ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Январь, 2022

«Студентым и зы махуэ»

2022-01-27

  • Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ урысейпсо акцэм хэтащ ди къэралым и школакIуэ нэхъыжьхэм ящыщ куэд. УФ-м ЩIэныгъэмрэ цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм къыхилъхьа а Iуэхугъуэр щыдаIыгъащ ди республикэми. «ДыгъафIэ къалэм» и химико-биологие классым щеджэ ныбжьыщIэ 21-рэ зы махуэкIэ хъуат КъБКъУ-м и студент.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIэблэм щагъэгъупщэркъым

2022-01-27

  • Ленинград фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIахыжа махуэм ирихьэлIэу, абы теухуа дауэдапщэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щекIуэкIынущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адэм и ущиемрэ къуэм и зэфIэкIымрэ

2022-01-27

  • ФIыуэ узыщыгъуазэ щIэныгъэмкIэ адрейхэм хьэлэлу уадэгуэшэныр цIыхугъэ лъагэмрэ пэжыгъэ нэсымрэ я нэщэнэщ. А псалъэхэм тету и гъащIэр пэжу, купщIафIэу, лъэкI псомкIи сэбэп хъуным хущIэкъуу и илъэсхэр ирихьэкIащ ди тхыгъэр зытеухуа физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат, Творческэ педагогикэмкIэ Урысей академием и академик, УФ-м, КъБР-м щIыхь зиIэ я егъэджакIуэ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щад Азджэрий Адэлджэрий и къуэм. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием ЩIым и малъхъэдисыгъэмкIэ и институтым Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ щIэныгъэ IуэхущIапIэм щылажьэу, Щадыр яхэтащ хьэршым къикI бзийхэр къэзыпщытэ Iэмэпсымэ зыщIахэм. Къэралым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а лэжьыгъэфIым папщIэ IэщIагъэлIым хуагъэфэщауэ щытащ къэралым и гъэлъэгъуапIэ нэхъыщхьэм, ВДНХ-м, и дамыгъэ лъапIэр. Апхуэдэу ди щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм и зыужьыныгъэми хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа Азджэрий и цIэр иратхащ «Урысейм и цIыху цIэрыIуэхэр» къэралпсо щIэнгъуазэм. ЩIэныгъэлI Iэзэр, егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэр псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъунут мы махуэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Атэбий  Игорь: Гъуазджэм  и  бзэр тэрмэш  хуэныкъуэкъым

2022-01-27

  • Къэбэрдей-Балъкъэр, Осетие Ищхъэрэ — Алание, Адыгэ, Абхъаз республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, Ингуш, Шэшэн, Осетие Ипщэ республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Атэбий Игорь и ныбжьыр пщэдей илъэс 60 ирокъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Унагъуэшхуэхэм яхуэгъэза  гуапагъэ

2022-01-27

  • Урысейпсо цIыхубэ фронтым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм, «Дэ дызэгъусэщ» зэгухьэныгъэм хэтхэм, дапщэщи хуэнабдзэгубдзаплъэщ гъащIэм щытыкIэ гугъум иригъэува унагъуэхэм, сабийхэм, зи ныбжь хэкIуэтахэм. Псапэр щIэныр зи мардэ а цIыху псэ къабзэхэм я гулъытэ иджыблагъэ ялъэIэсащ ди республикэм щыпсэу бынунагъуэшхуэм ящыщу тхум.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гъатхэ  сэгъуэм  зыхуагъэхьэзыр

2022-01-27

  • Гъатхэ сэгъуэм ипэ къихуэу къуажэ мэкъумэшыщIэхэм гулъытэшхуэ хуащI жылэм и фIагъым. Абы хуэунэтIащ КъБР-м щыIэ «Россельхозцентр»-м и къуадамэу Бахъсэн районым щыIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ислъамым и нур

2022-01-27

  • Дин  лэжьакIуэ  цIэрыIуэ ПщыхьэщIэ  Шэфихь
  • ЩIэджыкIакIуэхэм нэхъ гъунэгъуу къедгъэцIыхуну тфIэигъуэщ ди щIыналъэм диным гъуэгу щигъуэтыжыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, КъБР-м и Муслъымэн IуэхущIапIэм и япэ унафэщIу лэжьа ПщыхьэщIэ Шэфихь-хьэжы.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

ЦIыкIураш

2022-01-27

  • Джэгунми пIалъэ иIэщ
  • Умарбий, школым къызэрикIыжу, зитхьэщIри пIащIэу шхащ. ИужькIэ, и Iэжьэ цIыкIур къищтэри дэжащ, Iуащхьэм къежэхыну, и ныбжьэгъу цIыкIухэм ядэджэгуну. Зы сыхьэт хуэдэкIэ джэгуауэ, и классэгъу Зэчий къыбгъэдыхьэри къыжриIащ:
    — Умарбий, куэдщ ар. НакIуэ дыкIуэжынщ. Унэ лэжьыгъэхэр тщIыжын хуейщ.
    — Хьэуэ, жыпIэр сыт!..- идэркъым Умарбий. — Мыпхуэдэ тхъэжыгъуэм ухэкIыж хъурэ?.. Сэ си унэ лэжьыгъэхэр сщIыжыну иджыри зэман сиIэщ. Уэ ухуеймэ, укъызэмыжьэу кIуэж.
    — Еуэ-тIэ, сэ нэгъуэщI Iуэхуи сиIэщи, сыкIуэжынщ. Ауэ уэри зумыгъэгувэ, но-бэ къыдата унэ лэжьыгъэхэр гугъущ.
    — Хъунщ, зызгъэгувэнкъым…
    Ауэ Iуащхьэ къежэхыным, иужькIэ уэс гуащэ щIыным, уэс IэшкIэ дзыным апхуэдизкIэ дихьэхат Умарбии, пщыхьэщхьэ хъуауэщ къыщыдыхьэжар. Сыхьэт зыбжанэкIэ къызэрызэщIэплъар темыужауэ, ар стIолым бгъэдэтIысхьащ и унэ лэжьыгъэхэр ищIыжыну. БгъэдэтIысхьа щхьэкIэ зыри къикIакъым, джэгукъуати. «Куэдщ, пщэдджыжь нэхъ жьыуэ сыкъэтэджынщи, сщIыжынщ», — жиIэри гъуэлъыжащ. Зэрыгъуэлъыжуи Iурихри, нэху щыху IэфIу жеящ. Пщэдджыжьым къамыгъэушу къэтэджыфакъым. Сыхьэт ныкъуэт урокым щIидзэным иIэжыр. Ари зигъэхьэзырыху кIуащ.
    Арати, Умарбий къыкIэрыхуауэ, и унэ лэжьыгъэхэри имыщIыжауэ школым кIуэри, зэи къэмыхъуауэ, «2» къихьри, хуабжьу укIытащ. «Ухуэза! — зэшхыдэжащ ар иужькIэ. Зэчий уедэIуэнти, нэхъ пасэу укIуэжынт. Джэгунми пIалъэ иIэщ», — щIыжаIэр пщыгъупщэжащ.
  • УЭЗЫ Мухьэмэд.
  • АфIэкIа сигу схуигъэлъыжынукъым! ФыкъэдаIуэ!
  • НывжесIэжынщ, атIэ, си шыпхъу нэхъыщIэ Iэминатрэ (Iэнатэрэ) сэрэ дыщыцIыкIум дгъэхъахэм ящыщ гуэр. ТIэкIуи емыкIущ, тIэкIуи дыхьэшхэнщ, ауэ хэт апхуэдэ гуэр къызыщымыщIар?! Псоми ди Iыхьэ тIыгъыжщ.
    Сыкъыщыхъуа махуэт. ЗэшыпхъуитIым зыкъэдгъэтIейри, Беслъэней къуажэкIэмкIэ дунэтIащ, анэш дадэрэ анэш нанэрэ тлъагъуну, ди анэм пщэрылъ къытщищIахэри дгъэзэщIэну. Зытплъыхьурэ, дыуэршэр хуэдэурэ дынэсащ. Нанэрэ дадэрэ къытщыгуфIыкIащ. «ФыкIуэ, щхъырыбыр хъуащ, къыпызычынрэ зышхынрэ ямыIэу къывожьэ», — жаIэ. Дэри дызыхуейуэ тфIэфI дыдэр арати, хадэм дилъэдащ. Къуацэ-чыцэм дызэрызэхифыщIэри зыуи къытщымыхъуу къыпыдоч щхъырыб нэхъ пIащэхэр, хуэплъыжь хъуахэр. Тшхынури дошх, нанэ къыдита шынакъ цIыкIуми из дощIри, дыкъокIыж.
    Пхъэ башыр щIэгъэкъуауэ, и щхьэри мащIэу абы тригъэщIауэ дадэ бжэIупэ жьауэм деж щыст хэгупсысыхьауэ. «Дадэ, пшхыну?», — жыдоIэри шынакъыр худоший. КъоIэбэри, зытIущ хех, «гъащIэ кIыхь фыхъу, си пщащэхэ!» къыджеIэ. «Нобэ хэтыт фэ тIум зи махуэр?», — къыдоупщI дадэ. Зэ щхьэкIэ зызоущэху, сытепсэлъыхьыну къезмыгъэкIуу. «Мыращ» къригъэкIыу си шыпхъум и Iэр си дежкIэ къишия нэужь, зыкъызомыус: «сэращ». Дадэ хъуэхъу дахэ еукъуэдий. Абы ирихьэлIэу, нащэбэгу бэгъуар и пэгуным изу, нанэ хадэмкIэ къокIыжри, дызэхех. «Мыдэ фыкъакIуэ», — къыдоджэри, унэ щIыбагъымкIэ макIуэ, дэри и ужьым доувэ. Джэдхэр здитым йохьэри, джэд фIыцIэ-къуэлэн дахэшхуэр — нэхъ ин дыдэу яхэтыр къеубыд. (Адыгэ джэдкIэ зэджэм хуэдэт ар.) «Мис мыр уэ тыгъэу узот уи махуэм щхьэкIэ. ФыкIуэжмэ, фи анэм джэд шыпс фхуищIынщ», — жеIэри къысIэщIелъхьэ. Iэнкуну соIэбэри, къыIызох, си блэгущIэм щIызоубыдэри, и щхьэр игъэджэрэзу джэдыр къызохь.
    Псори псот! Ауэ а джэдым сыхуейт сэ?! Дауэ ар зэрысхьынур? Къуажэр зи кIыхьагъым джэд сIыгъыу дауэ срикIуэн сэ? Си шыпхъуми «уэ къуатамэ, хьы», жиIэнщи ауи сIимыхын… Абыхэм сегупсысыху, унэ бжэIупэм дыкъосыж. «Нанэ, мыр схуэхьынкъым, къысIэщIэкIынщи, щIэпхъуэжынщ», — къызызогъэпэщри, хуэму къыдызошей. Абы хэту нанэ унэм щIолъадэ. «Сыту пIэрэ нанэ къигупсысар?!», — жыдоIэ. Къэлътмакъ (сумкэшхуэ) иIыгъыу къыщIокIыж, джэдри абы ирегъэтIысхьэ.
    Дыкъожьэж иджы. Джэдри хьэлъэфIщ, зэми мэпIэтIауэ. Сытри си махуэт! Псыр къыспеху сIыгъым. Зэм си шыпхъум изот, езэшмэ — къызетыж, зэми зэпыдоубыдри, зэгъусэу къыдохь. Джэдым и щхьэр къримыгъэжыну, нэхъри догъэбыдэ. ТIэкIурэ апхуэдэу дыкъэкIуауэ, додаIуэри, макъ къигъэIужкъым икIи зигъэхъейркъым. «Анатэ, мы джэдыр мыбэуэж сфIощI», — жызоIэ. ДыкъоувыIэри, зэрысым и щхьэр хуэмурэ зэIудох. Зигъэхъейркъым. «Имэхыхьащ, и щхьэр щызэхуэтщIым», — аращ дызэгупсысар. Дигу къоуэж къытIэщIэщIар. Ауэ сыт ди Iэмалыж иджы… Къэхъунур къэхъуащ. Ауэ джэд лIам сыт етщIэнур? Хьэлъэу тхьыжыну? Тхьыжми, шхыдэ къэдлэжьынущ. Сытми, джэдыр зыщIыпIэ дей дгъэтIылъын хуейт, ауэ дыкъалъагъумэ, тфIэемыкIут. Зыкъэтплъыхьри, ятIэ шэд къэтлъэгъуащ. Джэдыр абдеж къыдогъанэри, зэрылъари тIыгъыу дыкъыIуокIыж….
    Хэт ищIэнт, кIыфI хъуа нэужь, джэдым и нэхэр зэтрипIэу жейуэ… Дыплъэмэ, джэдыр къэушыжащ, ятIэ защIэу къуажэм хэлъэдащ. Шыпси мыхъуу, тхъэуэ псэууэ къэнэжащ.
  • АБЫДЭ Iэсият,
    Къэрэшей-Шэрджэс Республикэ.
  • Жэбагъы и хъуэхъу
  • Зыпщ гуэрым къуэ къыхуалъхуати, хьэщIэ къыхуепсыхауэ здэхъуахъуэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы пщым и жылэмкIэ зэрыблэкIыр къыжраIащ.
    — Жэбагъыи дгъэхъуэхъуэнщ, — жари хьэщIэщым ирашащ:
    — Пщым ехъуэхъу, Жэбагъы, къуэ къыхуалъхуащ, — жаIэри.
    — Нобэ дунейм къытехьа щIалэр хьэнэу, джэдыпэу, фызыгуу, и цIэкIэ къемыджэу гъэпсэу! — жери хъуахъуэщ, шэсыжри, и гъуэгу техьэжащ Жэбагъы.
    Гупыр егупсысри, Жэбагъы и хъуэхъур зэхащIыкIакъым.
    — Къыдохъуэхъу жытIэурэ къыдэхъуэнащ: фыкIуи къевгъэгъазэ, — жари Жэбагъы шу лърагъэжьащ. Жэбагъы жиIащ:
    — Хьэм и нэм нэхъ жан щыIэкъым, джэдым и пэм нэхъ шэрыуэ щыIэкъым, жьэгум щыдэсым деж фызым нэхърэ нэхъ гушхуэ щыIэкъым, нэхъыжь щхьэщытыху щIалэм и цIэкIэ еджэркъым. Нобэ дунейм къытехьа щIалэр нэ жан, шэрыуэ, гушхуэ зыкIуэцIылъ ирехъу, и нэхъыжь куэдрэ къыщхьэщырет. Аращ сызэрехъуэхъур.
  • Iэрытх цIыкIу
  • Дунейм къытехьащ адыгэбзэкIэ зэрылажьэ Iэрытх цIыкIу. ЩхъуэкIэплъыкIэу сабийхэм ялэжыну сурэт гъэщIэгъуэнхэр итщ, цIыкIухэм адыгэ хьэрфхэр ятхыфу иребгъасэ мэхъу. Iэрытхыр къыдигъэкIащ сабийхэм я зыужьыныгъэм папщIэ щIэх-щIэхыурэ лэжьыгъэ щIэщыгъуэхэр зыгъэхьэзыр, абыхэм яхуэусэ, хъыбар цIыкIухэри яхуэзытх Мэлей ФатIимэ.
  • Мастэ нэ зэвым и уэрэд
  • Мастэ, мастэ, мастэ,
    Мастэ Iэпэ хэуэ!
    Мастэ, мастэ назэ,
    Си мастэ нэ зэв!
    Нанэ укъегъафэ,
    Сэ узогъэфий!
    Жан и лъахъстэн вакъэр
    Къауэ къыумыгъанэ,
    Нанэ и маститIыр
    КъыумыгъэтIэпIыж,
    Дадэ и джэдыгур
    Зэгуумыгъэуд!
    Хьэвэм ухэлъадэри
    Укъыхэсхыжащ,
    Жэщым усIэпыхури укъэзгъуэтыжащ.
    Си шыпхъу цIыкIум уестри
    УсфIиубыдащ,
    Ди гъунэгъум уестри,
    УсфIикъутэпащ.
    А си мастэ, мастэ,
    Сытыр си Iэмал?
    Сэ си мастэ назэр
    Хэт къызитыжын?
  • Нэр плъызмэ, хьэщIэ къокIуэ
  • Сабий жейм ба хуэпщIмэ, зыгъэгусэрей мэхъу.
    Сабийр япэу зыщIахьа унагъуэм зыгуэр къыщрамытмэ, фIыкъым.
    Сабийм и дзэр къэкIыху гъуджэм ирагъаплъэртэкъым, и дзэр къэкIыгъуей мэхъу.
    Унэ кIуэцIым ущыфиину фIыкъымт.
    НапэмытхьэщIу Iэщым яхыхьэртэкъым, ерыскъым еIэбыртэкъым.
    Уи бзэгум уедзэкъэжмэ, лыщIэ пшхынущ.
    Нэр плъызмэ, хьэщIэ къокIуэ.
  • Топ ежьэ
  • Пхъэидзэ ящI е езыр-езырхэу зэгуроIуэри пащтыхь (тхьэмадэ) хах. Ар лъэныкъуэкIэ мэтIыс. Мыдрейхэм топым гъуэ цIыкIу къыхуратхъу, хуэфIу и ныкъуэм нэс илъын хуэдэу. Топыр абы иралъхьэри, ар къаувыхьыж, я Iэхэр топым хуэшияуэ, Iэмрэ топымрэ лъэбакъуитI хуэдиз я зэхуакуу. Джэгухэм щыщ дэтхэнэ зыри поплъэ и цIэр пащтыхьым къриIуэмэ, топыр къищтэу и джэгуэгъухэм ящыщ зым еуэну е нэгъуэщIым и цIэ къраIуэмэ, топыр зытримыгъэхуэн папщIэ, щIэпхъуэну.
    Топыр зытехуар — къауIар — пащтыхьым и пIэ йоувэри, пащтыхьу щытар джэгум хоувэ.
    Апхуэдэурэ, яужэгъуху джэгур йокIуэкI. ЦIыху дапщэ хуейми джэгу мэхъу.
  • ПцIащхъуэхэр
  • ЦIыкIураш сымэ фIыуэ яцIыху пцIащхъуэр, и фэр щIыху-фIыцIафэу, и кIэр дыкъуакъуэу уэгум куэдрэ иболъагъуэ, абгъуэ щаухуэкIэ я IэпщIэлъапщIагъри умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Абыхэм ятеухуауэ иджыри гъэщIэгъуэн куэд щыIэщ. Девгъэплъыт!
    — ПцIащхъуэм и пкъыр псынщIэу къэлъэтыхьыным хуэгъэпсащ: и дамэхэр псыгъуэщ, и кIэр дыкъуакъуэщ. И пкъым и инагъыу щытыфынущ сантиметри 6-м щегъэжьауэ 23-м нэс. И хьэлъагъыр грамми 10-м щегъэжьауэ 60-м ноблагъэ.
    — Нэхъыбэм пцIащхъуэхэр уэгум итщ, щIым къыщызэтеувыIэр мащIэ дыдэрэщ. Уэгум иту машхэ, уеблэмэ я шырхэри къалъэтыхьурэ ягъашхэ.
    — Илъэси 4 — 8-кIэ мэпсэухэ.
    — Здэлъатэм, хуабжьагъыу къащтэфынущ сыхьэтым километри 120-рэ.
    — Языныкъуэ пцIащхъуэхэм я абгъуэхэр унащхьэхэм и лъабжьэм кIэщIащIыхь, языныкъуэхэм бгы нэпкъхэм щаухуэ, жыгым щызыщIхэри яхэтщ. Зы пцIащхъуэ унагъуэм абгъуэ яухуэным токIуадэ махуи 8 нэс. Абгъуэхэр быдэу зэращIым и фIыгъэкIэ, илъэс бжыгъэкIэ щопсэухэ. Сыт къызыхащIыкIыр я унэр? Я IупсымкIэ IэкIуэлъакIуэу ятIэ зэкIэрашхэурэ яухуэ, и кIуэцIым цы, мэкъущIэщ, джэдыц, удз щабэ ираубгъуэж.
    — ПцIащхъуэм и нэхэр жанщ. Къыздилъэтыхьым хьэпщхупщ цIыкIухэр къелъагъуф икIи тыншу къеубыд.
    — ХуабапIэ зыфIэфI пцIащхъуэхэм илъэсым тIэу я хэщIапIэр яхъуэж.
    — ПцIащхъуэ шырхэм лъэтэфу зрагъасэ, кърашу махуэ 22 — 32 дэкIа нэужь.
    — ПцIащхъуэхэр Эстонием дамыгъэу къыщагъэсэбэп. 2008 гъэм абы къыщыдагъэкIа ахъшэ жьгъейм пцIащхъуэ сурэт хэщIыхьащ.
    — Къэрал зыбжанэм пцIащхъуэхэр нэщэнэфIу къыщалъытэ: Африкэм ар къабзагъэм и нэщэнэщ, Китайм — унагъуэ насыпым. Адыгэхэм нэщэнэфIу къалъытэ уи лъапсэр абыхэм псэупIэ яхуэхъуныр, унащхьэ щIагъ, гуэщ хуэдэхэм я абгъуэр щаухуэныр икIи илъэс къэс абы къэлъэтэжыныр.
  • Жэуапхэр пэжу ифтхэмэ, къехыу псалъэм
  • фыкъеджэфынущ: «къуажэхьхэр»
  • ЕкIуэкIыу: 1. Зызыгъэпщу пщым и Iэгу псы изыкIэ. 2. Шындэбзий гъэгъуахъуэ, данагъуэ пщэдыкъ. 3. Махуэ псом мыпсэху, жэщ хъум бжэкъуагъым къуэувэж. 4. Зи бын псори дзыгъуащэ. 5. ВакIуэ дэкIым кIэлъоджэ, къаджэ-наджэу къекIух. 6. Вагъэр хужьщ, жылэр фIыцIэщ. 7. КIуау-кIуау лъэрыч, къуажэр щэ зэпызыч. 8. Мазэм хуэдэу хъуреябзэщ, бзэгуу иIэр дагъэ защIэщ, щIым къыхэпщмэ дыгъэм хуаплъэ.
  • Жэуапхэр:
    1. Къубгъан. 2. Адакъэ. 3. Жыхапхъэ. 4. Джэду. 5. Хьэрхьуп. 6. Тхылъ. 7. Гуэгуш. 8. Сэхуран.
  • БИЦУ Жаннэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гулъытэншэу  зыри  къигъэнакъым

2022-01-25

  • Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолэ хэхакIуэхэм яхуэзащ. Къэралым, республикэм щыщыIэ эпидемиологие щытыкIэм къыхэкIкIэ, зэIущIэр зэрекIуэкIар видеозэпыщIэныгъэ Iэмалым тетущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Сэлэтхэм  я  псэр  ягъэгуфIэ

2022-01-25

  • Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ зэгухьэныгъэм мы махуэхэм зэIущIэ купщIафIэ щекIуэкIащ. 115-нэ шу дивизэм и цIэр зезыхьэ къэлъыхъуакIуэ гупым щыщхэр яхуэзащ Налшык дэт курыт школ №23-м и еджакIуэхэу Курп лъагапIэхэм дэкIуеяхэм. ЗэIущIэм кърагъэблэгъат ветеранхэри Урысейм и РОСТО ДОСААФ-м   КъБР-м щиIэ къудамэм и лIыкIуэхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зи щIэинхэр дыщэ чысэ хъуа

2022-01-25

  • Шортэн Аскэрбий ТIэхьир и къуэр 1916 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм къыщалъхуащ, Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэр (Налшык), Театр гъуазджэм и институтым и режиссёр къудамэр (Москва) къиухащ. Хэку зауэшхуэм щыгъуэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэтащ, зауэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ орденхэмрэ медалхэмрэ къратащ. Зауэ нэужьым ар щылэжьащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым къэбэрдей литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и унафэщIу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Тхыдэмрэ нобэмрэ зэпызыщIэ

2022-01-25

  • ИлъэсыщIэ тыгъэ пэлъытэ хъуащ гъэ блэкIам и кIэм ди газетым и лэжьакIуэ, тхакIуэ Фырэ — Къаныкъуэ Анфисэ романищу зэхэт и «Хьэтхэр» трилогиер Бекъул Iэниуар игъэлажьэ «Принт-центр» тедзапIэм къызэрыщыдэкIар. ФIыщIэ лей хуэфащэщ мылъку и лъэныкъуэкIэ тхылъым щIэгъэкъуэн хуэхъуа «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондми.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

IуэрыIуатэ — дыщэ пхъуантэ

2022-01-25

  • Анэ  гъэпыхьэ, адэ гъэгъу
  • Уэ бэзэнэри бэзэнэ,
  • БэзэнэкIэ сызэджэри бэзэнэщ,
  • Сабий узщи фэрэкIщ.
  • Анэ гъэпыхьэ гущэщи,
  • Адэ гъэгъу мыгъуэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Плъыфэхэм къагъэщI дахагъэр

2022-01-25

  • СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм иджыблагъэ къыщызэIуахащ Кусовэ Лианэрэ абы и гъэсэнхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъэлъэгъуэныгъэхэр

«Лэскэн»  псыцIэм  и  къэхъукIэр

2022-01-25

  • Мы псым адыгэхэм «Лэскэн», осетинхэм «Лескены дон» хужаIэ. КъыщыщIидзэри Тэрч сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхэлъэдэжри Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэр арами, икухэм хуэзэу иджырей Осетие Ищхъэрэ — Аланием и щIы кIапэми пхрож. «Къырылъэ шытх» зыхужаIэу Кавказ къуршхэм яхэт лъагапIэ екIуэкIым ищхъэрэкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм зыщызэхуехьэс, километр 59-рэ и кIыхьагъщ. И тIуащIэм Анзорей, Лэскэн ЕтIуанэ, Ерокъуэ, Лэскэн Езанэ (мыр осетин жылэщ, здэщыIэ щIыпIэм 1864 гъэм ирагъэтIысхьащ), Лэскэн Ипщэ къуажэхэм зыдаубгъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха