Къумыкъу I. М. теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
2020-03-26
- 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумыкъу Iэуес Мухьэмэд и къуэм а къулыкъур щхьэщыхын.
- 2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрыр ягъэувыхукIэ абы и къалэнхэр игъэзэщIэну пщэрылъ щыщIын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Биту Аслъэн Хьэсэн и къуэм.
- 3. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
- Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
- Налшык къалэ
- 2020 гъэм гъатхэпэм и 23-м
- №21-УГ