ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЦIыхумрэ лъэхъэнэмрэ

2021-03-02

  • Джырандокъуэ  Михаил  и  гъащIэ   гъуэгуанэр
  • Ди тхыгъэр зытеухуа Джырандокъуэ Михаил Хьэмзэт и къуэр ди республикэми абы и адрыщIкIи фIыуэ къыщацIыху щIэныгъэлIщ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэщ. Республикэм и щэнхабзэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа IэщIагъэлIхэм ящыщ, УФ-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт Джырандокъуэ Михаил гъуэгуанэ дахэ къикIуащ. И илъэсхэм ящыщ дэтхэнэри къипсэуащ, Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэмкIэ икIи купщIафIэхэмкIэ гъэнщIауэ. А хьэлым ноби тетщ ар.

  • SONY DSC

    ЖыпIэ хъунущ Михаил и гъащIэмрэ творческэ, щIэныгъэ гъуэгуанэмрэ лIэщIыгъуэ блэкIам и етIуанэ Iыхьэм къыщыщIэдзауэ дызэрыт лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм нэсыху Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм игъуэта щэнхабзэ зыужьыныгъэр, гъуджэ пэлъытэу, къызэрыщу. Совет лъэхъэнэм тепщэныгъэ зиIа жылагъуэ гупсысэкIэм ехъулIэныгъэ къыхуэзыхьа и гуащIэмкIэ и чэзу дыдэу икIи хуэкIуэпсу хыхьащ Джырандокъуэр. Къэралми гулъытэншэ ищIакъым ар: жыджэрагъышхуэ зыхэлъ лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу къилъытащ, хуэфэщэн пщIэрэ щIыхьри къыхуищIу.

  • Апхуэдэ дыдэ лъагапIэхэм Джырандокъуэр щынэсащ щIэныгъэ IэнатIэми. Абы иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр ятещIыхьат Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъума зэрыхъум, абыхэм я зыужьыкIэм. А щIэныгъэ лэжьыгъэхэр дунейм къыщытехьар лIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм я пэщIэдзэм щыгъуэти, зэхъуэкIыныгъэхэр зи куэд, лъэпкъ гупсысэр нэхъ жан щыхъуа лъэхъэнэм апхуэдэ псалъэт цIыхубэр зыхуэныкъуэр. Абы Iуданэ плъыжькIэ щыпхышат лъэпкъ къэс иIэ Iуэху еплъыкIэри къэралышхуэм къызэщIиубыдэ лъэпкъхэм псоми зэдай, уеблэмэ хамэ къэралхэм ис куэдми я зэхуэдэ гупсысэкIэри.
  • Джырандокъуэр Тэрч щIыналъэм хыхьэ Плановскэ (Ботэщей) къуажэм 1940 гъэм къыщалъхуащ. Зауэ зэманымрэ абы иужь лъэхъэнэ хьэлъэмрэ хиубыдащ абы и сабиигъуэр. Михаил и адэ-анэу Хьэмзэтрэ Таужанрэ я унагъуэр япэ дыдэ колхозым хыхьауэ щытахэм ящыщащ. Колхоз ухуэныгъэм и илъэсхэмрэ абы къыкIэлъыкIуа зэманымрэ гугъуу зэрыщытам, абы бэлыхьу цIыхухэм дашэчам куэд щыгъуазэщ, дауи. ИтIани, унагъуэм илъ хабзэмрэ жылагъуэр зэщIэзыIыгъэу щыта совет, хэкупсэ гупсысэмрэ зэи хэмыгъуэщэжын лъэужьыфI къыханауэ щытащ а лъэхъэнэм къэхъуа щIэблэм я гъащIэм.
  • Гугъуехьхэмрэ щыщIэныгъэмрэ мымащIэу зыхэлъа сабиигъуэ ирихьэкIами, абы щыгъуэ зыхущыщIахэм ящыщ куэдкIэ Тхьэр Михаил къыхуэупсэжащ иужькIэ. «ИкIута из хъужыркъым», дауи, ауэ и сабиигъуэ хьэлъэм зи гур имыгъэкIуэду къэна джылахъстэней щIалэщIэм лъэкIащ къыкIэлъыкIуэ илъэсхэр IуэхугъуэшхуэхэмкIэ гъэнщIауэ, жыджэру ирихьэкIын, къэрал мыхьэнэ зиIэ лэжьыгъэхэмкIи щызу псэун.
  • «Зауэм и бынкIэ» зэджэ ныбжьыщIэхэм къэралым IэмалыфIхэр къахузэIуихырт: фIыуэ еджэну, щIэныгъэ нэсрэ IэщIагъэ тэмэмрэ зэзыгъэгъуэтыну хущIэкъухэм гъуэгу псори къахузэIухат. Джырандокъуэри, езым хуэдэ ныбжьыщIэ мелуанхэм хуэдэу, пхыкIыфащ гъащIэм къапигъэтIылъа гугъу- ехьхэмрэ лъэпощхьэпохэмрэ, зэманым къигъэув къалэнхэр екIуу зэрызэфIихынми хущIэкъуащ.
  • ЩIэныгъэм пщIэшхуэ щыхуащI, еджапIэ нэхъыщхьэм IэщIагъэ щызэзыгъэгъуэтхэм гулъытэ хэха щагъуэт лъэхъэнэти, зи щIалэгъуэхэм ящыщ куэд хущIэкъурт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къаухыу университетым щIэтIысхьэну. Арат Джырандокъуэм и хъуэпсапIэри. Плановскэ къуажэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэ иIэу 1958 гъэм къиуха нэужь, бгъэдэлъ зэфIэкIхэр къалъытэри, Михаил а илъэс дыдэм урысыбзэм-   рэ литературэмкIэ егъэджакIуэу ягъэуващ зыщеджа школым. Зэрылажьэм хуэдэурэ, КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ.
  • ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэта IэщIагъэлI ныбжьыщIэр куэд дэмыкIыу ягъэуващ школ унафэщIым егъэджэныгъэмкIэ и къуэдзэу. Ар хъарзынэу, дагъуэншэу ирихьэкIыу лэжьащ Ми-                 хаил, Iуэхур зэрыригъэфIэкIуэным хущIэкъу зэпыту. Абы къыдэкIуэу Джырандокъуэр комсомолым и Тэрч район комитетым и япэ секретару щытащ. А къалэнхэм илъэситI хуэдэкIэ пэрытауэ, ар 1966 гъэм лэжьакIуэ ирагъэблэгъащ КъБАССР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм икIи абы и щIэныгъэ-методикэ кабинетым культпросвет лэжьыгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI къулыкъур дзыхь къыхуащIащ. Илъэс 14-кIэ ирихьэкIащ а къалэныр Михаил, хуабжьу дихьэхыу, зи щIалэгъуэхэр щэнхабзэ Iуэхухэм жыджэру къызэрыхишэным елIалIэу. Апхуэдэу ар щытащ министерствэм и парт ячейкэм и пашэуи.
  • ЗэфIэкI лъагэ, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъу гу зылъата IэщIагъэлIыр КъБР-м и лIыкIуэу мызэ-мытIэу хэтащ дунейпсо, къэралпсо щэнхабзэ, щIалэгъуалэ зэхыхьэхэм, абыхэм я утыкухэм и гупсысэхэр къыщигъэнаIуэу, и Iуэху зехьэкIэ пэрытымкIэ нэгъуэщIхэм ядэгуашэу.
  • ЩIалэгъуалэ жыджэрхэм я щапхъэу къалъытэри, ар ягъэкIуауэ щытащ ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я дунейпсо фестивалу 1962 гъэм Финляндием и къалащхьэ Хельсинки щекIуэкIам. Джырандокъуэр абы къыщыпсэлъащ, ди къэралым щекIуэкI щIалэгъуалэ политикэ хьэлэмэтым тепсэлъыхьу. Фестивалым и лэжьыгъэм жыджэру зэрыхэтар къалъытэри, Чехословакием и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм хагъэхьауэ щытащ Михаил. Абы щыхьэт техъуэ дамыгъэр адыгэ щIалэм и бгъэгум къыхилъхьат ЧСМ-м и япэ секретарым, Iэгуауэшхуэм щIэту. Куэдым гукъинэ ящыхъуа Iуэхугъуэхэм ящыщщ 1967 гъэм партым и ЦК-мрэ «ЩIэныгъэ» союзпсо зэгухьэныгъэмрэ я лIыкIуэ гупым щIыгъуу Италием щекIуэкIа дунейпсо зэхуэсым Михаил зэрыхэтар. Абы щыгъуэ Италием и компартым и пашэхэм ирагъэблагъэри, абыхэм я япэ съездым хэтауэ щытащ Джырандокъуэр.
  • Апхуэдэу 1971 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм Ташкент щекIуэкIа Союзпсо симпозиумым ди республикэм къыбгъэдэкIыу щыIауэ щытари Джырандокъуэ Михаилт. Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэр щIыналъэм ис щIалэгъуалэм зэ-радэлажьэр зи лъабжьэ докладышхуэ абы щищIащ жыджэрагъышхуэ зыхэлъ IэщIагъэлIым. «Ленинизмэмрэ социалистическэ щэнхабзэмрэ» темэм теухуа и къэпсэлъэныгъэр симпозиумым кърихьэлIахэм ящыщ куэдым хуабжьу ягу ирихьат абы щыгъуэ.
  •  Дунейпсо зэхыхьэ куэдым хэтащ Джырандокъуэр. 1972 гъэм и шыщхьэуIум, ЩэнхабзэмкIэ Москва дэт институтым и аспиранту, ар партым и ЦК-мрэ «ЩIэныгъэ» союзпсо зэгухьэныгъэмрэ ягъэкIуауэ щытащ Румынием щызэхэта VII Дунейпсо конгрессу «Эстетикэ, гъуазджэ, цIыху гъащIэ» фIэщыгъэр зиIам. Къэрал 45-м щыщ цIыху 550-м ящыщу а къэралым щыхьэщIащ адыгэ щIалэр. Михаил абы щищIа докладыр теухуат Кавказ Ищхъэрэмрэ КъуэкIыпIэ къэралхэмрэ щекIуэкI эстетикэ гъэсэныгъэм. ЗэIущIэм и ужькIэ СССР-м щыщ гупыр щхьэхуэу иригъэблэгъауэ щытащ Румынием и ЩIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и пашэу щыта, итIанэ абы и компартым и секретарь нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ лэжьа Чаушеску Николае. Фэеплъ тыгъэу къэралым и лIыщхьэм кърита бгъэхэIу дахэр ноби иIэжщ Джырандокъуэм.
  • «СССР-м и щIалэгъуалэр литературэмрэ гъуазджэмрэ зэрыщIапIыкIыр» унэтIыныгъэмкIэ Вильнюс щыIа союзпсо конференцми хэтащ Михаил нэхъ иужьыIуэкIэ. Апхуэдэу ди къэралым и къалащхьэ Москва, Ленинград, нэгъуэщI къалэхэми а лъэхъэнэм щекIуэкIа зэIущIэ куэдым ирагъэблагъэу щытащ ар. Абыхэм къадэкIуэу ар зи пашэ къудамэр хэтт щIалэгъуалэ, щэнхабзэ зэпеуэхэм, еплъыныгъэхэм, нэгъуэщI зэхьэзэхуэхэм, текIуэныгъэхэр къыщахьу. ЖыпIэнурамэ, и щIалэгъуэр Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэмкIэ гъэнщIауэ, етIысэхыпIэ имыIэу ирихьэкIащ жыджэрагъыр зи хьэл лэжьакIуэшхуэм. Абы и гум къина Iуэхугъуэхэм ящыщщ 1973 гъэм Москва щызэхэшауэ щыта, Парт пропагандистхэм я союзпсо семинарым зэрыхэтар. Абы доклад нэхъыщхьэр щызыщIа Суслов Михаил, КПСС-м и ЦК-м Политбюром хэтым, КПСС-м и ЦК-м и Секретарым, семинарым и лэжьыгъэр зэфIэкIа нэужь жэрдэм ищIат къэралым и пропагандист нэхъ жыджэрхэм щхьэхуэу яхуэзэну. Къэрал къулыкъущIэшхуэр зыхуэза а гупым хагъэхьауэ щытащ комсомол, парт лэжьакIуэ жыджэр Джырандокъуэ Михаил.
  • А лъэхъэнэм ирохьэлIэ Джырандокъуэм и япэ щIэныгъэ къэхутэныгъэхэри. 1974 гъэм дунейм къытехьащ абы и япэ тхылъыр. Ар зытеухуар цIыхубэ гупсысэм зиужьынымкIэ щэнхабзэм иIэ мыхьэнэрат. «Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм 1917-1940 гъэхэм я щэнхабзэм зэрызиужьар» темэм трищIыхьа и къэхутэныгъэхэр абы утыку кърихьащ 1977 гъэм. А щIэныгъэ лэжьыгъэр щигъэзащIэм Джырандокъуэр я нэIэм щIэтащ дунейпсо цIэрыIуагъ зиIа еджагъэшхуэхэу, щIэныгъэхэм я докторхэу, профессорхэу Арнольдов Арнольд, Лейзеров Николай сымэ. А диссертацэр ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ Михаил икIи тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат цIэр къыфIащащ.
  • А лэжьыгъэхэм къыкIэлъыкIуащ нэгъуэщIхэри. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и клубхэм щекIуэкI хэкупсэ гъэсэныгъэр», «Щэнхабзэмрэ щIэблэ гъэсэныгъэмрэ», «Щэнхабзэ IэнатIэхэм я къалэн нэхъыщхьэхэр», нэгъуэщIхэри. А тхылъхэмрэ тхыгъэхэмрэ къыщыдэкIащ къэралым и щIыпIэ куэдым: Налшык, Москва, Омск, Тэн Iуфэ Iус Ростов, Мэхъэчкъалэ, нэгъуэщIхэми. Ахэр къытрадзащ абыхэм къыщыдэкI щIэныгъэ журналхэм, газетхэм.
  • ЖыпIэнурамэ, тхэныр зэи IэщIыб ищIакъым Михаил. Ди щIыналъэм и щэнхабзэ гъащIэм и тхыдэ гъуэгуанэмрэ и зэхэлъыкIэмрэ теухуа къэхутэныгъэ купщIафIэ куэд иригъэкIуэкIащ щIэныгъэлIым. Апхуэдэ щIэныгъэ лэжьыгъэу 60-м щIигъу къыпыкIащ Джырандокъуэм и къалэмыпэм. Сыт хуэдэ зэмани ар жыджэру ядолажьэ ди республикэми нэгъуэщI щIыналъэхэми къыщыдэкI журнал, газет зэхуэмыдэхэм. АбыкIэ иIэ ехъулIэныгъэхэр къалъытэри, 1985 гъэм Джырандокъуэр хагъэхьауэ щытащ СССР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм.
  • 1980 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс 30-м нэскIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Союзпечать»-м (иджы «Роспечать»-м) и тхьэмадэу лэжьащ, IэнатIэр иригъэфIакIуэу. «Печатым зегъэубгъун» союзпсо журналым и редколлегием 1985 — 1993 гъэхэм хэтащ, къэралым и нэгъуэщI тхылъ тедзапIэхэми жыджэру ядэлэжьащ. Зи гугъу тщIа журнал цIэрыIуэм а илъэсхэм къытехуауэ щытащ «УнафэщIым и Iуэху еплъыкIэ» тхыгъэ ин, Джырандокъуэ Михаил и лэжьэкIэфIым, Iуэху бгъэдыхьэкIэ пэрытым теухуауэ. ЖыпIэнурамэ, Джырандокъуэм ипэжыпIэкIэ хузэфIэкIат зи пашэ IэнатIэр езым хуэдэ предприятэхэу къэралым щылажьэхэм    я нэхъыфIхэм хригъэлъытэн. Абы   и щыхьэтщ а лъэхъэнэм унафэщIми IэнатIэми къыхуагъэфэщауэ щыта дамыгъэ лъапIэхэр. УнафэщI щыпкъэми абы и нэIэм щIэту лэжьа гуп зэкъуэтми зэхуэдэу къызэдалэжьащ къыхуащIа фIыщIэхэр, я зэфIэкIрэ къарурэ емыблэжу Iуэхум зэрыбгъэдэтамкIэ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, СССР-м, УФ-м, КъБР-м СвязымкIэ я министерствэхэм къыхуагъэфэщауэ щыта дамыгъэхэр, щIыхь, щытхъу тхылъхэр, «Лэжьыгъэм и ветеран» медалыр, цIэ лъапIэхэр, нэгъуэщIхэри.
  • «Союзпечать»-м щигъэзащIэ къалэнхэм нэмыщI, Джырандокъуэм егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхуи абы щыгъуэ щигъэзэ-        щIащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетми. Студентхэм ядэлэжьэныр хуабжьу игу ирихьу илъэс бжыгъэкIэ абыхэм яхэтащ Джырандокъуэр. А еджапIэ нэхъыщхьэм IэщIагъэлIым щыпищащ и щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм икIи 1991 гъэм политикэ тхыдэмкIэ доцент цIэр къыфIащащ.
  • Жэуаплыныгъэ лъагэ зыпылъ а IэнатIэхэм пэрыту, Джырандокъуэм зэпыу имыIэу иригъэкIуэкIащ къэхутэныгъэ лэжьыгъэ хьэлэмэтхэри. 2003 гъэм дунейм къытехьауэ щытащ нэгъуэщI автор и гъусэу абы игъэхьэзырауэ щыта «Лъэпкъ щIыналъэхэм щекIуэкIа щэнхабзэ революцэр: пцIымрэ пэжымрэ» монографиер. Абы наIуэу къыщыгъэлъэгъуа хъуащ щэнхабзэм епха щIэныгъэм цIыхубэм  я гъащIэм щиIа тхыдэ мыхьэнэр.
  • Совет Союзыр лъэлъэжу гъащIэм и зэхэлъыкIэм, къэралхэм я зэхущытыкIэм зэхъуэкIыныгъэ наIуэхэр игъуэта нэужьи щIэныгъэлI гумызагъэр еш имыщIэу тетхыхьащ лъэпкъ гупсысэмрэ щэнхабзэмрэ дунейпсо глобализацэм зэрыхэхъукI щIыкIэхэм.
  • Хэкупсэ нэсу зи гъащIэр езыхьэкI Михаил ящыщщ къызыхэкIа лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм гупсэхуу ириплъэжахэм. «Джырандокъуэхэ я лъэпкъ лIакъуэр» тхылъым абы къыщызэщIикъуэжащ и къэхутэныгъэ псори. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, ГеральдикэмкIэ урысейпсо зэгухьэныгъэм и дамыгъэ лъапIэр а лэжьыгъэм папщIэ 2008 гъэм къыхуагъэфэщауэ щытащ Джырандокъуэ Михаил.
  • Апхуэдэу купщIафIэу, хьэлэмэту и гъащIэ гъуэгум ирокIуэ IэщIагъэлI щыпкъэр, щIэныгъэлI гумызагъэр, къэхутакIуэ емызэшыр. Джырандокъуэм хэлъ хьэл-щэнхэм, и гъащIэм къахобелджылыкI IуэхугъуитI. Япэрауэ, Михаил ящыщщ зыхалъхуа совет къэралым щызекIуэ хабзэ псори къызыхуэтыншэу гъэзэщIэным хущIэкъуа хэкупсэхэм, къэралым, партым пщэрылъ къыщищI дэтхэнэ къалэнри дагъуэншэу зыгъэзэщIа, жэуаплыныгъэр гурэ псэкIэ зыхэзыщIэу дунейм тет IэщIагъэлIхэм. ЕтIуанэрауэ, Джырандокъуэм сыт щыгъуи зэдихьащ лэжьыгъэ-ри къэхутэныгъэ Iуэхури. ЩIэм и лъыхъуакIуэ нэсым апхуэдэ щIыкIэкIэ иригъэфIэкIуащ дзыхь къыхуащIа дэтхэнэ IэнатIэри, абы зригъэузэщIащ, зригъэужьащ. Апхуэдэхэращ хэкулI нэс зыхужаIэри, Джырандокъуэ Михаил а цIэ лъагэр хуэфащэ дыдэщ.
  •  
  • ХЪУБИЙ Башир,
  • КъБКъУ-м и профессор, философие щIэныгъэхэм
  • я доктор,
  • МАМСЫР Хьэмидбий,
  • КъБКъУ-м и профессор, тхыдэщIэныгъэхэм я доктор.