Гъатхэ сэгъуэм зыхуагъэхьэзыр
2022-01-27
- Гъатхэ сэгъуэм ипэ къихуэу къуажэ мэкъумэшыщIэхэм гулъытэшхуэ хуащI жылэм и фIагъым. Абы хуэунэтIащ КъБР-м щыIэ «Россельхозцентр»-м и къуадамэу Бахъсэн районым щыIэр.
- Гъавэ къэкIыныр хьэ-пIацIэхэмрэ узыфэхэмрэ щыхъума хъун папщIэ мэкъумэшыщIэхэм «Россельхозцентр»-м и къудамэм ирагъэхь жылапхъэхэм я щапхъэхэр. Абы къыщахутэ жылэм и къыхэкIыкIэнумрэ къабзагъымрэ. Илъэсым къриубыдэу центрым и лэжьакIуэхэм къапщытэ нартыху, гуэдз, сэхуран, хьэ, нэгъуэщI гъавэхэкIыу мин бжыгъэхэр.
- Бахъсэн щIыналъэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ, ерыскъыпхъэхэмрэ щIы IуэхухэмкIэ и управленэм махуэ къэс чэнджэщ ирет куейм и мэкъумэшыщIэхэм, жылапхъэ, щIыгъэпшэр, къэкIыгъэхэр зэрахъумэ препаратхэр къыхэхынымкIэ, хъыбарегъащIэ дэIэпыкъуныгъэ абыхэм ягъуэт. «Россельхозцентр»-м и IэщIагъэлIхэм дэщIыгъуу бжьыхьэсэхэр къызэрыкIам щыгъуазэ зыхуащI. НобэкIэ гъавэ зытрасэну щIы гектар минитIым щIигъу къапщытащ. Псори зэхэту тесэгъуэм Бахъсэн районым щыхухахыну я мурадщ гектар 32 438-рэ.
- Къэхъун Бэч.