2022-01-20
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум зыхуэгъэхьэзырынымрэ егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэм я зэIущIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2022-01-20
- Пщыбий СулътIан Хъанджэрий и къуэр ди республикэм къыщацIыху зэфIих и IуэхуфIхэмкIэ, нэгъуэщIхэм къазэрыхэщ и дуней тетыкIэ екIумкIэ, хэлъ цIыхугъэ лъагэмрэ нэмысымкIэ. Жылагъуэм пщIэшхуэ щызиIэ а нэхъыжьыфIым и гъащIэр хуигъэпсащ ди щIыналъэр егъэфIэкIуэным, абы къихъуэ щIэблэр ди лъэпкъ уардэм хуэфащэу къэгъэтэджыным. Ар Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я республикэ советым и президиумым, УФ-м и Журналистхэм я союзым хагъэхьащ. НэхъыжьыфIым, хэкупсэ нэсым и ныбжьыр нобэ илъэс 90 ирокъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ
ГуащIафIэщ Дэбэч и щIэблэр
2022-01-20
- ЦIыхум и IуэхущIафэм елъытащ къэзыухъуреихьхэм къыхуащI пщIэр. IэщIагъэ псори хъарзынэщ, ауэ а узыпэрытымгукъыдэж къуитмэщ блэжьым мыхьэнэ щиIэнури уи цIэр абы щигъэIунури. Зи IуэхущIафэ дахэхэмкIэ дуней псом зи цIэ щызыгъэIуа IэщIагъэлIхэр ди мащIэкъым лъэпкъым. Пасэ зэманым уIэбэжмэ, дыщэкI, гъукIэ, дэрбзэр IэщIагъэхэр зи Iэпэгъуу щытахэрщ япэ дыдэу утыкушхуэ дизышауэ къэлъытапхъэр. Адыгэм и Iэщэ-фащэкIэ лъэпкъ куэдым я деж цIэрыIуэ щыхъуащ. Iэм ищIауэ къыпхуэмыщIэну, езыр дыгъэм пэлыдрэ зэIусэр пигъэщхъыу сэшхуэр, щыптIэгъамэ, уардэ, екIу ущIэхъукIрэ пхуэдэ щымыIэу и хъуреягъым уакъыщызыгъэхъу фащэр зей лъэпкъым и зэфIэкIыр мащIэтэкъым. ДыщэкIхэм я IэрыкIхэр зылъагъум яфIэтелъыджэт, а хьэпшыпыр зыIэрагъэхьэфамэ, фIыгъуэшхуэ къайхъулIауэ къалъытэжырт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ