ЩIэблэм я щапхъэ
2017-07-04
- Хэку зауэшхуэм и фэбжь зылъэмыIэса, абы хэщI зримыта унагъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым. А лъэхъэнэ хьэлъэм зи сабиигъуэр хиубыдахэм ящыщщ Бахъсэнёнкэ (Къэсейхьэблэ) щыпсэу Къалэжьокъуэ (Гугу) Нусэ Нухь и пхъур. Ар 1931 гъэм Кушмэзыкъуей къуажэм къыщалъхуащ, зауэшхуэр къыщыхъеям 5-нэ классым нэса къудейуэ арат.
- — Куэдрэ сигу къокIыж ди егъэджакIуэ ЩоджэнцIыкIу Хьэсэн щIэныгъэ зэдгъэгъуэтыным дытригъэгушхуэу зэрыщытар, — и сабиигъуэм топсэлъыхьыж Нусэ. — Ар хуабжьу егъэджакIуэ, гъэсакIуэ Iэзэт, жиIэхэм апхуэдизу дыдихьэхырти, и дерсхэм дыщIэсын хуабжьу тфIэфIт.
- Нэмыцэхэр къуажэм къыдыхьа нэужь, еджэныр IэмалыншагъэкIэ хыфIидзэн хуей хъуащ Нусэ. Но-би абы и нэгум щIэтщ бийм ди щIыналъэм щызэрихьа лейхэр, бзаджагъэхэр.
- Къуажэр хуит хъужа нэужь, цIыхухэр хущIэкъурт псэукIэр тэмэму зэтраублэжыну. Колхозыр яухуэжын хуей щыхъум, Нусэ лэжьыгъэм зритащ икIи лъэкI къимыгъанэу а Iуэхум хэлэжьыхьащ. БалигъыпIэ иувэу унагъуэ ихьа нэужь, бзылъхугъэ цIыкIум и псэупIэр ихъуэжащ — ар Iэпхъуащ Къэсейхьэблэ. И щхьэгъусэ Хьэжысмелрэ абырэ унагъуэ дахэ яухуащ, бынихи къащIэхъуащ: щIалищрэ хъыджэбзищрэ. Зауэм и зэранкIэ щIэныгъэ зэрызримыгъэгъуэтыфам къыхэкIкIэ, Нусэ щIэхъуэпсырт и сабийхэр иригъэджэным. Ар зэщхьэгъусэхэм къайхъулIауэ жыпIэ хъунущ. Абыхэм я бынхэм щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтащ. Я къуэ нэхъыжьым Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щрегъаджэ. ЩIалэ курытыр техник Iэзэщ, я къуэ нэхъыщIэмрэ япхъу нэхъыжьымрэ егъэджакIуэщ. И хъыджэбз нэхъыщIитIыр тыкуэнтетщ.
- И бынхэм ехьэлIауэ, Нусэ езыми зэрыжиIэщи, я мурадхэр къайхъулIащ, гукъеуи яIэкъым. Адыгагъэм, хабзэм, нэхъыжьхэм нэмыс яхуэщIыным я бынхэр зэрыхуагъэсам хуэдэу, адэшхуэ-анэшхуэм ягъэсащ я къуэрылъху-пхъурылъхухэри. НыбжьыщIэхэр мэпсэу, япэ итхэм я щапхъэм тету, абыхэм пщIэрэ нэмысрэ хуащIу. 2013 гъэм Нусэ и щхьэгъусэр дунейм ехыжащ. Унагъуэм исхэм яхъумэ нэхъыжьыфIым и фэеплъ нэхур.
- НобэкIэ Къалэжьокъуэ Нусэ илъэс 87-м нэсащ. И ныбжьыр хэкIуэтами, ар иджыри жыджэру гъащIэм хэтщ, бынхэм, абыхэм къащIэхъуэ щIэблэм щапхъэ яхуэхъуу, и ущие дахэхэмкIэ, чэнджэщ щхьэпэхэмкIэ абыхэм яхуэсэбэпыным хущIэкъуу. Нанэ и хъыбархэм яфIэфIу щIодэIу къуэрылъху-пхъурылъхухэр, абыхэм я быныжхэр. Тхьэм и фIыщIэкIэ, Нусэрэ Хьэжысмелрэ я быни 6-м къащIэхъуащ къуэрылъху-пхъурылъхуу 14-рэ абыхэм я быныжхэу 17-рэ. Нанэм зэрыжиIэмкIэ, ар зыхуэбгъадэ хъуну щымыIэ фIыгъуэшхуэщ.
- Жьыщхьэ махуэ хъуа нэхъыжьыфIым дохъуэхъу и узыншагъэм кIэрымыхуу, и лъэм зэрихьэу, и щIэблэм я гуфIэгъуэ илъагъуу иджыри куэдрэ псэуну.
- КЪАРДЭН Залинэ.