УзыфэщIэм зэрыпэщIэтыным зыхуагъэхьэзыр
2022-01-15
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц мардэм тету Оперативнэ штабым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ республикэм и эпидемиологие щытыкIэмрэ ар зыхуэкIуэнкIэ хъунумрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2022-01-15
- Ди псэлъэгъур Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт школ №1-м къегъэщIылIа сабий садым и унафэщIщ илъэс куэд хъуауэ. ЩыIэкъым сабийм и деж щыпхь жэуапым нэхърэ нэхъ ин. Иуан Агнессэ абы пэлъэщ къудей мыхъуу, зыпэрыт IэнатIэм гукъыдэжи къыхех. Ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ бзылъхугъэм и гупсысэхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
Гукъыдэж къозыт гъэлъэгъуэныгъэ
2022-01-15
- Иджыблагъэ «Гранд-Кавказ» хьэщIэщым ИлъэсыщIэм хуэгъэпса гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуахащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
Пшыналъэр зэчыр зыхуэхъужа Гуащэкъарэ
2022-01-15
- Урыс-Кавказ зауэм и гуащIэгъуэм хиубыдащ иджы Къэрэшей-ШэрджэскIэ зэджэ Хьэжрэт Къэбэрдейм и къэунэхугъуэр. «Къэбэрдейр ди IэмыщIэм илъщ, къэбэрдейхэр иджыри илъкъым», — иратхэрт урыс генералхэм Мэзкуу ирагъэхь дэфтэрхэм. А щIыналъэм щыщт Япэ дунейпсо зауэм и зэманым адэжь щIыналъэр ябгынэныр зи натIэ хъуа БырмамытI зэкъуэшищыр. Революцэ къэблагъэр фIым ущызымыгъэгугъ хъыбаркIэ уэркъ унагъуэм къыщыпежьэм, зэшитIым хуабэуз къызэуэлIа языхэзыр Къэбэрдейм къашэж-ри, езыхэр Хэкум икIахэщ, сымаджэр лIэмэ, ар щIалъхьэжыныр благъэхэм пщэрылъ хуащIри. Тыркум щытIысу иужькIэ хэкущIэ хуэхъуа Иорданием и лIыкIуэу щыта, пащтыхь Хъусен и щхьэхъумэхэм я Iэтащхьэу, Иордан дзэм и штабым и унафэщIу лэжьа БырмамытI Фоуаз ди газетеджэхэм яцIыхупхъэщ. Ауэ куэд щыгъуазэкъым хуабэузым имылIыкIыу Къэбэрдейм къина зэкъуэшхэм я ещанэм иджыпсту Хэкум щыпсэу БырмамытIхэ къызэрытехъукIар. А лъэпкъ хьэлэмэтым щыщт илъэс бгъущIкIэ узэIэбэкIыжмэ, щIышылэм и 15-м дунейм къытехьауэ щыта, КъБР-м щIыхь зиIэ артисткэ цIэ лъапIэр зезыхьа пшынауэ Iэзэ БырмамытI Гуащэкъари. И дунейр ихъуэжыным илъэс зыбжанэ иIэу «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым къытхуеблэгъауэ щыта бзылъхугъэ губзыгъэм и ущиехэр гъуазджэми езы гъащIэми хэт дэтхэнэ зым и дежкIэ нобэми щхьэпэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ
ЩIэныгъэлI гъуэзэджэт
2022-01-15
- Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ЩIДАА-м и вице-президенту щыта, Естественнэ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием, ЩIэныгъэмрэ гъуазджэхэмкIэ Петровскэ академием, Технологие щIэныгъэхэмкIэ Урысей академием хэта, РАН-м и КБНЦ-м физикэмрэ астрономиемкIэ и щIэныгъэ советым и унафэщIу лэжьа Темрокъуэ Анатолэ къызэралъхурэ илъэс 80 мы махуэхэм ирикъунущ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ