ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Щхьэусыгъуэ щыIэн хуейкъым

2018-02-27

  • Иджырей зэманым нэхъ ухэзыгъаплъэ Iуэхухэм ящыщщ адыгэ хабзэмрэ бзэмрэ унагъуэхэм екIуу зэрыщызэрамыхьэжыр. Зи лъэпкъым зи гур хуэуз цIыхур, шэч хэмылъу, абы ирогузавэ икIи апхуэдэ щытыкIэр щилъагъукIэ, Iэмал къыхуигупсысыну яужь йохьэ.
  •  
  • Пэжщ, я бзэр лъэныкъуэ ирагъэзын хуей щIэхъум Iуэхугъуэ куэд пыщIащ, абы и щхьэусыгъуэхэр етшажьэкIэ, зы тхыгъэ цIыкIум къыпхуигъэзэгъэнукъым. Ауэ сэ сыкъызытеувыIэнур щIалэгъуалэм ядэслъагъу щытыкIэрщ. Бзэр къызытехьэлъэ е къызыгурымыIуэххэ цIыкIухэм яфIэфIу яджынущ, ауэ адэ-анэ куэд абыхэм япэщIоувэ, ар пщIэным е бджыным мыхьэнэ лъэпкъ имыIэу къалъытэу.
  • Сабийр адыгэбзэкIэ зэрымыпсэлъэфыр, ар зэримыщIэр нэхъыбапIэм егъэджакIуэхэм хуахь. Ауэ ар сэ тэмэму къэслъытэркъым. ЕгъэджакIуэм сабийр япэ классым щIэсущ зэрыIэрыхьэр, абы и пэкIэ щхьэ имыщIарэ абы и бзэр? Сэ къызэрысщыхъумкIэ, ар къыщожьэ унагъуэм, адэ-анэм я деж. Бзэр къыгурыIуэмэ, ирипсэлъэфмэ, шэч хэлъкъым, егъэджакIуэм адыгэ литературэкIи, щэнхабзэкIи, гъуазджэкIи, нэгъуэщI лъэныкъуэ куэдкIи сабийм зэрызригъэужьынум. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, адэ-анэ куэдым къащохъу сабийм урысыбзэ ищIэнымкIэ адыгэбзэр зэран хъууэ. Ауэ щIэныгъэлI, философ цIэрыIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зи бзэр тэмэму зыщIэхэрщ хамэбзэхэри фIыуэ къэзыщтэфыр.
  • Адыгэ хабзэхэр цIыхум IэщIыб ящI, нэгъуэщI лъэпкъхэм я хабзэхэр щIэщыгъуэ яфIощIри. Зэман докIри, а щIэщыгъуагъри псынщIэу яужэгъу. «Узыдэмыхьа къуэладжэ лы дэзщ», — жеIэ адыгэ псалъэжьым.
  • Уи гур хэзыгъахъуэ Iуэхугъуэхэми нобэ дыщыIуощIэ. Иджырей щIалэгъуалэм куэд къахокI, си лъэпкъ, си бзэ, си хабзэ жызыIэхэр. Абы и щыхьэтщ ныбжьыщIэ куэдым лъэпкъ Iуэху зэрахуэу зэрыхуежьам. Псалъэм папщIэ, я лъэпкъ тхыдэм ироплъэж, лIакъуэ жыгхэр зэфIэзыгъэувэжу тхылъу къыдэзыгъэкIыжыну езыкухэри мащIэкъым. Ар IуэхуфIу къызолъытэ. Адэ-анэ куэдми я бынхэр адыгэ къафэхэм хуагъасэ, пшынэ, шыкIэпшынэ гупжьейхэм ягъакIуэ. Къежьэжауэ, щIалэгъуалэм адыгэ фащэхэр я хьэгъуэлIыгъуэхэм деж щатIагъэ.
  • Сэ къысщохъу адыгагъэм, адыгэ хабзэм щIапIыкIа сабийм цIыху тэмэм къыхэкIыну. Абы хущIегъуэжа щыIэуи си фIэщ хъуркъым.
  • Ди хэкур жэнэт щIыналъэщ, ди хабзэм хуэдэ дуней псом яIэкъым, ди цIыхухэр дахэщ — ахэр шэч зыхэмылъщ. Дэ къытхуэнэжыр зыщ — ди нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэна ди бзэмрэ ди хабзэмрэ тхъумэжынырщ.
  • АПАЖЭ Мухьэмэд, студент.