Гулъытэншэу зыри къигъэнакъым
2022-01-25
- Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолэ хэхакIуэхэм яхуэзащ. Къэралым, республикэм щыщыIэ эпидемиологие щытыкIэм къыхэкIкIэ, зэIущIэр зэрекIуэкIар видеозэпыщIэныгъэ Iэмалым тетущ.
- Депутатым зыкъыхуэзыгъэзахэр игъэпIейтейрт я псэупIэр зэрымыщIагъуэм, псэупIэ-коммунальнэ Iуэтхьэбзэхэм щIат пщIэр зэрыхэхъуам, хущхъуэ лъапIэхэр къазэрыхуэмыщэхум, нэгъуэщIхэми.
- ЛъэIукIэ зыкъыхуэзыгъэзахэр гулъытэншэ ищIакъым Быфым, гугъуехь хэтхэм ахъшэкIэ защIигъэкъуащ, юристым ечэнджэщыну хуейхэм а Iуэхур къахузэригъэпэщащ.
- Языныкъуэхэм я упщIэхэм я жэуапыр къыщылъыхъуапхъэ къэрал къулыкъущIапIэхэм депутат лъэIу иригъэхьыну жиIащ.
- Абы и нэIэ щIэтынущ а махуэм зыкъыхуэзыгъэзахэм я Iуэхур зэрыкIуатэр.
- Шыпш Даянэ.