Дунейпсо, урысей экономикэхэм къапэплъэр
2019-12-05
- Нобель и саугъэтыр 2001 гъэм экономикэмкIэ зрата Стиглиц Джозеф (США) и зы жыIэгъуэ цIэрыIуэ хъуауэ щытащ 1990 гъэхэм. «Мыр сыту дуней гъэщIэгъуэн, къулейсызхэм къулейхэр ягъашхэу», — аращ фигу къэзгъэкIыжыр. ГушыIэ мащIэ хэлъу жиIами, дунейпсо экономикэм и ухуэкIэм фIыуэ щыгъуазэ щIэныгъэлIыр мы Iуэхум и лъабжьэм щIэлъым, дауи, фIы дыдэу щыгъуазэщ.
- Сыт атIэ абы жиIэр экономикэм епха гугъуехьхэм теухуауэ?
- Дигу зыгъэфIыну къыхигъэщам укъытеувыIэмэ, дуней псор зэщIэзыIулIэну гугъуехь экономикэр Iумыуэну къелъытэ. Ауэ зи экономикэр нэхъ лъэщ къэрал- хэм зыхащIащ ар хуэм зэрыхъуар. Псалъэм папщIэ, Германием. Китайми и ВВП-р илъэсым къриубыдэу проценти 5 — 7-кIэ хэхъуауэ аращ (мы къэралым иIа бжыгъэхэм еплъытмэ, ар мащIэщ), США-м и экономикэр ефIэкIуащ процент 1,9-кIэ.
- Джозеф къызэрилъытэмкIэ, экономикэм епха гугъуехьхэр къызыхэкIыр политикэ Iуэхухэращ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, цIыхухэр щыIэкIэ-псэукIэм теухуауэ зыпэщIэт гугъуехьхэр нэхъыбэ хъунущ, иджы зэрыщытым хуэдэурэ кIуэмэ. ЩIэныгъэлIым хуегъэфащэ капитализмэр «зыщIэгупсысыжу» зихъуэжыну. Сыту жыпIэмэ, сатумрэ фейдэмрэ псори тезыщIыхь капитализмэм цIыхуцIэ зиIэм хуэмыфащэ тхьэмыщкIагъэ къигъэщIащ. Абы щыхьэт тохъуэ ООН-м къит бжыгъэхэр: зэIыхьлы, унагъуэ 358-м ахъшэу (доллару) дунейм щызекIуэм и процент 50-р яIыгъщ, адрей цIыху псоми (мелардиблым нэсым, къэнэжа процент 50-р ятебгуэшэн щIэбдзэмэ, нэрылъагъущ мылъкуу яIэр зыхуэдизыр. Стиглиц жеIэ а щытыкIэр езы цIыхухэм яхъуэжыну яужь ихьэнкIэ зэрыхъунур, икIи гурыIуэгъуэщ сыт хуэдэ революцэми зэрызехьэми гузэвэгъуэшхуэ къыдэкIуэ зэрыхаб- зэр.
- КъэкIуэну илъэсипщI-тIощIым экономикэм игъуэтынкIэ хъуну зэхъуэкIыныгъэр къыпхуэмыщIэну жеIэ Джозеф, Европэм хэт къэралхэр я зыужьыкIэкIэ зэрызэхуэмыдэм, Евросоюзым Инджылызыр къызэрыхэкIыжым, США-м нэхъ щхьэхуэ зэрызищIым, Китайм и политикэ гъэпсыкIэр зыхуэкIуэнкIэ хъунум еп- ха гугъуехьхэр, зэныкъуэкъу къызэрыкIыр куэдщи.
- Урысейм теухуауэ экономист цIэрыIуэм жиIэр ди экономикэр щIыдагъэмрэ газымрэ епхауэ къанэ зэрымыхъунурщ, нэгъуэщIIэнатIэхэми зегъэужьын зэрыхуейрщ. ЩIэныгъэлIым хэкъузауэ жеIэ а Iуэхухэм икIэщIыпIэкIэ ди къэралыр яужь имыхьэмэ, иужькIэ кIасэ хъуну.