Зи зэфIэкIыр лъагэ щIэныгъэлI
2019-08-20
- Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирокъу Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и агроном, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хъаний Мирон Хьэгуцырэ и къуэм. КъызыхэкIа лъэпкъми къэралми яхуэфащэ, абы и къэкIуэнум псэ хьэлэлкIэ хуэлажьэ цIыху гъуэзэджэхэм ящыщщ ар. Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор Хъанийр ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, ЩIэныгъэмрэ гъуазджэхэмкIэ Петровскэ академием я академикщ. ЗэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ а лэжьакIуэ емышыжым зэман кIыхькIэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр зэрыкупщIафIэм къыхэкIыу, пщIэ инрэ гулъытэ лъагэрэ ноби щагъуэт щIэныгъэм и дунейм.
- Тэрч щIыналъэм хыхьэ Болэтей къуажэм 1934 гъэм и шыщхьэуIум къыщалъхуащ Хъаний Мирон. Жылэм дэт курыт школыр къиуха нэужь, ар щылэжьащ «Заря коммунизма» колхозым. ИужькIэ щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и биологие къудамэм. Къыхиха IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта нэужь, Мирон мурад ищIащ бгъэдэлъ щIэныгъэм адэкIи хигъэхъуэну. Ар и гъуэгугъэлъагъуэу щIалэщIэр 1958 гъэм щIэтIысхьащ аспирантурэм. ИригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр и лъабжьэу игъэхьэзыращ кандидат лэжьыгъэр. А диссертацэр Хъанийм ехъулIэныгъэкIэ 1962 гъэм щыпхигъэкIащ Украинэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и академием.
- «Заря коммунизма», «Заветы Ленина», «Ленинцы» хозяйствэхэм я хьэсэхэм Мирон щригъэфIэкIуа гуэдз жылэхэр куэдрэ трасащ ди колхозхэм, совхозхэм я губгъуэхэм, гъавэ бэви къытрахащ. Зы гектарым хуэзэу гъавэу кърахьэлIэжырт центнер 50-м щIигъу. Мирон къилъытэрт къэралым и ерыскъыпхъэ шынагъуэншагъэр, мэкъумэш хозяйствэм зэпIэзэрыту зиужьыныр селекцэмрэ жылапхъэ гъэкIынымрэ ягъуэт гулъытэм куэдкIэ елъытауэ. Апхуэдэу щIэныгъэлIыр а зэманым жыджэру ядэлэжьащ Кубанми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Осетие Ищхъэрэми, Шэшэн-Ингушми я щIэныгъэлIхэм. Хъанийр Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш хозяйствэ опытнэ станцым бжьыхьэсэ къэкIыгъэхэм елэжьынымкIэ и къудамэм и унафэщIу, станцым и унафэщIым щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэу щыщыта 1962-1967 гъэхэм и зэфIэкIыр а IэнатIэхэм куууэ къыщигъэсэбэпащ. ЩIэныгъэлIым зэпыу имыIэу иригъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм щызэпилъытащ бжьыхьэсэ гуэдзым, нартыхум, кIэртIофым, сэхураным, нэгъуэщIхэми я жылапхъэфIхэр къыщагъэкIын папщIэ, тафэтес, жьэгъущIэс щIыпIэхэм псыIагъэу яIыгъын хуейр зыхуэдизыр. И доктор диссертацэр щигъэхьэзы-рым щыгъуэ, Хъанийм Кавказ Курыхым и тафэтес, и жьэгъущIэс щIыпIэхэм къэкIыгъэ лIэужьыгъуэ зыбжанэ щигъэунэхуащ икIи и лэжьы-гъэм кърикIуахэр зы щIэныгъэ лэжьыгъэу къызэщIикъуэжри, Украинэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и академием ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ 1985 гъэм. Абы щыгъуэ къигъэхъуа нартыху лъэпкъхэм ящыщ зым «Академие» фIищауэ щытащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор хъуа Хъанийм.
- «Гъэсыныпхъэхэм къыдэзыгъахуэ технологие къабзэхэм тету мэкъумэш къэкIыгъэхэр зэрызэрахьэр» лэжьэкIэ пэрытыр пхыгъэкIыным еджагъэшхуэм хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ. Гъэсыныпхъэхэмрэ энергиемрэ зэзыгъэзахуэ инновацэ технологие къабзэхэр гъэхьэзырыным, ахэр я лъабжьэу мэкъумэш къэкIыгъэ нэхъыщхьэхэр КъБР-м щыщIэным теухуауэ абы къызэригъэпэща щIэныгъэ еджапIэм къалэн щхьэпэ егъэзащIэ. А школым наIуэ къищIащ фIагъ лъагэ зиIэ мэкъумэшхэкIхэр Кавказ Курыхым къызэрыщыпхуэлэжьынур. Абы теухуауэ игъэхьэзыра чэнджэщхэм я мыхьэнэр щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм къыщалъытащ, УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм арэзы щытехъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Ставрополь крайм, къэралым и нэгъуэщI щIыпIэхэм я хозяйствэхэм къыщагъэсэбэп. И къэхутэныгъэхэм япкъ иткIэ, бжьыхьэсэ гуэдзымрэ соемрэ зезыгъэужь полимерхэр хьэсэхэм халъхьэ. Абыхэм къэкIыгъэхэм я къабзагъымрэ я фIагъымрэ яхъумэ. «ЩIыгулъым и къэуатым зэрыхагъахъуэ Iэмалыр» Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ — Аланиемрэ я мэкъумэш IэнатIэхэм жыджэру къыщагъэсэбэп. Ари Хъанийм и унафэм щIэту ягъэхьэзыращ. Апхуэдэ къэхутэныгъэ куэд зэфIихащ щIэныгъэлI щыпкъэм. Абыхэм къапэкIуа патентхэр пщIым щIегъу.
- ЩIэныгъэ куу зиIэ цIыху пэжым, гуапэм и лэжьэгъухэми куэд лъандэрэ зыхэт студентхэми пщIэшхуэ къыхуащI. Мирон къаруушхуэ трегъэкIуа-дэ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я къэухьым зригъэужьыным. Абы и унафэм щIэту аспирант, докторант куэдым я кандидат, доктор лэжьыгъэхэр ягъэхьэзыращ икIи ехъулIэныгъэкIэ пхагъэкIащ.
- Хъаний Мирон щIэныгъэ лэжьыгъэу 300-м нэблагъэ иIэщ. Ар КъБКъМУ-мрэ Бгырыс КъМУ-мрэ (Владикавказ къ.) мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор (кандидат) диссертацэхэр щыпхагъэкI я советхэм илъэс IэджэкIэ хэтащ, пщIэрэ щIыхьрэ къыхуащIу. Профессор цIэрыIуэм къыхуагъэфэщащ ВДНХ-м и дыщэ медалыр, Москва къыщызэрагъэпэщауэ щыта XXVII Дунейпсо тхылъ гъэлъэгъуэныгъэм, Урысейпсо гъэлъэгъуэныгъэм я лауреат зэрыхъуам щыхьэт техъуэ щIыхь тхылъхэр. Апхуэдэу Хъанийм къратащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ мэкъумэш хозяйствэмкIэ я министерствэхэм я щIыхь тхылъхэр, нэгъуэщI фIыщIэ, щытхъу, саугъэт куэд.
- Илъэс 85-м нэсами, Хъаний Мирон ноби жыджэрщ, лэжьакIуэшхуэщ, егъэджэныгъэ Iуэхум, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысей Федерацэмрэ я мэкъумэш щIэныгъэм зегъэужьы-ным хуэфащэ хэлъхьэныгъэ хуещI. Унагъуэ дахэ зи щIыбагъ къыдэт нэхъыжьыфIым, республикэмрэ зи адэжь лъахэмрэ хуэпэж щIэныгъэлI щыпкъэм дохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэу иджыри куэдрэ псэуну.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.