Атэбий Игорь: Гъуазджэм и бзэр тэрмэш хуэныкъуэкъым
2022-01-27
- Къэбэрдей-Балъкъэр, Осетие Ищхъэрэ — Алание, Адыгэ, Абхъаз республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, Ингуш, Шэшэн, Осетие Ипщэ республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Атэбий Игорь и ныбжьыр пщэдей илъэс 60 ирокъу.
- Игорь ГИТИС-м щыпхигъэкIауэ щытащ и кандидат лэжьыгъэр. Илъэс 40-м щIигъуауэ ар лъэпкъ гъуазджэм хуолажьэ, абы щыщу 20-м «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и художественнэ унафэщIщ. А зэманым къриубыдэу Атэбийм къафэ гъуазджэм и псалъэ щыжиIа къудейкъым, атIэ лъэпкъым и тхыдэм и цIэр къызэрыхинэн хэлъхьэны-гъэ дахэ хуищIащ.
- НэхъыжьыфI и хьэлу, абы и зэфIэкIыр къыдэкIуэтей щIэблэм яхелъхьэ, ансамблым щигъэзащIэ лэжьыгъэм къыдэкIуэу, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым балетмейстер IэщIагъэм щыхурегъаджэ, къищынэмыщIауэ, абы къыдигъэкIащ «Адыгский сценический танец» зыфIища тхылъ гъэщIэгъуэныр. И махуэр щигъэлъапIэм ирихьэлIэу Атэбийм депсэлъащи, къыджиIахэм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ. И гъащIэр зытеухуа лъэпкъ къафэмрэ гъуазджэмрэ ехьэлIа гупсысэхэращ абы къызэрыщIидзар.
- — «Къафэ» псалъэм си дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, си Iэпкълъэпкъ пщыкIутIым языхэз симыIэжмэ, ныкъуэдыкъуэ сызэрыхъунум хуэдэу, ари сщыщ гуэрщ. Си гъащIэри лъэпкъ щэнхабзэри куэдкIэ нэхъ тхьэмыщкIэнут а Iыхьэр хэмытамэ. МыкIуэщIыж къару къызэзытщ къафэр, аддэ си щIалэгъуэм, япэ дыдэу «Кабардинка»-р утыкум иту щыслъэгъуам, сызыщIэзыубыдауэ щыта мэгъу къарум нобэр къыздэсым сиутIыпщыркъым. Дуней телъыджэщ къафэм къигъэщIыр — абы гукъыдэж, гушхуэныгъэ, къару къует. Сэ сыщыпсэури сыщыгупсысэри къафэрщ. СэркIэ пщIэшхуэщ «Кабардинка»-м сыкъыщыфащ», жысIэныр. Сэ цIэрыIуэ сыхъун щхьэкIэ сылажьэркъым, фIыуэ слъагъу Iуэхум селIалIэу аркъудейщ.
- — «Кабардинка»-м нобэ сыт и псэукIэ?
- — Иужьрей илъэсхэм я гугъу пщIымэ, ансамблым хэхъуи хэщIи диIащ. Илъэс 80-р дгъэлъэпIа иужькIэ, Сыбырым, Поволжьем, Урысейм и ищхъэрэ лъэныкъуэм концерт инхэр щыттащ. 2016 гъэм Израилым щызэхаша адыгэ щэнхабзэ фестивалым дыщыIащ. А илъэс дыдэм концерт ин Москва утыку къыщитхьащ. Тыркум хыхьэ Марашрэ Гёкскунрэ (адыгэхэр куэду зыдэс къалэхэщ) зыкъыщыдгъэлъэгъуащ.
- Сыбыр лъэныкъуэмкIэ дыщыкIуам ХьэхъупащIэ Амырхъан уэрэд жиIа иужь, сценэм ирамыгъэкIыжу Iэгуауэшхуэ хуаIэтат, ауэ щыхъукIи, залым щIэсхэм адыгэу зы цIыхуи яхэттэкъым. Гъуазджэм и бзэм тэрмэш зэрыхуэмейр хьэкъ сщыхъуащ абдежым.
- Гъэ кIуам Тыркум и къэрал 13-м зыкъыщыдгъэлъэгъуащ. Москва щекIуэкIа «Славянский базар» зэхыхьэ иным Нэхущ Чэрим и гъусэу драгъэблагъэри дыхэтащ. Мы гъэм и мэлыжьыхьым, Къафэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, Москва дэт Макъамэм и унэм концерт ин щыттыну зыдогъэхьэзыр.
- — IэщIагъэ псоми я щэху яIэжщ. Къафэм и щэхуу уэ бгъэунэхуар къыджепIэн?
- — Сэ сызэреплъымкIэ, цIыхум и дуней тетыкIэри и къэфэкIэри зэщхьщ. ИтIанэ гу зылъыстаращ — цIыхухъу къафэр шы джэгукIэм изогъэщхь хуабжьу. АдыгэлIымрэ адыгэшымрэ зэкIэрыпч мыхъуну игъащIэ лъандэ-рэ къогъуэгурыкIуэ. Тобэ ирехъуи, аращ дэ щапхъэ зытетхар. Лъэпкъ къэс я къафэм хьэкIэкхъуэкIэ гуэ-рым зыщыпащIыжу гу лъыстащ, Бразилием куэду щыIэр номинщи, абыхэм я къафэм номинхэм ядэплъагъу гуэрхэр къыхощ, Башкирхэм я деж бажэр щыкуэдщи, бажэ фащэхэр ящыгъыу къофэ.
- КIэщIу бжесIэфынур аращ, Залинэ, си лэжьыгъэхэмрэ абы къыхэсха гупсысэхэмрэ гъэхуауэ щызэхуэхьэсащ «Адыгский сценический танец» си тхылъым.
- — Иужьрей зэманым сыт хуэдэ ехъулIэныгъэхэр зыIэрывгъэхьа?
- — Къыхэзгъэщыну сыхуейт иджыпсту ансамблым и Iуэхухэр нэхъ зэрефIакIуэр. Ди гупым зыкъыщигъэлъэгъуэн хэщIапIэ нэхъыфIу ди къэралым и къалащхьэм щыIэр «Дом музыки»-мрэ Чайковскэм и залымрэщи, абыхэм илъэс щIагъуэ дэмыкIыу драгъэблагъэ. Ансамблым и программэр нэхъ щIэщыгъуэ зэрытщIыным яужь дитщ икIи дыздэкIуэ щIыналъэм елъытауэ ди репертуарыр дохъуэж. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Испанием, Италием, Абхъазым — къафэ псынщIэхэр, Инджылызым, Японием, Израилым, Тыркум нэхъ хуэмхэр щафIэфIщ.
- — Къэралым и лъэныкъуэкIэ сыт хуэдэ гулъытэ вгъуэтрэ?
- — Адыгейм, Шэшэным, Ингушым я къэфакIуэ гупхэм хуащIэр, ахэр къызыхуэтыншэу къызэрызэгъэпэщар щыплъагъукIэ, уемыхъуэпсэнкIэ Iэмал иIэкъым. Ди ансамблым а гулъытэм и ныкъуи игъуэткъым, ауэ щыхъукIи, зи гугъу тщIыхэм я утыку итыкIэкIэ мынэхъыфIмэ, зыкIи нэхъ икIэкъым дыдейр. Апхуэдэ зэгъэпщэныгъэхэм лэжьыгъэр щыпIэпауди щыIэщ. Иужьу фащэщIэ щытхуадар илъэсипщI ипэкIэщ. Бюджетым къыхэкIыу зы сом илъэсым тхухахыркъым. Ди фащэр ягу иримыхьу, ди утыку итыкIэмкIэ мыарэзыуэ къытхуэпсалъэр куэдщ, ауэ къыддэIэпыкъуну хуейр мащIэ дыдэщ. Дыкъызэрыфэ лъахъстэн вакъэхэр сом минипщI и уасэщ. Аращи, хэкIыпIэхэр езыр-езыру къэтлъыхъуэн хуей мэхъу.
- — ЦIыху 50 хъу гупышхуэ зэбгъэдэIуэну, гъуэгуанэ жыжьэ тепшэну тынш къыщIэкIынкъым?
- — Дэнэ щIыпIэ дыкIуэми, утыкум дахэу дызэритым хуэдэу, Iупхъуэ къуагъми екIуу щызэхэтщ гупыр. Утыку ущитым и закъуэкъым ущыадыгэн хуейр, ар псэ етIуанэу пхэтыпхъэ гуэрщ. КъэфэкIэ умыщIэнкIи хъунщ, ауэ уадыгэу, адыгагъэ пхэмылъу ди гупым ухэзэгъэнукъым. Пэжщ, си макъ зыщезгъэIэти щыIэщ, ауэ схужыIэнукъым ахэр Iэдэм быдэу дэлъу сIыгъыу — абыхэм я гъэсэныгъэр псом япэрауэ зи фIыщIэр къыщыхъуа унагъуэхэрщ.
- — Уи гуащIэ мыкIуэщIу иджыри илъэс куэдкIэ лъэпкъым ухуэлэжьэну ди гуапэщ, Игорь!
- Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.