ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэ

2016-12-20

  • Аушыджэр къуажэм 1938 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къыщалъхуащ Жылокъуэ Мухьэмэдин. Кружок зэмылIэу-  жьыгъуэхэм жыджэру хэту (къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ, театр жыпIэми, нэгъуэщIхэми), щытхъу тхылъхэр къыхуагъэфащэурэ школыр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ абы.
  •  
  • Макъ жьгъыру дахэ зиIэ Жылокъуэм и гъащIэр гъэнщIа хъуат творческэ и лъэныкъуэкIэ. Бгъэдэлъ зэчийм гу лъатэри, и ныбжьыр щIалэ дыдэу утыку кърашат арикIи адыгэ лъэпкъым, Къэбэрдей-Балъкъэрым я пщIэр куэдрэ иIэтащ Мухьэмэдин.
  • Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъур гъэлъэпIэным хэтыну             нэхъ хьилым зыбгъэдэлъу къалъытэ щIалэгъуалэр республикэм къыщыхэшыным теухуа зэпеуэ ирагъэкIуэкIырт. ИкъукIэ цIыху куэд хэтат абы. Абы нэмыщIи, республикэм уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамбль зэфIагъэувэну абы и Iуэхуи зэрахуэрт. Зэпеуэм нэхъыфIу къыщалъыта щIалэгъуалэм Жылокъуэри яхэтащ. Ахэр мазищкIэ ягъэхьэзыращ, иужькIэ, 1956 гъэм щIышылэм и 3-м, КъАССР-м и хорым ар агъэхьащ. Ахэр игъэхьэзырыну а лъэхъэнэм Москва кърашат композитор цIэрыIуэ Мурадели Вано.
  • — Москва дыкIуэн ипэкIэ концерт программэр IыхьитIу гуэшауэ комиссэм едгъэлъэгъуат. Япэ Iыхьэр «Гибель «Варяга» уэрэдымкIэ духырт. Ар хорым жиIэн щиухам, Мурадели и нэпсыр щIилъэщIыкIыу-рэ, жиIауэ щытащ: «Къэралым и хорхэм жаIэ уэрэду сэ сызэмыдэIуа къэнауэ къыщIэкIынукъым, ауэ мыпхуэдэу псэм хыхьэу, гур игъэтIысу гъэзэщIэкIэ иджы-     ри срихьэлIакъым». А уэрэдыр абы и гум апхуэдизкIэ хыхьати, зыдгъэпсэхуну ма-       хуитI къыдитауэ щытащ, — игу къегъэкIыж Мухьэмэдин.
  • 1957 гъэм Москва Iэтауэ щекIуэкIащ адыгэ щэнхабзэм и махуэхэр. Къалащхьэм и концерт гъэлъэгъуапIэ нэхъ ин дыдэхэм (Театр Иным, Совет Армэм и Театрым) зыкъыщагъэлъэгъуат ди артистхэм. А лъэхъэнэм абыхэм я дирижёру щытащ икъукIэ зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ Орлов-Шузьм Аристарх.
  • 1960 гъэхэм хорым и дирижёру лэжьащ Попов Василий. Гупым я солистхэт КIуж Борис, Сосмакъ Валентинэ, Беппаев Сергей, Шыгъушэ Мышэ, Шыкъ Мышэ, Жылокъуэ Мухьэмэдин сымэ.
  • — Урысейм и щIыпIэ куэдым зы мазэм къриубыдэу концертхэр щыттырт. Барнаул дыщыIэу концертым нэкIуауэ щытащ космонавт Титовым и адэ-анэр. А зэманым космонавтхэм ятеухуауэ уэрэд цIэрыIуэ яусауэ щытащ («Присядем, друзья, перед дальней дорогой» жыхуиIэр). Сэ ар згъэзэщIат, хорыр си гъусэу. Иджыпсту хуэдэу сощIэж: а уэрэдыр плIэнейрэ жызагъэIауэ щытащ, — жеIэ Мухьэмэдин.
  • Жылокъуэр 1965 гъэм Москва кIуэри, Гнесинхэм я цIэр зезыхьэ Къэрал макъамэ- педагогикэ институтым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ.
  • — Театр гъуазджэмкIэ къэрал институ-   тым (ГИТИС) щеджэ гупымрэ дэрэ дызэгъусэу Листов Константин и опереттэ «Севастопольский вальс» жыхуиIэр 1969 гъэм Москва щыдгъэхьэзыру дыкъэкIуэжа нэужь, абыкIэ Музыкэ театрыр къызэIутхащ, балетри къытхэту, — къыпещэ и псалъэм Жылокъуэм.
  • Ди театрым драмэ тенор иIэтэкъым, Мухьэмэдин фIэкIаи, партие нэхъыщхьэр абы игъэзэщIэн хуей хъурт. Абы нэхърэ        нэхъ насыпышхуэ солистым и дежкIэ               щыIэ! Апхуэдэ зэфIэкI зэрыбгъэдэлъым папщIэ, куэдрэ роль нэхъыщхьэхэр къыхуагъэфэщащ абы. «Молодая гвардия» оперэм Кошевой Олег и партиер щы-  жиIащ. Абы щыгъуэ Мухьэмэдин къыхуагъэфэщауэ щытащ 1-нэ нагъыщэ зиIэ дипломыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Мадинэ» япэ лъэпкъ оперэр щагъэувам, абы Заур и партиер, Штраус и «Летучая мышь», «Цыганский барон», Гаджиевым и «Кавказская пленница», нэгъуэщI куэд-     ми роль нэхъыщхьэхэр щигъэзэщIащ Жылокъуэм.
  • Зи лэжьыгъэр гурэ псэкIэ езыхьэкIа Жылокъуэ Мухьэмэдин гулъытэншэу къэнакъым. Абы «КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артист», «КъБАССР-м и цIыхубэ артист»     цIэ лъапIэхэр къыфIащащ, КъБАССР-м, Адыгейм, Армением, нэгъуэщI щIыпIэхэми   я фIыщIэ, щытхъу тхылъ куэд къратащ.
  • КъыдэкIуэтей щIэблэр фIым къыхуеджэным, абыхэм гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъуным и гуащIэ куэд зэрыхилъхьэм   папщIэ, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм фIыщIэ тхылъ къыхуигъэфэщащ Жылокъуэм. КъинэмыщIауэ, Мухьэмэдин ислъам диным зегъэубгъу-ным зэрытелажьэм ипкъ иткIэ, КъБР-м и Дин IуэхущIапIэр фIыщIэ тхылъкIэ къыхуэупсащ. Жылокъуэ Мухьэмэдин Аушыджэр дэт мэжджытым и Iимамщ, цIыхубэр фIым къыхуреджэри, узынша-   гъэ иIэу и унагъуэ дахэм куэдрэ Тхьэм ящхьэщигъэт.
  •  
  • АфIэунэЛусаннэ.