ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ГъащIэ  купщIафIэ

2019-04-06

  • КъытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным, абы хуэгъэпса Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр егъэкIуэкIыным теухуа лэжьыгъэ щхьэпэ куэд щызэфIах ди республикэм. А Iуэхухэм дапщэщи хэтщ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм Аруан щIыналъэм щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэри.  ЩIыпIэ хасэм и тхьэмадэщ нэхъыжьыфI, цIыху гумызагъэ икIи жэуаплыныгъэ зыхэлъ КъущхьэтIу Хьэутий ПIытIутIэ и къуэр.

  • КъущхьэтIу Хьэутий и унагъуэр.

  • Хьэутий 1939 гъэм и мэлыжьыхь мазэм Старэ Шэрэдж къуажэм къыщалъхуащ. Абы и ныбжьыр илъэситIым щIигъуа къудейт, и къуэш нэхъыщIэ цIыкIур иджыри ныбэм илът, Хэку зауэшхуэр къэхъейуэ и адэр дзэм щраджам щыгъуэ.
  • — Дэ тхуэдэхэр щэрэ минрэт а зэман хьэлъэм, ауэ, итIани, дэтхэнэми гурэ псэкIэ зыхэтщIащ, дгъэващ а зауаем къытхуихьа насыпыншагъэхэр, дызыхидза бэлыхьхэр, — и сабиигъуэм топсэлъыхьыж КъущхьэтIур. — Си къуэш нэхъыщIэ цIыкIумрэ сэрэ ди адэм и хъыбархэм дыщIигъэдэIурт ди анэм. Ар ДыщэкIхэ япхъут, и цIэр Мэржант. Абы ди гур фIы тхуищIырт, ди адэр къэкIуэжрэ унагъуэр дрикъужмэ, псоми тIуэтэжыну, дытыншыжыну къыджиIэурэ.
  • ГъащIэм щаIэфыну фIы псори щIалэ цIыкIуитIым зрапхыу псэуа я адэр щIэх ялъагъуну Тхьэм иухатэкъым — ТекIуэныгъэр къыщахьа 1945 гъэм къахуэкIуэжакъым сабийхэр апхуэдизу зэжьа я адэр. Хьэутий зэрыжиIэжымкIэ, ар уIэгъэ хъури гъэру яубыдахэм яхэхуати, зауэ нэужьым Таджикистаным ягъакIуэри, абы и шахтэхэм щылэжьащ 1957 гъэ пщIондэ.
  • Апхуэдэу гугъу ехьу, я адэри ящхьэщымыту къэтэджа быныр къэхъуащ я гур къабзэу, цIыхур, гъащIэр фIыуэ ялъагъуу. АбыкIэ фIыщIэ ин бгъэдэлъащ щIалэ цIыкIухэм я анэ Мэржан. Хьэутий ноби игу илъщ анэм къажриIэу щыта псалъэхэр: «ЦIыху хуэдэ цIыхуу дунейм фытет. Фэ фыцIы-хухъу цIыкIущ, фи напэ, нэмыс фхъумэу, фи псалъэ фытрагъуэтэжу фыпсэу». А псалъэхэр и гъуэгугъэлъагъуэу гъащIэр ирехьэкI Хьэутий.               Къуажэ курыт школыр къиуха нэужь, ар хуеджащ шофёр IэщIагъэм. ИужькIэ щIыхь пылъу дзэм къулыкъу щищIащ.
  • Дзэ къулыкъум илъэсищкIэ щыIауэ, КъущхьэтIум къигъэзэжащ щалъхуа щIыналъэм. Ар щылэжьащ транспортым епха IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм, зэхъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэм, хьэрычэтыщIэ Iуэхухэм хыхьэри, и мурадхэр зригъэхъулIэфу хьэлэлу ирихьэкIащ.
  • Хьэутий дапщэщи щытащ къызыхэкIа лъэпкъым зи гур хуэкъабзэ хэкупсэу. Лъэпкъ хасэхэр ди щIыналъэм къыщыщызэрагъэпэщу щыхуежьам, а жылагъуэ зэгухьэныгъэм япэу хыхьахэм ящыщщ ар.
  • — Нало Заур зи пашэу япэу къызэрагъэпэща лъэпкъ Хасэм сфIэфIу сыхыхьауэ щытащ. А лъэхъэнэм абы къиIэтауэ щыта Iуэхугъуэхэм я нэхъыбэри сфIэигъуэт, жыджэруи дэсIыгъащ, — зэфIих жылагъуэ лэжьыгъэм топсэлъыхь Хьэутий. — Аруан щIыналъэм щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу сыщыту, ноби слъэкI къэзгъанэркъым къытщIэхъуэ щIэблэр къызыхэкIа лъэпкъым пщIэ хуащIу, щалъхуа щIыналъэр ялъытэу, псом я щхьэращи, я анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъурэ ар псэр зыгъэхуабэ IэфIыгъэу, нэхугъэу къалъытэу гъэсэнымкIэ.
  • Лъэпкъ Iуэхум, щIэблэ гъэсэны-гъэм хуэнабдзэгубдзаплъэ нэхъыжьыфIыр япыщIащ щIыпIэм щыIэ курыт школхэми сабий садхэми. Абы жыджэру деIыгъ егъэджэныгъэ IэнатIэм гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ къыщыхалъхьэ жэрдэмхэр, езыри дап-щэщи хэтщ а Iуэхугъуэхэм. Хьэутий  зэрыжиIэмкIэ, зи пашэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм къыхилъхьэ жэрдэмыщIэхэр къыдиIыгъщ икIи ахэр къызэгъэпэщынымрэ къызыхуэтыншэу егъэкIуэкIынымрэ сыт щыгъуи и нэIэ тригъэтщ район администрацэм и Iэтащхьэ Куэшей Азэмэт.
  • — ЩIэныгъэ куурэ лъэпкъ гъэсэныгъэ екIурэ зыбгъэдэлъ адыгэлIыр езыр хэкупсэ нэсщ. И ныбжькIэ щIалэми, гъащIэм и зэхэлъыкIэм и лъэныкъуэ куэдым фIыуэ щыгъуазэщ Азэмэт. Ар ди щIыпIэм и пашэ зэрыхъурэ блэкIа илъэсхэм щIыналъэм хэпщIыкIыу зиужьащ унэтIыныгъэ куэдкIэ, — жеIэ КъущхьэтIум. — Сэ си лэжьыгъэкIэ куэдрэ сыIущIащ Куэшейм икIи зэи сыкъигъэщIэхъуакъым, сыт хуэдэ жылагъуэ IуэхукIэ сыбгъэдыхьами. Куэшейм къыхилъхьа жэрдэмыфIхэм ящыщщ адыгэ хабзэмкIэ дерсхэр ди районым и курыт еджапIэхэм зэрыщекIуэкIыр.
  • Лъэпкъым хуэфащэ щIэблэ гъэсэныр къэралым къыпэщылъ къалэн нэхъ ин дыдэхэм ящыщу къелъытэ КъущхьэтIум. НэхъыжьыфIым фIыуэ къыгуроIуэ нобэ къытщIэтаджэ ныбжьыщIэхэм гупсысэкIэу, дуней еплъыкIэрэ Iуэху зехьэкIэу ябгъэдэт-лъхьэ мардэхэм ди пщэдейр зэрыхъу-нур зэрелъытар. Хьэутий зэфIигъэкI жылагъуэ Iуэхугъуэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр нэрылъагъущ. Ар къалъытэу, абы мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылърэ дыщэ медалри 2009 гъэм  къратащ нэхъыжьыфIым.
  • Апхуэдэ хэкупсэ гупсысэхэр зыгъэнэхъапэу зи гъащIэр езыхьэкI Хьэутий унагъуэ дахэкIи Тхьэр къыхуэупсащ. Абырэ и щхьэгъусэ Люсэрэ (и ахърэтыр нэху ухъу) бынищ зэдагъуэтащ, зэдапIащ, гъащIэм гъуэгу пэж щытрагъэуващ. Адэшхуэр нобэ ягъэгуфIэ, и лъэр жан ящI и къуэрылъху-пхъурылъхухэм я ехъулIэныгъэхэм, текIуэныгъэхэм.
  • Хабзэрэ нэмысрэ зыхэлъ щIалэгъуалэр къэралым и дежкIэ къулеигъэшхуэу къэзылъытэ, апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэ адыгэм диIэным хуэлажьэ КъущхьэтIу Хьэутий и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 80 ирокъу. НэхъыжьыфIым дохъуэхъу узыншэу, быным, абыхэм я щIэблэм яфI, я гуфIэгъуэ илъагъуу иджыри куэдрэ псэуну.
  • КЪАРДЭН  Маритэ.