Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысей печатым и махуэм и щIыхькIэ а IэнатIэм щылажьэхэм зэрехъуэхъур
2022-01-13
- ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэ жьакIуэхэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Фи IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ – Урысей печатым и махуэмкIэ сынывохъуэхъу!
- Журналист IэщIагъэр щытащ икIи къонэж ди жылагъуэм къалэн нэхъыбэ щызыгъэзащIэхэм, гъэщIэ гъуэн хэм, щIэупщIэ зиIэхэм ящыщу. Фэ зэпымыууэ фыхэтщ къэхъукъащIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я курыкупсэм, республикэми къэралми ис хэм я псэукIэр сыт и лъэныкъуэкIи къывогъэлъагъуэ, социальнэ, экономикэ гугъуехьхэм нахуэу фытопсэлъыхь, цIыхухэр зыгъэпIейтей уп щIэхэм жэуап ивот. Абы къыдэкIуэуи фи лэжьыгъэм жэуаплыныгъэшхуэ фхэлъу фыбгъэдохьэ, журналистикэм и хабзэ нэхъыщхьэхэм – пэжыр къэгъэлъэгъуэнымрэ зы Iуэху еплъы кIэми зыдемыгъэхьэхынымрэ, хъыбарыр псынщIэу, и чэзум зэбгры тыкIыным — фытетщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм