ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъ Iей щыIэкъым

2022-10-08

  • Совет Союзыр зэрыкъутэжрэ илъэсым щынэблэгъа 1992 гъэм, бжьыхьэм, IуэхукIэ сэ сыкIуэн хуей хъуат Украинэм, нобэ ди нэгу щIэкI гузэвэгъуэхэр щынэхъ куу щIыналъэм. Ар мы къэралыгъуэщIэм и къухьэпIэ лъэныкъуэм хиубыдэ Ровно къалэрт. Абы дынэсын ипэ къихуэу дэ зыщытIэжьэн хуей хъуащ гъунэгъу Беларусым, Столин жылагъуэм. Къэралыгъуэшхуэм хэтауэ щхьэхуэ зызыщIахэм я цIыхум ядэслъэгъуахэмкIэ сыхуейт «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм сывдэгуэшэну. Си гугъэщ ар гъэщIэгъуэн фщыхъуну.

  • Дызэрыщыгъуазэщи, цIыху Iей щыIэкъым, щыIэр дунейм къытехьа сабийм гъэсэныгъэ мыхъумыщIэ бгъэдэзылъхьэхэмрэ абы къыхэкIыуи гъуэгу пхэнж тезыгъэувэхэмрэщ. Хэт игугъэнт, Хэку зауэшхуэм, мелуан 27-м зи псэр щызытахэм, бжыгъэншэу ныкъуэдыкъуэ ищIахэм, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым къыхэкIауэ, зэкъуэту, лIыхъужьу зэуахэм я бынхэмрэ абы я быныжхэмрэ нобэ IэщэкIэ зэпэщIэувэу лъы ягъэжэну?
  • Дызэрыгушхуэ, дызэрыпагэ СССР къэралышхуэр тIэщIэкIри, бийм и фащэмрэ щэнымрэ зыфIэкъабылхэмрэ щхьэхуэфI гупсысэкIэ зиIэхэмрэ 90 гъэхэм, зэрытщIэжщи, я бжыгъэр куэдыкIей хъуат. «Щхьэж и унэ бжэн лъакъуэ» жыхуиIэм хуэдэу зэбгрылъэлъа республикэхэм я нэхъыбапIэм зи лъэпкъым епцIыжу ныбэизыгъэр ищхьэу къэзылъытахэр, дыгъуэгъуакIуэхэр щытепщэ хъуат.
  • Дауэ иджы зэрыбгъэщIэгъуэнур фашист гупсысэм техьахэр куэд зэрыхъуар, лъыгъажэмрэ гущIэгъуншагъэмрэ зэрыхуэкIуар. Ауэ, ди гуапэ зэрыхъунщи, цIыху щыпкъэхэр, зи Хэкум емыпцIыжа нэхъыжьыфIхэмрэ абыхэм къащIэхъуа щIэблэ телъыджэмрэ, гъащIэм къызэригъэлъэгъуащи, куэдыкIейщ.
  • Апхуэдэ цIыху зэмылIэужьыгъуэхэу Беларусымрэ нэхъыбэу дыздэщыIа Украинэм и къухьэпIэ щIыналъэмрэ щыслъэгъуамрэт зи гугъу фхуэсщIыну гукъэкIыжыр зытеухуар.
  • Столин къалэ фэтэр къыщыслъыхъуэрт. СызэупщI цIыхухэр гуапэт, къызэрыгуэкIт, куэд щIауэ сыкъацIыху фIэкIа умыщIэну. ГъэщIэгъуэнрати, машинэ лъэпIей иси зэщыхуэпыкIаи, зэфIэнэ-зэзауи мыбы щыслъэгъуакъым. Апхуэдэу щIыщытыр иужькIэ къызгуригъэIуащ сыщыпсэуа пэшыр зей унэгуащэм. Ар сабийуэ зауэр зи нэгу щIэкIа, зи адэр абы хэкIуэдахэм ящыщт. Егъэлеяуэ цIыху гуапэт икIи щэныфIэт.
  • ТхьэмахуэкIэ Столин сыдэсауэ сыщежьэжынум, сэ абы сеупщIащ: «Дапщэ ахъшэу уэстын хуейр?» — жысIэри. Нобэр къыздэсым сщыгъупщэжкъым а Беларусым щыщ унэгуащэм жиIар: «Сом фIэкIа цIыхугъэ щымыIэжу ара? Сэ укъызыхэкIа адыгэ лъэпкъым теухуауэ сымыщIэ хъыбар, тхыдэ гъэщIэгъуэн куэд себгъэдэIуащ, къэзбгъэщIащ. Абы нэхъ уасэ сэ сыхуей?»
  • Сигу къинэжащ а къалэм дэсхэр щIэгуапэм, цIыху къызэрыгуэкIыу щIыщытым лъабжьэ хуэхъуар. Унэгуащэм зэрыжиIэжамкIэ, мыбы щекIуэкIа зауэ лъыгъажэмрэ гъеймрэщ.
  • АдэкIэ сыхуейт сыкъытеувыIэну тхыгъэр нэхъыщхьэу зыхуэгъэпса Украинэм щыслъэгъуам.
  • Ровно — областым и щыхьэр къалэщ. Урысейм къызэрыхыхьэрэ илъэс щитIрэ ныкъуэм нэблэгъащ. 1921 гъэм Рижскэ зэIурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ мы щIыналъэр Польшэм хыхьауэ щытыгъащ.
  • 1939 гъэм щыщIэдзауэ Украинэм и область центру 1991 гъэ пщIондэ къекIуэкIащ.
  • Мыбы бжыгъэкIэ щынэхъыбэт урысхэр, журтхэр, украинхэр, беларусхэр, мымащIэу щыпсэурт Польшэм, Венгрием, Румынием щыщхэри.
  • Дэнэ щIыналъи хуэдэу, тыншу икIи хьэрэмагъ я зэхуаку дэмылъу, лъэпкъ зэхэгъэж щымыIэу мамыру мыбы щыпсэурт цIыху къызэрыгуэкIхэр. КIэщIу жыпIэмэ — дахэу, цIыхугъэр япэ ирагъэщу. Ауэ, СССР-у щыта къэралыгъуэшхуэм и дэнэ щIыпIи хуэдэу, дыгъуасэ зэкъуэшу, зэныбжьэгъуу, зэгъунэгъуфIу щытахэм я нэхъыбапIэр хуэм-хуэмурэ бийм и псалъэм зэгурымыIуэж, зэныкъуэкъу, зэхуэхамэ ищIащ.
  • «Нобэми пщэдейми зызыщIэфкъуи фи Урысейм вгъэзэж, къызэрыджаIэнум шэч къытесхьэркъым». Ар зи псалъэр мыбы къыщалъхуа, къыщыхъуа, пенсэм кIуэху школым сабийхэр урысыбзэм щыхуезыгъэджа, фэтэр къыдэзыта унэгуащэрт. А нэхъыжь Iущым и нэкIэ илъэ- гъуа хуэдэт нобэ ди нэгу щIэкIыр. Тхьэгурымагъуэ жыхуэпIэн хуэдизт.
  • Ровно къалэм и уэрамхэм иджыри куэд мыхъуми сащыхуэзат урысыбзэкIэ сызэупщIар убжьытхэу къыщызжьэхэлъаи, къызэбгаи, нэгъуэщI псалъэ фIейхэр къызэжьэдэкIаи. Ауэ, дапхуэдэу щытами, хэт игугъэнт Iей зигу илъхэр бжыгъэкIэ мащIэми, куэд дэмыкIыу Украинэм и къухьэпIэ щIыналъэм тепщэ щыхъуну, цIыхубэр зауэ лъыгъажэм хуашэну.
  • МафIэгум сису сыкъыщыкIуэжым гъусэ къысхуэхъуа, лъэпкъкIэ украин, дзэ офицер щIалэм си нэгу щIэкIахэр щыхуэсIуатэм, дыхьэшхри жиIэгъат: «Апхуэдэу мыхьэнэшхуэ зэпт мыхъунщ ар: цIыхухэри сабырыжынщ, ипэхэми хуэдэу, псори зэфI хъужынщ, лъэпкъ, республикэ зэбгырыжахэри зэкъуэувэжынщ. Абы нэхърэ нэхъыфIщ шэджагъуашхэ къыздэщIи».
  • Ерыскъы берычэт Iэнэм къытрилъхьэу, нэщхъыфIэу, гушыIэу, хъыбар гъэщIэгъуэн куэд къызжезыIэжа украин щIалэ бжьыфIэм и фIыщIэкIэ гъуэгуанэри нэхъ тынш сщыхъуат, зэманри псынщIэу блэкIат.
  • «Iей мыхъу фIы хъужкъым»,- жаIэ. Шэч хэлъкъым, пцIым лъакъуэ зэрыщIэмытым, пэжым бжьыпэр иубыдыжу мамырыгъэмрэ цIыхугъэмрэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрызэкъуагъэувэжынум. Ар уи фIэщ зыщI цIыху хьэлэмэтхэм, акъылыфIэхэм я бжыгъэр зэрыкуэдым гушхуэныгъэ къуимыту къанэркъым.
  • Шафий Аслъэн.