ГуащIэдэкIым щIыхь къызыхуихьа адыгэлI
2018-09-01
- Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Урыху къуажэр цIыху цIэрыIуэ куэд къызыдэкIа адыгэ жылэжьщ. Абы и куэщI къитэджыкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм, политикэм, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ зи цIэр фIыкIэ щыIуа хэкупсэхэр. Апхуэдэхэм ящыщщ республикэм и мэкъумэш IэнатIэм зиужьыным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, зи гуащIэдэкI хьэлэлым пщIэ лъагэрэ щIыхьышхуэрэ къызыхудэкIуа Мэрзей Борис ХьэцIыкIу и къуэр. НэхъыжьыфIым и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 85-рэ ирокъу.
-
МэкъумэшыщIэ унагъуэщ Борис къыщыхъуар. Мэрзей зэщхьэгъусэхэм я щыпэлъху щIалэ цIыкIур угъурлыти, абы къыкIэлъыкIуащ иджыри щIалитхурэ зы хъыджэбзрэ. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ, хабзэрэ нэмысрэ зэрылъ унагъуэшхуэм и нэхъыжьхэм ялъэкI псори ящIащ, я бынхэр зыхуей хуэзэу къэтэджын папщIэ.
- Урыху дэт курыт еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Борис илъэситIкIэ губгъуэ бригадэм щылэжьащ учётчикыу. Еджэным хуэнэхъуеиншэ щIалэщIэр 1953 гъэм щIэтIысхьащ Къэбэрдей пединститутым и тхыдэ-филологие къудамэм икIи, зэрихабзэу, жэуаплыныгъэр зыхищIэу щIэныгъэфI зригъэгъуэтащ. Еджэнми жылагъуэ гъащIэми хуэжыджэр комсомолецыр ВЛКСМ-м къыхуигъэфэща путёвкэмкIэ (ар зратыр нэхъыфI дыдэхэрат) 1956, 1957 гъэхэм я гъэмахуэхэм Къэзахъстаным щыIащ, щIыщIэхэр къэзыIэт хэкупсо гупышхуэм хэту. А лъэхъэнэм къэрал мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэми жыджэру зэрыхэлэжьыхьам папщIэ, Мэрзей Бо-рис тIэунейрэ къыхуагъэфэщащ «ЩIыщIэр къызэрыфIэтам папщIэ» къэрал дамыгъэр. Апхуэдэ гулъытэ лъагэр яхуэфащэ дыдэт Хэкум, лъэпкъым я зыужьыныгъэм зи зэфIэкIи къаруи езыхьэлIэну хьэзыр щIалэгъуалэм.
- Студент илъэсхэр купщIафIэу, еджэнми жылагъуэ Iуэхухэми щыпэрыту ирихьэкIащ Мэрзейм. Университетыр къиуха нэужь, апхуэдабзэу жыджэру, лэжьыгъэм и гур хузэIухауэ егъэджакIуэ IэнатIэм пэрыхьащ щIалэщIэр. Бо- рис урысыбзэмрэ литературэмкIэ иригъэджыну ягъэкIуащ Уэзрэдж дэт курыт школым. ИлъэситIкIэ абы щылэжьауэ, зэфIэкI зыбгъэдэлъу гу зылъата IэщIагъэлIыр КПСС-м и райкомым инструктору яшащ. Зэрылажьэм хуэдэурэ, Мэрзейм къиухащ Краснодар дэт Кубань мэкъумэш институтыр. Ар ехъулIэныгъэкIэ къиухри, Борис ягъэуващ «Скотопром» Къэбэрдей-Балъкъэр трестым Урыху къуажэм къыщызэIуиха «Батехский» Iэщ щагъэшхэ хозяйствэм и унафэщIу.
- Илъэс 20-м нэскIэ а IэнатIэм пэрытащ Мэрзейр, жэуаплыныгъэр зыхищIэу, и пщэрылъ къалэнхэр къызыхуэтыншэу игъэзащIэу. А лъэхъэнэм нэхъри нэхъ наIуэ къэхъуащ а IэщIагъэлI щыпкъэм бгъэдэлъ зэфIэкIхэм я лъагагъыр. Къэхъуакъым ар зи пашэ хозяйствэм Iэщ гъэхъунымкIи хадэхэкIхэр къэгъэкIынымкIи къэрал планыр щимыгъэзэщIа. Борис и нэIэм щIэт IэнатIэр иригъэфIэкIуа къудейкъым, атIэ къуажэдэсхэми ахэр зэрымэкъумэшыщIэм, щIым зэрытелэжьыхьым епха гушхуэныгъэ яхилъхьэфащ. ЗыIэригъэхьа ехъулIэныгъэфIхэм папщIэ унафэщIми ар зи пашэ хозяйст- вэми а илъэсхэм мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэмрэ ВЦСПС-мрэ я Бэракъ Плъыжьыр, щIэх-щIэхыурэ гупыр щытекIуэрт Урысейпсо зэхьэзэхуэхэми.
- А лъэхъэнэм зыдэлэжьа IэщIагъэлIхэр нобэ фIыкIэ игу къокIыж Борис. Апхуэдэхэщ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьхэу Тэрчо-къуэ Къамболэт, Евтушенкэ Николай, Ахъмэт Мусэбий сымэ, мэкъумэш IэнатIэм и унафэщI цIэрыIуэу щытахэу Борыкъуей Мухьэдин, Лъэпщокъуэ Инал, Арахъэ Чэмал, КIуэкIуэ Валерэ, Жэмбей Хъусен, ХьэщIэлI Мухьэмэд, нэгъуэщIхэри. Абыхэм къабгъэдэкIа чэнджэщ Iущхэмрэ псалъэ гуапэхэмрэ зэи щыгъупщэркъым Мэрзейм. Абы зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ цIыхухэм гъащIэм уащыIущIэныр, уадэлэжьэныр ар фIыгъуэшхуэт. Апхуэдэхэм ухуагъасэ IэнатIэ зехьэкIэми, цIыху хэтыкIэми, жэуаплыныгъэр зыхэпщIэу лэжьыгъэм упэрытынми. А нэхъыжьыфIхэр Борис къелъытэ и унэтIакIуэу, и егъэджакIуэу. Абыхэм къадэкIуэу абы къыхегъэщ цIыхуфIрэ лэжьакIуэфIкIэ Тхьэр дапщэщи къыхуэупсэу зэрыщытар. Ноби аращ.
- Езы унафэщIри набдзэгубдзаплъэу, зэхэщIыкI иIэу ябгъэдэтащ и нэIэм щIэт лэжьакIуэхэм. Мэрзейм, дауи, и фIыгъэ куэд хэлъщ зи пашэ совхозым и IэщIагъэлIхэм, къызэрыгуэкI лэжьакIуэхэм ящыщ куэдым къэрал дамыгъэхэр зэрыхуагъэфэщам. Борис и тетыгъуэм хуэзэу я гуащIэдэкI хьэлэлым папщIэ апхуэ-дэу ягъэлъэпIауэ щытащ Блийхэ ТIыхъурэ Хьэжмырзэрэ, Сындыкухэ Хьэмелрэ Пагуэрэ, Инал Азэмэт, Мэшыкъуэ ДжэбрэIил, Тэужьей СулътIан, Шорэ Виктор, Хьэмыкъуэ Михаил, Аджырэ ХьэпIытI, Срыкъуэ Щам, Уэдыхь Зубэнил, нэгъуэщIхэри.
- — Дэтхэнэ зы цIыхуми гъащIэм щиIэ мурад нэхъыщхьэр зэпхауэ щытын хуейр зыпэрыт IэнатIэм нэхъыфIу зэрехъулIэнращ, къыхиха IэщIагъэм и щэху псоми зэрынэсыфынращ, армыхъумэ езыр нэхъ къулей зэрыхъунракъым. Лэжьыгъэр епхьэкIын хуейщ, уи напэм уемыпцIыжу, уи пщIэр пIыгъыжу, — и гукъэкIыжхэм къыщыхегъэщ Мэрзей Борис. — Сэ сцIыхуа нэхъыжьыфIхэм, си унафэм щIэту я IэнатIэр езыхьэ-кIа лэжьакIуэхэм ящыщ куэдым апхуэдэ Iуэху зехьэкIэщ ябгъэдэлъар. Абыхэм я гъащIэр Хэкум къулыкъу хьэлэлу хуэщIэным я щапхъэ нэсщ.
- Езы хэкупсэми апхуэдэ Iуэху зехьэкIэщ бгъэдэлъар. Абы и те- тыгъуэм хозяйствэм къытралъхьэ планхэр къызыхуэтыншэу игъэзэщIа къудейкъым, атIэ жылэми зэIузэпэщыныгъэ игъуэтащ. А лъэхъэнэращ Урыху жылэм ЩэнхабзэмкIэ унэ, Iэщ гъэхъуным еп-ха ухуэныгъэфIхэр, совхоз конторэм и унэр щыдащIыхьар, телефон кIапсэхэр, псы зрикIуэ бжьамийхэр, уэрамхэм щыблэ уэздыгъэ кIапсэхэр щыщаукъуэдияр, къуажэм и теплъэр егъэфIэкIуэным хуэгъэпса лэжьыгъэфI-хэр щыщызэфIахар. Апхуэдэ псэ хьэлэл лэжьыгъэшхуэхэм къапэкIуащ къэрал дамыгъэу 20-м нэс. Абыхэм ящыщщ «ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь», «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденхэр, «ГуащIэдэкI хьэлэлым папщIэ» медалыр, нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэхэр, щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр. Социалистическэ зэхьэзэхуэм зэрыщытекIуам папщIэ Мэрзейм къратауэ щытащ «ГАЗ-24» автомашинэри.
- 1983 гъэм Борис ягъэуващ РСФСР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и «Глав-скотооткорм» управленэ нэхъыщ-хьэм и «Скотопром» Къэбэрдей-Балъкъэр трестым и унафэщIым и къуэдзэу, иужькIэ ар щылэжьащ Налшык дэт Лы комбинатым и унафэщIым и къуэдзэу. А Iэна-тIэм ар пэрытащ илъэс 13-кIэ, 1996 гъэм пенсэ кIуэхукIэ.
- Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, сыт хуэдэ къулыкъу имыIыгъами, Мэрзей Борис и пщэрылъ къалэнхэр дапщэщи ирихьэкIащ жэуаплыныгъэр зыхищIэу, дзыхь къыхуащIа IэнатIэр зэрыригъэ-фIэкIуэным хущIэкъуу.
- — И гъащIэр зэрырихьэкIымкIэ, и гупсысэкIэмрэ Iуэху зехьэкIэу бгъэдэлъамкIэ Мэрзей Борис хуэфащэ дыдэу къихьащ къыдэлэжьахэм, и унафэм щIэту IэнатIэ езыхьэкIахэм, зыцIыхуу щытахэм къабгъэдэкI пщIэрэ щIыхьрэ, — жеIэ абы и къуажэгъу, дохутыр цIэрыIуэ АфIэунэ Анатолэ. — Ди жылэм дэсу къыщIэкIынкъым Борис пщIэ хуэзымыщI. Мэрзейм хуэдэхэращ ди къуажэм, районым я цIэхэр фIыкIэ зыгъэIуар, а цIыху щыпкъэр республикэри зэрыгушхуэ хэкупсэ нэсхэм ящыщщ.
- НэхъыжьыфIым хэлъ цIыхугъэшхуэмрэ акъыл жанымрэ куэд щыгъуазэщ.
- — Мэрзей Борис хуэдэу гупсысэ шэщIарэ зэхэщIыкI куурэ зыбгъэдэлъ цIыху гъуэтыгъуейщ, — АфIэунэм и псалъэхэм къыщIегъу КъБР-м и прокурору, Республи-кэм ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым и секретару лэжьа Абазэ Руслан. — Абы епсэлъылIэ дэтхэнэми зыхещIэ а нэхъыжьыфIым бгъэдэлъ щIэныгъэм, щэнхабзэм, цIыхугъэм я къулеягъыр.
- Мы зэманым Налшык щыпсэуми, Борис пыщIэныгъэ гуапэхэр хуиIэщ и адэжь щIыналъэм. ПщIэшхуэ хуащIу, ар зэи ханыркъым къызыхэкIа лъэпкъым я зэхыхьэхэм, къуажэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм. Ущалъхуа жылэм дэс нэхъыжьыфIхэр, къыдэхъуэ щIэблэр апхуэдэу гуапэу къыпхущытыныр ар насып Iыхьэ инщ. Апхуэдэ фIыгъуэкIэ гъащIэр зыхуэупсэр и щхьэми жылагъуэми емыпцIыжу, пэжу зи дунейр езыхьэкI цIыхуращ. Мэрзей Борис апхуэдэщ.
- Тхьэшхуэр унагъуэ дахэкIэ зыхуэупсахэми ящыщщ Мэр- зейр. Абырэ и щхьэгъусэ Эммэрэ я унагъуэр адыгэ хабзэрэ нэмыс-рэ зэрылъщ. Зэщхьэгъусэхэм я къуэ Ахьмэд а лъэпкъ фIыгъуэхэм я мардэхэм тету ягъэсащ, щIэныгъэ, IэщIагъэ иратащ, гъащIэм гъуэгу пэж щытрагъэуващ. Нэхъыжьхэр ягъэгуфIэ я къуэ- рылъхухэм, абыхэм къащIэхъуа щIэблэхэм я ехъулIэныгъэхэм, гъащIэм и IэфIыр иджыри зэ зыхрагъащIэу, дунейр нэхъри щIэщыгъуэ къыщащIу.
- Зи ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъу Мэрзей Борис ХьэцIыкIу и къуэр ноби жыджэру гъащIэ гъуэгум тетщ, щалъхуа хэкум, жылэм заужьыным, ехъулIэныгъэ яIэным и зэфIэкIи къаруи хуигъэпсу. НэхъыжьыфIым и гъащIэр я щапхъэщ и унагъуэми къызыхэкIа лъэпкъми.
- ТЭМАЗЭ Владимир.