Тхыдэмрэ нобэмрэ зэпызыщIэ
2022-01-25
- ИлъэсыщIэ тыгъэ пэлъытэ хъуащ гъэ блэкIам и кIэм ди газетым и лэжьакIуэ, тхакIуэ Фырэ — Къаныкъуэ Анфисэ романищу зэхэт и «Хьэтхэр» трилогиер Бекъул Iэниуар игъэлажьэ «Принт-центр» тедзапIэм къызэрыщыдэкIар. ФIыщIэ лей хуэфащэщ мылъку и лъэныкъуэкIэ тхылъым щIэгъэкъуэн хуэхъуа «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондми.
- 2019 — 2020 гъэхэм «Адыгэ псалъэм» и газетеджэхэм япэу Iэмал ягъуэтащ Анфисэ и IэдакъэщIэкIым щыгъуазэ защIыну. «Хьэтхэр» тхылъ щхьэхуэу къыдэкIа нэужь, абы езыр-езыру и ужь къиуващ «Мэуэтхэр», къыкIэлъыкIуэ илъэс ныкъуэм «Чэрэчэ» цIэ щIэщыгъуэр зыгъуэта, трилогием и ещанэ Iыхьэри щIэджыкIакIуэм Iэрыхьащ.
- Дэ тщIэркъым ипэжыпIэкIэ ди лъэхъэнэм и пэкIэ гъащIэр зэрекIуэкIар, ауэ тхакIуэм дзыхь хуэтщIурэ, абы къигупсыса дуней къызэрымыкIуэм дыщопсэу, и тхыгъэр щIэдджыкIыху. ТхакIуэм и еплъыкIэр ууейм щытемыхуэ къэхъуми, мыхьэнэ зиIэр абы итхар зыхуэгъэпса щIэныгъэ къудамэм хэзэгъэнращи, «Хьэтхэри», «Мэуэтхэри», «Чэрэчэри» литературэм ипкъ иткIэ ехъулIэныгъэу зэрыщытым шэч хэлъкъым.
- Романищми «Хьэтхэм» щызэрыубыда лIыхъужьхэм ящыщу тхылъеджэхэми езы тхакIуэми нэхъыфIу халъагъукIа Алэдамэ и образыр кIуэцIрокI. Япэ романым ар зи къару зэрымыубыда ныбжьыщIэу къыхэувэмэ, «Мэуэтхэм» щIалэр балигъ хъуа пщышхуэу хэтщ, ауэ абы нэсын папщIэ, иджыри къару куэдрэ лъы мымащIэрэ игъэжэн хуей мэхъу. Сыт пщIэн? Дунейм щытепщэр къарурщ.
- Дигу къэдгъэкIыжынти япэ тхылъыр. ХьэтейкIэ зэджэ къэралым ипщ МывэтIалэ хэгъэгум и щыхьэр Хьэтуссэ щопсэу. Мысырым и фирхьэун Рамзес ЕтIуанэр хэгъэгум къебгъэрыкIуэну зэримурадыр тIасхъэщIэххэм хъыбару къыщахьым, пщым Хасэшхуэ зэхуешэс. Хьэкъмыс щIыналъэм къокIри, Хасэм къокIуэ МывэтIалэ и къуэш нэхъыщIэ Хьэтусилэ. ЗэкъуэшитIыр зыщагъэIеин папщIэ, бзаджащIэхэм а тIум я зэхуакум псалъэмакъ гуэрхэр щызэрахьэ, ауэ МывэтIалэ акъыл хурокъу и къуэшым пцIы зэрытралъхьэр къыгурыIуэну. Сабий сымаджэрилэу щыта Хьэтусилэ лIы лъэрызехьэ къищIыкIам и мызакъуэу, къашкъэхэм (къызэрыбгурыIуэн хуейр — нобэрей адыгэхэр къызытехъукIа къудамэхэм я зым) ящыщ бзылъхугъэм диухуа унагъуэм щынасыпыфIэщ. Зэкъуэшхэм я анэ дунейм ехыжари а лъэпкъым щыщщ. Романым зиужьыху Хьэтусилэ къыIэрыхьэ пщыгъуэр къэрал зехьэкIэ захуэм и щапхъэу зэрыщытращ ди нэгу щIэкI теплъэгъуэ псори зэкIуэлIэжыр.
- МывэтIалэрэ абы и щхьэгъусэ Гуащэлейрэ мэгузавэ, пщыр дунейм ехыжмэ, абы хъулъхугъэ щIэблэ зэримыIэм и зэран къэралым екIынкIэ. Пщым Шэтэнду зи цIэ бзылъхугъэ мыщхьэхуитым дигъуэта и къуэ закъуэ ТIэшуб гъэсэныгъэ щIагъуэ бгъэдэлъкъым, ауэ хабзэкIэ пщыгъуэр зылъысыр аращ. «ЩыIэщ быныр адэм щыхуэфащэ, къэзылъхуам и щхьэр лъагэу щригъэIэт. ЩыIэщ бын мыхъумыщIэм уи щхьэр щIыуигъэхьарэ, зыкъыпхуэмыужьыжу, узэрыщыгугъауэ къызэрыщIэмыкIам утеукIытыхьу, цIыхум хуиту уащыIумыплъэф. Апхуэдэу къыщIэкIат Хьэт къэралыгъуэм и пщы уардэм и къуэ закъуэри. АдэфI къуэфI хуэщкъым жыхуиIэрат», — гурыIуэгъуэ ещI тхакIуэм пщым и гум щыщIэр.
- Тхыдэм щыцIэрыIуэщ Мысырымрэ Хьэт къэралыгъуэмрэ зэдрагъэкIуэкIа Къадэш зауэр. Къэралыгъуэм и къарури, лIыхъужьхэм я цIыхугъэр здынэсри къыбгуригъаIуэу къыхоувэ романым а тхыдэ напэкIуэцIыр.
- Сюжетыр тхыдэ тегъэщIапIэ зиIэ къэхъукъащIэхэмкIэ узэдащ. Ахэр щIэщыгъуэу, хахуэр — хахуэу, Iущыр — Iущу, бзаджэр — бзаджэу, гуакIуэр — гуакIуэу зэрызэкIэлъыкIуэр щыплъагъум деж, дунейм хэIущIыIу щыхъуа, литературэмрэ тхыдэмрэ щызэIэпэгъу тхыгъэ цIэрыIуэхэр нэгум къыщIоувэ. Аращ Анфисэ и романхэми фильм тепщIыкIыну мурад пщIымэ, къохъулIэнщ щIахужыпIэр. Теплъэгъуэхэм, тхылъеджэр темызашэу, жьы щIэту захъуэж, къыбжаIэр тыншу зэпыпщIэрэ Iуэхугъуэ цIыкIуфэкIухэр пфIызэхэмызэрыхьу.
- Бзэ тыншкIэ матхэ Анфисэ, и псалъэуха ухуэкIэм уимылъахъэу, хуиту укъоджэ. КъыбгурымыIуэнкIи хъуну къигъэщхьэпэ псалъэщIэхэр щхьэхуэу къехьри, я мыхьэнэхэми щыгъуазэ дещIыж.
- Хабзэ щхьэхуэ зиIэж литературэм къыщыхъу телъыджэхэм яз къыщIэкIынщ лIыхъужьхэр зигу пымыкI тхылъеджэхэм я лъэIукIэ Анфисэ и романым къыпищэну мурад зэрищIар.
- Япэ романыр адыгэхэм я къежьапIэ жыжьэу къалъытэ хьэтхэм яхэту къэхъуа Алэдамэ къыщалъхуа и Хэкум зэригъэзэжымкIэ иухат. «Мэуэтхэр» романми лIыхъужь нэхъыщхьэу хэтыр а щIалэрщ. Ауэ Алэдамэ и щIыбагъ дэлъщ пащтыхь Хьэтусилэ деж щызригъэгъуэта хэкулI Iэзагъыр, акъылыр, езыри балигъыпIэ иуващ. Мыбдежым Мэуэт къэралыгъуэмрэ дэрдэней алыдж лъэпкъымрэ Iузэв хыр зэпаубыдауэ щыщыта лъэхъэнэр ди нэгу къыщыщIегъэхьэ тхакIуэм.
- «Хьэтхэм» ещхьу, «Мэуэтхэр» романми Анфисэ ди нэгу щыщIигъэкI цIыху хьэлхэр, сюжетым и зыужьыкIэр езыр-езыру къигупсысами, тхыдэ и лъэныкъуэкIэ тегъэщIапIэ ищIар щIэныгъэлIхэм утыку кърахьа Iуэтэжхэрщ.
- «Чэрэчэм» и гугъу пщIымэ, ипэрей романитIми ещхьу, ари Анфисэ адыгэ тхыдэм и нэхъ къехьэжьэгъуей лъэхъэнэр Iэзэу зэрытхузэлъыIуихам и щапхъэщ. Абы ди нэгу щыщIокI хьэт къэралыгъуэжьыр дунейм зэрытебзэхыкIыжыр, езы тхакIуэм зэрыжиIэщи, чэрэчэу къэрал цIыкIу-цIыкIуурэ зэрызэбгралъэфыр. «Хьэтхэмрэ» «Мэуэтхэмрэ» ещхьу, мы тхыгъэри «эпическэ» жыхуаIэ тхыгъэ убгъуащ, къэралыгъуэхэм я зэхэтыкIэр и лъабжьэу, лIыхъужьхэм я дуней тетыкIэр цIыху цIыкIум къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм и щапхъэу къэуву. Благъэхэр къызэрагъуэтыжым ещхьу, Анфисэ фIыуэ дигъэлъэгъуа лIыхъужьхэм аргуэру даIуегъащIэ. НыбжьыщIэу «Хьэтхэм» хэта Алэдамэрэ Тутхьэлийрэ иджы щхьэж къэралыгъуэ зырызым и тепщэщ. Ахэр дамэгъу зэрыгъэхъуу я бийхэм зэрапэщIэувэр, я бынхэр зэрызэрыцIыхур, Алэдамэрэ Удынэрэ зэрахьэ мэуэт къэралыгъуэр зэрызекIуэр… Апхуэдэ теплъэгъуэ гъэщIэгъуэн куэд тхылъеджэм къыщыпоплъэ «Чэрэчэм» и напэкIуэцIхэм.
- Тхыгъэхэм гува-щIэхами яхуэфэщэн гулъытэ ягъуэтыжынущ. Ауэ ахэр зы дакъикъэкIэ къэгъэнауэ, гу лъывэдгъэтэну дыхуейт литературэ мардэкIэ къапщтэмэ, тхэн щIэзыдзахэм хэбжапхъэ цIыхубз цIыкIум зы илъэсым къриубыдэу романищ зэритхыфар къыщIэддзэжурэ зыхуэдгъэщIэгъуэжын хуей къэхъукъащIэу зэрыщытым. Сыту жыпIэмэ, лъэпкъыр лъэрызехьэ зыщIри, тхыдэ гъуэгуанэм къытезынэри Iэщэм, фащэм, къафэм е уэрэдхэм я закъуэкъым, атIэ абы и бзэмкIэ зекIуэ, къэрал гъунапкъэм икIыу адрейхэм къезыгъэцIыху, езыми зезыгъэцIыхуж, и дуней тетыкIэр къызэрыщ тхыгъэ къыхэщыпыкIахэрщ. Щапхъэм и хьэтыркIэ, тхылъ щIэныгъэкIэ дыкъызыкIэрыху лъэпкъышхуэхэм уахэплъэмэ, дунейпсо цIыхубэм зи цIэ яIурылъыр я къэухьым зезыгъэужьа я усакIуэхэрщ, я тхакIуэхэрщ, я пушкинхэрщ, я шекспирхэрщ, я чеховхэрщ, я толстойхэрщ, я гейне-гётехэрщ. Iэщэм и къарур нэхъ ину щытамэ, адыгэхэр зауэлI хуэIухуэщIэкIи хахуагъкIи япэ итахэм ящыщт. Гум пхыкIа пэжыр хьэлу къозыгъащтэ щэнхабзэрщ урамыудыжын узыщIыр. Аращ романыщIэкIэ узыгъэгуфIа тхакIуэр лагъымыщIэ зэпкърызылъхьахэми, узыфэ зэрагъэхъуж хущхъуэщIэ къэзыгупсысахэми япэ имытмэ, къащIыкIэрымыхур.
- Зи къалэмыр жан журналист, зи хъэтIыр къэпцIыхуж тхакIуэ хъуа Анфисэ къиухар КъБКъУ-м химиемрэ биологиемрэ щадж и факультетырщ. Ара къыщIэкIынщ псалъэр удз хущхъуэм хуэдэу цIыхугум хутелъхьэу зыщригъэсар. ГушыIэр къэгъэнауэ, еджа псори IэщIагъэлI зыщIыжыр лэжьыгъэмрэ абы зэрыбгъэдэт жэуаплыныгъэмрэщ. Щапхъэм, ущием, узыдэплъеин нэхъыжь уиIэным и мыхьэнэм утепсэлъыхьмэ, щытхъу куэдыIуэ пIэщIэкIынкIэ умышынэу, жэщи махуи Iэтыпхъэщ Анфиси, адыгэ литературэр зыщыгугъ абы и ныбжьэгъухэми литературэ факультет яхуэхъуа, Хьэх Сэфарбий и гуащIэр зыхэлъ «Шыхулъагъуэ» зэгухьэныгъэри.
- «Хьэтхэр» зыIэрызыгъэхьэну хуейхэм тхылъыр къыщагъуэтынущ «Адыгэ унэ», «Тхылъхэм я дуней» («Книжная среда») тыкуэнхэм.
- Чэрим Марианнэ.