Гагариныр зыцIыхуу щытам и гукъэкIыжхэр
2019-04-11
- Пщэдей илъэс 58-рэ ирокъу дуней псом
- щыяпэу Гагарин Юрий хьэршым зэрылъатэрэ
- 1961 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м цIыхум и блэкIамрэ и къэкIуэнумрэ лъэхъэнитIу игуэшауэ жыпIэ хъунущ. Ар япэ дыдэу хьэршым зэрылъэтам нэхъ мыхьэнэшхуэ иIащ, сыт хуэдэ революцэми елъытауэ.
- Зэманыр макIуэ, хьэршыр къэгъэIурыщIэныр псори дызэсэжа Iуэхущ. Ауэ зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым а гъуэгур илъэс 58-рэ ипэкIэ Гагарин Юрий зэрыхишар. Аращ абы и пщIэмрэ и щIыхьымрэ дунейр щыIэху щIэмыкIуэдыжынури.
- Зи цIэр тхыдэм къыхэна цIыху телъыджэщ япэу хьэршым лъэта, СССР-м и кхъухьлъатэзехуэ-космонавт, Совет Союзым и ЛIыхъужь, къэрал зыбжанэм я дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэща Гагарин Юрий. СССР-м и дзэ-хьэуа къарухэм я полковник Гагариныр ВЛКСМ-м и ЦК-м хэтащ, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и 7-8-нэ хэхыгъуэхэм я депутату щытащ. 2019 гъэм гъатхэпэм и 9-м илъэс 85-рэ ирикъуащ ар къызэралъхурэ.
- Илъэс 52-рэ ипэкIэ япэ космонавтым хуэзауэ щытащ дзэ-хьэуа къарухэм я подполковник, ди лъахэгъу, Арщыдан къуажэм къыщалъхуа, Нарткъалэ щыпсэу Мэремкъул Лиуан (Леонид) КIымэ и къуэр. «Зэманышхуэ блэкIами, сщыгъупщэркъым, ноби срогушхуэ дунейм и япэ космонавт Гагарин Юрий цIыху цIэрыIуэм и кхъухьлъатэм си нэIэ зэрытетам, ар зэпэщу щытыным сызэрыкIэлъыплъам», — жеIэ Лиуан.
- — 1961 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м зэи къэмыхъуауэ япэу цIыху хьэршым зэрылъэтам и хъыбарыр къыщытIэрыхьам абы щымыгуфIыкIа, ар гъэщIэгъуэн зыщымыхъуа щыIэу си фIэщ хъуркъым.
- Сэ дзэ къулыкъур щесхьэкIырт Украинэм и Ивано-Франковскэ областым хыхьэ Коломыя къалэм. А махуэм ди гвардие авиаполкым щедгъэкIуэкIырт кхъухьлъатэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэ Iуэхухэр, дгъэхьэзырт эскадрильем щыIэ гъущI «бзухэр», унафэщI нэхъыщхьэхэри къэкIуауэ къыткIэлъыплъырт. Псори хъарзынэу йокIуэкI, ди нэIэ зытет кхъухьлъатэхэм уафэгум зрат, хуагъэува къалэнхэр зыгъэзэщIахэр къотIысыж. Къэхъуар дымыщIэу, Iуэхур къагъэувыIащ. Радиом къет коммунист-авиатор Гагарин Юрий Алексей и къуэр зэрыс «Восток» кхъухьыр хьэршым зэрылъэтар.
- Дэ псори дригушхуэрт апхуэдэ лIыгъэшхуэ зезыхьар дэ тхуэдэу зэрыавиаторым. Дзэ къалэныр полкым фIыуэ зэфIэдгъэкIауэ къалъытащ, а махуэм саугъэт зратахэм сахэхуащ. Ди замполитыр къызбгъэдыхьэри къызэхъуэхъуащ ефрейтор званиер къызэрызлэжьамкIэ. Мис а махуэм къыдэушауэ щытащ си гъащIэр авиацэм пысщIэн мурадыр.
- Авиацэ училищэр къэзухри, къыхэсха IэщIагъэмкIэ къалэныр есхьэкIын щIэздзащ. Къулыкъу щысщIэрт Кавказ АдрыщI дзэ округым, Тбилиси пэгъунэгъу Вазиани щIыпIэм. Сэ кхъухьлъатэхэр уэгум ихьэным авиацэ Iэмэпсымэхэр хуэзыгъэхьэзыр гупым сриунафэщIт. Сыт хуэдэ лэжьыгъэ пщэрылъ къытщамыщIами, ар зыхуей хуэзэу дгъэзащIэрт. УхуакIуэ батальоным дыщагъакIуи щыIэт. Кхъухьлъатэхэм я егъэзыпIэ быдапIэр бомбэкIи топышэкIи пхуэмыкъутэну тщIыным илъэси 3-м нэблагъэ текIуадэрт.
- 1967 гъэм и фокIадэм вазиани щыIэ авиаполкым щыщ цIыху зыбжанэ Мэзкуу и гъунэгъу Кубинкэ къалэм дагъэкIуащ. А зэманым Дзэ-хьэуа къарухэм я нэхъыщхьэу щыта маршал Кутаховым и унафэкIэ ди полкым «Спарка» МИГ-21 кхъухьлъатэ къыхэхъуащ. Истребителыр дэ къыщытIэрыхьар ар зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжа нэужьти, и пкъыгъуэ псори къэтпщытащ. Кхъухьлъатэзехуэхэм къахуэнэжыр ар уэгум щагъэунэхунырт, иужькIэ ди авиаторхэм Кавказ АдрыщIым яхун хуейт. АрщхьэкIэ, дыпэмыплъагъэххэу, командованэм и унафэкIэ МИГ-21-р лъэтэным хуэзыгъэхьэзырыну гуп щхьэхуэ къызэрагъэпэщащ. Апхуэдизу хэплъэу къыщIыхахар къыщызгурыIуар иужькIэщ.
- Къытхуагъэува пIалъэм ирихьэлIэу кхъухьлъатэр хьэзыр хъуащ, дэ сатыру драгъэувэкIащ. Дыплъэмэ, дэ къытхуокIуэ щIалитI — Гагарин Юрийрэ Титов Германрэ. Сыт и лъэныкъуэкIи дызэрыхьэзырым щыгъуазэ дощI. Титовыр етIуанэ кабинэм йотIысхьэ, Гагариным, кхъухьлъатэр зэпеплъыхьри, илъэгъуамкIэ арэзы зэрыхъуар и нэгум къищу, дэ тщыщ дэтхэнэми ди Iэр къеубыд. Си деж къыщысым, къыпогуфIыкIри, жеIэ: «ФIыуэ слъагъу Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм пщIэ яхузощI. Уэ укуржы?» Жэуап естыну сыхунэсакъым, езым и упщIэхэм адэкIэ къыпищащ:
- — Уи IэщIагъэкIэ ухэт?
- — Авиацэ IэмэпсымэхэмкIэ, ныбжьэгъу полковник.
- — КъызгурыIуащ. Академием дызэрыщрагъэджащи, кабинэм и приборхэр лётчикым и нэщ, жьы къэзыгъакIуэ Iэмэпсымэр — гъащIэщ, лейтенант нэхъыжь.
- — Нэгъэсауэ пэжщ, ныбжьэгъу полковник!
- Арати, Гагариныр реактивнэ кхъухьлъатэм и япэ кабинэм итIысхьащ. Нэхъ псынщIэу зричын папщIэ, Юрий форсажыр пидзэри, куэд дэмыкIыу уафэхъуэпскIыу уэгум игъуэщащ.
- КъэтIысыжа нэужь, Гагарин Юрий аргуэру къыдбгъэдыхьэщ, и шлемыр щхьэрихри, ди лэжьыгъэм папщIэ фIыщIэ къытхуищIащ. «Совет Союзым къулыкъу худощIэ!» — жэуап еттащ хьэщIэ лъапIэм.
- «Ныкъусаныгъэ лъэпкъ щыIэкъым, — иритхащ абы ди журналым.
- ЗэрыжаIэщи, зэкъуэшхэр зы анэм къилъхуркъым. А псори сигу къэзыгъэкIыжа, дуней псом щыцIэрыIуэ япэ космонавт Гагарин Юрий сиIащ ныбжьэгъуфIу, си къуэшищым еплIанэу къэслъытэу. Ар и щIалэгъуэу (илъэс 34-рэ) тхэкIыжащ 1968 гъэм гъатхэпэм и 27-м.
- Япэ космонавтым хуэза ди нэхъыжьыфI Мэремкъул Лиуан мэлыжьыхьым и 6-м игъэлъэпIащ илъэс 80 зэрырикъуар.
- Хьэуа-авиацэ дзэ къулыкъум пыщIауэ къекIуэкIащ подполковник Мэремкъул Лиуан. И къалэным зэрыхуэпэжам къыпэкIуэу абы къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъапIэхэр, фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр, саугъэтхэр. Абыхэм ящыщщ «Вагъуэ плъыжь» орденитIыр.
- Мэремкъул Лиуан ящыщщ Тхьэр унагъуэ дахэкIэ зыхуэупсахэм. Абырэ и щхьэгъусэ Надеждэрэ (ди жагъуэ зэрыхъунщи, псэужкъым) къуитI зэдапIащ. ЗэкъуэшитIым, абыхэм къатепщIыкIыжа хъыджэбзитIымрэ щIалэмрэ офицер IэщIагъэр къыхахащ. Зыр Калугэ, адрейр Санкт-Петербург щыпсэуми, адэшхуэм сыт щыгъуи къыпыщIащ. Къыхэдгъэщынщи, Мэремкъул Лиуан и къалэнхэр и лъахэм пэIэщIэу ирихьэкIащ, ауэ сыт щыгъуи щалъхуа щIыналъэм къыхуеIэрт. 2004 гъэм фIыуэ илъагъу, зыхуэзэша и лъахэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжауэ Нарткъалэ щопсэу.
- Лиуан закъуэныгъэр зыхищIэркъым. Ар жыджэру хэтщ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм езыр щыпсэу районым, Налшык щрагъэкIуэкI Iуэхухэм. Мэремкъулым ифIэфIщ тхакIуэ цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм еджэну, «Адыгэ псалъэ» газетыр и Iэпэгъущ. Абы и анэ Софят пшынэр екIуу игъэбзэрабзэу щытащ. Гувами, ар къыщыушащ Лиуан и гум. Иджы абы иIэщ адыгэ пшынитI, аккордеон, баян, синхронизатор икIи зыпищI щымыIэу адыгэ макъамэхэр кърегъэкI. Езыми зэрыжиIэщи, зытрегъэуж, зигъэзэшыркъым, и ныбжьэгъухэри егъэгуфIэ.
- Илъэс 80 ирикъуа, гукъэкIыж гъэщIэгъуэнхэмкIэ зи гъащIэр гъэнщIа нэхъыжьыфIым дохъуэхъу и узыншагъэр мыкIуэщIу, ноби хуэдэу и лъэр жанрэ дэрэжэгъуэ иIэу псэуну, быным, абыхэм я щIэблэм я ехъулIэныгъэхэм иригушхуэу, я гуфIэгъуэ илъагъуу иджыри куэдрэ ящхьэщытыну.
- УЭРДОКЪУЭ Женя.