ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Анэдэлъхубзэм и IэфIыр

2022-06-29

  • Иджырей лъэхъэнэу жыджэру экономикэм, жылагъуэм, политикэм зэхъуэкIыныгъэ куухэр къыщыхъум, псэлъэкIэр, стилистикэр сабийхэм егъэщIэныр егъэджэныгъэм и зы къалэн нэхъыщхьэу къоув. ЖыпIэ хъунущ, Интернетым сабийм и къэухь, и бзэ сытхэм зригъэужьу, ауэ ар пэжым и хэкIыпIэу къапщтэ хъуркъым. Интернетым, радиом, телевиденэм узыщрихьэлIэ текстхэр, псэлъэкIэхэр, псом япэу, стилистикэ и лъэныкъуэкIэ, удызэхьэхыну щыткъым. А Iуэхугъуэхэм епха и гупсысэхэмкIэ «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм нобэ къыддогуашэ Хъыжьырокъуэ (Батырдэгу) Лерэ.

  • КъБКъУ-м адыгэ филологиемкIэ и магистратурэр мы гъэм ехъулIэныгъэкIэ къиухащ Лерэ. Ар илъэс 15-м нэсауэ щолажьэ Бахъсэн дэт прогимназие №4-м (унафэщIыр Джэрыджэ Аидэщ). IуэхущIапIэм и гъэсакIуэ пэрытхэм ящыщ Лерэ ди анэдэлъхубзэмкIэ дерсхэри IэкIуэлъакIуэу ирегъэкIуэкI. ЩIэблэм я унэтIакIуэ гумызагъэм и мащIэкъым Iуэху еплъыкIэщIэхэмрэ жэрдэмыщIэхэмрэ. АбыхэмкIэ Лерэ ди газетым и щIэджыкIакIуэхэм  ядогуашэ:
  • Сабийм и бзэм зегъэужьыныр, стилистикэ и лъэныкъуэкIэ жыпхъэ тэмэм егъэгъуэтыныр егъэджакIуэм и пщэм дэлъ къалэнхэм ящыщщ. ЕджакIуэм и къэхутэныгъэ лэжьыгъэр щригъэкIуэкIыфынур езым и акъылыр, и бзэр ирикъуу игъэнщIыфа нэужьу зэрыщытыр илъэс куэдкIэ къэрал егъэджэныгъэ системэм курыхыу щыпхыкIыу щыта гупсысэщ. Абы къыхэкIкIэ, егъэджакIуэхэм сабийм зыгуэр кърагъэхутэну, къыщIрагъэгъэщыну иужьи ихьэххэртэкъым. Къэхутэныгъэ бгъэдыхьэкIэр иджырей лъэхъэнэм къыбгурыIуэ хъунукъым хэхауэ зы щIэныгъэ гуэрым нэмыщI емыпхауэ лэжьыгъэхэр ебгъэкIуэкIын хуейуэ, е щIэныгъэ лэжьакIуэхэм фIэкIа ар нэгъуэщIым ягъэзащIэ мыхъуну. Къэхутэныгъэ лэжьэкIэр дэтхэнэ зы цIыхуми хуэгъэзэщIэн хуей Iуэхугъуэщ, уеблэмэ, ар и гъащIэм щыщ Iыхьэу щытыпхъэщ. Къэхутэныгъэ егъэджэкIэм куэду елэжьа щIэныгъэлI, методист Скаткин М. Н., Лернер И. Я. сымэ мыпхуэдэ егъэджэкIэм ейуэ Iыхьитху къыхагъэкIырт:
  • — къыгурыбгъаIуэурэ ебгъэлъагъун;
  • — езы еджакIуэм жиIэжыфын;
  • — щажепIэкIэ, проблемэу яхуэбгъэувын;
  • — зэрыIуэхугъуэу мыхъуу, абы щыщ гуэр къахутэжын хуейуэ;
  • — къэхутэкIэ.
  • Япэ Iыхьэм деж еджакIуэм щIэныгъэ хьэзырыр бгъэдэплъхьэу удэлэжьэн хуейщ. Мы бгъэдыхьэкIэм мылъкуи зэмани куэду текIуадэркъым, ауэ фIагъыу хэлъри мащIэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, практикэ и лъэныкъуэкIэ сабийм зыужьыныгъэ пхуетыркъым. Мыбдеж еджакIуэм щIэныгъэ хьэзыр щыIэр къызэригъэсэбэпыфын къудейр къыщещIэ.
  • ЕтIуанэ Iыхьэм деж сабийм игъуэта щIэныгъэ хьэзырыр къеIуэтэжыф, теорие и лъэныкъуэкIэ игъуэта гурыIуэгъуэхэр зыхещIэ.
  • Ещанэ Iыхьэм деж сабийм проблемэ хуэбгъэувын хуейщ. Псалъэм папщIэ, теорием и гугъу хуумыщIу, практикэ лэжьыгъэ и пащхьэ ибогъэувэри, езым абы и хэкIы-пIэ къыхуэгъуэтмэ, уоплъ.
  • ЕплIанэ Iыхьэм деж теорие и лъэныкъуэкIэ щыIэм и зы Iыхьэ нэхъ бгъэдумылъхьэу, практикэр къигъэсэбэпурэ езым а бгъэдыхьэкIэр и кIэм негъэсыж.
  • Етхуанэ Iыхьэм деж сабийм езыр-езыру щIэ гуэрхэр къехутэ. ЕгъэджакIуэм абы упщIэ къудейр хуегъэув, мыбдеж егъэджакIуэр дэIэпыкъуэгъу хъу къудейщ. Практикэ, теорие и лъэныкъуэкIэ щIэ гуэрхэри жриIэркъым, ауэ къигъэсэбэпыпхъэхэмкIэ чэнджэщ ирет, гъуэгу зэрыкIуэн хуеймкIэ  еунэтI. ЕджакIуэм къихутэн хуейуэ ират темэр зэи зэхихауэ щымыта-ми, зэгуэр щыгъуазэ зыхуэхъуауэ щытми хъунущ.
  • Къэхутэныгъэ егъэджэкIэр убзыхуныр Iыхьэ зыбжанэу зэхэлъщ:
  • Къэхутэныгъэм и темэр убзыхун, темэр, зытетхыхьынур убзыхун. Мыбы и лъэныкъуэкIэ темэр зытеухуар. Ар гъащIэм хэту зэрыщытым мыхьэнэшхуэ иIэщ.
  • Проблемэ щыIэр убзыхун. ЕджакIуэм и пащхьэм проблемэхэр, упщIэхэр ирагъэувэ. Темэр актуальнэу щIыщытыр гурагъаIуэ, абы щIэуэ хэплъхьэ хъунум и гугъу ящI.
  • ЕплъыкIэр къэгъэлъэгъуэн. ЕгъэджакIуэр и гъусэу еджакIуэм къегъэлъагъуэ Iуэхум еплъыкIэ хуэбгъуэт хъунур.
  • Зэджапхъэ, къигъэсэбэпыпхъэ литературэм, нэгъуэщI лэжьыгъэ гуэрхэм и гугъу ящI, ахэр яубзыху. Мыр зы сабийми, гуп псоми ядебгъэкIуэкI хъуну Iуэхугъуэщ.
  • Лэжьыгъэм ехьэлIауэ щыIэ псори зэхуэхьэсауэ илъэс къыщыдэкIа, дунейм къыщытехьа елъытауэ зэхэдзын. Къызэригъэсэбэпыным хуэдэу гъэхьэзырын.
  • Зэхуахьэсыфа псоми тепсэлъыхьын, къагъэнаIамэ зэхэгъэкIын.
  • ЕплъыкIэ къагъэлъэгъуахэр зэпкърыхын.
  • КъызыхуэкIуа къэхутэныгъэхэм тепсэлъыхьын.
  • КIэух псалъэ хуащIар зэпкърыхын.
  • Къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыфын щхьэкIэ, еджакIуэхэр егъэсэн хуейщ проблемэр ялъагъуфу, упщIэ ягъэувыфу, еплъыкIэ къагъэлъэгъуэфу, гурыIуэгъуэ (понятие) щыIэхэр яубзыхуфу, гурыIуэгъуэ щыIэхэр игуэшыфу, Iуэхугъуэм и екIуэкIыкIэм кIэлъыплъыфу, гъэунэхуныгъэ иригъэкIуэкIыфу, кIэух псалъэ зэ-ригъэпэщыфу, къызыхуэкIуа и гупсысэр пхигъэкIыфрэ цIыхум я пащхьэ ирилъхьэфу.
  • Къапщтэмэ, «Псалъэм и мыхьэнэр, мыхьэнэ куэд зиIэ псалъэхэр» темэр щаджкIэ, гулъытэ нэс хуэщIын хуейщ псалъэ къэс езым и мыхьэнэ иIэжу зэрыщытыр къагурыгъэIуэным, абы щIыгъууи егъэ-щIэн хуейщ бзэм и псалъэ куэдым мыхьэнэ зыбжанэ яIэу зэрыщытыр. Псалъэм мыхьэнэ куэд иIэнкIэ зэрыхъунур егъэлъа-  гъуныр зэрыщIэдзапхъэр щапхъэ нэхъ тыншхэмкIэщ. ЕгъэджакIуэм лэжьыгъэр хуеунэтI пэщIэдзэу иIа мыхьэнэ нэхъыщхьэм и мызакъуэу, мыхьэнэ зэхьэкIа (переноснэ) зыбжани псалъэм иIэнкIэ зэрыхъунум еджакIуэхэр щыгъэгъуэзэным. Мыпхуэдэ лэжьыгъэм и къалэн нэхъыщхьэщ дэтхэнэ зы псалъэри къызыхуэхьыпхъэ мыхьэнэм иту я бзэм къыщагъэсэбэпыфу еджакIуэхэр егъэсэныр. Псалъэм папщIэ, къызэрагъэсэбэп елъытакIэ «дыдж» жыхуэтIэ псалъэм мыхьэнэ зэхуэмыдэ зыбжанэ иIэнкIэ хъунущ. А псалъэм        и мыхьэнэ нэхъыщхьэр бзэгум зыхищIэ «дыджагъыр» къыдгурызыгъаIуэрщ: Уэшхыншэу кIа нащэр дыджщ.
  • Апхуэдэ мыхьэнэхэм еджакIуэхэр литературэми бзэми я урокхэм зэпыщIэныгъэ яIэу щегъэлэжьын хуейщ. Абы папщIэ, егъэджакIуэр лъыхъуэ зэпыту щытын хуейщ художественнэ текст щхьэхуэхэр ирызэпкърырагъэхын папщIэ ират лэжьыгъэхэмрэ бзэр зэрырагъэдж учебникым итхэмрэ зэрегъэфIэкIуапхъэм, абы щIыгъууи ахэр нэхъ зэмылIэужьыгъуэ куэд зэрыщIыпхъэхэм. Темэр щаджкIэ, еджакIуэхэм ягъэзэщIэн хуейуэ адыгэбзэ учебникым ит лэжьыгъэхэм ядэщIыбгъу хъунущ мы къэкIуэнухэр:
  • ФонетикэкIэ е грамматикэкIэ зэпкърырагъэхыну ират текстхэм мыхьэнэ зэдзэкIам къыхуэхьауэ хэт псалъэхэр еджакIуэхэм къахутэн;
  • ЗэдзэкIауэ къахьа псалъэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэмрэ зыхузэдзэкIа мыхьэнэмрэ еджакIуэхэм къагъэлъэгъуэн;
  • Ирата псалъэхэр я мыхьэнэ нэхъыщхьэми зыхузэдзэкIа мыхьэнэми иту псалъэухахэм къыщегъэгъэсэбэпын;
  • Зи мыхьэнэ нэхъыщхьэми зыхузэдзэкIа мыхьэнэми ит псалъэ къагупсысу псалъэухам хэту къагъэсэбэпын;
  • Зи купщIэр зэхьэкIауэ къэкIуа щапхъэ гуэр художественнэ текстхэм къыщалъыхъуэфын, къыхагъэщыфын, н.къ.
  • «Синонимхэр» темэр сабийхэм щебгъэджкIэ, мыпхуэдэ лэжьыгъэхэр ябгъэгъэзащIэ хъунущ:
  • а) зы щыIэныгъэ, лэжьыгъэ гуэр къэзыгъэлъагъуэ е купщIэ псомкIи щызэте-хуэу синоним зэхуэхъу щапхъэхэм: ищхъэрэ къуажэ — ищхъэрэ жылэ, игъуэу къэсащ — и чэзууэ къэсащ, ар щIалэ лъэщт — ар щIалэ бланэт, нэгъуэщIхэми;
  • б) псалъэхэмрэ абыхэм гуэгъу къахуэхъу псалъэ зэпыщIахэмрэ къагъэхъу синонимхэм: щIохъуэпс — и нэ къыхуокI, псынщIэу — и шыкIэ мафIэ егъэуауэ, нэгъуэщIхэми.
  • Синоним къэкIуэкIэ зыбжанэм щегъэлэжьыпхъэр а езы «Синонимхэр» темэр щаджкIэкъым, атIэ псалъэхэм я зэщхьэщыкIыныгъэхэр зэлъыта Iуэхугъуэхэр программэм ипкъ иткIэ щадж иужь лъэхъэнэ-хэрщ. Псалъэм папщIэ, убгъуауэ бзэм къыщагъэсэбэп псалъэхэмрэ жьы хъуахэмрэ къагъэхъу синонимхэм щегъэлэжьыпхъэр «Жьы хъуа псалъэхэр» щаджа лъэхъэнэрщ. Апхуэдэхэщ: хуэрзэн — быбын; (хьэ) бэнэн — хьэкъун, тхьэмбыл — жьагъэ, гъэкъуэншэн — гъэмысэн, кхъуакIэ — къудас, нэгъуэщIхэри.
  • ЕджакIуэхэм я бзэм зегъэужьыным хуэунэтIа лэжьыгъэм нэхъри зегъэубгъун хуейщ программэм ипкъ иткIэ «ПсалъэщIэхэр» (неологизмхэр) щрагъэджкIэ.
  • ГъащIэм мыувыIэу зеужь, апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэм бзэм псалъэщIэ къыхешэ, ар узыщхьэпрымыкIыфын Iуэхугъуэщ: щIэныгъэм зеужь, хьэпшыпыщIэхэр къожьэ, политикэм, культурэм, гъуазджэм ехьэлIа псалъэ куэд къожьэ, апхуэдэ псалъэхэр зэрымызэраныр сабийхэм ягурыгъэIуэн  хуейщ. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэщи, «Зэманым декIур лIыфIщ». Лъэхъэнэ зызыужьым къыкIэрыхуа цIыхур, апхуэдэуи лъэпкъыр, иужь къинэнущ.
  • ЦIыхум, лъэпкъым зыужьыныгъэ зэригъуэтар наIуэ къищIу адыгэбзэм псалъэщIэхэр, щIэныгъэр неологизмэкIэ зэджэм хуэдэхэр къыхыхьащ: «совхоз», «бригадир», «телефон», «зоопарк», «заповедник», «аптека», нэгъуэщIхэри. Дауи, псалъэр бзэм къызэрищтэрэ илъэсищэ, щэ ныкъуэ хуэдиз хъуамэ, ар иджыри къыздэсым неологизмэу (псалъэщIэу) къэплъытэ хъунукъым. Псалъэм папщIэ, «компьютер» иджырей зэманым неологизмэу тхужыIэжынукъым, апхуэдизкIэ абы десащи, ауэ, псалъэм папщIэ, «террабайт» псалъэр а «компьютер» дыдэм епхыжауэ щытми, езыр къызэрытцIыхурэ, зымыцIыхуххэри иджыри щыIэу, куэд щIакъым. ЦIыхур зэсауэ щызэпсалъэкIэ къагъэсэбэпу, псоми зэдацIыхуу щыт псалъэхэр неологизмэхэм щIэхыу, псынщIэу хокI.
  • Иджырей дидактикэм и къэхутэныгъэ бгъэдыхьэкIэр И. Лернер мыпхуэдэу еубзыху: «Абы зэфIигъэкIын хуейщ, япэрауэ, щIэныгъэр творческэ бгъэдыхьэкIэу къэгъэсэбэпыныр. ЕтIуанэрауэ, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм еджакIуэм предметым хуиIэ щытыкIэм зрегъэужь, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ ухуэзыгъэуш Iуэхугъуэ лэжьыгъэм хэ-мылъмэ, ар къэщтэгъуафIэ хъуркъым. ЕджакIуэр еджэным къыхуэгъэушыныр, дауи, мы зы IуэхугъуэмкIэ зэфIэкIыркъым, ауэ мыр, Iэмал имыIэу, егъэджэныгъэм хэтын хуей бгъэдыхьэкIэщ».
  • Къэхутэныгъэ бгъэдыхьэкIэр бгъэзэ-щIэн щхьэкIэ, дэ къызэрыдгурыIуэмкIэ, темэр къыхэхын хуейщ, информацэ къо-зыт литературэр, интернетыр щIэпщытыкIауэ, уэ езым бгъуэта еплъыкIэр бубзыхужу ар зы системэу пхуэукъуэдийуэ зэрыпхыбгъэкIын хуейм хуэдэу бгъэхьэ- зырынырщ. Къэхутэныгъэ лэжьыгъэу, егъэджэкIэ бгъэдыхьэкIэу къагъэсэбэпым иджырей курыт еджапIэм и пащхьэ кърагъэувэ къалэн куэд зэфIегъэкI. Япэрауэ, егъэджэныгъэм и купщIэр ехъуэж: еджакIуэм материал хьэзырыр и пащхьэ зан-щIэу иплъхьэркъым, атIэ ар езым къегъуэтыжри йолэжь. Мыбдеж егъэджакIуэм абы и нэIэ тригъэт къудейуэ аращ икIи зэрызиужьын хуей Iуэхугъуэм трегъэгушхуэ. ЕтIуанэрауэ, щIэн хуей лэжьыгъэм еджакIуэм езым и гупсысэу хилъхьэ Iы-хьэм куэду хохъуэ икIи егъэджэныгъэм и фIагъым хегъахъуэ. Ещанэрауэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэм пыухыкIауэ Iуэхугъуэ къыпокIуэ: доклад, реферат, къэхутэныгъэ лэжьыгъэ, проект, макет, нэгъуэщIхэри.        А Iуэхугъуэ псори сэбэп мэхъу къэхутакIуэм и лэжьыгъэр класс къудейм щызэфIэмыкIыу, зэпеуэ, конференц, семинар, щIэныгъэ-практикэ конференц сыт хуэдэхэм зыкъыщигъэлъэгъуэну, утыку кърилъхьэну.
  • Зи гугъу тщIа Iуэхугъуэхэм къэхутакIуэр хэт хъуа нэужь, ар икъукIэ щхьэпэщ еджакIуэр цIыхум яхэзэгъа хъунымкIэ (социализацие); и акъылкIэ хузэфIэкIыну щытхэм хрегъэгъахъуэ икIи класс нэхъыжьхэм сабийр щIэсыхукIэ, гъащIэм зригъэгъуэтыну зыхуей IэщIагъэри нэхъ тыншу къыхиха мэхъу».
  • Литературэмрэ грамматикэ урокхэмрэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэр урокым и Iыхьэуи бгъакIуэ мэхъу, псалъэм папщIэ, темэр щагурыбгъаIуэкIэ е унэ лэжьыгъэр щепткIэ. Апхуэдэуи, дызытепсэлъыхь лэжьыгъэм урок псори ебгъэубыдми, урок-къэхутэныгъэ пщIыми зэранкъым. Ещанэ еплъыкIэри къэбгъэсэбэпыну щхьэпэщ: урок зыбжанэ къызэщIебгъэубыдэурэ е Iыхьэ псор къызэдебгъащтэурэ бгъэлажьэ, уадэлажьэ мэхъу.
  • Къэхутэныгъэ лэжьыгъэм хэшэным 2-нэ классым щыщIэбдзэ хъунущ, хъуным и мызакъуэу апхуэдэ лэжьыгъэр Iэмал зимыIэу къегъэув федеральнэ къэрал егъэджэныгъэ стандартым. Къэхутэныгъэ лэжьыгъэр зищIысыр ягурыгъэIуапхъэщ  икIи ар зэрызэхэт пкъыгъуэхэу упщIэ гугъурэ (проблемнэ), хуэгъэфэщэныгъэмрэ (гипотезэ) зэфIэгъэувэнымкIэ лъабжьэ гъэтIылъын хуейщ. Псалъэм папщIэ, япэ дыдэу къэхутэныгъэ лэжьыгъэу ебгъэщIыныр къыщIэбдзэ хъунущ «Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр» темэмкIэ. Мыбдеж унэ лэжьыгъэу епт хъунущ текст хьэзырым щыIэцIэ хэтхэр къыхатхыкIын хуейуэ. Урокым къэкIуа нэужь, щыIэцIэ къыхатхыкIахэр темэ и лъэныкъуэкIэ, уадэIэпыкъуурэ ебгъэгуэшыж хъунущ (тематикэ, семантикэ).
  • Апхуэдэ лэжьыгъэр Iэмал имыIэу еджакIуэм и закъуэ иригъэкIуэкIын хуейкъым, апхуэди щыхэтыни къэхъунущ, ауэ абы къыдэкIуэу еджакIуэм и лэжьэкIэм егъэджакIуэм и нэIэ тетуи зригъэсэн хуейщ. НэгъуэщI лэжьыгъэу ебгъэкIуэкI хъунущ, фIымрэ Iеймрэ ехьэлIа псалъэхэр ебгъэгуэшын щхьэкIэ дамыгъэ «+» «-» ептрэ, абыхэм я лъабжьэм зи гугъу тщIа щапхъэхэм хуэдэхэр ятхыжыну. Псалъэхэр къызэрыIэрыхьэм хуэмыдэу, атIэ фIым къыпэув Iейр итхыжу гъэлэжьапхъэщ.
  • Мыбдежым жыIапхъэщ: пэщIэдзэ классхэм щеджэ цIыкIухэм нэхъыбэу ягъэзащIэр гупурэ къэхутэныгъэ егъэкIуэкIынырщ. Къэхутэныгъэ лэжьыгъэм хэтыну цIыху бжыгъэр зы къупхъэ гуэрым итын хуейкъым. Ар тIум къыщыщIэдзауэ 3 — 4-м нэс-ми хъунущ, программэм сыхьэт бжыгъэ къритым елъытауэ. Ауэ гупыр егъэлеяуэ ин пщIы хъунукъым, зыгуэрхэр мылажьэу зыщхьэпрагъэхынущ.
  • Къэхутэныгъэхэр урокми классщIыб дерсхэми щебгъэкIуэкI хъунущ. Урокым къэхутэныгъэ лэжьыгъэм и темэр къыщащIа нэужь, бубзыху хъуну бгъэдыхьэкIэхэр еджакIуэхэм езыхэм къагъэлъагъуэ. Къэхутэныгъэ лэжьыгъэ нэхъыфI дыдэмкIэ зэхьэзэхуэ пщIыми хъунущ: темэр нэхъ зэпкърыха зэрыхъуамкIэ, купщIэмкIэ, зэрыгъэщIэрэщIамкIэ, лэжьыгъэр пхыгъэкIа зэрыхъуамкIэ. Лэжьыгъэ нэхъыбэр унэм щагъэзэщIэну, нагъэсыжыну ират икIи    абы зэман кIэщI дыдэ мыхъуу зы тхьэмахуэм щыщIэдзауэ тхьэмахуищым нэс хуэбгъэлъагъуэ хъунущ (ар зэлъытар еджа-кIуэм е еджакIуэхэм я зэфIэкIыр здынэсырщ). Мыбдеж нэхъыщхьэ дыдэу щытыр еджакIуэр егъэджакIуэм и дэIэпыкъуэгъу щыхуэныкъуэ зэманыр блэмыгъэкIы-нырщ, абы чэнджэщкIэ еджакIуэхэм я къэхутэныгъэ лэжьыгъэр зэригъэкIунырщ, апхуэдэурэ я лэжьыгъэр и кIэм нагъэсыху и нэIэ тетын хуейщ. КIэух урокым гупым хэтахэм я къэхутэныгъэхэм къызыхуишахэм щытопсэлъыхьыж, я творческэ лэжьыгъэхэр щыпхагъэкI.
  • Гуп гъэзэщIэкIэм хуэм-хуэмурэ сабийхэр къэхутэныгъэ лэжьыгъэм хешэ. Абы къыкIэлъыкIуэ Iыхьэу егъэкIуэкIыпхъэщ щхьэзакъуэ лэжьыгъэр. Абы 2-нэ классым щыщIэбдзэ хъунущ. Дауи, уи гуапэ мыхъуу къанэркъым, еджакIуэ языхэзхэми щхьэзакъуэ лэжьыгъэм 5 — 6-нэ классхэм щегъэжьауэ зэфIэкI куу къызэрагъэлъагъуэр. Апхуэдэу щыщыткIэ, еджакIуэ къыхэжаныкIхэр щхьэзакъуэ лэжьыгъэм бгъэдэпшэну къозэгъ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы зыщаужьын хуей пIалъэр пIэщIэкIмэ, адэкIэ хамыгъахъуэу къэнэнри хэлъщ.
  • ЕджакIуэхэм къэхутэныгъэ и лъэныкъуэкIэ я зэфIэкIыр IупщI пщIын щхьэкIэ, щIэх-щIэхыурэ зэхэгъэкIын хуейщ апхуэдэ лэжьыгъэмкIэ абыхэм къагурыIуэм зэрыхагъахъуэр.
  • Къэхутэныгъэ лэжьыгъэ темэу сабийхэм епт хъуну щапхъэхэм щыщщ:
  1. Унагъуэ псэущхьэ.
  2. ФIыуэ слъагъу псэущхьэ.
  3. Узыншагъэ.
  4. Ныбжьэгъугъэ.
  5. ФIымрэ Iеймрэ.
  • Къэхутэныгъэ лэжьыгъэр илъэс псом ирагъэкIуэкIыну тебухуэ мэхъу. Псом япэ зэрылэжьэну план я гъусэу зэхэгъэувапхъэщ.
  • Нобэрей педагогикэм къэхутэныгъэ егъэджэкIэр Iыхьищу егуэш:
  1. Лэжьыгъэм еджакIуэ нэхъыбэ къыхэшэныр икIи мы Iыхьэм деж темэхэр зэмыщхь щхьэкIэ тыншхэщ. Мыбдежым егъэджакIуэр зэплъын хуейр сабийм игъэзащIэ темэм ехьэлIауэ сыт щыIэми зэрызэхуихьэсарщ. Мы лэжьыгъэм нэхърэ нэхъыбэ зыхуэмыщIын ику ит классхэм къыщынэмыщIа, класс нэхъыжьхэми къыхэкIынкIэ мэхъу.
  2. Мы Iыхьэм еджакIуэм къигъэсэбэпын литературэ къызэригъуэтам имызакъуэу, Iэмал имыIэу, иджыри практикэ и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэ ирищIылIэн хуейщ. Псалъэм папщIэ, ар къуажэм хъыбар, уэрэд, сыт хуэдэхэр шызэхуихьэсу, итхыжу дэтынкIи хъунщ. Е, махуэм и кIуэцIкIэ зы цIыхум е тIум мыадыгэ псалъэу дапщэ къагъэсэбэпми итхыу.
  3. Ещанэ Iыхьэм деж егъэджакIуэри еджакIуэри фIыуэ хэлэжьыхьын хуейщ. Мыбдеж мыхьэнэ зэриIэмрэ практикэм и деж къыщыбгъэсэбэп зэрыхъунумрэ я закъуэкъым хэтын хуейр, атIэ лэжьыгъэм щIэ гуэри хэлъын хуейщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ лэжьыгъэм ар зыщIам и еплъыкIэ, къызэщIэзыкъуэж Iыхьэхэр хэтын хуейщ.
  • Дэ едгъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэмрэ кIэлъыплъыныгъэхэмрэ къызэрагъэлъэгъуамкIэ, мы темэм ехьэлIауэ адыгэ сабийм я бзэм зыужьыныгъэ егъэгъуэтынымкIэ къэгъэсэбэпыпхъэу щыIэр мащIэ дыдэщ. Ауэ а мащIэри ФГОС жыпхъэм иту гъэхьэзыра хъуащ. Темэхэр еджакIуэм я пащхьэ нэхъ гъэщIэгъуэну иплъхьэ зэрыхъуну еплъыкIэхэм, текст, лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэм нэмыщI, мыбыхэм къыщыхьащ еджакIуэр зыхэпшэ хъуну интернет напэкIуэцIхэр: адыгэбзэмрэ а напэкIуэцIхэм итымрэ зэпыщIа зэрыхъуну щIыкIэхэр, абыхэм ещIылIэн хуей лэжьыгъэхэр.
  • БгъэдыхьэкIэщIэ щыIэхэр куэду нэхъ гъэщIэгъуэн ящI электрон тхылъхэм. ЕгъэджакIуэр я мыгъусэу езыр-езыру зыкъызэрапщытэжыфын Iэмалщ апхуэдэ тхылъхэр. Абы и мызакъуэу, джэгукIэкIэ гъэнщIа тхылъхэм сабийр зыIэпишэнущ. Адыгэбзэмрэ электрон джэгукIэхэмрэ зэпыпщIэ зэрыхъунур зылъагъу сабийм ахэр щIэщыгъуэ щохъу.
  • Iуэхугъуэхэр зэпкърытхыурэ мыпхуэдэ гупсысэхэм дыкъыхуашащ:
  1. Бзэмрэ психолингвистикэмрэ зэгъу-сэу, зэпэплъытэурэ сабийр иумыгъаджэмэ, щIэныгъэ егъэгъуэтаи, бзэм зегъэужьаи хъунукъым. ЕджакIуэм и ныбжьым езэгъын текст бгъэдэдмылъхьэмэ, Iуэху мыщхьэпэхэр къишэнущ:
  • а) еджэнкIэ япэ ища сабийм адэкIэ зыужьыпIэ игъуэтынукъым, текстхэр, лэжьыгъэхэр тыншыщэу щытмэ;
  • б) еджакIуэм фIэгъэщIэгъуэн хъуну-къым икIи зыужьыныгъэ игъуэтынукъым, зэлэжь текстхэр гугъуIуэу щытмэ.
  • ПэщIэдзэ классым къэкIуа сабийм интернетым, радиом, телевиденэм (радиомрэ телевиденэмрэ ехьэлIауэ зи гугъу тщIыр литературэ псэлъэкIэм темыт нэтынхэрщ), уэрамым щызекIуэ бзэхэм фIыуэ абы и псэлъэкIэр зэхикъутауэ дрохьэлIэ. Дауи, гугъущ апхуэдизу сабийр къэзыухъуреихь псом егъэджакIуэр пэщIэтыныр. Мыбдежым баштекъузэкIэ Iуэхур зэфIэха хъунукъым, атIэ сабийр нэхъ дэзыхьэхын IэмалхэмкIэ и бзэм зыужьыныгъэ еттын хуейщ. ЕгъэджакIуэр урокым щIыхьэрэ тхылъым итыр кърыригъэтхыкIкIэ е художественнэ тхыгъэ итым къригъаджэкIэрэ Iуэхур кIуэтэнукъым.
  • ПэщIэдзэ классхэм щIэсхэм я бзэм зиужьын щхьэкIэ, тхылъым и закъуэ мыхъуу, технологиещIэхэр хэгъэхьэн хуейщ: джэгукIэхэр, псалъэзэблэдзхэр, компьютер, интернет, телефон, аудио-, видеонэтын гъэщIэгъуэнхэр.
  • Сыт хуэдэ предметми хуэдэу, адыгэбзэ урокхэми бгъэдыхьэкIэщIэ щыIэхэр къыщыбгъэсэбэпыну къозэгъ. Ар ди тегъэщIапIэ нэхъыщхьэу щытащ ди къэхутэныгъэм къагъэлъэгъуахэр къыщызэщIэткъуэжым:
  1. Къэхутэныгъэ бгъэдыхьэкIэр сыт хуэдэ классми къыщыгъэсэбэпын, псом хуэмыдэу, класс нэхъыжьхэм щIэсхэм я деж;
  2. Текстхэр Iуэхугъуэ, темэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехьэлIауэ щытын хуейщ. Темэхэр щагуригъаIуэкIэ, егъэджакIуэр сабийхэм балигъ еплъыкIэкIэ къыхуеплъыхын хуейкъым, атIэ а ныбжьым ит сабийм къазэрыгурыIуэн мардэм иту къыхихын хуейщ. Абы къикIыркъым текстхэр къызэрыгуэкI дыдэу щытын хуейуэ. Мыбы епхащ стилистикэ и лъэныкъуэкIэ текст зэджэр, зытепсэлъыхьыр зэхигъэкIыфыныр;
  3. ПсынщIэу зызыужь гъащIэм къыкIэрымыхун хуэдэхэу, политикэ, обществэ, философие, техникэ сыт хуэдэхэм ехьэлIа терминхэр хуэмурэ къагурыгъэIуэн хуейщ. Апхуэдэу зыхузэфIэкIынур, дауи, сыт щыгъуи зи зэфIэкIым, къэухьым хэзыгъахъуэ егъэджакIуэрщ;
  4. Псалъэжьхэр, жыIэгъуэхэр хуиту къигъэсэбэпыфын щхьэкIэ, лъэпкъ IуэрыIуатэм фIыуэ щыгъуазэ щIын хуейщ. Ахэр гъащIэм зыщрихьэлIэ Iуэхугъуэхэм хуи- хьыфу къэтэджын щхьэкIэ;
  5. КIэщIу е кIыхьу щыпсэлъэн хуейм деж, гугъу емыхьу и псэлъэкIэм зригъэхъуэжыфу щытын щхьэкIэ, проблемэу щыт Iуэхугъуэхэр къыхуэIэтын хуейщ;
  6. Монолог, диалогхэр иригъэкIуэкIыфу щытын щхьэкIэ, щIэх-щIэхыурэ утыкур къылъыгъэсын хуейщ. Псалъэм папщIэ, гуфIэгъуэ Iэнэм щыс хуэдэхэу, хъуэхъу зэхебгъалъхьэу жебгъэIэ хъунущ;
  7. ДжэгукIэхэм къищынэмыщIауэ, литературэ зыхуеинумкIэ егъэджакIуэр дэIэпыкъуурэ езы сабийм къэпсэлъэныгъэхэр егъэгъэхьэзырын хуейщ.
  •  Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ дерсхэм    я мыхьэнэм хэгъэхъуэнымкIэ, анэдэлъхубзэм и пщIэр, и IэфIыр щIэблэм гурэ псэ-   кIэ зыхегъэщIэнымкIэ сэбэп хъу Iуэху еплъыкIэщ ди щIэджыкIакIуэхэм нобэ фи пащхьэ итлъхьар. КъызэрытщыхъумкIэ, филологие, педагогикэ IэщIагъэхэм хуеджэхэм, егъэджакIуэхэм я дежкIэ ахэр сэбэпышхуэ икIи щIэгъэкъуэн хъунущ.
  •  Зыгъэхьэзырар  ТАМБИЙ  Линэщ.