Зы тхыбзэ диIэну дыхуеймэ
2022-06-02
- ЦIыхум и гупсысэр дамыгъэ гуэркIэ тхылъымпIэм зэрытрилъхьэн щIэныгъэм щIэхъуэ-псыныр адыгэхэм я деж зэи щызэпыуауэ къыщIэкIынукъым. Абы и щыхьэтщ Урыс-Кавказ зауэр и гуащIэгъуэу щекIуэкIым адыгэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ итхауэ щыта мыпхуэдэ псалъэхэр: «… къэхъунщ зэман бгырыс мыгъасэм и гум гурыщIэ телъыджэр — гъащIэр зыгъэнэхур — щIэныгъэм хуэпэбгъэныр къыщылыдыну, къэсынщ дэркIи сыхьэт, псоми дэ щIэныгъэм, тхылъым, тхэным зыщеттын».
- Адыгэбзэм тхыгъэ егъэгъуэтынымкIэ япэ лъэбакъуэхэр зычахэм ящыщщ Хъанджэрий СулътIан, Бырсей Умар, Услар Пётр, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Лопатинский Лев, Фанзий Мэжид, ЦIагъуэ Нурий, ЩэрэлIокъуэ Талъостэн, Яковлев Николай, нэгъуэщIхэри. Щхьэхуэу къыхэгъэщыпхъэщ хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэми алфавит зыбжанэ зэхагъэувауэ зэрыщытар, псалъэм папщIэ, 1909 гъэм хьэрып хьэрфхэр къигъэсэбэпри, адыгэ-бзэ алфавит Мысырым щызэхилъхьэгъащ Хуажэ Мухьэмэд. А гъэ дыдэм, хьэрып графикэм тету, дохутыр Пчэгъэтлыкъуэ Мухьэмэд Тыркум щызэхилъхьащ адыгэ алфавит. 1910 гъэм, латин графикэм тету, абы алфавит етIуанэри зэхигъэувауэ щытащ. Бланэкъуэ Бэтокъу, латин графикэр и лъабжьэу, зэхилъхьа азбукэр 1918 гъэм Истамбыл щытрадзащ. Абы а алфавит дыдэмкIэ «Адыгэ бзэхабзэ» зыфIища тхылъыр 1939 гъэм Сирием къыщидигъэкIыгъащ. Зи гугъу тщIахэм адыгэбзэм и алфавит зэхалъхьэу, я гуащIэкIэ тхыгъэ гуэрхэр традзауэ щытми, а гупсысэ пэрыт зиIэ цIыхухэм къатIа щIэныгъэ псынэм къыщIэжа псым и псыпэр жыжьэ нэсауи, лъэпкъым къыхуежэхауи пхужыIэнукъым, сыту жыпIэмэ, а щIэныгъэ псынэ цIыкIур псынщIэ дыдэу, къибыргъукIыну хунэмыс щIыкIэ, ягъэгъужащ.
- Адыгэ тхыбзэм къикIуа гъуэгуанэр кIыхьу щымытми, тхыдэ хьэлэмэт иIэщ. Ар нэхъапэу урыс хьэрфхэр зи лъабжьэ алыфбейм зы илъэс хуэдизкIэ тетащ. 1920 — 1923 гъэхэм ди алфавитыр хьэрып хьэрфхэм къытращIыкIауэ щытащ. 1923 — 1936 гъэхэм диIа адыгэбзэ алфавитым и гъэпсыкIэ хъуауэ щытар латин графикэращ, ауэ ари, зыбжанэрэ зэрагъэзэхуэжа пэтми, къемызэгъыщэу къалъытащ адыгэбзэм, хьэрфхэм тегъэтIысхьэ, щIэгъэтIысхьэ куэд зэриIэм къыхэкIыу. 1936 гъэм, партымрэ правительствэмрэ я идеологием зыхуагъэщхъ мыхъумэ, нэгъуэщI щхьэусыгъуэшхуи имыIэу, адыгэ алфавитыр, тхыбзэ зыгъуэтагъащIэ нэгъуэщI лъэпкъ цIыкIу куэдми я хьэрфылъэм хуэдэу, урыс графикэм баштекъузэкIэ трагъэхьащ. Зэ зэрагъэзэхуэжауэ щытами, апхуэдэ щIыкIэкIэ къащта урыс алфавитырщ иджы къэса ди тхэкIэр зытетыр.
- Илъэс 80-м нэблэгъауэ урыс алфавитым тет ди тхэкIэр зэзыхъуэкIыну хуейхэр куэд хъуащ. Пэжщ, апхуэдэхэм адыгэбзэм и макъзешэхэмрэ макъ дэкIуашэхэмрэ зэхэзымыгъэкIыф, бзэщIэныгъэм пэжыжьэ куэди яхэтщ икIи къагъэлъагъуэ проектхэм я нэхъыбэр щIэныгъэ лъабжьэ зимыIэщ. Абыхэм зыкIи къафIэIуэхуркъым алфавитыр хъуэжыным зэраныгъэшхуэ къызэришэнур, адыгэбзэкIэ еджэ цIыхухэм я бжыгъэм зэрыкIэрыхунур, къыдэкIауэ щыIэ тхылъ куэдым къытщIэхъуэ щIэблэр къызэремыджэжыфынур. Абы и щыхьэтщ ЦIагъуэ Нурий и «Адыгэ тхыдэм», хьэрып алфавиткIэ тхам, нобэ дыкъызэремыджэжыфыр, 1923 — 1936 гъэхэм латин графикэм тету къыдагъэкIа тхылъхэр библиотекэхэм щахъумэми, иджырей адыгэхэм я дежкIэ а тхыгъэхэр зэрыкIуэдар.
- Иджырей адыгэ алфавитыр хъуэжын хуейуэ къэзыгъэувхэм ящыщ куэдым адыгэ псоми я зэхуэдэ зы алфавит, зы литературэбзэ щIыным нэхъ трагъэчыныхь. ЗанщIэу жытIэнщи, а Iуэхур нобэ къежьа хъуэпсапIэкъым икIи гупсысэкъым. Дигу къэдгъэкIыжынщи, 1925 гъэм Ростов къалэм, 1926 гъэм Кисловодск, 1928 гъэм Налшык щызэхэтауэ щытащ зэлъапсэгъуу щыт къэбэрдей-шэрджэсыбзэм, адыгеибзэм, абхъазыбзэм я алфавитхэр зэщхь щIыным теухуа конференцхэр, ауэ щэнейрэ а Iуэхум къытрагъэзэжами, ди тхыбзэм зегъэужьынымкIэ, адыгэхэм зы литературэбзэ диIэнымкIэ ар Iэмал гъуэзэджэу щытами, щIэныгъэлIхэр зэгурыIуэркъым.
- 1999 гъэм а Iуэхур ипэкIэ игъэкIуэтэну яужь итащ Къумахуэ Мухьэдин. Абы 1999 гъэм адыгэбзэмрэ адыгеибзэмрэ я тхыбзэхэр нэхъ зэгъунэгъу зыщI проект игъэхьэзырат. Адыгэ бзэщIэныгъэлIхэм абы теухуауэ Налшык щрагъэкIуэкIа зэIущIэм ар IэгуауэкIэ къащтами, ди жагъуэ зэрыхъущи, а проектми нобэр къыздэсым гъуэгу игъуэтакъым. Щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэри зи гугъу тщIа проектыр адыгейхэм къызэрамыщтарщ.
- Нобэ адыгэ бзэщIэныгъэм елэжьхэм ди къалэн нэхъыщхьэр зыхуэунэтIауэ щытын хуейр, дэ дызэреплъымкIэ, ди алфавитыр зэхъуэкIын Iуэхуракъым, атIэ адыгэбзэмрэ адыгеибзэмрэ я тхыбзэхэр нэхъ зэгъунэгъу зэрытщIынырщ, абы ещхьу хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я алфавитри (кириллицэм тету) зэхэгъэувэнырщ. Апхуэдэ фIыщIэ жыгыр, зыгуэрхэм тIэкIу къехьэлъэкIыIуэми, дызэгурыIуэфрэ тхухэсэмэ, абы къыпыкIахэр къытщIэхъуэ щIэблэм къахуэщхьэпэнщ, адыгэ лъэпкъыр зы дыхъужынымкIи дэIэпыкъуэгъуфI къытхуэхъунщ.
- Пэжщ, апхуэдэ дэIэпыкъуэгъур языныкъуэхэм (хэкурыс зыбжанэм хамэ къэрал щыпсэу куэди яхэту) латин графикэм тет зы адыгэ алыфбей диIэным трагъащIэ, ауэ, занщIэу жытIэнщи, ар щхьэгъэпцIэж къудейуэ аращ, зыщIэн зымыщIэж цIыхум къиуэршэр хъыбарым и мыхьэнэм нэхъыбэ имыIэу. Апхуэдэхэм адыгэ алфавитым и тхыдэмрэ къикIуа гъуэгуанэмрэ дерс къыхахыпхъэт. Зи гугъу тщIыр алфавит зэхъуэкIыным зэраныгъэ куэд пыщIауэ зэрыщытырщ. Япэрауэ, иджырей ди тхыбзэмкIэ къеджэмрэ тхэмрэ алфавитыщIэр зрагъэщIэжынукъым. ЕтIуанэрауэ, иджырей алфавитымкIэ къыдэкIа тхыгъэ телъыджэхэр пщэдейрей щIэблэм яфIэкIуэдынущ. Ещанэрауэ, ди тхыбзэр зэзыгъэщIауэ хамэ щIыпIэхэм щыпсэу цIыхухэм егупсысыпхъэщ. ЕплIанэрауэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэущ иджырей адыгэ алфавитыр зыщIэр урысыбзэкIи къызэреджэфыр. Псом нэхъыщхьэращи, хэт сыт жиIэми, иджырей къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ адыгеибзэмрэ латин графикэм зэрыпхутегъэхьэжын къару нобэ щыIэкъым, ар зэрамыдэнумрэ апхуэдэ хуитыныгъэ къозыт хабзэрэ ди къэралым зэрыщымыIэм я гугъу умыщIыххи. Илъэс зыкъом япэкIэ тэтэрхэми ягугъат, кириллицэм къытекIыу, латин графикэм техьэну икIи абы ехьэлIауэ унафэ зыбжанэ къащтауэ щытащ, ауэ а мурадыр къэрал унафэщIхэм я деж зэрынэсу къэщэщэжащ.
- Тыркум, Иорданием, Сирием, Израилым щыпсэу адыгэхэм я алфавитыр латин графикэр и лъабжьэу зэхэгъэувамэ, бзэм и зыужьыпIэ лъагъуэм техьэжыфыну къызыфIэщIи щыIэхэщ. Апхуэдэхэм къагурыIуэркъым латин хьэрфхэр зи лъабжьэ алфавитым и хьэсэпэр зэрыкIэщIыр икIи ар зи бзэм хуеиж дэтхэнэ зы адыгэми зэхищIыкIыпхъэщ. Бзэр щIызэрагъащIэр къагъэсэбэпын щхьэкIэщ. Адыгэбзэр хамэ къэралхэм зэкIэщIэпхъауэ идза хъуа адыгэхэм пщэдей къагъэсэбэпыфын папщIэ къахуэнэжыр хэкужьым къинахэм я тхыбзэр зэрагъэщIэнырщ. Шэч хэмылъу, кириллицэм тет адыгэ тхыбзэр хамэ щIыпIэм къихута адыгэ щIэблэм нэхъ тыншу къащтэн папщIэ къэбгъэсэбэп хъунущ латин транскрипцэр, ауэ зыщыгъэгъупщэн хуейкъым, лъэпкъыр я бзэм хуеижу щытмэ, адыгэу дуней псом щикъухьа хъуар дризэгурыIуэу зы литературэбзэ, зы тхыбзэ диIэжынумэ, гугъапIэуи хъуэпсапIэуи къытхуэнэжыр иджырей адыгэ тхыбзэрауэ зэрыщытыр.
- ЕпщыкIуханэ лIэщIыгъуэм псэуа лIы Iущ цIэрыIуэ гуэрым цIыхубэм ягу къипсэлъыкIыу жиIэгъат: «ИщхъэрэкIэ щыIэ тафэ щIыIэхэм къикIынурэ Къэбэрдейм зы цIыху лъэпкъ гуэр къихьэнущ. Абыхэм я щхьэцыр хьэуазафэу, я пэр тIейуэ, я нэр уафэкъабзафэу щытынущ… Ахэр (урысхэр), дэ къытхэсу, ди щIы кIапэм щыпсэунущ. Ди фызхэмрэ абыхэм я фызхэмрэ кхъузанэ хьэху зэIахыу щытынущ. Абыхэм (урысхэм) защывмыдзей, фи хэку дахэр фымыбгынэ. А лъэпкъымрэ (урысхэмрэ) Бахъсэнрэ зымыбгынэр жылагъуэу къызэтенэнущ». Акъылышхуэрэ гупсысэ куурэ зыхэлъ а псалъэ пэжхэр жызыIа лIы Iущыр, зэрыхуагъэфащэмкIэ, БжьыхьэлI Лиуанщ.
- УнэлIокъуэ Вячеслав,
- Филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м и доцент.