ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

И пщIэ, и нэмыс иIыгъыжу

2017-12-21

  • Ди тхыгъэр зытеухуа Джэдгъэф Аслъэмырзэ Исуф и къуэр ди лъэпкъым и къуэ пажэхэм ящыщщ. Зи ныбжьыр илъэс 95-рэ иджыблагъэ ирикъуа адыгэлIым ирехьэкI IуэхугъуэфI куэдкIэ гъэнщIа гъащIэ купщIафIэ. Ди республикэм къикIуа гъуэгуанэм къыхэбелджылыкI къэхъукъащIэ нэхъыщхьэхэр къанэ щымыIэу и нэгу щIэкIащ Аслъэмырзэ. Ахэр нэрылъагъу щыхъуам и мызакъуэу, ящыщ куэдым жыджэру хэтащ езыри и унагъуэри, ди шIыналъэр егъэфIэкIуэным, зегъэужьыным я зэфIэкIи, къаруи, щIэныгъи ирахьэлIэу.
  •  
  • Джэдгъэф Аслъэмырзэ

  • Аслъэмырзэ и адэ Исуф, и къуэрылъху-пхъурылъхухэр и гъусэу. 1968 гъэ

  • Джэдгъэфыр Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм 1922 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм къыщалъхуащ. Адыгэ хабзэр, пщIэр, нэмысыр щызекIуэрт Аслъэмырзэ и адэ-анэ Исуфрэ ФIыцIэрэ яухуа унагъуэм. Ахэр ящыщт къуажэм пщIэ щызиIэхэм. ФIыцIэ дэрбзэр Iэзэти, и нэр зытеплъа фэилъхьэгъуэр мастэнэм къыфIихыфырт. Исуфти, адыгэ шхыныгъуэхэм абы хуэдэу хуэIэкIуэлъакIуэ адыгэлI гъуэтыгъуейт. Абы ипщэфIа лъэпкъ шхыныгъуэхэм щыщ Iуамыгъэхуауэ ди щIыналъэм зы хьэщIэ лъапIи щрамыгъэжьэжми ярейт, апхуэдэу пщафIэ Iэзэти. Аслъэмырзэ зэрыжиIэжымкIэ, Исуф мызэ-мытIэу щытхъушхуэ хужаIащ Киров, Сталин, Ворошилов, Будённый сымэ, адыгэ щIыналъэм къихьа нэгъуэщI хьэщIэ лъапIэхэми.
  • Адэ-анэр зи щапхъэу къэтэдж щIалэщIэр захуагъэмрэ пэжыгъэмрэ дапщэщи и телъхьэт. Ар зыщIэс еджапIэм, зыхэс гупым зэныкъуэкъу гуэр къыщыхъумэ, хеящIэу яIэр Аслъэмырзэт. ГъащIэр тIэу пкIэгъуэ зыхуэмыхъу зи щIалэгъуэ гупым я ныбжьыр илъэс 17-18-м нэсауэ арат, Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям щыгъуэ. 10-нэ классым къыщIэкI щIалэгъуалэм, щхьэж зэрыхуагъэфащэкIэ, IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыхурагъаджэ курс кIэщIхэр кърагъэухащ, иужькIэ фронтым кIуа балигъхэр зыIукIа IэнатIэхэм ахэр Iуагуэшащ. Аслъэмырзэ егъэджэныгъэм зритащ. Абы лэжьэн щыщIидзащ Къызбрун Езанэм дэта курыт школым.
  • — Нэмыцэхэр ди щIыналъэм пэгъунэгъу къызэрыхъуам и хъы-бар зэхэсха нэужь, сэ Къызбрун сыкъикIыжри ди жылэ сыкъэкIуэжат пIэщIэгъуэкIэ. Ди къуажэм румынхэри, нэмыцэхэри, венгрхэри къыдыхьакIэти, унагъуэхэр яхъунщIэрт, — игу къегъэкIыж Аслъэмырзэ. — Ди адэм а хъыбархэр къызэрысхуиIуатэу, захуагъэр зэхэзгъэкIыну утыку сихьащ: нэмыцэ офицерым деж сыкIуэри, и унафэм щIэт сэлэтхэм зэхащIыхьхэм щыгъуазэ сщIащ. Офицерым тезыр ятрилъхьащ дыгъуэгъуакIуэхэм икIи къаугъуеяхэм щыщ Iыхьэ гуэрхэр цIыхухэм иратыжыну унафэ ищIат.
  • Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ди республикэм ирахужа нэужь, Аслъэмырзэ псэ къабзэу ирихьэкIащ дзыхь къыхуащI дэтхэнэ IэнатIэри. Адрейхэм щапхъэ яхуэхъуу, абы зэфIэкIыу бгъэдэлъыр ирихьэлIэрт бийм зэхикъута хозяйствэр зэман кIэщIым къриубыдэу зэфIэгъэувэжыным. Ар щысхьрабгъу имыIэу япэщIэувэрт колхоз мылъкум «Iэ фIейкIэ» хэIэбэ дэтхэнэми. Пэжыгъэ, жэуаплыныгъэ ин зыхэлъу гу зылъата щIалэ жаныр 1944 гъэм хагъэхьащ Тырныауз дэт вольфрам-молибден комбинатыр зэзыгъэпэщыжыну ягъакIуэ лэжьакIуэ гупым. Абы зэрыжиIэжымкIэ, лъэхъэнэ хьэлъэт, пхъашэт ар. ЛэжьакIуэхэр шхынкIи псэупIэкIи тэмэму къызэгъэпэщатэкъыми, мыбдежми утыку ихьащ Джэдгъэфыр. Куэд дэмыкIыу лэжьакIуэхэм я Iуэхур нэхъ ефIэкIуауэ щытащ. Апхуэдэу Iуэхур дигъэкIыу, лэжьыгъэр нэхъыфIу къызэгъэпэща хъунымкIэ лъэкI къимыгъанэу и IэнатIэм пэрытащ щIалэщIэр. Комбинатыр зэгъэпэщыжыным епха Iуэхугъуэ нэхъыщхьэм ящыщ куэд дзыхь зыхуащI щIалэхэм ящыщ Аслъэмырзэ мурад ищIащ, зэрылажьэм хуэдэурэ, курыт щIэныгъэ зэриIэм щыхьэт техъуэ тхылъ зэригъэпэщыжыну икIи пщыхьэщхьэрыеджэ школым щIэтIысхьэри, ар 1948 гъэм фIы дыдэу къиухыжащ. Зэригугъам хуэдэу, Джэдгъэфым и тхылъхэр игъэхьащ Дзауджикау къалэм (арат абы щыгъуэ Владикавказ зэреджэр) дэт Кавказ Ищхъэрэ бгы-металлургие институтым икIи абы и студент хъуащ.
  • Студент илъэсхэр купщIафIэу, хьэлэмэту, щызу ирихьэкIащ Аслъэмырзэ. Дапщэщи хуэдэу, ар гупым я пашэт, я гупсэт. Псы хуэлIа къэкIыгъэм псыIагъэр зэрызыщIифым хуэдэу, Аслъэмырзи и ныбжьэгъухэри щIэныгъэм хуэпабгъэт, зыхуеджэ инженер IэщIагъэм и щэху псори къызэIуахыным хущIэкъуу. Владикавказ щыщыIа илъэсхэращ Аслъэмырзэ иужькIэ щхьэгъусэ хуэхъуа пщащэ цIыкIури щызригъэцIыхуауэ щытар. Мэздэгу адыгэхэм къахэкIа Жылокъуэ Зинаидэ абы щыгъуэ щеджэрт къалэм дэт мединститутым. Аслъэмырзэрэ Зинэрэ ныбжьэгъу зэхуэхъуащ. Студент илъэсхэр и кIэм щынэсым, ныбжьыщIэхэр зэщхьэгъусэ хъуащ, езыхэми я ныбжьэгъухэми гукъинэж яхуэхъуа хьэгъуэлIыгъуэ цIы-кIуи ящIащ.
  • Инженер-электромеханик зэрыхъуамкIэ дипломыр зыIэщIэлъ Джэдгъэфыр, и щхьэгъусэ дахэр щIыгъуу, щалъхуа щIыпIэм къэкIуэжащ 1953 гъэм. Тырныауз комбинатым и шахтэхэм ящыщ зым механикыу къащтащ Аслъэмырзэ. ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъу зыкъэзыгъэлъэгъуа IэщIагъэлI щIалэм куэд дэмыкIыу нэгъуэщI къулыкъухэри къыхуагъэлъэгъуащ. ЯпэщIыкIэ ар ягъэуващ «Молибден» шахтэм и механик нэхъыщхьэу, иужькIэ дзыхь къыхуащIащ вольфрам-молибден комбинатым и механик нэхъыщхьэ къулыкъур. А къалэныр зэрихьэу, Джэдгъэфым хэлъхьэныгъэ ин хуищIащ IуэхущIапIэм и технологие оборудованэр егъэфIэкIуэным, абы щекIуэкI лэжьыгъэхэм механизацэмрэ автоматизацэмрэ я лъабжьэ щIыным.
  • Зинаидэ Тырныауз къыщыIэпхъуар еджэныр къыщиуха 1954 гъэращ. Комбинатым и цеххэм ящыщ зым и дохутыр-терапевту лэжьэн щIэзыдза бзылъхугъэ цIыкIум зэман кIэщIым къриубыдэу зыкъигъэлъэгъуащ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ дохутыр Iэзэу. Зинаидэщ комбинатым япэу къыщызэIузыхар махуэрылажьэ сымаджэщ. Зэщхьэгъусэхэми а зэманым комбинатым щылэжьахэми фIыуэ ящIэж 1961 гъэм абы къыщыхъуауэ щыта къызэрымыкIуэ Iуэхугъэр. Лэжьыгъэхэр щекIуэкI шахтэм гъуэз щIэз хъури, цIыхуи 127-м зэранышхуэ екIат, уеблэмэ цIыхуиплI илIыкI пэтащ. Зинаидэ и фIыгъэт абы щыгъуэ шахтёр псори ажалым къыIэщIэха зэрыхъуар. Апхуэдэ щытыкIэ гугъум лIэныгъэ хэмыту къызэрикIыфам папщIэ, зи IэщIагъэмкIэ щIэныгъэфI зыбгъэлъ бзылъхугъэм хуагъэфэщауэ щытащ «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр. Зинаидэ фIыщIэ ин къыхуищIауэ щытащ республикэм и обкомым и япэ секретару а лъэхъэнэм лэжьа Мэлбахъуэ Тимборэ. Куэд дэмыкIыу ар хъуащ IуэхущIапIэм и медицинэ IэнатIэм и дохутыр нэхъыщхьэ.
  • А
  • пхуэдэу Тырныауз къыдэхъуащ адыгэ унагъуэ дахэ. Зи лэжьыгъэмрэ зэфIэкIымкIэ куэдым къахэщ Аслъэмырзэрэ Зинаидэрэ пщIэшхуэ къыщыхуащIырт къалэм. Лэжьыгъэм щаIэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ Джэдгъэф зэщхьэгъусэхэр мызэ-мытIэу ягъэлъэпIащ дамыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмкIэ. Зэман дэкIри, абыхэм фэтэрышхуэ къратащ. Тырныауз къыщалъхуащ абыхэм я щIалищри: Аслъэн, Мырзэ, Георгий сымэ. Апхуэдэ щIэблэ къызыщIэу-вэ унагъуэм и дежкIэ сыт хуэдэ насыпт ар! ЩIалэхэм ящыщу Аслъэнрэ Георгийрэ я анэм и IэщIагъэр къыхахыжри дохутыр хъуащ. Мырзэ инженер-ухуакIуэщ. Ахэр псори унагъуэ хъужауэ мэпсэу, адэ-анэр щIэблэ узыншэкIэ, гъащIэм щызыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэмкIэ ягъэгуфIэу.
  • 1965 гъэм Джэдгъэфхэ я унагъуэр Налшык къэIэпхъуащ. Аслъэмырзэ занщIэу ирагъэблэгъащ Налшык автокомбинатым икIи абы и унафэщIу ягъэуващ. ИужькIэ ар лэжьащ Полупроводник Iэмэпсымэхэр щащI заводышхуэу Налшык дэтым и механик нэхъыщхьэу, Бахъсэн дэт «Автозапчасть» заводым и унафэщIу. Сыт хуэдэ къалэнхэр пщэрылъ къыхуамыщIами, зыхэт гупым пщIэ лъагэ щиIэу яхэтащ Аслъэмырзэ. Зэрихабзэу, Iуэхур лэжьакIуэбэм яфI къызэрыкIыным ехьэлIамэ, лъэкI псори ищIэнут, ар зэфIэха хъун папщIэ. 1972 гъэм пенсэ тIысыжа нэужьи, ар механик нэхъыщхьэу щылэжьащ Налшык дэт «Гидрометаллург», НЗТА заводхэм, иужькIэ щыIащ «Къэббалъкъкоммунэнерго» IуэхущIапIэм. А илъэсхэм абы зыкъигъэлъэгъуащ творческэ лэжьакIуэшхуэуи: «Къущхьэ лъэпкъым и макъ» газетыр илъэс зыбжанэкIэ къыдигъэкIащ. Апхуэдэу Аслъэмырзэ и къалэмыпэм къыпыкIащ ди республикэм и цIыху пажэхэм ятеухуа тхыгъэ купщIафIэ куэд. Ар ноби жыджэру ядолажьэ КъБР-м къыщыдэкI га-зетхэм, журналхэм.
  • Джэдгъэфым и гъащIэр ирехьэкI ехъулIэныгъэм, зыужьыныгъэм яхуэгъэпсауэ. Абы зэрыжиIэмкIэ, а хьэлхэр щIэину и адэ-анэм къыхуагъэнащ.
  • — Ди адэм къыджиIэрейт: «Сэ мылъкушхуэ къыфхуэзгъэнэфы-нукъым: колхоз псэукIэм апхуэдэ Iэмал къуитыркъым. Мылъкур — уэсэпсщ. Абы и пэ къит Iуэхугъуэ-хэм ящыщщ, япэрауэ, фи псалъэм зэи фемыпцIыжыныр, етIуанэрауэ, Iэмал зэриIэкIэ щIыхуэ зэи фымытыныр икIи къэвмыщтэныр, ещанэрауэ, фи къарумрэ фи акъылымрэ къамыхьа зэвмыхьэлIэныр», — игу къегъэкIыж Аслъэмырзэ. — Ди анэми пищэрт абы и псалъэм икIи быныр куэдрэ диущийрт: «Зыми ищIэркъым къыхуиуха гъащIэр зыхуэдизыр. Къэбгъанэ лъэужьыр зыхуэдэм ухуеплъэкIыжурэ упсэун хуейщ, къыпщIэхъуэ щIэблэм я щхьэр щIрахьэхын гуэр къыпIэщIэмыщIэным ухущIэкъуу».
  •  А нэхъыжьыфIхэм я псалъэхэр и гъащIэ джэлэсу ноби къогъуэгурыкIуэ илъэс 95-рэ зи ныбжь Джэдгъэф Аслъэмырзи, ар зи тхьэмадэ унагъуэри. Хэкупсэ нэсыр дапщэщи лэжьащ и напэ, и пщIэ, и нэмыс емыпцIыжу. Апхуэдэущ Аслъэмырзэрэ Зинаидэрэ я бынхэри абыхэм къащIэхъуэ щIэблэхэри зэрагъэсар. ПщIэрэ нэмысрэ зэрылъ абыхэм я унагъуэр къызэрыунэхурэ илъэс 64-м нэсащ. ЦIыхугъэ нэсыр, пэжыгъэ нэхур, лъэпкъ хабзэ дахэр дапщэщи къызыдэгъуэгурыкIуэ нэхъыжьыфIхэм дынывохъуэхъу ИлъэсыщIэр угъурлыуэ къыфхущIэкIыну, фи жьыщхьэр махуэу щытыну, фи бынхэр вгъэгуфIэу, къалъхуахэр вгъафIэу иджыри куэдрэ фыпсэу-ну.
  •  
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.