ЩреIу адыгэ унэм адыгэбзэ!
2019-09-14
- Бзэр мылъкущ, ауэ ар дызытегужьеикI мылъкум хиубыдакъым. Ахъшэр Iэмалыншэу дыхуейуэ къыдолъытэри, хэкIыпIэ долъы-хъуэ нэхъыбэу къэдлэжьыну, къэдлэжьар дгъэбэгъуэну. Зы цIыхум и ахъшэр къыздыхуэзэм щигъэтIылъынукъым, хамэм и нэ къыздытемыхуэн, хамэIэ щемыIэбын къилъыхъуэнурэ щигъэбыдэнущ. ЗыгуэркIэ хагъэкIыжми, хаб-зэхъумэхэм екIуэлIэнущ, къаригъэгъуэтыжынущ, зыхуэфащэр игъэпшынэнущ. Бзэм апхуэдэу дыхуэсакъыу, дытегузэвыхьу, тхъумэу, дгъэбагъуэу хэт жиIэфын? МэкIуэдри гъуэгу тетщ, ауэ сыт пэдгъэуврэ, дауэ къедгъэлрэ?
- ЩытыкIэ шынагъуэм итщ ди анэдэлъхубзэр, ауэ и Iуэхур абы щIынэсари, нэхъри екIэкIуэнкIэ хъуну IэнатIэ щIыIутри зи лажьэр зи бзэр Iэпэдэгъэлэл зыщIыжа дэращ.
- Дэтхэнэ лъэпкъми гъуазэу яIэр щIэныгъэфI, IэщIагъэфI зэзыгъэгъуэтахэращ. Апхуэдэхэм езыхэми къызэрымыкIуэу зыкъалъытэж, зыхащIэ нэхъыбэм езыгъэфIэкI зэхэщIыкIрэ зэфIэкIрэ яIэ зэрыхъуар. А зыхэщIэныгъэм къыхэкIын хуейр пагагъэкъым, атIэ пщэрылъщ. А пщэрылъым хеубыдэ щIэныгъэ нэгъэса зиIэ цIыхум езым хуэмыдэ адрей псоми хъумакIуэ, щыжакIуэ, къегъэлакIуэ яхуэхъуныр. Зи гугъу сщIыр лъэпкъ интеллигенцэращ. Аракъэ лъэпкъыбзэм и щыIэным, хъумэным, зиужьыным мыхьэнэуэ иIэр зыхуэдизыр нэгъэсауэ къызыгурыIуэн хуейр? Лъэпкъымрэ лъэпкъ хабзэмрэ бзэм и гъусэу псэуну е зэдэкIуэдыжыну зэрыарар нэхъыфIу къызыгурыIуэр нэхъыбэ зыджа, зи гупсысэкIэм зиужьаракъэ? Зи пщэрылъ нэхъыбэри ардыдэхэращ. Щэху хэлъкъым «лъэпкъ цIыхущ» жытIэу дызыщыгугъхэм псоми адыгэбзэ зэраIурымылъым, зыIурылъхэми я бынхэм зэрамыщIэм. Хуиту ирипсэлъэфу щытми, къулыкъущIитI-щы зэгъусэ хъуакIэ, я бзэмкIэ зэпсэлъэнукъым. КъызыхэкIыр сыт?
- Къуажэхэм щхьэусыгъуэ гуэрхэм- кIэ илъэсым къриубыдэу зэхуэс зэ-тIэу щокIуэкI. Дэсу хъуам яIурылъыр зы бзэми, хьэлэмэтракъэ, зэхуэсыр зэрекIуэкIыр урысыбзэщ. Курыт еджапIэр къыщаухкIэ иращIэкI «Иужьрей уэзджынэ» зыфIаща дауэдап- щэр зэрекIуэкIын хуейр урысыбзэу фIэкIа, а Iуэхугъуэр зэпхахэр нэгъуэщIу гупсысэфкъым. «Мыр еджапIэщ», — къыбжаIэ. Адыгэбзэри къэралыбзэщ, языныкъуэхэм хуамыгъэфащэми. Зэлъэпкъэгъухэр ямыбзэ-кIэ зэпсэлъэжыныр емыкIун хуейщ.
- Лъэпкъым зы щытыкIэ хьэлэмэт гуэр диIэщ, адыгэбзэ имыщIэми, урысыбзэр игъэшэрыуэмэ, нэхъ нэ лейкIэ еплъу, «зи насып», жаIэу. Ари къызыдежьар псыпэрыжэ тхуэхъуа интеллигентхэращ. Япэу щIэныгъэм хэша хъуахэрат республикэр зэрахьэну зи пщэ къыдэхуари, ищхьэкIэ къикI унафэм темытыну Iэмал щыIакъым, ауэ «фи бзэ фримыпсалъэ, фи быным евмыгъащIэ», жиIэу зыми инструкцэ къригъэхьатэкъым. Апхуэдэ къыщIэхъуар, япэрауэ, а инструк-цэ къезыгъэхьхэр къахуэарэзыным-рэ, етIуанэрауэ, а арэзыныгъэр къэзылэжьыр анэдэлъхубзэр армырауэ зэрыщытымрэщ. Адыгэбзэм и насыпыншагъэр абы къыхэкIын хуейти, къулыкъущIэ гъащIэм зэрыхэлIыфIыхь щымыIэу къыщIэкIащ. Нэрылъагъут лъэпкъышхуэм я бзэри, я гъуазджэри, я цIыхури зыфIэIэфIхэр нэхъ пэрыт зэрыхъур. Уи бзэмкIэ угупсысэным щыуагъэ куэдым узэрыблишынум, фIыщIэ зыпылъ Iуэху зехьэкIэм узэрыришэлIэнум пщIэ иIэжакъым. Адыгэ хабзэм къигъэувхэращ дэ ди гупсысэкIэр зыпсыхьыжри, абы шыIэныгъэ, пэжыгъэ, зэхэщIыкI я лъэныкъуэкIэ хэпщам дэтхэнэ цIыхури напэ иIэу игъэпсэунут, и лэжьыгъэм гу къабзэкIэ бгъэдигъэтынут, ауэ псори зы щытыкIэ зэщхьым итын хуейти, лъэпкъым епхар къикIуэтащ. Ари зы къэрал политикэт цIыхум езым ейр къигъанэу, имейр къищтэнымкIэ, ар ей хуэдэу есэжынымкIэ. Ар йокIуэкI нобэми, ауэ бгъэдыхьэкIэхэм захъуэжурэ макIуэ. ЯтIагъуэм зыхуейм хуэдэ теплъэ иратыф IэпэIэсэхэм. Апхуэдэу, зы бгъурыхьэкIэм адрейр къыпащэу къэралым щекIуэкI бзэ политикэм нахуэ ещI бжыгъэкIэ мащIэ лъэпкъхэр нэхъы- бэ хъум хэшыпсыхьыжыныр, езы лъэпкъхэми абы пэщIагъэувэшхуэ щымыIэурэ, зыхь псым зыдрагъэзых. ПсынщIэу зызыужь гъащIэм дэкIуэурэ, лъэпкъхэм я пашэхэр егупсысакъым анэдэлъхубзэр IэщIыб зэращIым кърикIуэну гузэвэгъуэ псоми.
- Къэрал унафэщIхэм я псалъэ дыгъэлхэм хэтщ лъэпкъ къэс заужьыныр псоми ди зэхуэдэ фIыгъуэу, дызэрызэмыщхьыр хьэлэмэту, абы папщIэ захъумэжыну дэтхэнэми Iэмал етын хуейуэ. Зы лъэныкъуэкIэ къэралым къыует а хуитыныгъэр, ауэ адрей лъэныкъуэмкIэ щыпIехыж. Адыгэбзэр курыт еджапIэхэм зэрыщаджам уриплъэжмэ, сытым щыгъуи зэхэзедзэну зэрыщытар нэрылъагъущ. Зэм сыхьэт бжыгъэр ягъэмащIэрт, щыщIагъужи къыхэхуэрт, щыIуахыпаи къэхъуащ, факультативым хуагъакIуэу. ПэщIэдзэ классхэр адыгэбзэкIэ егъэджэн хуей гупсысэр щытекIуа зэмани диIащ. Абы нэхъ пэж къэхъунтэкъым. Нэхъыщхьэу ар щIэпэжыр абыкIэ бзэр хъума хъуныратэкъым — къыгурыIуэ бзэмкIэ пэщIэдзэ щIэныгъэ зыгъуэт сабийм и зыужьыныгъэр зэрефIэкIуэнум шэч хэлътэкъыми арат. Зэ- рылъэпкъыу зыщIэбэнын хуей а Iуэху бгъэдыхьэкIэм адэ-анэри егъэджакIуэхэри зэдэарэзыуэ пэщIэуват. Апхуэдэу щIэхъуам щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ, ауэ текIуар нэхъыжь-хэр урыс гупсысэкIэм дихьэхагъэх- хэу зэрырихьэлIарщ. КъыдэкIуэтей сабийм зэрыщыгугъ ехъулIэныгъэхэр къанэ щымыIэу зрапхыр урысыбзэрат. Предмет зэщымыщхэр иджыну япэ дыдэу еувалIэ цIыкIухэм къагурымыIуэ бзэмкIэ еджэныр зэраублэм щIэныгъэр тыншу къэзымыщтэф сабийхэр нэхъыбэ зэрищIыр къалъытакъым.
- ЖыIэн хуейщ: ноби жыжьэ дыплъэркъым. Иджы анэдэлъхубзэр Iэмал имыIэу яджын хуей предметхэм хабжащ. Сыту дэгъуэт! Ауэ бжыгъэкIэ мащIэ лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэм ещхьу, лъэпкъышхуэм ейми а цIэр фIащри, «быным анэдэлъхубзэу къыхухахынум и унафэр адэ-анэм я IэмыщIэ илъщ», жаIэри патхэжащ. И быныр адыгэбзэ дерсхэм «къезыгъэлыну» щIэхъуэпс адэ-анэхэм хабзэщIэр къагъэсэбэпащ. Апхуэдэхэм я бжыгъэм илъэс къэс хэхъуэнущ. Сыт хуэдизрэ егупсысами, лъэ махэкIэ щыт ди анэбзэр лъэрыщIыкI зыщIын апхуэдэ Iэмал къэзыгупсысам и гур хэт и лъэпкъми хуэщIыIэт, дауи. Ди адыгэ дунейм къыхыхьа а телъыджэм зыкъомыр игъэшхыдащ, игъэгубжьащ, зызыхъунщIахэри мащIэкъым, ауэ лъэпкъым и щыжа- кIуэ пщэрылъыр зиIэ депутатхэм — Щхьэгуэш Адэлбий, Быф Анатолэ, Геккиев Заур, Марьяш Иринэ — лIыгъэ къакъуэкIакъым анэдэлъхубзэм теухуауэ къыхалъхьа хабзэ мыхъумыщIэмкIэ мыарэзыуэ Iэ яIэтыну. Я лIыгъэншагъэр щIахъумэну, зэрыхъункIэ хъуну щытам елъытауэ, зэрыхъуар нэхъыфI хуэдэу псалъэмакъ ирагъэкIуэкIащ. Абыхэм ещхьт бжыгъэкIэ мащIэ адрей лъэпкъхэм я лIыкIуэу IэIэтым хэтахэри. Къыхуа- дэм хуэдизщ я депутат лэжьыгъэм хиубыдэр, цIыхур зэрагъэгугъар псалъэу къонэж. Ардыдэхэр иджыри зи хьэтыр ямылъэгъуа адыгэ, балъкъэр лъэпкъхэм я цIэкIэ депутатынущ. «ЦIыхубэм я лIыкIуэ» цIэр зэрызэрахьэм укъипсэлъыкIмэ, лъэпкъым имыдэр зыда депутатхэр занщIэуи а IэнатIэм къыпэрышыжын хуеят. Дыкъэзымыхъумэнухэр дымыгъафIэмэ нэхъыфIтэкъэ?
- Куэдыр мыарэзами, курыт еджапIэхэр къэралым ищIа унафэм теуващ, нэгъуэщI хэкIыпIи яIакъым. Мис мыбдежщ ди лъэпкъэгъу куэдым япкърыт узыфэр е зэрекIуар хэIущIыIу щыхъуар. «Русскоговорящэ» адэ-анэхэм яфIэтэрэзащ анэдэлъхубзэм и пIэкIэ я быныр, «краеведение» зыфIаща гупым хуеймэ хыхьэу еджэну, хуеймэ урысыбзэр анэдэлъхубзэу къащтэу, а предметым хухаха сыхьэт бжыгъэ мымащIэм иджыри сыхьэтитI къыхагъэхъуэну Iэмал зэрагъуэтар. УпщIэ зыгъэува яхэтщ: «Сыт адыгэ литературэм урысыбзэкIэ еджэ щIэмыхъунур?» Элитэм зыхэзыбжэж, лъэпкъ темэр къигъэсэбэпурэ ахъшэ къэзылэжь цIыхубзым жеIэ: «Псом ящхьэр арати, си быныр фIыуэ згъэсащ, зэрыпсалъэ бзэракъым Iуэхур». Абы зыкъыкIэрызымыгъэхуми апхуэдэщ и гупсысэкIэр: «Си къуэм бзитху ещIэ, сурэт ещI, музыкэм хещIыкI. Адыгэбзэр зэримыщIэр зыкIи зэран къыхуэхъуркъым». Анэдэлъхубзэм ефIэкI защIэу бзитху ещIэ. ФIыуэ ягъэса а бынхэм я лъым хэту пIэрэ нэхъыжь-нэхъыщIэм, адэ-анэм, гъунэгъум, ныбжьэгъум пыщIа хабзэхэр, сабийр цIыхум зэрахэзэгъэным, я щхьэм пщIэ хуащIыжрэ пщIэ къалэжьыфу дунейм тетыным хуэзыгъэхьэзыр Iущыгъэхэр?
- Нэхъ мыхъуми, ди жьыщхьэм кърикIуэнум дигъэгузавэкъым. Жьы хъуа зеиншэхэр щапIыж унэм щыIэ псор зеиншэкъым, укIытэгъуэми, ди лъэпкъэгъухэри яхэтщ. Быныр адыгэ ныкъуэу къызэрынэр армырауэ пIэрэ апхуэдэу адэ-анэм епцIыжыф къыщIытхэкIыр?
- Аращи, сыт хуэдэ гупсысэм дришэлIэжрэ? АдыгэбзэкIэ адыгэ хаб- зэм щIагъэджыкIа быныращ адэ-анэм хуэфащэ пщIэ езыгъэгъуэтыжыр. Адыгагъэ зыхэлъым, и адэ-анэр къэгъэнауэ, Iыхьлым щыщ а унэ насыпыншапIэм игъэкIуэнукъым. Дауи, мыадыгэхэм зыри хабзэ зэрамыхьэу аракъым (итIанэ дунейр къутэжынти), ауэ адыгэ хабзэм псори зэпишачэу, гъащIэм узэрыхэтынум сыт и лъэныкъуэкIи ухуигъэхьэзыру, нэхъыжьым я жьыщхьэр ихъумэу, нэхъыщIэм я гъуэгур иузэхуу зэрызэхэлъым хуэдэ щыIэкъым. ЩыIэр цIыхум езым дежкIэ нэхъ тыншыр, езым фIэигъуэр къыхихыу абы тетынырщ. Адыгэ хабзэм и IункIыбзэ быдэщ «емыкIущ», «уадыгэкъэ уэ?» жыхуиIэ псалъэхэр.
- Бахъсэн къалэ щыщ щIалэщIэ Анишев Александр музыкэм хуоджэри Ростов щыIэщ. Езыр урысщ, ауэ уэрсэру адыгэбзэр ещIэ. ЩIалэм и педагогхэм ягъэщIагъуэ абы бгъэдэлъ гъэсэныгъэр. Дерсым къыщIыхьа егъэджакIуэр тIысыху, езыр зэфIэтщ. Зыщагъэпсэху зэманым ирихьэлIэу нэхъыжь къахыхьэмэ, къотэдж. Нэхъыжь и псалъэ зэпиудыркъым. Къадеджэ хъыджэбзхэм къыщыжакIуэу зэрабгъэдэтымкIэ пщIэ къелэжь. Псоми къазэрыхэ- щым гу лъатауэ, езыгъаджэхэр къыкIэлъыплъырт. Арати, зыр къеупщIащ, мы къыбдеджэхэм уарещхькъым, зы щытыкIэ хьэлэмэт гуэрым утетщ, сытым къыхэкIрэ ар, жиIэри. «Сэ Къэбэрдейм сыщыщщ. Ди дежкIэ хабзэкъым нэхъыжьым япэ тIысу, щыпсалъэкIэ пэрыуэу, и гъуэгу зэпаупщIу, и пащхьэм ину ущыпсалъэу. Абы зэреджэр адыгэ хабзэщ», — жриIащ. Ар гъэщIэгъуэн ящыхъуауэ, концерт иIэу абы кIэлъыкIуа гъу- нэгъухэм, Iыхьлыхэм къыжраIэжащ. А урыс щIалэм хузэфIэкIащ къыдеджэхэм ящыщ гуп адыгэ къафэм хуигъэсэну. И концертым адыгэ уэрэдхэр хэтщи, а гупым утыкур хуагъэдахэ. Мы щIалэм зыщыщ урыс лъэпкъыр хьэрэм ищIыжауэ ара-къым, зэрыурысщ, ауэ зыдэпсэу адыгэхэм я хабзэм хэлъ дахагъэр къыгурыIуэри, зыхилъхьащ. Езы цIыкIур дахэщIэхъуэпсти, зыми химыгъэзыхьауэ, и пщIэр зыIэтыну щытыкIэм иуващ. Бзэр зригъэщIати, аращ къыщIехъулIари. ДызыщIэгупсысыжыпхъэщ: хамэр зэхъуапсэм дэ дыщIелъэпэуэжыр сыт, ди быным щхьэ едмыпэсрэ?
- Сабийр адыгэ щIыныр адыгэбзэм хуезыгъаджэхэм я закъуэ къахуэнэ-жауэ къыпщохъу. Абыхэм я дежщ адыгэбзэ къабзэ щызэхахыр, адыгэ хабзэм щыгъуазэ щыхъур. Iуэхутхьэбзэшхуэ лъэпкъым хуащIэ зи дерсри нэгъэсауэ езыгъэкIуэкI, абы нэмыщIи классщIыб лэжьыгъэ къызэзыгъэ-пэщ егъэджакIуэхэм. «Краеведение» къыхухэпхыу сабийр тумыгъэхьэулеикIыу, а егъэджакIуэм къыхилъхьэфыну фIыгъуэм уи бынри уи щхьэри хыумыгъэкIыжмэ нэхъыфIкъэ?
- Ину тепсэлъыхьыпхъэщ къалэ еджапIэхэм я унафэщIхэм анэдэлъхубзэ дерсым кIуэ еджакIуэхэр нэхъ мащIэмэ зыфIэфI зэрахэтым. Ар къызыхэкIыр, адыгэ ирехъу, иребалъкъэр, зи бзэ фIыуэ зымыщIэж цIыкIухэр ебгъэджэну зэрыгугъур, я оценкэхэр адрей предметхэмкIэ къахьым нэхърэ нэхъыкIэ щыхъу къызэрыхэхуэр аращ. ТхужыIэнукъым къалэ егъэджакIуэхэм оценкэр хуабжьу якъузу, ебгъэлеймэ, къеджэкIэ зымыщIэхэм, иримыпсэлъэфхэм «плIыри», «тхури» къахь. Ауэ апхуэдэу езымыгъэлеифи къахокIри, предмет псомкIи «тху» защIэкIэ еджэм зы баллкIэ нэхъ мащIэу адыгэбзэр е балъкъэрыбзэр къыхэхуэмэ, «отличникхэм» я бжыгъэр нэхъ мащIэ мэхъу. УнафэщIыр абы хуейкъым. Хуэмейуэ пихыжар адэ-анэращ. УнафэщI зыкъомыр зытелажьэр лъэпкъым и цIыхур езым щыщ щIыныр аракъым, и цIэр ехъулIэныгъэфI зиIэ унафэщIхэм хэтынырщ. Адэ-анэ зыкъомыр зыхущIэкъур ат- тестатым «тху» защIэ итыныращ. «Адыгэбзэр иратхэу, аттестатыр ирамыуцIэпI» жызыIэхэм щэху цIыкIуукъым зэрыжаIэр.
- Зи еджапIэ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэр щаIыгъым утепсэлъыхьыныр хьэлъэ дыдэщ. Мыбдежыращ хуэму-рэ зыкъызэщIэзыщIэ лагъымыр лъэпкъым къыщIыкIэщIалъхьэр. Мыращ лъэпкъ зэщымыщхэм къахэкIа сабийхэр зэщхьыркъэпсу урыс щыхъур. ЗыкIи пхуэгъэкъуэншэнукъым а IуэхущIапIэхэм я унафэщIи лэжьакIуи. Ахэри къекIуэкI хабзэм тетщ, къыхуагъэхь дэфтэрхэм итыр ягъэзащIэ. Анэдэлъхубзэми хабзэм къитIэс Iыхьэм хуэдиз ират. ИтIани… ХэкIыпIэ зимыIэ щыIэ, улъыхъуэмэ, къэбгъуэтыну ухуеймэ? Махуэшхуэхэм ира- гъэхьэлIэурэ сабийхэр усэ къеджэу, уэрэд жаIэу, къафэу ягъасэ. Ахэр сытым щыгъуи урысыбзэныр Iэмалыншэ? ИлъэсыщIэм адыгэ сабийхэр адыгэбзэкIэ хуэбгъэхьэзыр щIэмыхъунур сыт? Ирещхьэхуэ балъкъэрхэр, бжыгъэкIэ нэхъ мащIэ ад-рей лъэпкъхэр урысыбзэм трырет. Хьэмэрэ адыгэ сабийхэм адыгэбзэ-кIэ, балъкъэрхэм езым я бзэкIэ илъэсым щэ-плIэ таурыхъхэр сценэм къыщагъэлъагъуэу хабзэ щыIэныр зыгуэркIэ зэран хъуну? ПсынщIэрыпсалъэкIэ, псалъэжьхэмкIэ зэпеуэхэр яфIэхьэлэмэтынтэкъэ гъэсэн цIыкIу- хэм? Гуащэ театр яIэ хъунущ, зэб- зэгъу сабийхэр щыджэгуу.
- Республикэр къэзыгъэхъу лъэпкъитIым я гъэсэныгъэ программэр дэтхэнэри и лъэпкъым щыщ щIы- ным тещIыхьауэ щыт хъунущ. Абы шэч хэлъкъым. КъызыхэкIам пщIэ хуащIу, я бзэр, я хабзэр ягъэлъэпIэ- жу есаращ нэгъуэщIхэм яйри зейм дежкIэ зэрылъапIэр зи фIэщ хъунур. Апхуэдэ программэ сабий IыгъыпIэм щагъэзэщIэн папщIэ, къэрал унафэ пэмыплъэми хъунущ. УнафэщIыр жыжьэ плъэуэ, къекIуалIэ сабийхэр зыщыщым я хамэу, хамэми ящыщ мыхъуауэ къанэ зэрымыхъунум егупсысыф цIыху губзыгъэу щытын хуейуэ аращ.
- Курыт еджапIэхэм я унафэщIхэм я гупсысэкIэм куэд елъытащ анэдэлъхубзэм и Iуэхур тэрэзу зэфIэувэнымкIэ. Къэралым Iэмалыншэу къахуиутIыпща а сыхьэтищым къыкIэрачыну ехъуапсэу дапщэ яхэт? НэхъыфIт нэгъуэщI хъуэпсапIэ яIа- мэ — еджапIэм и IэмыщIэ илъ сыхьэт бжыгъэ мащIэм щыщ анэдэлъхубзэм хухагъэхъуэным. А сыхьэт бжыгъэ тIэкIур къызэрагъэсэбэпым лъэпкъ гупсысэкIэ зиIэ унафэщIымрэ абы хуэхеймрэ нахуэ ещI. Зыхалъхуа лъэпкъым и лъапIэныгъэхэр зыпкърыхьа сабийр дунеишхуэм нэхъ тын-шу техьэнущ, цIыху псоми я зэхуэдэ щытыкIэ лъагэхэр къащтэфынущ, лъэпкъыу щыIэм пщIэ хуэщIын зэрыхуейр ящIэнущ. ЦIыхум езым игъэунэхуар, и псэм зыхищIар, и гум лъэIэсаракъэ лъабжьэ хуэхъур нэ-гъуэщIыр зыхищIыкIынымкIэ…
- Уи лъэпкъым удэщIыжыным хабзэншагъэ е адрей лъэпкъхэм ебэкъуэныгъэ къикIыркъым. Сыт хуэдэ лэжьыгъэ IэнатIэ бгъэдэмытми, «сэ сыадыгэщ» жызыIэр и лъэпкъэгъум нэхъ нэ лейкIэ еплъын хуейщ. Узэкъуэтмэщ ипэкIэ ущыкIуатэр. Зы щапхъэу щыIэщ езым и лъэпкъэгъу фIэкIа и тыкуэным лэжьакIуэ щIэзымыгъэувэ балъкъэр унафэщI. Балъкъэр унэцIэ иIэу зы хъыджэбз къищтэри, адыгэу къыщIэкIати, къыIуигъэкIыжащ. Дауи, захуагъэкъым, итIани езым и лъэпкъым лэжьапIэ иритмэ нэхъ къещтэ. Апхуэдэ егъэлея къэхъуну дыхуейкъым, ауэ зэрыхъукIэ уи бзэгъум и Iуэху зэрыдэбгъэ- кIынум хуэщIауэ ущытыныр пэжыгъэщ, лъагъуныгъэщ.
- Сытым дыкъыдихыжыну пIэрэ- тIэ, адыгэ псори адыгэбзэкIэ псалъэу тлъагъужынымкIэ!
- Псом япэу, интеллигенцэр анэбзэм ирипсэлъэн хуейщ. ЗымыщIэхэм езыхэми я бынми зэрызрагъэщIэн кIуэрабгъу къалъыхъуэныр зы хэкIыпIэт. Абыхэм я урысыбзэм ехъуапсэу зезыгъэщхьа цIыхубэр я адыгэбзэми ехъуэпсэжынут.
- Зи бзэ зымыщIэжым къулыкъу хуэфащэкъым, щIратыни щыIэкъыми, ар Iуэху хэхащ. Абы къыщыфIыкIыжауэ, хабзэ ткIий гъэувыпхъэщ лъэпкъым ехьэлIа Iуэху зезыхьэну хуейм адыгэбзэри балъкъэрыбзэри фIыуэ ищIэныр. Щхьэж и бзэракъым, бзитIри зэгъусэу. Ди насыпым кърихьэкIауэ дыщызэхэскIэ, зэхэкIыпIи щыдимыIэкIэ, къулыкъу зыIыгъыр IуэхукIэ къыхуэкIуам и бзэмкIэ къепсэлъэфын хуейщ. Апхуэдэу, адыгэм балъкъэрыбзэр, балкъэрым адыгэбзэр щрагъэдж IуэхущIапIэ щыIапхъэщ. Апхуэдэ хабзэ къежьэ-мэ, унагъуэхэм цIыкIу щIыкIэ бзитIри ирагъащIэу хуежьэнущ.
- ГъэщIэгъуэнщ зэгулIауэ лъэпкъитIыр зыщыпсэу республикэм зым и бзэр адрейм иджыныр хабзэу зэ- рыщымыувар. Къехьэжьэн хуей Iуэхущ ар.
- Сабий IыгъыпIэхэм программэ щхьэхуэ яIэн хуейщ республикэр къэзыгъэхъу лъэпкъитIым къахэкIа сабийхэм яридэлажьэу, нэхъыбэрэ я бзэмкIэ псэлъэну Iэмал ирату. Расписанэм хэту тхьэмахуэм тIэущэ дакъикъэ тIощIкIэ ирагъаджэ, ауэ абы къыпэкIуэнур зыхуэдизыр нэрылъагъущ. НэгъуэщI хэкIыпIэхэри я IэмыщIэм илъщ цIыкIухэр зыгъасэхэм, ауэ анэдэлъхубзэр зэращIэм сабий IыгъыпIэм и фIагъыр епхауэ щыткъыми, зэпхам толажьэ. Адэ-анэхэр щIэлъэIуну хуитщ я быным анэдэлъхубзэр нэхъыфIу езыгъэщIэн лэжьыгъэ къахузэрагъэпэщыну.
- ЕджапIэ унафэщIхэр фIэлIыкIын хуейщ щыунафэщI IуэхущIапIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэритым, лъэпкъитIми я бзэхэр къэралыбзэу къызэралъытам, а лъэпкъитIым къахэкIа сабийхэм я бзэхэр ящIэнымкIэ, фIыуэ ялъагъунымкIэ, ирипсэлъэнымкIэ пщэрылъ зэрахьым. Еджа-пIэм зэрыхуейуэ къигъэсэбэп хъуну сыхьэт бжыгъэм щыщ анэдэлъхубзэм хуагъэфэщэныр захуагъэщ. Зи бзэр зымыгъэшэрыуэф ныбжьыщIэхэм гъэ еджэгъуэм и кIуэцIкIэ хагъахъуэр зыхуэдизыр къэпщыта зэрыхъун хэкIыпIэ щыIэныр и чэзу дахэщ. УнафэщIхэм я гумащIагъым адыгэбзэр къыхуэнэ хъунукъыми, цIыхубэ кIэлъыплъакIуэ дыхуейщ еджапIэхэм дыхьэурэ анэдэлъхуб- зэр зэраджым я нэIэ трагъэтыну, адыгэ сабийхэмрэ (бзэм хащIыкIыр зыхуэдизыр къахутэн папщIэ) адыгэбзэ егъэджакIуэхэмрэ (ягъуэт дэIэпыкъуныгъэр зыхуэдэмрэ зыхуэдизымрэ IупщI къэхъун папщIэ) яхуэзэну хуитыныгъэ яIэу. Ди бзэм къытехьэ лейм иригузавэ щыIэхэщи, дэгъуэт апхуэдэ хуитыныгъэ къезыт тхылъ зэхуагъэхъурэ, къалэ еджапIэ, сабий IыгъыпIэхэм ядэлэжьамэ.
- Адэ-анэм Iэпэдэгъэлэл ящIа зы Iуэхугъуэ дытепсэлъыхь зэпытщ. Ар ди сабийхэр компьютер джэгукIэхэмрэ ИнтернеткIэ зэплъ таурыхъхэмрэ дахьэхауэ, нэхъыбэм абыхэм зэрыбгъэдэсыращ. Иджыпсту урысыбзэ фIэ-кIа ямыщIэу къытщIэува цIыкIухэр къыздикIар аращ. Мы Iуэху шынагъуэм игъэшынэ анэ куэд дызэримыIэр хэтщ лъэпкъыр зыгъэбгъунлъэм. Сабийр телевизоркIэ, ИнтернеткIэ зэплъ таурыхъхэм зэрытрагъэур балигъхэм дежкIэ тыншыгъуэми, я бзэри, я гъэсэныгъэри абы зэрыригъэкIакIуэр ди нэгу щIокIыххэ. ЯфIэхьэлэмэт урыс, инджылыз таурыхъхэм пэхъун адыгэбзэкIэ диIэныр хъуэпсапIэ къудейуэ къонэж зэкIэ. ХэкIыпIэу щыIэр анэхэмрэ анэшхуэхэмрэ я быныр экраным зэрыбгъэдэс мардэм кIэлъыплъынырщ. Нэхъыбэрэ епсалъэу, къэзыухъуреихь дунейм — псым, уафэм, щIым, къэкIыгъэм, псэущхьэхэм, цIыху зэхэтыкIэм — кIэлъагъэплъу, адыгэ таурыхъхэр жраIэу, усэ цIыкIухэр ирагъащIэу сабийм гъусэ хуэхъужахэтэмэ, ди тхьэмыщкIагъэм зыкъом хэщIынут. Куэдрэ экраным еплъыным зэраныгъэу узыншагъэм къыхилъхьэр Iуэху щхьэхуэщ, адэ-анэр иригузэвэн хуейуэ.
- Къуажэ къэс Нэхъыжь хасэхэр (Совет старейшин) яIэщ. Адыгэр ардыдэм дынэсакъым, абыхэм я псалъэ къагъэIумэ, зыми пщIэ хуимыщIыжыну. Хабзэр, бзэр хъумэжыным елэжьын хуейщ нэхъыжьу дэнэ къуажэ дэсри. Егупсысауэ, зэпэшэчауэ Iуэхум бгъэдыхьэтэмэ, шэщIауэ хэлэжьыхьтэмэ, дызыгъэгуфIэн кърикIуэнут. Къэхъум дыкIэлъыплъу, «щIалэгъуалэр зыри зэрыхуэмейм» папщIэ дыубэу дыщысмэ, нэхъ псынщIэу егъэзыхыгъуэм дехыну аращ. ЩIалэгъуалэм яхуэт-щIар къытхуащIэжу аращ, яхэтлъхьамэ, ядэтлъагъужынут.
- АдыгэлIым дежкIэ фащэкъым и унагъуэр урысыбзэкIэ зекIуэныр. Адыгэ унэм щыIур адыгэбзэщ — мы зыращ дязыхэзми гупсысэ нэхъыщхьэу пкърылъын хуейр.
- Лъэпкъыр дызэкъуэувэрэ ди бзэм хуэфащэ увыпIэр едгъэгъуэтыжмэ, ар зыхуэтщIэжынур ди щхьэращ.
- ХЬЭЦIЫКIУ Раисэ,
- егъэджакIуэ,
- педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат.
- Урыху къуажэ.