ЦIыхугъэ лъагэрэ щIэныгъэ куурэ
2019-04-16
- Адыгэхэм игъащIэми къыддекIуэкI лъэпкъ Iущыгъэхэм ящыщу «ГъащIэр матэщIэдзакъым» жыIэгъуэр къанэ щымыIэу хуэпхь хъунущ ди тхыгъэр зытеухуа Слъон Лудин Хьэчим и къуэм, абы къикIуа гъуэгуанэм уриплъэжмэ. Адыгэ лъэпкъым и къуэ пажэхэм ящыщ а еджагъэшхуэм и щIыбагъ къыдэлъщ IуэхугъуэфI куэдкIэ гъэнщIа гъащIэ купщIафIэ. ЩIэныгъэм и щыгум нобэ ит Слъон Лудин гъащIэм ехъулIэныгъэу щызыIэригъэхьахэр куэд мэхъу. Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор цIэрыIуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, Урысей Федерацэм цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, Урысейм Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием (РАЕ) и член-корреспондентщ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикщ, Кавказ Ищхъэрэм и физиологхэм, экологхэм, лихенологхэм я щIэныгъэ школым и къызэгъэпэщакIуэщ, Урысей Ботаникэ зэгухьэныгъэм щIыхь зиIэ и членщ. КъищынэмыщIауэ, Европалатэм (Eurochambers) ищIа унафэм ипкъ иткIэ, Лудин къыхуагъэфэщащ зи лэжьыгъэфIхэмкIэ дуней псом щыцIэрыIуэ еджагъэшхуэхэм ират хабзэ дамыгъэ лъапIэри — «Бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэм папщIэ» медалымрэ щIыхь тхылъымрэ. А текIуэныгъэхэм, зи цIэ къидмыIуа нэгъуэщI ехъулIэныгъэ лъагэхэм ящыщ дэтхэнэми Слъон Лудин хуэзышар бгъэдэлъ цIыхугъэ лъагэмрэ щIэныгъэ куумрэщ, акъылыфIагъымрэ къэухь къулеймрэщ.
- Слъон Лудин Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Аушыджэр къуажэм къыщалъхуащ 1934 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м. Слъонхэ Хьэчимрэ Гуэщнащхъуэрэ (ар Аруан жылэм щыщт, Вэрмахуэхэ япхъут) зэдагъуэта бынийм я ебланэт Лудин. Зэкъуэшхэу Жэмалдин, Жэмал, Чэмал, Лиуан, Азэмэт (ар пасэу дунейм ехыжащ), Лудин, Инал сымэ къэхъурт, адэ-анэм я жыIэм щIэту, быным я нэхъыжь я шыпхъу закъуэ Жангулэз фIыщэу ялъагъурэ анэ пэлъытэу къазэрыхуэсакъыр псэкIэ зыхащIэу.
- — Бынунагъуэшхуэм я нэхъыжь ди адэр щIэныгъэм пщIэ хуэзыщI, ар зи-Iэм бгъэдэлъ къулеягъыр зыхуэдизыр фIыуэ къызыгурыIуэ цIыхут. И щIалэгъуэм Тыркум хьэрыпыбзэм щыхуеджати, абыкIэ щIэныгъэфI бгъэ-дэлът, урысыбзэми хуэшэрыуэт. ЛIыгъэрэ хахуагъэкIэ къимыкIуэт Хьэ-чим Граждан зауэм хэтат, Къатхъэн Назир, Къалмыкъ БетIал сымэ я гупым хэту. Зэрыбынийм ящыщу псоми щIэныгъэ нэхъыщхьэ дамыгъэгъуэтыфами, ди адэ-анэм дагъэсащ лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ тету, ди напэ, ди пщIэ, ди нэмыс тхъумэжу, цIыхугъэрэ зэхэщIыкIрэ тхэлъу, — и сабиигъуэм топсэлъыхь Лудин. — Къытхуихуащ ди фэ къыщищаи, ди ныбэ щыныкъуаи, псом хуэмыдэу Хэку зауэшхуэм и зэманымрэ абы къыкIэлъыкIуа гъей илъэсхэмрэ. АрщхьэкIэ ди адэ-анэр хущIэкъуащ ди гур мыкIуэду, ди псэр мыуфIыцIу, гъа-щIэ хьэлъэм фэжьIужь дыхуэмыхъуу, дунейр тфIэIэфIу дыкъэхъуным.
- И нэхъыжьхэр зи щапхъэу къэтэдж щIалэщIэм и гур хузэIухат щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным. Нэмыцэр ди щIыпIэм ирахужу мамыр гъащIэр щызэтраублэжа нэужь, ар щIагъэтIысхьащ жылэм дэт курыт школым. Абы щрагъэдж дэтхэнэ предметри фIэхьэлэмэтт Лудин, ауэ псом нэхърэ нэхъыбэу ар дахьэхырт дыкъэзыухъуреихь дунейм и зэхэлъыкIэхэм ятеухуахэм: ботаникэ, биологие, химие предметхэм. ЩIалэ цIыкIум бгъэдэлъ апхуэдэ гулъытэр даIыгът абы и егъэджакIуэхэу Бэрбэч Хуэмей, Гъут Хьэжы-Мухьэмэд, Къардэнхэ Чэлимэтрэ Жыраслъэнрэ, Къуэжей Тамарэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Абыхэм я фIыгъэкIэ Лудин щIиджыкIат нэгъуэщI щIыпIэхэм щыщ урыс бота-ник, биолог, химик цIэрыIуэхэм я къалэмыпэхэм къыпыкIа тхылъ куэд. Апхуэдэу абы мурад ищIащ и гъа-щIэр биологием триухуэну. АбыкIэ арэзыт и адэри, сыту жыпIэмэ ар жылэм щыцIэрыIуэт удз хущхъуэхэр зэхуэзыхьэс, абыхэмкIэ цIыхухэм еIэзэ нэхъыжьыфIу.
- КъытекIуэ щымыIэу, Слъоным курыт школыр 1954 гъэм къиухащ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зыIэригъэхьэнми иужь ихьащ. ЯпэщIыкIэ абы и мурадащ дзэ-медицинэ еджапIэм кIуэну, арщхьэкIэ республикэм и дзэ комиссариатым къыщыжраIащ а гъэм ди лъахэм щыщ абыхэм къамыщтэу. И тхылъхэр къищтэжри, къыкIэлъы-кIуэ илъэсым Лудин щIэтIысхьащ Къэбэрдей пединститутым биологиемкIэ и къудамэм.
- Студент илъэсхэр купщIафIэу, хьэлэмэту, щызу ирихьэкIащ Лудин. Дапщэщи хуэдэу, ар гупым я пашэт, я гупсэт. Псы хуэлIа къэкIыгъэм псыIагъэр зэрызыщIифым хуэдэу, Лудини и ныбжьэгъухэри щIэныгъэм хуэпабгъэт, зыхуеджэ IэщIагъэм и щэху псори къызэIуахыным хущIэкъуу. Слъоныр я курсым и комсомол зэгухьэныгъэм и секретарт, университетым и комсомол комитетым и бюром хэт- ти, жылагъуэ лэжьыгъэхэми хуэжыджэрт. Уеблэмэ, щIалэгъуалэр зэщIигъэуIуэурэ, Къэзахъстаным тIэунейрэ ишащ, щIыщIэр къэзыIэтхэм сэбэпышхуэ яхуэхъуу.
- — ЕтIуанэ курсым дыщеджэрт абы щыгъуэ, ЩIыщIэ къэIэтыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр я гуащIэгъуэу екIуэ-кIырт. Ди адэ-анэхэм я арэзыныгъэкIэ, дэ, щIалэгъуалэм, ди жэрдэмкIэ а Iуэхугъуэшхуэм дыхэтауэ щы-тащ. Гукъыдэж зиIэр куэд хъурт, арщхьэкIэ комсомол путёвкэ зратыр нэхъыфI дыдэхэр арати, абыхэм яхэхуахэм дуней гуфIэгъуэр диIэт, — игу къегъэкIыж Лудин. — Хуабэмрэ жьыбгъэмрэ, сабэмрэ пшахъуэмрэ я щIыналъэм гъэмахуитIкIэ ди зыгъэпсэхугъуэ мазэхэр щыдгъэкIуат, жэщ-махуэ дымыщIэу лэжьыгъэм дыпэрыту, гуэдз бэгъуар хэкIуэдыкIыншэу къэралым и гуэным икIутэным дыхущIэкъуу. ЩIалэгъуалэм ди гуащIэдэкI хьэлэлым къыпэкIуауэ щытащ япэ къэрал дамыгъэхэри. 1957, 1958 гъэхэм студент гупым ди бгъэгухэм щылыдат «ЩIыщIэр къызэрыфIэтам папщIэ» медалхэр. Апхуэдэ гулъытэ лъагэ къызэрытхуащIам дэ гушхуэныгъэ къытхилъхьат, Хэкум, лъэпкъым я зыужьыныгъэм адэкIи къарууэ диIэр етхьэлIэну дыхьэ- зырт.
- Я бын нэхъыщIэхэм ящыщ Лудин зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэм щыгуфIыкIырт адэ-анэр. Абыхэми и анэкъилъхухэми закъытримыгъэхьэлIэу, еджэнымрэ псэунымрэ епха лъэпощхьэпо псори езым зэфIигъэкIыжу еджэрт Лудин. Абы зэрыжиIэжымкIэ, къэхъуащ гугъуехь гуэрхэр къыщыкъуэкIи, зэран къыхуэхъунIауэ щыхуеяи, арщхьэкIэ ерыщагърэ быдагърэ зыхэлъ, зигурэ зи щхьэрэ зэтелъ адыгэ щIалэр абыхэм зэи къапикIуэтакъым, мураду зыхуигъэувыжахэми зэралъэIэсыным дапщэщи хущIэкъуащ. Абы и гур игъэхуабэрт и хъыбар дахэ къыпэплъэ и Iыхьлыхэр и щIыбагъ къызэрыдэтым.
- — Къуажэм лъагъунлъагъу тхьэмахуэ къэс сыкъыщымыкIуэжыф къэхъурт: еджэным зэманышхуэ ихьырт, къинэмыщIауэ, гъуэгупщIэ сыщимыIи къыхэхуэрт. МахуэкIэ деджэмэ, жэщым гъущI гъуэгу станцым вагонхэр щыдунэщIырти, лэжьапщIэ тIэкIу къыдатырт. Ар шэджагъуашхэ тщIырт, щыгъын тIэкIуи къритщэ-хурт, — студент гъащIэр игу къегъэ-кIыж Лудин. — Къуажэм дыкъикIыжу дызэхуэсыжа нэужь, абы къитха гъуэмылэр зэхэтлъхьэрти, дэ нэхърэ нэхъ бей щымыIэ ди гугъэжу, тфIэIэфIыпсу зэдэтшхырт. Ноби си Iум илъу къысщохъу си анэм схуигъажьэурэ гъуэмылэ схуищIу щыта чыржынхэм я IэфIагъыр, я мэ гуакIуэр.
- ЕджапIэ нэхъыщхьэм биологием-кIэ и къудамэр фIы дыдэу къэзыуха щIалэщIэр Тэн Iус Ростов къалэм дэт къэрал университетым и аспирантурэм ягъэкIуащ. КъБКъУ-м щыщеджэ зэманми къэхутэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм дихьэхыу, ахэр зэфIэзыхыу щыта Лудин абыи щыщапхъэт, нэхъыфIу еджэхэм ящыщт.
- Ростов щыщыIа илъэсхэращ Лу- дин иужькIэ щхьэгъусэ хуэхъуа пщащэ цIыкIури щызригъэцIыхуауэ щытар. ЩIалэщIэм зэ IуплъэгъуэкIэ гу хуищIат Адыгейм и Куэшхьэблэ жылэм щыщ Батмен Хьэжбырамрэ Сарэрэ я хъыджэбз закъуэ Минсурэ. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм хуеджауэ абы ирилажьэ пщащэ цIыкIумрэ Лудинрэ 1962 гъэм щхьэгъусэ зэхуэхъуащ. БлагъагъэкIэ зэрыубыда лъэпкъитIыр зэрыцIыхуащ, хьэгъуэлIыгъуэ дахи зи щIалэгъуэхэм хуащIащ.
- Аспирантурэр ехъулIэныгъэкIэ къиухри, щIэныгъэлI цIэрыIуэ Матухин Григорий и нэIэм щIэту игъэхьэзыра, блэкIа илъэсхэм зэфIиха къэхутэныгъэщIэхэр зи лъабжьэ кандидат диссертацэри Ростов щыпхигъэкIыжащ Слъоным. Биологие щIэныгъэхэм я кандидат хъуауэ Налшык къэзыгъэзэжа щIэныгъэлIыр япэщIыкIэ Ботаникэ хадэм и лаборант нэхъыжьу къащтащ, университетми щригъаджэуи иригъэжьащ. Куэд дэмыкIыу ар щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу ягъэкIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым пхъэщхьэмыщхьэ гъэкIынымкIэ и станцым. Ауэрэ жызумым елэжь къудамэм и унафэщI хъуащ, Тэрч щIыналъэм жызум гъэкIыныр тэмэму щызэтеублэным теухуауэ Iуэху щхьэпэ куэди зэфIигъэкIащ щIэныгъэлI ныбжьыщIэм.
- 1966 гъэм ар университетым ирагъэблэгъэжащ икIи ботаникэмкIэ кафедрэм и доцент къалэныр и пщэ далъхьащ. Студентхэр зэрыригъаджэм къыдэкIуэу, ди республикэм и щIыналъэм къыщыкI къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я мыхьэнэр къэхутэным, куууэ зэпкърыхыным хуэу-нэтIа лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ абы, «Гербарная» лабораторэ щхьэ-хуи къызэригъэпэщащ. ЗэфIэкI лъагэ къызыкъуэзых щIэныгъэлIыр 1976 гъэм хахащ ботаникэмкIэ кафедрэм и унафэщIу. Абы щыгъуэ наIуэ къэхъуащ Слъоным, щIэныгъэ куум нэмыщI, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ хьэлыфIхэри зэрыхэлъыр. А кафедрэм и нэхъыжьу зэрыщыта илъэс 23-м къриубыдэу еджагъэшхуэм и жэрдэмкIэ зэфIагъэкIа лэжьыгъэхэм я мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ. КъэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэу мин 60-м нэс зэхуэхьэсыныр, зыхуей хуэгъэзэныр, псоми я мыхьэнэр зэхэгъэкIауэ, щхьэхуэ-щхьэхуэу тхауэ гъэтIылъыжыныр икъукIэ Iуэхушхуэт. А псори щытхъурэ фIыщIэрэ пылъу ищIащ щIэныгъэлI щыпкъэм.
- — Университетым щызэфIэсх егъэ-джэныгъэ лэжьыгъэм, езгъэкIуэкI къэхутэныгъэщIэхэм къадэкIуэу сэ си къалэнт КъБКъУ-м и Ботаникэ хадэм си нэIэ тезгъэтын хуейуэ. Арат ди студентхэм я практикэ базэ нэхъыщхьэр. Хадэр тэмэму зетхьэфын щхьэкIэ, зыкъом дыхуэныкъуэт: диIэтэкъым къэкIыгъэщIэхэр щыдгъэунэхуну хуабэщхэр, къэхутэныгъэхэр къыщыщызэщIэткъуэжыну пэшхэр, нэгъуэщIхэри, — жеIэ Слъоным. — А ухуэныгъэхэр япэ идгъэщри, нэхъ тэмэму дакIэлъыплъыф хъуащ къэкIыгъэхэм я зыужьыкIэм, къыдэгъэбыдылIа хьэсэхэри нэхъ дегугъуу зетхьэфу щIэддзат. Апхуэдэу яужь дихьащ ди республикэм узыщрихьэлIэ къэкIыгъэхэр джыным, абыхэм я мыхьэнэр къэхутэным. ЖыпIэнурамэ, ар егъэлеяуэ лэжьыгъэ хьэлэмэтт, студентхэри сэри дыдихьэхырт, зэманышхуи къаруушхуи текIуадэми.
- Егъэджэныгъэми практикэ лэжьыгъэхэми куууэ хэт Лудин абыхэм къадэкIуэу елэжьу хуежьащ и доктор диссертацэр гъэхьэзырыным. БлэкIа илъэсхэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэщIэхэр зи лъабжьэ хъуа а щIэныгъэ лэжьыгъэр и кIэм нигъэсын щхьэкIэ, абы и IэнатIэр пIалъэкIэ къигъанэри, илъэситIкIэ Украинэм щылэжьащ икIи 1985 гъэм Украинэм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ и доктор диссертацэр. ЩIэныгъэ дунейм пщIэ лъагэ щызыгъуэта лэжьыгъэхэм ящыщт а диссертацэр. Академик цIэрыIуэхэу, биологие щIэныгъэхэм я докторхэу Жолкевич Владимир, Лебедев Сергей, Гуляев Борис, Гродзинскэ Дмитрий сымэ къалъытащ Слъоным зэфIиха лэжьыгъэр лъэпкъ щIэныгъэм и хэлъхьэныгъэшхуэу. А Iуэхугъуэм хуабжьу щыгуфIыкIахэм ящыщт профессор цIэрыIуэ КIэрэф Къамболэти, сыту жыпIэмэ ди республикэм дежкIи ар ехъулIэныгъэшхуэт — къэбэрдей адыгэхэм ящыщу «биологие щIэныгъэхэм я доктор» цIэ лъапIэр япэу зыфIащауэ щытар Слъон Лудинт.
- Еджагъэшхуэм зэфIиха а лэжьы-гъэ купщIафIэм кърикIуахэм ноби мыхьэнэ ин щаIэщ щIэныгъэм. Диссертацэм нэхъ куууэ зыщагъэгъуэзэну, абы лъабжьэ хуэхъуа къэхутэныгъэр щрагъэкIуэкIа лабораторэр, зытещIыхьа къэкIыгъэхэр зрагъэлъагъуну щIэныгъэлI куэд къакIуэу щытащ ди республикэм. КъыжыIапхъэщ Лудин къызэригъэпэщауэ щыта «Гербарная» егъэджэныгъэ-щIэныгъэ лабораторэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэми, Урысей Ипщэми я къэкIыгъэ хъумапIэ нэхъ ину зэрыщытыр. Ар хагъэхьащ а унэтIыныгъэмкIэ щыIэ дунейпсо реестрым, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЩIэныгъэ Гербарий» (KBNG) фIэщыгъэр иIэу.
- Слъоным иригъэджахэм ящыщ куэдми гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъуащ я унэтIакIуэм кърихьэжьа лэжьыгъэхэр, абыхэм къапызыщэн куэди къахэкIащ. Абы и нэIэм щIэту гъэхьэзыра хъуащ кандидат, доктор диссертацэ куэд. Езы щIэныгъэлIым и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 200-м нэс. Абыхэм яхэтщ монографие щхьэхуэхэри, зэреджэ тхылъхэри, статья купщIафIэхэри. А лэжьыгъэхэм щIэупщIэ щаIэщ хамэ къэралхэми. Абыхэм ящыщ куэд къыщыдэкIащ Европэм. Ар мызэ-мытIэу ирагъэблэгъащ, я утыкухэм къыщыпсэлъащ ди къэралми хамэ щIыпIэхэми къыщызэрагъэпэща зэхуэс инхэм. ЩIэныгъэлIым дуней псом щиIэ пщIэ лъагэмрэ зэфIэкI инымрэ къызэралъытэм щыхьэт техъуэхэм ящыщщ абы Европалатэм (Eurochambers) къыхуищIа гулъытэ лъагэр. КъинэмыщIауэ, щIэныгъэлIым илъэс куэдкIэ зэфIиха лэжьыгъэ хьэлэлым къыпэкIуащ нэгъуэщI дамыгъэхэри, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэри.
- ЩIэныгъэм и узэщIакIуэ щыпкъэр ящыщщ Тхьэшхуэр унагъуэ дахэкIэ зыхуэупсахэми. Минсурэ илъэс 30-м щIигъукIэ щылэжьащ КъБКъУ-м и ЩIэныгъэ библиотекэм, ар лэжьыгъэм и ветеранщ. Зэщхьэгъусэхэм бынитI зэдагъуэтащ, ахэр адыгэ хабзэм и мардэхэм тету ягъэсащ, щIэныгъэ, IэщIагъэ иратащ, гъащIэм гъуэгу пэж щытрагъэуващ. Ларисэ экономикэ IэщIагъэм хуеджащ. Тимур и адэм и лъэужьым ирокIуэ. Ар биологие щIэныгъэхэм я кандидатщ, доцентщ, РАЕ-м и профессорщ. Лариси Тимури унагъуэщ. Лудинрэ Минсурэрэ ягъэгуфIэ я къуэрылъху-пхъурылъхухэм я ехъулIэныгъэхэм, гъащIэм и IэфIыр иджыри зэ зыхрагъащIэу, дунейр нэхъри щIэщыгъуэ къыщащIу.
- Гъуэгуанэ купщIафIэ, IуэхугъуэфI куэдкIэ гъэнщIа къэзыкIуа Слъон Лу-дин и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъуащ. АдыгэлIым и гъащIэ псор зытриухуар лъэпкъ щIэныгъэм зегъэужьынырщ, абы и хъерыр цIыхубэм яхуэгъэлэжьэнырщ. Ноби ар дунейм тетщ, къэралым, щалъхуа хэкум зиужьыным, ехъулIэныгъэ яIэным и щIэныгъи, зэфIэкIи, къаруи хуигъэпсу, унагъуэкIи, къыщIэхъуэ щIэблэкIи, Тхьэм и фIыщIэкIэ, гукъеуэ имыIэу.
- — КъэзгъэщIа илъэсхэм сахуоплъэкIыжри, насыпыфIэу зыкъызолъытэж, — жеIэ Лудин. — Дауи, гъащIэм хэтщ гугъуехьи тыншыгъуи, гуауэри гуфIэгъуэри щызэпылъщ. А псоми сапхыкIыфащ, си нэмыс, си пщIэ, си хабзэ сIыгъыжу. Слъэгъуащ адэ-анэмрэ анэкъилъхухэмрэ я IэфIыгъэ, унагъуэ насыпкIэ, щIэблэ узыншэкIэ Тхьэр къысхуэупсащ, щIэныгъэрэ зэфIэкIыу збгъэдэлъыр сыкъыщалъхуа щIыналъэм и зыужьыныгъэм хуэзгъэпсащ.
- ЦIыхугъэ лъагэрэ щIэныгъэ куурэ зыбгъэдэлъ нэхъыжьыфIым зи гугъу ищI а Iуэхугъуэхэм ящыщ дэтхэнэри насыпщ. ПщIэрэ щIыхьрэ зыпылъ гъуэгуанэ къэзыкIуа Слъон Лудин дохъуэхъу иджыри куэдрэ узыншэу и IэнатIэм пэрытыну, и унагъуэ дахэм илъэси 100-кIэ яхуэпсэуну.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.