Ящыгъупщэжа кърым зекIуэ, е Къэнжал Iуащхьэм деж къыщыхъуахэр
2018-02-10
- Къэбэрдейм ит Къэнжал бгым и деж 1708 гъэм щекIуэкIа зауэзэрылIыр кърым хъан Къаплъэн-Джэрий и махуэ мыгъуэт. Абы щыгъуэщ тэтэр пщы-уэркъхэм я нэхъыфIыщхьэхэр къанэ щымыIэу Къэнжалыкъуэм щыдэкIуэдар. И къуэшыр, и къуэр, и армэм здришэжьа жыжьэрыуэ топхэм я нэхъыбэр зыфIэкIуэда езы хъаныр ерагъыу псэууэ къела къудейщ. Къаплъэн-Джэрий и щхьэ кърикIуа щIэщхъур Кърымым къыщыхуамыгъэгъуу, щхьэусыгъуи къамылъыхъуэу, къэралым нэгъуэщI хъан трагъэувауэ щытащ.
- Щхьэусыгъуэм и цIэр Шэхьбазт
-
Нобэ языныкъуэ тхыдэджхэм 1708 гъэм екIуэкIа Къэнжал зауэр Къэбэрдеймрэ Кърым хъаныгъуэмрэ я зэхуаку щекIуэкIа зауэм и кIэух хуэдэу утыку кърахьэ. Пэжщ, зауэзэрылIыр екIуэкIащ, ауэ ахэр зытепсэлъыхь зауэр гурыIуэгъуэкъым. Дигу къэдгъэкIыжыпхъэщ адыгэхэр (шэрджэсхэр) хъаныр зыхъумэ дзэм зэрыхэтар, къэралыгъуэм и унафэ щIыпIэ нэхъыщхьэм — Кърым диваным — къулыкъу лъагэ дыдэхэр щаIыгъыу зэрыщытар. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи — адыгэхэр Джэрий лIакъуэм и хъаныкъуэ псоми я атэлыкъхэт — я адэ пэлъытэхэт. Абы шэч закъуи къигъанэркъым Iуащхьэмахуэ лъапэ деж щыпсэуа бгырысхэр хъаныгъуэм игъэпщылIу щыта хуэдэу жызыIэ хъыбархэм тегъэщIапIэ зэрамыIэмкIэ.
- КъинэмыщIауэ, тепщэгъуэр зыIыгъ Джэрий лIакъуэр Шэрджэсым и пщы къудамэхэм Iыхьлыгъэрэ политикэ къуэпскIэ епхат, абыхэм къэбэрдеипщ цIэрыIуэхэм благъагъкIэ зыпащIэхэрт, Кавказым щаIэ я Iыхьлыхэм сыт щыгъуи екIуэлIапIэрэ щIэгъэкъуэнрэ щагъуэт зэпыту къекIуэкIырт. Гу лъытапхъэщ, къэбэрдеипщхэм я нэхъыбэр кърым хъанхэм я акъылэгъуу икIи я IуэхущIэ- гъуу зэрыщытами. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Кърымымрэ Къэбэрдеймрэ я зэхуаку зауэ щекIуэкIащ жыпIэ хъунукъым, Къэнжал зауэзэрылIыр а къэралыгъуитIыр зэрызэбгъэдэта щIыкIэм щыщ теплъэгъуэ щхьэхуэ къудейуэ аращ. Абы щхьэусыгъуэ имыIэуи щыткъым.
- XVIII лIэщIыгъуэм и щIэдзапIэм дгъэзэжынщ. Нобэ пщIэ зимыIэж хабзэхэр щыIэт а зэманым, Къаплъэн-Джэрий Къэбэрдейм щIэкIуэн щхьэусыгъуэ хъун хуэдэу. Ар, япэрауэ, хъаным и къуэшым илъ ищIэжынырт; етIуанэу, Бещтау, иджырей Псыхуабэ и деж, щыпсэу, хъаныгъуэм и нэIэ щIэт къэбэрдейхэм хъаным и унафэр ягъэзэщIэн зэрамыдэрт. Ауэ къаугъэ псоми ещхьу, фIэгъэнапIэ хуэхъуа дыдэр сыт жыпIэмэ, ар илъэсибгъу ипэжкIэ къэхъуа Iуэхугъуэ гуэрт.
- 1699 гъэм и гъатхэпэм хъан Сэлим-Джэрий Езанэм ещанэрейуэ тепщэгъуэр яфIиутIыпщри, езым и пIэкIэ и къуэ нэхъыжь Долэт-Джэрий ЕтIуанэм унафэр IэщIилъхьат. Хъаным лъагагъкIэ къыкIэлъыкIуэ калгэмрэ нуреддинымрэ я къулыкъухэр зылъысынухэри гурыIуэгъуэт — ар Долэт-Джэрий и къуэшхэу Шахинрэ Саадэт-Джэрийрэт. Ауэ куэд дэмыкIыу Шахин дунейм йохыжри, абы и пIэкIэ, езы уэсмэн сулътIаным и унафэкIэ, хъаным и къуэ ещанэ Шэхьбаз-Джэрий трагъэувэ. Долэт-Джэрий унафэр фIэкъабылтэкъым, къулыкъур Саадэт-Джэрий иритмэ нэхъ къищтэу. Ауэ Iуэхум тырку сулътIаным акъылэгъу хуэхъуа Сэлим-Джэрийр къыхэIэбэри, Долэт-Джэрий зэрызихъунщIэм хуэдэу, къулыкъур Шэхьбаз лъагъэсат. АбыкIэ нуреддин Саадэт-Джэрий арэзы хъуакъым, хъаным и къуэдзэ къулыкъур езым зыхуигъэфэщэжырти. Апхуэдэ щIыкIэу зэкъуэш хъаныкъуэхэу Шэхьбаз, Долэт, Саадэт сымэ я зэхуакум зэгурымыIуэ къыдэхъуащ.
-
Зэман докIри, хъан къуэдзэу ягъэува Шэхьбаз-Джэрий Къэбэрдейм щыIэну макIуэ. Хъаным абы «Кърымым къэкIуэж» жиIэу унафэ хуригъэхьа щхьэкIэ, ар игъэзэщIэн дэнэ къэна, жэуап пхъашэ къыхурегъэхьыж: «Дэ тщIэнур дымы-щIэж нэхъей, сыт дакъикъэ къэс унафэ къысхуищIу лIыкIуэ къыщIысхуигъакIуэр?» — жеIэри.
- Зэи къигъэзэжакъым Шэхьбаз Бахъшысэрейм. Зэкъуэшхэр зэрызэбийм кърикIуа Iуэхур сыт жыпIэмэ, мазибгъу дэкIа нэужь, Шэхьбаз-Джэрий, езым и атэлыкъыу щыта беслъэнеипщ Къанокъуэ Темырболэт и унэм щIэсу, 1699 гъэм и дыгъэгъазэм и кIэм адыгэ мыцIыхухэм яукIащ.
- Кърым тхыдэджхэм шэч къытрахьэркъым къуэш укIыр «калгэ» къулыкъум щIэхъуэпс нуреддин Саадэт-Джэрий зэрихъа Iуэхуу зэрыщытым, Кърым хъаныгъуэм и етIуанэ лIыщхьэу езыр увыну зэрыхуейм къыхэкIыу. А зэманым псэуа тхыдэдж Мухьэмэд-Джэрий зэритхыжымкIэ, Шэхьбаз-Джэрий зэраукIыу абы и къулыкъур Саадэт-Джэрий иубыдри, езым иутIыпща нуреддин къулыкъур и къуэш нэхъыщIэхэм яз Гъэзий-Джэрий лъысат. Абдеж щыщIэдзауэ Саадэтрэ Гъэзийрэ жагъуэгъу зэхуэхъуащ. Щхьэусыгъуэри наIуэт. И къуэшыр зэраукIар зыхуемыгъэх Гъэзий-Джэрий Къэбэрдейм щекIуэкIа Iуэхур зэхигъэкIат, яубыда шэрджэсхэми заумысыжат щIэпхъаджагъэр Саадэт-Джэрий и унафэкIэ зэрагъэзэщIамкIэ. Гъэзий-Джэрий Шэхьбаз зыукIа цIыхуиплIыр къигъуэту ахэр Кърым хъаным и хейщIапIэм ирита нэужь, абыи зыщаумысат. Iуэхум Саадэт-Джэрий и напэр трихыпат. Абы ищIыIужкIэ, хъаным и унагъуэм апхуэдэ икIагъэ къызэрыщыхъуар зэрыхузэфIэкIкIэ ибзыщIыну зэрыхэтым зэгуигъэпа Гъэзий-Джэрий нуреддин къулыкъум елъэпауэри, Долэт-Джэрий наIуэу пэщIэуващ. Модрейри щIэщхъур зэрибзыщIам къримыгъэлу, и къулыкъур 1702 гъэм и къуэш нэхъыщIэ Гъэзий иритын хуей хъуащ.
- ЛъыщIэж
-
1707 гъэм кърым тепщэу Сэлим-Джэрий и къуэ нэхъыщIэхэм яз Къаплъэн-Джэрий трагъэувэ. Арат зи пщэ дэзылъхьэжар и къуэшыр зыIэщIэкIуэда цIыхуукIхэр унэм щIэзыгъэхьа, Шэхьбаз къыщхьэщымыжыфа адыгэхэм яхурикъужыну.
- Щхьэусыгъуэр абы и закъуэтэкъым. Къаплъэн-Джэрий и тетыгъуэм адыгэхэр, Бещтау деж щаIыгъ щIыпIэхэм иIэпхъукIхэри, Балъкъ псыхъуэм ищхъэрэкIэ щытIысахэт, «фи щIыпIэхэм фитIысхьэж» яжезыIэ хъаным жиIэм едэIуэн ямыдэу.
- Щымыхъум, Къаплъэн-Джэрий адыгэхэм я деж Менглы-Джэрий зи цIэ и къуэдзэр аргуэру лIыкIуэу яхуегъакIуэ. Ауэ къэбэрдейхэр Менглы-Джэрий жиIэм едэIуэным и пIэкIэ, абы и гъусэу къэкIуа зауэлIхэм жэщым ятоуэри, тэтэрхэр пщIэншэрыкIуэ мэхъу.
- Iэмал щимыгъуэтым, Къаплъэн-Джэрий къэбэрдей жыIэмыдаIуэхэм къарукIэ ебгъэрыкIуэну мурад ещI. Хъан диваным щыщ къулыкъущIэхэм я нэхъыбэм яфIэкъабылтэкъым Къэбэрдей зекIуэр кърахьэжьэныр. Япэрауэ, щIыналъэр жыжьэт, етIуанэрауэ, бгым щызэзэуэн хуей хъумэ, абыкIэ адыгэхэм уазэрытекIуэн Iэмал зэрыщымыIэр псоми ящIэрт. ИтIани Къаплъэн-Джэрий и унафэр ихъуэжын идакъым.
- 1708 гъэм и гъатхэпэм ежьащ кърымыдзэр. Абы и бжыгъэр зыхуэдизам теухуауэ жаIэр зэщхьэщокI. Къару нэхъыщхьэр зауэлI 15000-м нэс кърым зауэлIхэрт. Абыхэм я гъусэт нэгъуей аскэр 20000-рэ жыжьэрыуэ топыдзэ лъэщрэ. Къэбэрдейм и гъунапкъэм нэса нэужь, хъаныдзэм иджыри къыгухьат кIэмыргуейрэ беслъэнейуэ зауэлI 5000-м нэс.
- Адыгэхэм я дзэр куэдкIэ нэхъ мащIэт. Къэбэрдеишхуэм зауэлIу къигъэувыфар 10000 къудейт, абы и ныкъуэр шууэ.
-
1708 гъэм и гъэмахуэм и кум кърымыдзэр Къэбэрдейм нэсакIэт. И дзэр бжыгъэкIэ зэрынэхъыбэм игъэгушхуа Къаплъэн-Джэрий, адыгэхэм захуигъазэри, Шэхьбаз-Джэрийрэ Менглы-Джэрий и гъуса зауэлI 3000-мрэ я лъы уасэхэмрэ иратыжыну, къинэмыщIауэ, Бещтау лъэныкъуэкIэ Iэпхъуэжыну унафэ яхуищIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ хъаным адыгэхэм я пщы уэлий ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ епсэлъэн щIидзат.
- Адыгэхэр япэм хуэдэу кърым къэралыгъуэм и унафэм щIэтыну, уасэ ятыну арэзы хъуат, ауэ щыпсэуа щIыпIэхэм Iэпхъуэжын ядакъым. А IуэхумкIэ лъэныкъуитIыр зэгурыIуэфакъым, Къаплъэн-Джэрий и унафэр сыт хуэдизкIэ имыукъуэдиями, адыгэхэр езыр зыхуейм къыхутешакъым.
- Къаугъэр къыщызэщIэплъэм, лъэныкъуитIыр зэмызауэу зэрымыхъунур гурыIуэгъуэ хъуащ. Хъаным къарур къигъэщхьэпэну фIэкIа, нэгъуэщI Iэмал къыхуэнэртэкъыми, адыгэхэм езэуэну унафэ къищтащ.
- 1708 гъэм фокIадэм и 16-м Балъкъ и ищхъэрэ псыхъуэм пэгъунэгъу Къэнжал бгым деж дзитIыр япэу щызэхуозэри, пщыхьэщхьэ хъуху зэзэуа нэужь, адыгэхэр йокIуэт.
- АдэкIэ ящIэнум теухуауэ хъаныр и дзэпщхэм щечэнджэщым, адыгэхэм къахэкIа и блыгущIэтхэм я зым, Алий жыхуаIэм, а пщыхьэщхьэм зауэр ягъэувыIэу, нэху щымэ пащэну къыхилъхьащ. Къаплъэн-Джэрий арэзы хъуат, ауэ а жэщращ зауэм и Iуэхур къэгъазэ имыIэу зыхъуэжари.
- Кърым дзэзешэхэм щыуагъэшхуэу яIэщIэщIар я дзэр жэщым здэщыIэну щIыпIэр къызэрыхамыхыфарат. ИхъуреягъкIэ бгыхэм къаухъуреихь Къэнжалыкъуэрт абыхэм зыщагъэпщкIуну му-рад ящIар. Ауэ абыхэм я щыуагъэр адыгэхэм къагъэщхьэпэфащ. НэгъуэщIу ахэр кърымхэм зэратекIуэфын Iэмал щыIэтэкъым.
- Iуэхур зыуха иужьрей зэхэуэр 1708 гъэм фокIадэм и 17-м Къэнжал бгым деж щекIуэкIащ. Къэбэрдейхэр кърымхэм наIуэу къапэщIэувэным зыщадзейуэрэ, езыхэм фIы дыдэу ялъагъу «жэщ теуэ» Iэмалым хуэкIуат.
- Жэщу, кърым аскэрхэр иджыри жейрэ пэт, адыгэхэм уэсукхъуэм ещхьу къурш задэхэм зыкърадзыхри, кърым зекIуэлIхэм къахэуэн щIадзащ. Зэрыхьзэрийм кърым зауэлIхэр игъэгужьейри, бийм пэщIэувэфын хуэдэу заукъуэдиижыфакъым. Къаплъэн-Джэрий зи пашэ аскэрхэм ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ и шуудзэм езэуэн щIадзат, ауэ кърымхэм я нэхъыбэр щикIуэтым, зыри хузэфIэкIыжакъым. Къэбэрдейхэр текIуахэщ: кърымхэм я мурзэхэмрэ я бейхэмрэ гъэр ящIауэ, топ 14-рэ гын гъэтIылъыгъэу яIыгъ псори яIэрыхьауэ.
- Зауэм хэта адыгэпщ Бэчмырзэ Тэтэрхъан зэрыжиIэжамкIэ, адыгэхэр «кърымхэм мазэ псокIэ махуэ къэс езэуахэщ». Уэсмэн тхыдэдж Фундуклулу зэритхыжымкIэ: «ИгъащIэм апхуэдэ дзэ зэтекъутэкIэ ялъэгъуатэкъым».
- Къаплъэн-Джэрий къыхуэнэжар зауэлI 5000 къудейт. Езы хъанми и напэр текIат, абы хэт «нэгъуейхэм я деж зыщигъэпщкIуат», хэти «Родос хытIыгум ягъэкIуат» жеIэ. Кърым хъану аргуэру Долэт-Джэрий ЕтIуанэр теувэжауэ щытащ.
- Нобэрей тхыдэджхэм кърым хъаныгъуэм Къэнжал деж хэщIыныгъэшхуэ щигъуэта хуэдэу ягъэIу. Ауэ хэкIуэдэхэм я бжыгъэр фIыуэ щIагъатхъэ. Ар пэжу щытамэ, илъэсищ фIэкIа дэмыкIыу зауэлI 80000-м нэс кърымыдзэр урысхэм Прут зекIуэм щатекIуэфынтэкъым. Абы къыхэкIыу, Къэнжал зауэм кърым армэр щыкIуэдауэ жыпIэныр захуагъэкъым.
- Абдулаевэ Гульнарэ,
- кърым тхыдэдж, тхакIуэ.
- «Авдет» кърым-тэтэр газет, 2010 гъэ