныр зыукъуэдий гупсысэкIэрщ. Ауэ психологие и лъэныкъуэкIэ, езым и зыужьыныгъэм сыт нэхъ хуэщхьэпэр жыпIэмэ, гум дыхьэн IэкIуэлъакIуагъыр къыщимыгъэсэбэпыпхъэ утыку зэрыхъукIэ имыхуэнырщ.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ

Чэрим Марианнэ Зым хуэмыфI хьэдрыхэ кIуэркъым

2017-01-28

  • Сыту жьгъей дыщIэныкъуакъуэр!
  • ДизыгъэкIуэтри сыту ин!
  • Гъуэгу хуит пхызыш а къару лъэщым
  • ЗыпэщIэдмысэу зедгъэхьамэ,
  • Абрагъуэу дыздиузэщIынт.
  • ЗырикIщ зыIэрыдгъэхьэфахэр,
  • КъыдэхъулIахэм дагъэпуд;
  • Ямылъэгъуам, къызэрымыкIуэм
  • «ЗекIуэлI» дэ тхуэдэм фIимыщынт.
  • Рильке Райнер
  •  
  • Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэ цIыхури щIохъуэпс дунейм зэрытетам и нэщэнэ дахэ къызэринэкIыну. Арагъэнщ ехъулIэныгъэ щхьэкIэ зэпеуэныр дыпсэуху щIэдмыухыр. «ЖаIэнкIэ хъунум» адыгэм сыт щыгъуи мыхьэнэшхуэ ирет, и щIыхьыр зыIэт щытхъу игъэIуным къарууш-хуэ трегъэкIуадэ, мылъку хелъхьэ, щIакIуэкIапэ тоувэ, уеблэмэ псалъэм и гъэру къигъэщIа джэгуакIуэ факъырэм пщIэ лей хуещI.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ

Зыуэ щыт адыгэ тхыбзэр зэгъэпэщыным, анэдэлъхубзэр хъумэным ехьэлIауэ

2017-01-19

  •  Дуней псом икъухьауэ щыпсэу адыгэхэм я гуныкъуэгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ я адэжь       лъахэ зэримысыжымрэ къащIэхъуэ щIэблэм я анэдэлъхубзэр зэрафIэкIуэдымрэ. А IуэхугъуитIращ зэпхар лъэпкъыр адыгэ и цIэу дунейм къытенэныр е «мыпхуэдэ лъэпкъи щыIащ» къыхужаIэу тхыдэтххэм и гугъу ящIыжу фIэкIа и лъэпкъыщхьэ щымыIэжу хэкIуэдэжыныр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ

Унагъуэм и лъапIэныгъэхэр хъума зэрыхъунум егъэпIейтей

2016-12-07

  • Урысейм Анэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу, Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым зэIущIэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ унагъуэмрэ абы        и лъапIэныгъэхэмрэ жылагъуэ узыншэм лъабжьэ зэрыхуэхъум. Зэхыхьэр къыхилъхьащ икIи къызэригъэпэщащ «Молодёжь Кабардино-Балкарии выбирает!» зэгухьэныгъэм.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ

Иджырей таурыхъхэм я нэхъыбэм къашэр тхуэмыгъэзэкIуэжын зэраныгъэщ

2016-11-12

  • Адыгэр дымащIэ тIэкIущ. ДыщымащIэкIэ, лъэпкъым къытхэхъуэ дэтхэнэ сабийми ди лъапIэныгъэхэр къилъытэу къызэрыдгъэхъуным демылIалIэмэ, бжыгъэм къыхэхъуэми, лъэпкъым хэхъуэ димыIэу утыку дыкъинэнкIэ шынагъуэ къытлъэIэсащ. Адыгэ гупсысэкIэр, дуней еплъыкIэр, къыддэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр зыхилъхьэмэщ сабийр лъэпкъым къупщхьэ щыхуэхъунур. А псор абы зэрыпкърыхьэр псалъэкIэщ. Дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ цIыхумрэ зэпыщIа зэрыхъур апхуэдэущ — гупсысэм псалъэр фащэ хуохъу. Дыпсэлъэн зэрыхуейм дегъэгупсысэ, гупсысэр нэхъ IупщIу дунейм къытедгъэхьэн папщIэ, хуэкIуэ псалъэм долъыхъуэ, къыхыдох. Гупсысэр увыIэ имыщIэу зызыужь Iуэхугъуэщи, ар наIуэ зэрытщIыну псалъэхэмкIэ дыкъулеиныр Iэмалыншэ мэхъу. Абы ехьэлIауэ цIыхум иIэну ехъулIэныгъэр елъытащ и анэдэлъхубзэр зэрищIэм и фIагъым, псалъэхэм яхэлъ мыхьэнэр тэмэму къызэрыгурыIуэм, ахэр екIуу зэпищIэу зыхуей гупсысэр псалъэухам, тхыгъэм зэрыригъэзагъэм. Апхуэдэ фIагъ цIыхум и псэлъэкIэм, гупсысэкIэм хэлъын папщIэ, щысабийм къыщыщIэдзауэ адыгэбзэ курых зэхихыу къэгъэтэджын хуейщ.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ

КъБР-м и журналистхэр зыгъэпIейтей унафэ

2016-10-26

  • КъБР-м и Правительствэм и зи чэзу зэхуэсым къыщащта унафэм Интернетыр «къызэгуичу» псалъэмакъ кърикIуащ, ПечатымкIэ унэмрэ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэмрэ цIыхубэр къыщызэщIагъэстащ.
  • Псори зэгуагъэхьэ
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ

Дауэ адыгэ унэцIэхэр зэрытхын хуейр?

2016-07-22

  • УрысыбзэкIэ адыгэ унэцIэхэм ящыщ куэдыр зэратхыр сфIэмытэмэму илъэс зыбжанэ хъуауэ абы сыкIэлъоплъ, материал зэхузохьэс, унэцIэ щхьэхуэхэр щIызоджыкI, бзэ щIэныгъэм ипкъ иткIэ зэпкърызох, зызогъэзахуэ. Иджы мурад сщIащ абы кърикIуа си гурыгъу-гурыщIэхэмкIэ ди щIэныгъэлIхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ, журналистхэмрэ тхакIуэхэмрэ, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэм, ди лъэпкъ уардэм и къэкIуэнум игъэпIейтей дэтхэнэми садэгуэшэну. Зи гугъу щIыпхъэ псори зы тхыгъэм къыщызмыIуэтэф-ми, гу зылъыста зыбжанэм я щапхъэ къэсхьынщ.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ

ДызыхуэкIуэр тщIэркъым

2016-07-21

  • Урысей политикэм кIуэ пэтми уи нэгу къыщIегъэувэ зи ныбжь хэкIуэтахэм, ауэ «зызытыну» хуэмейхэм я дуней тетыкIэр: лъакъуэрыгъажэкIэ къэзыжыхьи нэгъуэщI спорт лIэужьыгъуэхэр къэзыгъэсэбэпхэри яхэтщ, ауэ щIалэгъуэм къыпхуегъэгъэзэжынукъым. Фегупсысыт: мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэ Iуэху къоблагъэ — Къэрал Думэм и депутатхэр хахынущ. Парт съездхэм ятеухуа хъыбархэр газетхэм тетщ. ПартыщIэхэр утыку къихьэну жаIэ. Кремлри япэщIэувэну къыщIэкIынкъым: иужэгъуащ утыку имыкIхэр. ЕупщI хъунущ Астаховым и щапхъэм тету: «Фылэжьащ. Фезэшакъэ?»
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ

Зауэм зеиншэ ищIахэр

2016-07-13

  • Хэку зауэшхуэр ди текIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 71-м щIигъуащ. Зауэ IэнатIэм Iутахэми лэжьыгъэм пэрытахэми лIыхъужьыгъэ ин зэрахьащ ТекIуэныгъэр къэхьынымкIэ. А зауэ угъурсызым насыпыншагъэ, къулейсызыгъэ куэд къытхуихьащ, нобэр къыздэсми абы и дыркъуэхэр гъащIэм хэгъуэщэжакъым.
  • Зауэм ижь зыщIимыхуа, абы имыгъэгуIа лъэпкъи унагъуи къэгъуэты­гъуейщ. Зауэр зэриухрэ илъэс куэд дэкIами, абы и узыр иджыри цIыхухэм йофыкI, ауэ ар псом нэхърэ нэхъ зытехьэлъэр зауэм фызабэ ищIахэмрэ абыхэм я бынхэмрэщ. Зауэр къыщы­хъеям Джэрмэншык къуажэр унагъуэ 200-м нэсу арат. Абы щыщ щIали 176-рэ зауэ IэнатIэм Iухьащ,  Хэкум папщIэ я псэр зауэлI 95-м ятащ. Зауэ бзаджэм фызабэ ищIащ цIыхубз 59-рэ, зеиншэу къигъэнащ сабии 127-рэ. Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ

Дэнэ деж къыщежьэр гуныкъуэгъуэр?

2016-03-12

  • Ди къэралым щIэблэ гъэса, псэ къабзэ къыщIэтэджэн папщIэ, лъэпкъ псоми анэдэлъхубзэ псалъэм и къарур нэсу къагъэсэбэпын хуейщ, анэбзэм и мыхьэнэр апхуэдизу куущ, цIыхум и зыузэщIыныгъэм епхащи. Зи цIыху бжыгъэр мащIэ лъэпкъхэм яIурылъ бзэхэм заужьынымкIэ мыхьэнэ ин иIэщ «Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм я IуэхукIэ» Законым. А хабзэращ нобэ къэралыр щызекIуэ бзэм теухуауэ зытет политикэм и лъабжьэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ

Адыгэпщ ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил

2016-01-19

  • Лермонтовым и «Исмэхьил-бей» поэмэм
  • къызэрыхэщымрэ  тхыдэм  къызэрыхэнамрэ
  • (КIэухыр.
  • ПэщIэдзэр №№1, 3, 5 — 6-хэм итщ).
  •  
  • ХьэтIохъущокъуэр езыр къэбэрдеипщт. Абы зэрихьэ псори унафэщIхэми пщым и Iуэхухэр щызэфIих щIыпIэр зи нэIэ щIэт 16-нэ къэзакъ шуудзэм и гарнизонми ящIэрт. И лъэпкъэгъухэр урысхэм жыIэдаIуэ яхуищIын папщIэ Бытырбыху кърагъэкIыжа пщым зэхищIыхьхэм Кавказым ис къулыкъущIэхэр зэгуигъэпырт. Пщыр зыми хуемыплъэкIыу и щхьэ и унафэкIэ псэурт, урыс дзэзешэхэм захуимыгъэлъахъшэу. Абы гурыщхъуэ хуащIырт урысхэм епцIыжауэ, а Iуэхум ипкъ иткIи нэхъыщхьэхэм бзэгу хуахь зэпытт. Мис, псалъэм папщIэ, Исмэхьил теухуауэ Булгаков-генералым и унафэщIхэм яхуитхыр:
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ

Адыгэпщ ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил

2016-01-14

  • Лермонтовым и «Исмэхьил-бей» поэмэм
  • къызэрыхэщымрэ тхыдэм къызэрыхэнамрэ
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №1-м итщ).
  • Урыс унафэм къэбэрдейхэм я гъащIэр хъуэжыкIафIэ зэримыщIар Лермонтовым и сатырхэми къагъэлъагъуэ:
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ

Адыгэпщ ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил

2016-01-12

  • Чэрим Марианнэ
  • Лермонтовым и «Исмэхьил-бей» поэмэм
  • къызэрыхэщымрэ тхыдэм къызэрыхэнамрэ
  • И сабиигъуэ насыпыфIэр
  • Адыгэм и гум щыщIеупскIэ,
  • И нэпсхэр имыубыдыжыфу,
  • ПлъапIэ иIахэм щегупсыскIэ.
  • ГубампIэр пIалъэкIэ мэункIыфI,
  • ГурыщIэ хьэлъэу Iуимыхуф
  • ФIэщIахэр хуэмурэ щхьэщокI,
  • И нэгум нэхур щызэблокI.
  • Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ

Урысейм Iей зыкъыхуащIыну хуейкъым

2014-03-20

  • Евросоюзым и Советым и зэIущIэм хэтахэм ящыщу зыри епIэщIэкIыркъым Урысейм и щIыбагъ хуигъэзэну, Урысейм хуэу­нэ­тIа санкцэ къахьыну. Уеблэмэ, зэхуэсыр щIимыдзэ щIыкIэ, Москва Кърымыр къызэрищтэжар зыфIэмыфI министрхэми  къыхагъэщащ ди щыхьэрым къыхуаIэ пы­щIэныгъэм ар ­зэран хуэхъуну зэрыхуэмейр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ

Дунейм тетым я Iыхьэ щанэр унафэ ткIийм щIэту мэпсэу

2014-03-06

  • Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я Къэрал департаментым тхылъ къыдигъэкIащ, 2013 гъэм цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъума зэрыхъуам теухуауэ. Абы ткIийуэ щызэпкърахащ я къэрал унафэр ягъэбыдэн папщIэ зи къулыкъухэр къэзыгъэсэбэп, оппозицэр зэхэзехуэн зыщI режимхэр.
  •   Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Iуэху еплъыкIэ

« Раньше