Абы хуэдэхэр куэд хъуркъым
2018-03-01
- Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бер Къанщобий Лиуан и къуэм и ныбжьыр илъэс 70 ирикъуащ.
-
Ар 1948 гъэм мазаем и 27-м Вольнэ Аул къуажэм къыщалъхуащ. Школ нэужьым, Налшык къалэм IэщIагъэ щызрагъэгъуэт и курыт еджапIэр къиухри, Налшык полупроводник заводым лэжьэн щыщIи-дзащ. И гур зыгуэр хуэныкъуэм хуэдэу , шофёр-механик курсхэр къыщиухаращ гъащIэ IэщIагъэ хуэхъунум къыщытеувыIари. Ар киномеханикыу Налшык и «Космос» кинотеатрым щылажьэрт дзэм щраджам.
- Берым дзэ къулыкъур щрихьэкIащ Украинэм. 1969 гъэм къигъэзэжри, къыхиха, дэзыхьэх и IэщIагъэм пэрыувэжащ.
- ГъащIэ купщIафIэ къызэпызыча Бер Къанщобий кинематографием лIэщIыгъуэ плIанэкIэ щылэжьащ Налшык и «Малютка» ягъэIэпхъуэ сабий кинотеатрым и шофёр-киномеханикыу. Зэман кIыхькIэ абы кинор и тегъэщIапIэу хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ сабийхэр гъэсэным. Абы и зэфIэкIхэм, и ехъулIэныгъэхэм теухуа тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытехуэрт газетхэм.
- Бер Къанщобий мызэ-мытIэу къратащ КъБАССР-м и Министрхэм я Советым КинофикацэмкIэ и управленэм и ЩIыхь тхылъыр. 1979 гъэм къыхуагъэфэщащ «Отличник кинематографии СССР» бгъэхэIур. 1981 гъэм
- къратащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр.
- «Дэ щIэх-щIэхыурэ икIи куэдрэ дытопсэлъыхь гъащIэм и мыхьэнэм, насы- пым. Насыпщ, цIыху хуэдэу дунейм утетмэ, фIыуэ плъагъу лэжьыгъэ уиIэмэ. Абы тепщIыхьмэ, Бер Къанщобий ящыщщ насыпыфIэхэм. IэщIагъитIыр — шофёрымрэ киномеханикымрэ — дядя Коля дежкIэ зы хъуащ. Ауэ абы и дежкIэ саугъэт, гулъытэ нэхъыщхьэр — фIыщIэ къыхуэзыщI сабийхэм я нэхэрщ», — дыкъыщоджэ 1981 гъэм щэкIуэгъуэм и 19-м къыдэкIа «Советская молодежь» газетым.
- Апхуэдэ лэжьэкIэм и хъер илъагъуу къэгъуэгурыкIуащ Берыр. 1987 гъэм Налшык къалэ киносетым и «Малютка» №1 автокинотеатрым и киномеханикым Октябрь Социалист революцэ иныр илъэс 70 зэрырикъум и щIыхькIэ къратащ КПСС-м и ЦК-м, СССР-м и Министр-хэм я Советым, ВЦСПС-мрэ ВЛКСМ-м и ЦК-мрэ я ЩIыхь тхылъхэр
- 90 гъэхэм Бер Къанщобий и лэжьыгъэфIым хуэфащэ пщIэ къыхуищIащ республикэм и унафэщIым. 1991 гъэм щэкIуэгъуэм и 1-м КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ абы къыхуагъэфэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
- Илъэс бжыгъэ дахэ ныбжьыр зыгъэлъапIэ Бер Къанщобий Лиуан и къуэм, цIыху щыпкъэм, адэм, адэшхуэ щабэм, куэдым я ущиякIуэ, чэнджэщэгъу Iущым дохъуэхъу и узыншагъэмрэ гуащIэмрэ мыкIуэщIу, быным, абыхэм я щIэблэм я насыпым езымрэ и щхьэгъусэ Фузэрэ иригуфIэу псэуну. Дэрэжэгъуэрэ гукъыдэжрэ Тхьэм ущимыгъащIэ.
- УАРДЭ Жантинэ.